|
Зытеухуар 'Тхыдэ'
2023-04-27
- Ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ тхыгъэри тхылъри дэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди блэкIам фIыуэ дызэрыщымыгъуазэм тепщIыхьмэ. ЗэрытщIэжщи, апхуэдэ тхылъхэр дунейм куэду къытехьэ щыхъуар иужьрей илъэс 30-м къриубыдэущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-04-25
- Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр «адыгэкIэ» зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащтыхьы-
- гъуэм хыхьэу щыта къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-04-08
- Псы Iуфэм щыпсэууэ щыта пасэрей адыгэхэм сытым дежи къэралыгъуэ яIащ. Абыхэм къалэ щIэращIэхэр яухуэрт, сату Iуэхушхуэхэм зэрыхэтымкIэ дуней псом къыщацIыхурт. Тхы-дэм къыхэна щIэныгъэр щыхьэт зытехъуэ адыгэ къалэхэм ящыщщ Тэнэисыр (Танаис), алыдж зэрыпхъуакIуэхэм я дамэ щIагъэувауэ щы-та мэуэт къалэр. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 100 — ди лъэхъэнэм и 300 гъэхэм щыIа къалэр тIэунейрэ зэхакъутэурэ яухуэжащ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къалъыхъуа Тэнэис и щэхухэм ящыщ зыуэ аращ ар щIызэтракъутам и щхьэусыгъуэр!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-04-01
- Тхыдэм нэпцI лъэпкъ къыхэмыхьэным набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу щыта урым тхыдэтх Тацит Корнелий итхыгъат: «Пасэрей хъыбарыжьхэр пцIыуэ, къагупсысауэ жаIэ. Тхыдэм апхуэдэ къыхыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым, ар пэжу щытыпхъэщ. Нэрыбгейхэм (амазонкэхэм) теухуа хъыбарыжьхэр сытым дежи щыIащ, зэхъуэкIыныгъэ хэмылъуи зэIэпах. Пэжщ, нэрыбгейхэр бзылъхугъэ телъыджэщ, я щыIэкIэ-псэукIэри щэху пшагъуэщ, арами ар тхыдэщ!».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-03-25
- ЦIыхур къызэригъэщIрэ щIыуэпсыр къегъэсэбэп бгъуэнщIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэрызихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ. Къапщтэмэ, IуэрыIуатэм нобэ къихьэсащ мызэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм (вулканым) ирижьыкIа, щIыхъейм ихьа пасэрей къэралыгъуэ телъыджэхэм я хъыбар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-03-11
- ЖаIэ тхылъ лъапIэхэр къыщымыунэхуам цIыхум щIэныгъэрэ Iущыгъэрэ бгъэдэмылъауэ. Ар пэжкъым. Илъэс мини 3 — 4-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэтхэм, мысырхэм, шумерхэм, аккадхэм я гъащIэм, фIэщхъуныгъэм, тхыдэм, IэзэкIэм тепсэлъыхьу къызэранэкIа гъущIынэтхым къищынэмыщIа, тхылъымпIэм тедзауэ библиотекэ псо щыIауэ щытащ Мысырым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-02-04
- ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым лъэпкъым сыт хуэдиз хэщIыныгъэ къыхуимыхьами, щыIэныгъэм хуиIэ гукъыдэжыр хуэгъэкIуэсакъым. КъащIэхъуэ щIэблэм гугъэ халъхьэу, я дунейм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм зрагъэзэгъыу псэуныгъэм пащащ. Зауэм и кIэм лъэныкъуитIми къахуихьар хьэдагъэми, зэпэщIэта лъэпкъитIым къагурыIуэрт дяпэкIэ къызэдэгъуэгурыкIуэн зэрыхуейр, абы къыхэкIыу мамыру икIи къаугъэншэу къызэдекIуэкIыныр зэрыIэмалыншэр. ГъащIэм зэришэлIа лъэпкъитIыр зэрыцIыхун хуейуэ IэнатIэ иуващ. Ар и щхьэусыгъуэу адыгэхэм гъунэгъу жылэхэм я щэнхабзэм зыщагъэгъуазэ, зрагъэгъуэта щIэныгъэр къызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэ иралъхьэж хъуащ. МащIэ-мащIэурэ цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэным, ар еджэнымрэ тхэнымрэ благъэ хуэщIыным къыхузэщIэушэ узэщIакIуэхэр лъэпкъым къыхэкIыу хуежьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-01-26
- Нэгъабэ илъэс 400 ирикъуащ Ван Дейк Энтони ищIа «Ширли гуащэм и сурэтыр» дунейм къызэрытехьэрэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа Сампсоние Терезэ иран тепщэ Аббас Езанэм и блыгущIэтхэм яз, инджылыз лIыкIуэ Ширли Роберт и щхьэгъусэу щыта адыгэ цIыхубзщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2023-01-21
- Монгол-тэтэрхэм я лъэхъэнэм псэуа, «Шэрджэс-хъан» цIэр зезыхьэу щыта тепщэ гуэрым и хъыбар куэд щIауэ зэхыдох. ГурыIуэгъуэщ ди лъэпкъыцIэ зэрызэрихьэ къудейм ар адыгэ зэримыщIыр. ИтIани, тхыдэ щIэныгъэлIхэмрэ монгол-тэтэрхэр къуэпс къежьапIэ зыхуэхъу лъэпкъхэм я лъахэхутэхэмрэ я деж дызыщымыгъуазэ куэд къыщыдощIэ. Абы и фIыгъэкIэ ди блэкIам и напэкIуэцIхэми еплъыкIэщIэкIэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къыщIокI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-11-03
- «Iэрытххэр мафIэм исыркъым», жаIэ. Псалъэр зытежыпIыхьым елъытауэ, купщIэшхуэ хэлъщ, куууэ узыгъэгупсысэщ. Лъэпкъым къыпэщылъыр щимыщIэм деж блэкIам хуеплъэкIыжу, абы дерс къыщилъыхъуэу щытщ. Адыгэ тхыдэм и пэжыр нэсу къэхута икIи джа хъуащ жытIэным фIыуэ дыпэжыжьэщ. Пэжщ, совет лъэхъэнэм абы хэщIыкIыу худиIэу щытам еплъытмэ, фIыуэ ипэкIэ дыкIуэтащ. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэпкъ щIэжыр къэзыIэт, гупсысэ нахуэхэм ухуэзышэ къэхутэныгъэхэр фIыуэ къыдомэщIэкI. Къэгъуэтыжын, щIэныгъэ шыбзэм щIэгъэкIауэ цIыхубэм я пащхьэ илъхьэжын хуейуэ щыIэр мащIэкъым. ИкIутар из мыхъужми, гъащIэм и Iэгубжьэм къинам къыщIэгъэлъапIэ иIэу къыщIэкIынщ. Тхылъ хъумапIэхэм, архив гъэтIылъыгъэхэм, уней тхыгъэхэм мымащIэу яхэбгъуэтэнущ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм еплъыкIэ пыухыкIахэр хуозыгъэщI, къыхэгъэхъуапIэ зиIэ гупсысэхэр. IэужьыфIэу щытауэ, ауэ я щIэиным щыщу нобэкIэ къытлъэIэсар мащIэу лъэпкъ узэщIакIуэ зыбжанэм я цIэр къраIуэ ди щIэныгъэлэжь нэхъыжьхэм. Абыхэм ящыщщ Нэгъуч Исуф-Сэхьид.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-10-20
- Адыгейм и Куэшхьэблэ къуажэшхуэм ипщэкIэ къедза жылэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зыщ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) цIэр зезыхьэр. Ар къызэрыунэхуа щIыкIэм теухуауэ тхыдэджхэм ятхыжам мащIэу дытепсэлъыхьынщ. КъуажитIыр ящыщщ мы щIыпIэм къэбэрдей адыгэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щытахэм. Абыхэм я зэхуаку километр 11,6-рэ дэлъщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-10-01
- Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьыфIэ фадэ лIэужьыгъуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-09-24
- Пасэрей Азие ЦIыкIум зэкIэлъхьэужьу къэралыгъуитI щыIащ. ТIуми зэхуэдэу зы цIэщ зэрахьар — ХьэтитI (Хатти). А къэралыгъуитIым щыпсэуахэр бзэкIи, хабзэкIи, щэнкIи, теплъэкIи зэтехуэххэртэкъым. Дэ жыдоIэ хьэтхэм дакъытехъукIауэ. Ауэ ди адэжь хъужыр хэт ХьэтитIым щыпсэуа лъэпкъитIым ящыщу? Мис ар зэхэгъэкIыпхъэщ, ди къэкIуэнум и тхыдэр зэхимыгъэзэрыхьын папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-09-10
- -Иордан къэралыгъуэр къызэрыхъуам и тхыдэм тепсэлъыхьу ди къэралми нэгъуэщI къэралхэми къыщыдэкIа тхылъхэм уащрихьэлIэркъым абы Iэпхъуа адыгэхэм я Iуэху лъэпкъ. АтIэми, иужькIэ Иордан къэралым и къалащхьэ хъуа Аммани абы и гъунэгъу къуажиблри адыгэхэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Британием и мандатнэ администрацэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, 1924 гъэм Трансиордан щIыпIэм щыпсэуащ адыгэу минипщI, абыхэм яхэтащ шэшэну цIыху 85-м нэс, — етх щIэныгъэлI Къущхьэбий Анзор.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
2022-07-05
- Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, дуней псом япэ дыдэу къэунэхуа цивилизацэр, къалэхэр, тхыбзэр, пщыгъэр, щIэныгъэр, IэщIагъэхэр, хабзэр шумерхэращ зейр. Ахэр Месапотамие Ипщэм (нобэрей Иракым хуозэ) щыпсэуащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ мини 6 — мини 2 гъэхэм. Япэ дищу жытIэнщи, «шумер» псалъэр 19 — 20-нэ лIэщIыгъуэхэм бзэм и лэжьакIуэхэм къыхалъхьа псалъэщ икIи а зэманым лъэпкъыгъуэ гуэрми къэралыгъуэми я цIэу щытакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Тхыдэ
|