|  | Май, 2023
            Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центр Налшык къыщызэIуах2023-05-13 
              
                «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу, «Искож» хьэблэм дыгъуасэ къыщызэIуахащ Налшык къалэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрыщIэр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ 
            Нэхъыжьхэр ящыгъупщэркъым2023-05-13 
              
                Хабзэ дахэ хъуауэ, Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и пщIантIэм дэт фэеплъым деж ТекIуэныгъэм и махуэм щокIуэкI Хэку зауэшхуэм хэкIуэда медицинэ лэжьакIуэхэр ягу къыщагъэкIыж зэIущIэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            ЗауэлI, тхакIуэ, журналист2023-05-13 
              
                КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдинкъызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъуАдыгэ усакIуэ, тхакIуэ Гъубж Мухьэдин МэчрэIил и къуэр 1913 гъэм Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Псыхуабэ дэт пединститутым щIэтIысхьэри, 1935 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Ленин гъуэгу», «Советская молодежь» газетхэм я корреспонденту, литературэ лэжьакIуэу щытащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Юбилей 
            ТыIэщхэ я унагъуэ дахэр2023-05-13 
              
                Я лэжьыгъэм пщIэ къахуихьауэ, я унагъуэм щапхъэ трахыу, жылэдэсхэм я гъуазэрэ щIэблэм я лъагъуэхэшу Лашынкъей къуажэм дэсхэм ящыщщ ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я унагъуэр. Илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм я гъуэгум и къежьапIэ хъуар курыт еджапIэрщ, къызэранэкIа илъэсхэри щагъэкIуар аращ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Уегъэгузавэ, уегъэпIейтей, ухегъэгупсысыхь2023-05-13 
              
                Зэманыр, шэ икIауэ, блолъэт. Зехъуэж гъащIэм, нэгъуэщI мэхъу цIыхухэм я гупсысэр, зэхущытыкIэр, лъапIэныгъэу къалъытэхэр. А псори дызыпэмылъэщын къэхъукъащIэщ, атIэми дэ тщыщ дэтхэнэми ди   IэмыщIэм илъщ дызыщыщ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнур, а лъэпкъым дрицIыхуу зыкъэтлъытэжмэ, дауи. Псом хуэдэжкъым цIыхум и анэдэлъхубзэм хуиIапхъэ щытыкIэр: лъэпкъыу дыщызыгъэт, дыкъезыгъэлъытэ а фIыгъуэм сабийм хуэдэу дыхуэсакъыу, зи хьэл-щэн зэтеувэ ныбжьыщIэм хуэдэу дыхуэнабдзэгубдзаплъэу, зи щIалэгъуэм хуэдэу зедгъэужьу, нэхъыжьхэм яIапхъэ пщIэ лъагэм хуэдэ едгъэгъуэту зетхьэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ихъуреягъкIэ екIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр лъоIэс лъэпкъым и анэдэлъхубзэми, уигъэгузавэу, уигъэпIейтейуэ, ухигъэгупсысыхьу… Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            Фэеплъым и хъумакIуэхэр2023-05-13 
              
                ГъащIэр апхуэдизкIэ теплъэгъуэ куэ-ду зэхэтщи, ныбжьым и зы далэ къэпкIуауэ ущызэплъэкIыжкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абыхэм узэрамыщIыкIыу, цIыху сэфэтым урамыхуу укъызэрызэтенэр. «ЦIыхуфэр Iувщ, хуэмышэчын къытрилъхьэркъым», — жыхуаIэр пэжу къыщIэкIынущ, армыхъумэ узыпэмыплъэу къэхъумрэ узыщыгугъыу узылъэмыIэсымрэ я щхьэкIуэм цIыхум зригъэужьынтэкъым, псэ тыншыгъуи къаритынтэкъым. ГъэщIэгъуэнращи, апхуэдэ къэхъугъэ хьэлъэхэм Iуданэпсу къешэкIащ цIыхум и гъащIэм хэлъ гукъэкIыж IэфI псори. Гуауэм и щIагъ щIэлъщ цIыхугум щыблэ лъагъуныгъэ мафIэр зымыгъэкIуасэ, къэзылъхуам, къыдалъхуам, къилъхуам яхуиIэ гурыщIэр. Аращ цIыхур щызыгъэIэр, гугъэхэр езыгъэщIыр, унагъуэ щIыбагъ къезыгъэлъыхъуэр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Зыгъэпсэхугъуэ махуэм2023-05-13 
              
                ШхыныгъуэхэрБжэныл гъэгъупцIа,   кIэртIоф, бжьын щIэлъуБжэныл гъэгъупцIар зэпауд е зэпаупщI г 40 — 50 хъу тыкъыр цIыкIуурэ, псы хуабэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри, тебащхьэр трапIэ. Хьэзыр хъуху, псыр щIэвэщIэху, зэзэмызэ зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету ягъавэ. Псыр щIэвэщIа нэужь къыщIидза дагъэмкIэ дакъикъи 5 — 8-кIэ, тхъуэплъ хъуху, зэIащIэурэ ягъажьэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис 
            ДяпэкIи апхуэдэнущ2023-05-13 
              
                Дунейм и щытыкIэм арэзы укъызэрищIа щымыIэми, Налшык и шыгъэжапIэм накъыгъэм и 9-м, зэрыхуагъэфэщауэ, цIыху куэд къекIуэлIат. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ |