ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Дин Iуэху'

НэщIикIыж хьидым щIыналъэр егъэбжьыфIэ

2023-04-25

  • Мыгъэрей НэщIикIыж хьидыр гъатхэм и дахэгъуэу зэрырихьэлIам нэмыщI, мэрем махуэми те-хуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къали къуажи къина къыщIэкIынкъым ар Iэтауэ щамыгъэлъэпIауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2023-04-18

  • Рэмэданым  фIыкIэ сихъуэжащ
  • Газетеджэхэм гу лъатагъэнущ ди щIыналъэм пщIэ нэхъ щызиIэ Iимамхэм я хъутIбэхэм мазэ къэс щыгъуазэ фытщIыным дызэрыхущIэкъум. Ахэр мэжджыт щхьэхуэхэм, къуажэ жыжьэхэм зэ закъуэ фIэкIа щымыIуауэ щытми, зэрыбкIэ къэщыпа хьэрфым и къарум Iущыгъэр мыкIуэдыжын ещI, ар къызыжьэдэкIам и макъыр зэхэзымыхами лъегъэIэсыф. Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и рэмэдан хъутIбэри апхуэдэ гулъытэ зыхуэфащэщ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2023-03-21

  • Зэгухьэныгъэм и зэхуэс
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэлэжьыхьащ гъатхэпэм и 6-м Мэзкуу щекIуэкIа, Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр зрагъэблэгъа «Урысей-Ислъам дуней» зэIущIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2023-02-28

  • БэраIэт  жэщыр
  • Шэхьбаныр зэхуэдитI щыхъум деж, мазэм и 14 — 15-нэ махуэхэм (гъатхэпэм и 6 — 7) я зэхуакум БэраIэт жэщыр къохьэ. НэщI мазэр къэсыным иджыри тхьэмахуитI иIэжу дызыхиубыдэ мы зэман лъапIэм зэрыхъукIэ жейм пэIэщIэ зыпщIу, дин лэжьыгъэхэм зептыныр ягъэдахэу къогъуэгурыкIуэ муслъымэнхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2023-01-31

  • МэжджытыщIэ яухуэнущ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек илъэсым и кIэм лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзауэ щытащ КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-12-27

  • Зытеунахъуэр я бзэращ
  • Iуэху цIыкIу ди гугъэжурэ Iуэхушхуэу къыщIидзыжу, е Iуэху цIыкIуу къежьэурэ иужькIэ Iуэхушхуэм хуэкIуэжу, ди гъащIэм куэд къыхохуэ. И чэзум зыкъэдмыщIэжрэ иужькIэ икъукIэ дыхущIегъуэж-ми, ди щIегъуэжыным зыри къимыкIы-жыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-11-29

  • Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
  • «Ислъамым и нурым» и блэкIа къыдэкIыгъуэм къытехуа «Теубгъуэным и зэчырым» къыпэджэжахэм Алыхьыр арэзы къыфхухъу яжыдоIэ. ЦIыхум и муслъымэныгъэр зэрефIакIуэм и щыхьэтщ абы и гум Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хуиIэ лъагъуныгъэм зэрызыщиубгъур, ЛIыкIуэ лъапIэм и пщIэр иIэтыныр, абы дэплъеиныр хьэл зэрыхуэхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-10-25

  • Зыри зэран къытхуэхъуркъым
  • Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым жэпуэгъуэм и 11-м «стIол хъурей» щызэхэтащ «Дин гъэсэныгъэр щIэпхъаджагъэм поув» фIэщыгъэм щIэту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-09-27

  • Дин щэнхабзэ
  • Къашыргъэ Мухьэмэд ефэнды
  • Япэ Iыхьэ
  • Iузуняйлам нэхъ щIэныгъэлIышхуэу исахэм яз, Мударей щыщ хьэжы Алий Мэкъсуд Ефэндым и гъэсэнхэм ящыщу нэхъ ефIэкIуа дыдэхэм хабжэрт Къашыргъэ Мухьэмэд ефэндыр (1888 — 1955). Езыр Тыркум хыхьэ Мэрэш къалэм и Iэгъуэблагъэм ис адыгэ къуажэхэу ДжылахъстэнейкIэ зэджэ щIыпIэм, Анзорейм щыщт. Мухьэмэд ефэндым теухуа хъыбарыр и къуэрылъху Къашыргъэ Джэнан щхьэмахуэм тхыгъэу къытхуигъэхьащи, дывдэгуэшэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-08-30

  • Адыгэ  муслъымэн  тхыдэ
  • Къуэши Iэсхьэд  ефэнды цIэрыIуэт
  • Мударей (Тырку, Узун-Яйла) дэса еджагъэшхуэхэм язщ Мысырым дин щIэныгъэ щызригъэгъуэтауэ илъэс тIощIрэ тхукIэ къуажэм къалэн щызыгъэзэщIа Къуэши Iэсхьэд ефэндыр (1883 — 1944). Абы теухуа хъыбарыр и пхъурылъху Дыджэш Уэзкъан жедгъэIэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-07-26

  • Диныр ущиещ
  • «Iэд-дину нэсихьэ(т)» — аращ Бегъымбар лъапIэу Алыхьым и щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хьэдисым щыжиIэр. «Диныр нэсихьэту аращ».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-06-28

  • ТхьэрыIуэ зытелъ жэщипщI
  • Илъэс псом пIалэ-пIалъэкIэ, зэман-зэманкIэрэ къыдэхъулIэ махуэ лъапIэхэм я зым Алыхьым и фIыщIэкIэ дынэсауэ аращ. Илъэсыр апхуэдэу жэщ, махуэ, сыхьэт лъапIэкIэ гъэнщIауэ щыщыткIэ, дэ къытхуэнэжыр а лъапIэныгъэм хуэфэщэн псэ, акъыл, хьэл-щэн кIэлъызетхьэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-05-31

  • Диным и лъабжьэр  Болэтейм щызыгъэтIылъа
  • КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Мамхэгъ Астемыр иджыблагъэ «Газета Юга»-м къытрыригъэдза тхыгъэр («Толстый мулла», №16, мэлыжьыхьым и 28-м) топсэлъыхь Тэрч щIыналъэм хыхьэ Болэтей къуажэм дэса, Кавказ псом щыцIэрыIуэу щыта муслъымэн еджагъэшхуэ Тхьэгъэзит Ильяс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-04-26

  • Муслъымэн диныр зыгъэлъэщыр
  • Мазэм я нэхъ лъапIэм, КъурIэныр къыщехам, гуэныхьхэр куэду щагъэгъум, псапэхэр щыбагъуэм, духьэхэр нэхъ къабыл щыхъум нобэ дыхэтщ. Ахэр къызыгурыIуэу, зыхэт фIыгъуэри зыхэзыщIэу къэзыгъэсэбэпым и насыпщ, ауэ нобэ щхьэхынагъэр зытезыгъакIуэу, зэманыр зыгъэкIуэдыр насыпыншэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Ислъамым и нур

2022-03-30

  • Рэмэданым и щэхумрэ ар нэгъэса зыщIымрэ
  • Муслъымэн дунейм щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIышхуэхэм языхэз Гъэзалий Iэбу Хьэмид Мухьэмэд «Дин щIэныгъэхэм псэ къахэгъэхьэжыныр» и тхылъыр лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ я Iэпэгъущ ислъамым и пэжыр сIэщIэмыкIащэрэт жызыIэхэм. Абы щыщ Iыхьэу нэщIым теухуа пычыгъуэхэр нобэ дигу къыдогъэкIыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху