2021-02-18

Налшык щохьэщIэ урыс къэзакъ тхакIуэ цIэрыIуэ Закруткин Виталий. Абы йодаIуэ бысымхэр — КIыщокъуэ Алимрэ Гуртуев Бертрэ. 1963 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2021-02-09

УэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ и макъ телъыджэм куэд дехьэх.
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2021-02-06

Америкэм къикIа Къардэн Мухьэмэдрэ КъБР-м щыщ уэрэджыIакIуэ Тхьэгъэлэдж Светланэрэ къызэдофэ. 2000 гъэ, Налшык
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2021-02-04

Кулиев Къайсынрэ Вэрокъуэ Владимиррэ. 1982 гъэ Сурэтыр Толгуров Камал трихащ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2021-01-26

Илъэс куэдкIэ зэдэлэжьащ, зэныбжьэгъуфIу щытащ этнограф цIэрыIуэхэу Мусукаев Ахъмэтрэ Махъсидэ Анатолэрэ. Сурэтыр Щомахуэ Владимир трихащ. 2007 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2021-01-19

«Адыгэ псалъэм» и сурэттех Щомахуэ Владимиррэ(сэмэгумкIэ) актёр, сурэттех Шахмурзаев Алексейрэ гушыIэ дахэ яхэлът.1994 гъэ.19
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-12-01

2022 гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэсищэ ирокъу. КъБР-м и пщIэр зыIэту щытахэм яхэтащ мы сурэтым щыфлъагъу Черкесов Сарбийрэ ЛIыбекъуэ Хьэбасрэ. Ахэр лъэпкъ газетхэм я унафэщIу куэдрэ зэдэлэжьащ. 1974 гъэ.
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-11-26

- Фэеплъ сурэтыр щызытрагъэхащ ЩIДАА-м и зэхуэсышхуэу 2008 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Налшык къалэ щекIуэкIам. ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: академикхэу Уэхъутэ Александр, Щоджэн Аслъэнбэч, Бэчыжь Лейлэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Щоджэн Iэсхьэд, Хъаний Мирон, ЦIыпIынэ Аслъэн сымэ.
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-11-24

Адыгэ этнограф, тхакIуэ цIэрыуэ Хъан-Джэрий СулътIан и сурэтыр Ладюрнер А. И. 1835 гъэм ищIащ.
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-11-19

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ АлимрэКъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсынрэ зэныбжьэгъуфIу, я гурыгъу-гурыщIэхэрмкIэ зэдэгуащэу къекIуэкIащ.
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-10-15

Мы сурэтым щыфлъагъу ныбжьыщIэхэм къахэкIащ республикэм зегъэужьыным, лъэпкъым зегъэузэщIыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа лэжьакIуэхэр, дэтхэнэ зыми и цIэ фIыкIэ къыщIраIуэн IуэхуфIхэр къайхъулIащ. Хэт егъэджакIуэ IэнатIэм хьэлэлу пэрытащ, хэти и къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэфIхэмкIэ цIэрыIуэ хъуащ. (СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): Мэкъуауэ Зое, Журт Биберд, ГъукIэ Рае, Созаевэ ФатIимэ, Шафий Лидэ, Лайпановэ Софье, Мэлбахъуэ Елбэрд, Хьэмыкъуэ Марие сымэ. 1964 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-09-22

Япэ уIэгъэ. Автолитографиер мэжэрсурэтыщI Зичи Михай ейщ. 1853 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-09-15

Адыгэ Хасэм хэтхэр Кавказ бгы лъапэм деж щызэIуощIэ.Сурэтыр «Атлас»журналым къитхыжащ. 2003 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-09-03

Истамбыл и мэжджыт къащхъуэм деж щытыр «Къэббалъкъ» телекомым и унафэщI, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Шыхъуэстан Амдул-Хьэмидщ. 2010 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-08-20

1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м екIуэкIа ТекIуэныгъэм и парадым хэтахэу Къардэн Хьэбасрэ Яхэгуауэ Михаилрэ. Сурэтыр Толгуров Камал трихащ. 1985 гъэ
Зыхыхьэхэр:
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр