|
Зытеухуар 'Ди нэхъыжьыфIхэр'
2019-08-20
- Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм. КъызыхэкIа лъэпкъми къэралми яхуэфащэ, абы и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыху гъуэзэджэхэм ящыщщ ар. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъанийр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академикщ. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ а лэжьакIуэ емышыжым зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкупщIафIэм къыхэкIыу, пщIэ инрэ гулъытэ лъагэрэ ноби щагъуэт щIэныгъэм и дунейм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2019-06-20
- Иужьрей тхьэмахуэхэм хъыбарыфI зыбжанэ къытIэрыхьащ ди къэралым нэхъыжьхэм щагъуэтыну гулъытэм теухуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2019-04-16
- Адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI лъэпкъ Iущыгъэхэм ящыщу «ГъащIэр матэщIэдзакъым» жыIэгъуэр къанэ щымыIэу хуэпхь хъунущ ди тхыгъэр зытеухуа Слъон Лудин Хьэчим и къуэм, абы къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ. Адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщ а еджагъэшхуэм и щIыбагъ къыдэлъщ IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. ЩIэныгъэм и щыгум нобэ ит Слъон Лудин гъащIэм ехъулIэныгъэу щызыIэригъэхьахэр куэд мэхъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор цIэрыIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием (РАЕ) и член-корреспондентщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, Кавказ Ищхъэрэм и физиологхэм, экологхэм, лихенологхэм я щIэныгъэ школым и къызэгъэпэщакIуэщ, Урысей Ботаникэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и членщ. КъищынэмыщIауэ, Европалатэм (Eurochambers) ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Лудин къыхуагъэфэщащ зи лэжьыгъэфIхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ират хабзэ дамыгъэ лъапIэри — «Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм папщIэ» медалымрэ щIыхь тхылъымрэ. А текIуэныгъэхэм, зи цIэ къидмыIуа нэгъуэщI ехъулIэныгъэ лъагэхэм ящыщ дэтхэнэми Слъон Лудин хуэзышар бгъэдэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэщ, акъылыфIагъымрэ къэухь къулеймрэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2019-04-11
- Пщэдей илъэс 58-рэ ирокъу дуней псом
- щыяпэу Гагарин Юрий хьэршым зэрылъатэрэ
- 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м цIыхум и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ лъэхъэнитIу игуэшауэ жыпIэ хъунущ. Ар япэ дыдэу хьэршым зэрылъэтам нэхъ мыхьэнэшхуэ иIащ, сыт хуэдэ революцэми елъытауэ.
- Зэманыр макIуэ, хьэршыр къэгъэIурыщIэныр псори дызэсэжа Iуэхущ. Ауэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а гъуэгур илъэс 58-рэ ипэкIэ Гагарин Юрий зэрыхишар. Аращ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ дунейр щыIэху щIэмыкIуэдыжынури.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2019-04-06
- КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, абы хуэгъэпса Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах ди республикэм. А Iуэхухэм дапщэщи хэтщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэри. ЩIыпIэ хасэм и тхьэмадэщ нэхъыжьыфI, цIыху гумызагъэ икIи жэуаплыныгъэ зыхэлъ КъущхьэтIу Хьэутий ПIытIутIэ и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2018-09-01
- Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэр цIыху цIэрыIуэ куэд къызыдэкIа адыгэ жылэжьщ. Абы и куэщI къитэджыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм, политикэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи цIэр фIыкIэ щыIуа хэкупсэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, зи гуащIэдэкI хьэлэлым пщIэ лъагэрэ щIыхьышхуэрэ къызыхудэкIуа Мэрзей Борис ХьэцIыкIу и къуэр. НэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2018-03-01
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бер Къанщобий Лиуан и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2017-12-21
- Ди тхыгъэр зытеухуа Джэдгъэф Аслъэмырзэ Исуф и къуэр ди лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщщ. Зи ныбжьыр илъэс 95-рэ иджыблагъэ ирикъуа адыгэлIым ирехьэкI IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. Ди республикэм къикIуа гъуэгуанэм къыхэбелджылыкI къэхъукъащIэ нэхъыщхьэхэр къанэ щымыIэу и нэгу щIэкIащ Аслъэмырзэ. Ахэр нэрылъагъу щыхъуам и мызакъуэу, ящыщ куэдым жыджэру хэтащ езыри и унагъуэри, ди шIыналъэр егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным я зэфIэкIи, къаруи, щIэныгъи ирахьэлIэу.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2017-07-04
- Хэку зауэшхуэм и фэбжь зылъэмыIэса, абы хэщI зримыта унагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. А лъэхъэнэ хьэлъэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм ящыщщ Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) щыпсэу Къалэжьокъуэ (Гугу) Нусэ Нухь и пхъур. Ар 1931 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ, зауэшхуэр къыщыхъеям 5-нэ классым нэса къудейуэ арат.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2016-12-20
- Аушыджэр къуажэм 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыщалъхуащ Жылокъуэ Мухьэмэдин. Кружок зэмылIэу- жьыгъуэхэм жыджэру хэту (къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ, театр жыпIэми, нэгъуэщIхэми), щытхъу тхылъхэр къыхуагъэфащэурэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ абы.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2016-07-13
- Къармэхьэблэ къуажэм щыщ ЗекIуэрей Борис «Каменномост» мэл совхозым илъэс тIощIым щIигъукIэ лэгъупэжьу щылэжьащ.
- Абы зызэфIихыну, зигъэпсэхуну зэман куэд иIакъым, совхоз гуартэр хъумэным, ар бэгъуэным зэпымыууэ яужь итащ. ЛэжьакIуэ гумызагъэр гъэми щIыми къущхьэхъу жыжьэм щыIащ. Зы илъэс дэкIакъым Борис мэлищэ къэс щынэу 100-120-рэ къыщIимыгъахъуэу, цыуэ килограммищ-плIы мэлым къытримыщыкIыу… Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2014-01-30
- ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэ щыпкъэ, узэщIакIуэ, нэхъыжь Iумахуэ Багъы Хьэмидбий Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэ псом къыщацIыху. Ешрэ къикIуэтрэ имыщIэу, гумызагъэу, гурэ псэкIэ и лэжьыгъэм бгъэдэтурэ, абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ къуажэм дэт 4-нэ школым зиужьыным. ЕгъэджакIуэхэм я нэхъыбэм зы предмет-предметитI фIэкIа сабийхэм ирамыгъэджыфмэ, Хьэмидбий ныбжьыщIэхэм ябгъэдилъхьащ биологиери, зоологиери, химиери.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2013-06-08
- Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэ, лэжьыгъэри зыхуей хуэзэу зэфIэзых, зи дуней тетыкIэкIи гупсысэкIэкIи пэрыт цIыхум жылагъуэм дапщэщи пщIэ лъагэ щиIэщ. Апхуэдэу къалъытэ Ерокъуэ къуажэм щыщ ЗэкIуий Урысхъан Аслъэн и къуэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
2013-02-05
- Шэджэм къалэм цIыху куэд къыщыбгъуэтынукъым Iэрыпщэ Исмэхьил Хьэжкъасым и къуэм и IуэхущIафэ дахэхэм, и гъащIэ купщIафIэм щымыгъуазэу. Абы и цIэр ирапх цIыхугъэ лъагэм, зэхэщIыкI куум, пэжыгъэ нэсым, псэ къабзагъэм. Жылэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным зи гуащIэ куэд езыхьэлIа Iэрыпщэр, дапщэщи хуэдэу, ноби щIалэгъуалэм я щапхъэщ. Аращ абы пщIэ хуащIу «Шэджэм къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр щIыфIащар.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Ди нэхъыжьыфIхэр
|