|
Зытеухуар 'Хэха'
2023-02-03
- Иджырей зэманым зэхъуэкIыныгъэщIэ хьэлэмэтхэр здыщекIуэкI къэралыр творческэ цIыху хуэныкъуэщ. Япэрей (традиционнэ) еджэныгъэ бгъэдыхьэкIэр екIужыркъым егъэджэныгъэм и иджырей стандартыщIэхэм (ФГОС). Егъэджэныгъэм, гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм егъэджакIуэхэм я пащхьэм къалэныщIэхэр кърегъэувэ. Абыхэм ящыщ зыщ щIэблэщIэр езыр и акъылкIэ тэмэму гупсысэфу, нэгъуэщIым щымыгугъыу и ныбжь елъытакIэ сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру бгъэдэувэфу, абы екIуу хэтыфу, игъуэта щIэныгъэр адэкIэ гъащIэм къыщигъэсэбэпыжыфу гъэсэныр. Шэчыншэу, гъащIэм декIуу, зэфIэкI яIэу къэгъэтэджын хуейщ щIэблэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-02-02
- Сталинград зэхэуэр дунейм и тхыдэм щынэхъ гуащIэ дыдэу щытащ. Мыбдежым щызэхэкIащ Хэку зауэшхуэм и мызакъуэу, зэрыщыту ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэриухынур, белджылы щыхъуащ къыттеуа бийхэмрэ зызыхъумэжхэмрэ я къарум, я зэхущытыкIэм зыкъызэрызэридзэкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-02-02
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм, литературэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 94-м иту 2023 гъэм щIышылэм и 31-м дунейм ехыжащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф.
- Елгъэр Кашиф Мысост и къуэр Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм 1929 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыщалъхуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-02-02
- Къэхъун дэт курыт еджапIэ №2-м зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ теухуа Iуэхур къызэригъэпэщат тхыдэмкIэ егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Шыбзыхъуэ Хъамсинэ. ЕджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыхэта зэIущIэм кърагъэблэгъащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм хэта къэхъундэс щIалэхэу ХьэхъупащIэ Аланрэ Тхьэгъэлэдж Аслъэнрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-02-02
- Еуэри, ХьэцIыкIу Башир, Аппеш Бибарс, Васильев Тамерлан, Мэршэнкъул Астемыр сымэ зэщIыгъуу къыдагъэкIат адыгэ уэрэдыжьхэр щызэхуэхьэса альбом. Аращ фIащари — «Еуэри». Ар нэгъабэти, макъамэ лэжьыгъэр махуэ яхуэхъуащ! Гупыр республикэм фIыуэ щацIыху, цIыхухэр къахьэхуауэ жыпIэ хъунущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-31
- Щыгъыным лэчкIэ сурэт тезыщIыхьыу Къэбэрдей-Балъкъэрым ис зыбжанэм ящыщщ Тут Беллэ.
- Абы Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым кърилъхьэ лэжьыгъэхэм гупсысэ пыухыкIа, щIагъыбзэ гъэщIэгъуэн ящIэлъщ. Адыгэ тхыпхъэхэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэм и пкъыгъуэхэр, лъэпкъ дамыгъэхэр, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэ дахэхэмрэ зытет джанэхэр куэдым ягу зэрырихьыр кIэщIатхэ псалъэ гуапэхэм наIуэ ящI. Пэжу, узэхъуэпсэн хуэдэщ. Хэт зыфIэмыфIыр зыми ямыIэ щыгъын дахэ зэрихьэну?!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-28
- Ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-28
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхь-кIэ щыIэ скверым щаухуа галереем мы махуэхэм къыщызэIуахащ Кавказым и иджырей гъуазджэм и гъэлъэгъуэныгъэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-28
- Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащхьэр. Ар щIыпIэ дахащэщ, гъэщIэгъуэнщ, IуэрыIуатэшхуэ зэпхащ, ауэ удэкIыну гугъущ, я нэхъ цIыху быдэ дыдэм и узыншагъэр зыпэмылъэщщ. Арами, адыгэхэм абы ижь-ижьыж лъандэрэ шы щагъэхъу. Уеблэмэ Кавказ псом зы къуапэ щыIэкъым шы гъэхъунымкIэ Инал пащIу щыта. Дауи, ар зи фIыщIэр и щIыуэпсырщ. Сыту жыпIэмэ, Инал щIыпIэр лъагэ дыдэщ — метр мини 3-м щIегъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-28
- 1968 гъэм Коган Лев и «Iэминат» балетымкIэ (либреттэр Проценкэ Александр ейт) къызэIуахауэ щытащ Музыкэ театрыр. Абы и пэ къихуэу КъБАССР-м и цIыхубэ артист, Таджик Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Проценкэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэр культпросветучилищэм и хореографие къудамэм щеджэхэр хэту къызэригъэпэща балет труппэм игъэуват лэжьыгъэ зыбжанэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-26
- «ВоенТекстильПром» IуэхущIапIэм и къудамэ Бахъсэн щыIэ бизнес-инкубаторым къыщызэIуахащ. Абы инвестицэ ахъшэу халъхьащ сом мелуан 60. IуэхущIапIэм цIыху 250-м IэнатIэ щагъуэтынущ, иджы щыщIэдзауэ Бахъсэнрэ Бахъсэн щIыналъэм и къуажэхэмрэ щыщу цIыхуи 123-рэ щолажьэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-26
- Аруан районым и полицейхэм школакIуэ цIыкIухэм драгъэкIуэкI гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным и дерсхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-24
- ЩыIэщ цIыху уепсэлъэну гухэхъуэу, ухуэзэху щIэщыгъуэ гуэр къыпкърыпхыу. Апхуэдэщ илъэс куэд щIауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и ныбжьэгъуфI, зи тхыгъэхэр къытеддзэ усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ. ИщIэн-илэжьын хъушэу зэриIэм щхьэкIи къэмынэу ар щIэх-щIэхыурэ къытхуоблагъэ, къопсалъэ, зыгуэрым шэч къытрихьэмэ, езым нэхърэ куэдкIэ дынэхъыщIэми, уэим имыщIу къыдочэнджэщ. Лъэпкъым гууз-лыуз хузиIэр, абы ехьэлIа Iуэхухэм гумызагъэу хэулъэпхъэщыхьыр, анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхэзыщIэр зэрыщытын хуейм и щапхъэщ ар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-24
- Iэдииху и хъыбар
- (IуэрыIуатэ)
- Еуэри, жеIэ, Инжыджыщхьэ бгы лъагэ бжьэпэм мывэху унэшхуэ тетт. Абы нэгъуэщI бгъэдыхьэпIэ иIэтэкъым, Инжыдж узэпырымыкIыу. Инжыджыр апхуэдизкIэ псышхуэт, псы уэрти, нартым я нэхъ лъэщри хыхьэфыртэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
2023-01-21
- Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 15-м нэблэгъащ. А пIалъэм къриубыдэу IуэхуфI куэд щызэфIагъэкIащ абы лъэпкъылI щэджащэхэмрэ адыгэгу зыкIуэцIылъ цIыхубэмрэ. Иджыпсту федерацэм и тхьэмадэм и къулыкъур зезыхьэр илъэс 40-м нэблэгъауэ а къэралым щыпсэу, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затийщ. Ар хэкум къызэрыкIуэжар къэдгъэсэбэпри, «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ нэмыцэхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм нобэ я Iуэху зыIутым, я псэукIэм, гупсысэхэм зыщыдгъэгъуэзэн мурадкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Хэха
|