2020-12-03
- ЩэщI гъэхэм цIыхухъухэм щIымахуэ вакъэу лъатIагъэу яIар гуэншэрыкът. Ар «щыземыкIуэ» адыгэ унагъуэ бгъуэтынутэкъым. Къатыр зиIэр лIакъуэлIэш хуэдэхэрат: пщыхэр, бейгуэлхэр, уэркъхэр…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-09-08
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №106-м итщ).
- Карточкэхэр щыIэжкъым!
- 1948 гъэм и гъатхэпэ мазэр ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ гуфIэгъуэшхуэу щытащ. Илъэс IэджэкIэ, зауэ зэманми абы иужькIэ илъэситIрэ мазищкIи, цIыхухэм щыгъынхэри ерыскъыхэри карточкэкIэ тыкуэнхэм къыщащэхуу щытат. 1948 гъэм гъатхэпэм и 1-м Совет къэралым и Правительствэм унафэ къещтэ карточкэхэр щимыгъэIэжыным теухуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-09-05
- Гур зыхуеIэм лъэр лъоIэс
- Адыгэхэм ди щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр Хьэбалэ и къуэр.
- Ар 1926 гъэм щIышылэм и 21-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу къуажэ школыр къиуха нэужь Хьэжбэчыр республикэм къыщыдэкI «Къэбэрдей пэж» газетым, радиом щылэжьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-09-03
- Урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Верещагин Василий 1865 гъэм (абы щыгъуэ ХудожествэхэмкIэ академием щеджэрт), Бытырбыху къыщежьэри, Тифлис кIуауэ щытащ. Куржым и щыхьэрым щыкIуэм, КъэбэрдеймкIэ кIуэцIрыкIащ сурэтыщI щIалэр. Адыгэ куэдым нэIуасэ яхуэхъуащ — абы щыхьэт тохъуэ Верещагиным и гъуэгуанэ тхыгъэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-09-01
- Мэлбахъуэ Тимборэ сытым дежи блокнот къыздрихьэкIырт, и бгъэ жыпым кърихрэ итхыхьу. Зыгуэрхэр абы къеджэну хуэпабгъэрт, хэти игъэгузавэрт — сэрмырауэ пIэрэ зытетхыхьыр жиIэурэ. Псалъэуха шэрыуэкIэ ухуа а тхыгъэ кIэщIхэм укъыщеджэкIэ IупщI мэхъу — унафэщIым блэкI пэтрэ гу зылъита, зыщыгъэгъупщэн хуэмей, жыIэпIэ зыхуимыгъуэта псалъэхэр иритхэу арат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-08-27
- 1940 гъэм лэжьэн щIидзауэ щытащ Тырныауз дэт комбинатым. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт зауэр къэхъеиным и пэ апхуэдэ IуэхущIапIэ республикэм къызэрыщызэIуахар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-07-23
- Зауэ увыIам цIыхухэр щыгуфIыкI пэтми, абы хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу къэтхэмрэ гуфIэгъуэр фагъуэ къащищIырт. ЦIыхур гуфIэрт икIи нэщхъейрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-07-14
- Иужьрей зэманым лъэпкъгъэкIуэдыр къы-зыхэкIыу жыхуэтIэ фадэм губжьрэ ихъу-ипкIрэ хэмыту зэпIэзэрыту дытепсэлъыхьыну фыкъызогъэгугъэ. Фадэ ефэныр анэдэлъхуу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл, хьэмэрэ зэхэтлъхьа? Дауэ къызэдекIуэкIа адыгэмрэ фадэмрэ? Къетхьэжьа Iуэхур тэмэму зэпкърыха хъун щхьэкIэ ди адэжьхэм я гупсысэ гъэпсыкIэм дривгъакIуэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм и дэтхэнэ теплъэгъуэри гурыIуэгъуэ щыхъур абы и лъабжьэмрэ къежьапIэмрэ къэбгъуэтыжу «укъыкIуэцIрыкIмэщ»: «ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ, уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ» — дыдэвгъэкIуейт дэри псынащхьэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-04-28
- Мы махуэхэм ди республикэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомол зэгухьэныгъэр илъэси 100 зэрырикъур. 1991 гъэр къэсу СССР-р лъэлъэжыху совет щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящыщ куэдым я гъащIэ гъуэгуанэр епхауэ щытащ Лениным и цIэр зезыхьэ союзпсо щIалэгъуалэ коммунист зэгухьэныгъэм (ВЛКСМ).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-04-23
- Мэкъумэш хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ Урысей академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым щIэс Мэремщауэ Хъызыр «Хэкум и къуэхэр» дзэ-хэкупсэ клубым и унафэщIщ, апхуэдэуи абы еунэтI къэлъыхъуакIуэ гупым и лэжьыгъэр. Абыхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ наIуэ къэхъужащ зауэлI 415-м я кIуэдыкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-04-21
- Пщыбий лъэпкъыр къуэпсышхуэ зиIэу куэд лъандэрэ къокIуэкI. Си шынэхъыжь Инал итхамкIэ сыарэзыуэ, сэри зымащIэ щIызгъужыну сыхуейт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-04-16
- Илъэс 50 ирокъу абы щыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и лъэIукIэ Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ адыгэбзэкIэ зэдатхауэ щыта «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэр зэрагъэуврэ. Куэдым я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр — адыгэ оперэ республикэм къыщызэгъэпэщыныр — къехъулIащ икIи нобэр къыздэсым а лэжьыгъэм щIэупщIэ зэриIэр гуапэщ. Япэ дыдэу 1970 гъэм ягъэлъэгъуа а лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ оперэм и тхыдэм щIэдзапIэ дахэ хуэхъуащ. Абы партие нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIащ Бэгъуэтыж Светланэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин, ПащIэ Ахьмэд, Бэрэгъун Владимир сымэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-01-21
- Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр 1907 гъэм «Дунейм и хъуреягъкIэ» («Вокруг света») журналым «Клод» унэцIэ нэпцIыр щIэту къытехуауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур Iуэтэжым зи гугъу ищI урыс-япон зауэм Кавказым щыщхэр зэрыхэта щIыкIэм цIыхухэр иджыри хуиту зэрытемыпсэлъыхьырт. Хъыбарым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий къозыгъэцIыху тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ «Адыгэ псалъэм». А псоми зэтехуэу къыхощ а зауэм даша адыгэ щIалэхэр зыпэмылъэщыну бийм Iэпщэ пцIанэкIэ зэрыпэщIагъэувар, ар ямыдэу зыкъызэраIэтар щIэпхъаджагъэу зэрыщымытар, абыхэм я пашэу щыта КIэрэф Залымджэрий хейуэ зэраукIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2020-01-16
- Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и уэсят
- 1989 гъэм шыщхьэуIум и 7-м адыгэ лъахэм гуауэм и уэсыпс дыдж къыщехащ… Игъуэ нэмысу, гу щыдмыхуарэ къытщимыхуэжауэ дунейм ехыжащ лъэпкъыр куэдкIэ дызыщыгугъыу щыта Лохвицкий Михаил Юрий и къуэр — Аджыкъу-Джэрий…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу
2019-12-10
- Налшык къалэм дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум Хэку зауэшхуэм и иужьрей илъэсым, гъатхэ пасэу щызэрыцIыхуат урыс хъыджэбз гуакIуэ Дигурко Екатеринэрэ зауэм хэта адыгэ щауэ КIэрашэ Хьэзритрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жыжьэ-гъунэгъу