|  | Зытеухуар   'Iуэху еплъыкIэ'
            Адыгэбзэ, адыгэпсэ, адыгагъэ2023-05-23 
              
                Иджырей гъащIэм хуиту хэувэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Аращ УФ-м и Президент Путин Владимир егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм теухуа и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щIыщыжиIар: «Сабий садхэр – ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгубдзаплъэу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гупхэщ. Сабий садхэм щыщыIэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэфIэтхыурэ, дэ гъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм Iэмал имыIэу къыщытIэтын хуейщ». Къэрал унафэщIым къигъэува къалэныр гъэзэщIэным хущIокъу ар зи пщэрылъ псори. Иджырей щIэблэм я гъэсакIуэ пашэхэм ящыщщ Шэджэм щIыналъэм и къалащхьэ Шэджэм дэт «Псынэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Щокъуий Лидэ Чэрим и пхъур. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            Уегъэгузавэ, уегъэпIейтей, ухегъэгупсысыхь2023-05-13 
              
                Зэманыр, шэ икIауэ, блолъэт. Зехъуэж гъащIэм, нэгъуэщI мэхъу цIыхухэм я гупсысэр, зэхущытыкIэр, лъапIэныгъэу къалъытэхэр. А псори дызыпэмылъэщын къэхъукъащIэщ, атIэми дэ тщыщ дэтхэнэми ди   IэмыщIэм илъщ дызыщыщ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнур, а лъэпкъым дрицIыхуу зыкъэтлъытэжмэ, дауи. Псом хуэдэжкъым цIыхум и анэдэлъхубзэм хуиIапхъэ щытыкIэр: лъэпкъыу дыщызыгъэт, дыкъезыгъэлъытэ а фIыгъуэм сабийм хуэдэу дыхуэсакъыу, зи хьэл-щэн зэтеувэ ныбжьыщIэм хуэдэу дыхуэнабдзэгубдзаплъэу, зи щIалэгъуэм хуэдэу зедгъэужьу, нэхъыжьхэм яIапхъэ пщIэ лъагэм хуэдэ едгъэгъуэту зетхьэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ихъуреягъкIэ екIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр лъоIэс лъэпкъым и анэдэлъхубзэми, уигъэгузавэу, уигъэпIейтейуэ, ухигъэгупсысыхьу… Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            Дэнэ здэщыIэнур  къуажэ музейр?2023-04-13 
              
                ДызыхэпсэукI дунейм теткъым бжыгъэкIэ мащIэу зы лъэпкъ цIыкIу, и щыIэнымрэ и щыIэкIэ хъунумрэ имыгъэгузавэ. Гур зэрыгъум дыгъур иримыкIуэн папщIэ, дэтхэнэри йогупсыс зызэрихъумэжыну хэкIыпIэхэм. Сыт хуэдэ лэжьыгъэм лъэпкъ гупсысэм и лъабжьэр игъэбыдэну? Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хэкупсэхэр гъэ-са хъуну? Лъэпкъым и цIыхухэр гъащIэм губзыгъэу хэтын папщIэ, дауэ я гъуэгур убзыхун хуей? Я къэухьым сытым зригъэужьыну? Лъэпкъым и тхыдэр, и цIыху пэрытхэр ящIэу, и хабзэм тету щIэблэр къыдэкIуэтеиныр зэлъытар сыт? Мыпхуэдэ упщIэхэм, нэхъыбэжми поджэж лъэпкъ музейхэр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2022-10-08 
              
                Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ сыкIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэгъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зыщытIэжьэн хуей хъуащ гъунэгъу Беларусым, Столин жылагъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэтауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сыхуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэшэну. Си гугъэщ ар гъэщIэгъуэн фщыхъуну. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2022-06-29 
              
                Иджырей лъэхъэнэу жыджэру экономикэм, жылагъуэм, политикэм зэхъуэкIыныгъэ куухэр къыщыхъум, псэлъэкIэр, стилистикэр сабийхэм егъэщIэныр егъэджэныгъэм и зы къалэн нэхъыщхьэу къоув. ЖыпIэ хъунущ, Интернетым сабийм и къэухь, и бзэ сытхэм зригъэужьу, ауэ ар пэжым и хэкIыпIэу къапщтэ хъуркъым. Интернетым, радиом, телевиденэм узыщрихьэлIэ текстхэр, псэлъэкIэхэр, псом япэу, стилистикэ и лъэныкъуэкIэ, удызэхьэхыну щыткъым. А Iуэхугъуэхэм епха и гупсысэхэмкIэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм нобэ къыддогуашэ Хъыжьырокъуэ (Батырдэгу) Лерэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2022-06-02 
              
                ЦIыхум и гупсысэр дамыгъэ гуэркIэ тхылъымпIэм зэрытрилъхьэн щIэныгъэм щIэхъуэ-псыныр адыгэхэм я деж зэи щызэпыуауэ къыщIэкIынукъым. Абы и щыхьэтщ Урыс-Кавказ зауэр и гуащIэгъуэу щекIуэкIым адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ итхауэ щыта мыпхуэдэ псалъэхэр: «… къэхъунщ зэман бгырыс мыгъасэм и гум гурыщIэ телъыджэр — гъащIэр зыгъэнэхур — щIэныгъэм хуэпэбгъэныр къыщылыдыну, къэсынщ дэркIи сыхьэт, псоми дэ щIэныгъэм, тхылъым, тхэным зыщеттын». Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2021-11-27 
              
                ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ. Iуэхур нэхъыбэу зэлъытар дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэхущытыкIэрщ, лъагъуныгъэрщ. А тIур зэгурыIуэу къызэдекIуэкIмэ, зыр адрейм емыкъуэншэкIмэ, кърикIуэнур лъэныкъуитIми къахуэщхьэпэн IуэхуфIщ, сыту жыпIэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр псэ зыIуту хъуами къэкIыгъэхэми я дохутырышхуэщ, я хъумакIуэ пэжщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, ди къуршхэми, мыIуэхуншэр щыгъэтауэ, дэ къытхуэлажьэурэ, къалэнышхуэ ягъэзащIэ: ди дунейм и хуабагъ-щIыIагъыр, псыIагъэ-гъущыгъэр зэщыщхъуу щытыныр бгыхэм куэдкIэ елъытащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2021-02-02 
              
                Адыгэхэмрэ адыгэ-ермэлыхэмрэ ятеухуа фильм Мейкъуапэ щытрахыну Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм жэрдэм къызэрыхилъхьам и хъыбарым Интернетым сыщрихьэлIат, гъэщIэгъуэн дыди сщыхъуат. Нахуэу щыжымыIами, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, а фильмыр кинорежиссер цIэрыIуэ, тхакIуэ, публицист Вэрокъуэ Владимир «Амыщ къуажэ» зыфIища и романым тращIыкIыну гурыщхъуэ сщIат, арщхьэкIэ зи гугъу ищIымрэ а тхыгъэмрэ зэхуаIуэху щымыIэу къыщIэкIащ. Ар щыгъэтауэ, Адыгэ Хэкум щыпсэу си цIыхугъэхэм къызэрызагъэщIамкIэ, хъарзынэу зэфIыхьэу хуежьа Iуэхур щаублам деж щыужьыхыжащ, Ермэлыхьэблэрэ (Армавиррэ) абы и Iэгъуэблагъэмрэ адыгэ-ермэлыхэм псэукIэу яIар кърибгъэлъэгъуэну жыли къуажи зэрыщымыIэр щхьэусыгъуэ ящIри. (Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ-ермэлыкIэ зэджэр ермэлыхэм ящыщ лъэпкъщ, XV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу, зэрахьэр чыристан динми, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, зытетыр Адыгэ Хабзэщ). Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2019-12-07 
              
                
Дыгъэгъазэм и 7, щэбэт
 ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ. 1944 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Чикагэ (США) Iэ щытрадзащ цIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я лэжьэкIэр зыубзыху конвенцэм.
Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ, Хэха 
            
            2019-12-05 
              
                Нобель и саугъэтыр 2001 гъэм экономикэмкIэ зрата Стиглиц Джозеф (США) и зы жыIэгъуэ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ 1990 гъэхэм. «Мыр сыту дуней гъэщIэгъуэн, къулейсызхэм къулейхэр ягъашхэу», — аращ фигу къэзгъэкIыжыр. ГушыIэ мащIэ хэлъу жиIами, дунейпсо экономикэм и ухуэкIэм фIыуэ щыгъуазэ щIэныгъэлIыр мы Iуэхум и лъабжьэм щIэлъым, дауи, фIы дыдэу щыгъуазэщ.Сыт атIэ абы жиIэр экономикэм епха гугъуехьхэм теухуауэ? Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2019-09-14 
              
                Бзэр мылъкущ, ауэ ар дызытегужьеикI мылъкум хиубыдакъым. Ахъшэр Iэмалыншэу дыхуейуэ къыдолъытэри, хэкIыпIэ долъы-хъуэ нэхъыбэу къэдлэжьыну, къэдлэжьар дгъэбэгъуэну. Зы цIыхум и ахъшэр къыздыхуэзэм щигъэтIылъынукъым, хамэм и нэ къыздытемыхуэн, хамэIэ щемыIэбын къилъыхъуэнурэ щигъэбыдэнущ. ЗыгуэркIэ хагъэкIыжми, хаб-зэхъумэхэм екIуэлIэнущ, къаригъэгъуэтыжынущ, зыхуэфащэр игъэпшынэнущ. Бзэм апхуэдэу дыхуэсакъыу, дытегузэвыхьу, тхъумэу, дгъэбагъуэу хэт жиIэфын? МэкIуэдри гъуэгу тетщ, ауэ сыт пэдгъэуврэ, дауэ къедгъэлрэ? Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2018-07-07 
              
                Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дуней, и ехъулIэныгъэхэр иIэжщ. Апхуэдэ дыдэуи лъэпкъ къэс езым и цIыхум и теплъэр, и хьэл-щэныр, и зэхэщIыкIыр дыболъагъуж. Сытепсэлъыхьыну сыхуейщ, япэрауэ, адыгэ бзылъхугъэм и теплъэм, хэлъыпхъэ щэн дахэм, абы дунейм и зыужьыкIэм щигъэзащIэ къалэным. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2018-02-27 
              
                Иджырей зэманым нэхъ ухэзыгъаплъэ Iуэхухэм ящыщщ адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ унагъуэхэм екIуу зэрыщызэрамыхьэжыр. Зи лъэпкъым зи гур хуэуз цIыхур, шэч хэмылъу, абы ирогузавэ икIи апхуэдэ щытыкIэр щилъагъукIэ, Iэмал къыхуигупсысыну яужь йохьэ.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2018-02-10 
              
                Къэбэрдейм ит Къэнжал бгым и деж 1708 гъэм щекIуэкIа зауэзэрылIыр кърым хъан Къаплъэн-Джэрий и махуэ мыгъуэт. Абы щыгъуэщ тэтэр пщы-уэркъхэм      я нэхъыфIыщхьэхэр къанэ щымыIэу Къэнжалыкъуэм щыдэкIуэдар. И къуэшыр, и къуэр, и армэм здришэжьа жыжьэрыуэ топхэм я нэхъыбэр зыфIэкIуэда езы хъаныр ерагъыу псэууэ къела къудейщ. Къаплъэн-Джэрий и щхьэ кърикIуа щIэщхъур Кърымым къыщыхуамыгъэгъуу, щхьэусыгъуи къамылъыхъуэу, къэралым нэгъуэщI хъан трагъэувауэ щытащ.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ 
            
            2018-01-20 
              
                Адыгэ Тенджыз (Мэржэхъу Мухьэмэд) Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Дзэлыкъуэ къуажэм 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ.1959 — 1964 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Радиовещанэмрэ телевиденэмкIэ и комитетым и хорым, къэрал уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ я хорым щылэжьащ. 1964 — 1969 гъэхэм ар щыпсэуащ Латвие ССР-м и Даугавпилс къалэм. ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу щытащ, «Электроинструмент» заводым и лэжьапIэ IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ, абы къыдэкIуэуи щеджащ Даугавпилс дэт музыкально-педагогическэ институтым, Ригэ щыIэ политехникэ институтым, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу абыхэм ящыщ зыри къиухакъым. ГъэщIэгъуэнщ: и япэ Iуэтэжхэр (рассказхэр) дунейм къызэрытехьар латышыбзэщ.Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ |