|
Зытеухуар 'ЩIэныгъэ'
2021-02-18
- Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэхэм 2021 гъэм къриубыдэу къыщызэIуахыну я мурадщ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центру хы.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2021-02-06
- Астрономхэм иджыщ япэ дыдэу къыщалъэгъуар «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэ-дэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-10-20
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIадзащ «Iущхэр» программэм ипкъ иткIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах лэжьыгъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-07-16
- КIуэкIуэ Валерий и цIэ зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетымрэ антимонопольнэ IэнатIэм и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ Iуэху зэрызэдащIэнумкIэ иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэраухылIащ. Абы ипкъ иткIэ университетым экономикэмрэ управленэмкIэ и къудамэм хы- хьэу «Антимонопольное регулирование» кафедрэщIэр къызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-06-26
- Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Хеопс и пирамидэр. Ар илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2020-03-28
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ПМиАТ (Прогрессивные материалы и аддитивные технологии) центрым щолэжь коронавирусым щызыхъумэ полимер антисептикхэр щIыным. Абы иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъэхутэныгъэхэмкIэ урысейпсо фондым. КъБКъУ-м и ПМиАТ центрым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэм патент къыпэкIуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-12-03
- Дызэрыщыгъуазэщи, тхьэмахуэ блэкIам и кIэухым ди республикэм щыIащ Уф-м и Президент Путин Владимир, къэралым хиубыдэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр, къулыкъущIэ куэд щIыгъуу. Абыхэм яхэтащ УФ-м щIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Котюков Михаил. Президентым КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIа зэIущIэшхуэм иужькIэ, Котюковыр кIуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и педколледжым икIи абы и унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм, республикэм и курыт школхэм я пашэхэм яхуэзащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-09-20
- УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ щIэуэ иубзыхужащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) хэтхэр. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, ВАК-м и Эксперт советхэм мы гъэм япэ дыдэу хагъэхьащ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ къудамэм и пашэ ТIымыжь Хьэмыщэ, пасэрей тхыдэмрэ археологиемкIэ къудамэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-08-17
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм куэду яхэтщ хамэ къэралхэм къикIа щIалэгъуалэ. Абыхэм я бжыгъэр зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыи къегъэлъагъуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэм а еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыхахыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-08-01
- Япэм кIуэрыкIуэм тету зэрыжаIэу университетым тыншу щIэтIысхьэфу щытащ курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къэзыухахэр. Илъэс 20 ипэкIи балл зы — тIу зыхуримыкъухэр япэ курсым щIэтIысхьэрт, дыщэ медалым пщIэ иIэти. Иджы псори ЕГЭ-м теухуа хъуащ. НыбжьыщIэм спортымкIэ ехъулIэныгъэ иIэми, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр и куэдми, дыщэ медаль иIэми — а псоми зэхэту балли 10 къахуэлэжьу аращ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-06-22
- Кавказыбзэхэм я нэхъ хьэлэмэтхэм икIи гъэщIэгъуэнхэм халъытэ адыгэбзэм и зэхэлъыкIэм игъащIэ лъандэрэ дехьэх щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр. Абы елэжьащ къэрал куэдым щыщ лингвист цIэрыIуэхэр, и грамматикэр, тхэкIэ хабзэхэр, псалъэхэм я мыхьэнэр яубзыхуу, а псори щызэхуахьэсыж тхылъ щхьэхуэри къыдагъэкIыжу. Ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ гулъытэ хуащIыжащ 1904 гъэм Австро-Венгрием къыщыдэкIауэ щыта апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлэмэтым — «Къэбэрдей-мэжэр-латин псалъалъэм». А псалъалъэ телъыджэр щIэныгъэ дунейм «къызэрыхашэжам» теухуат Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-04-13
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и унафэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-04-02
- «Зи школ щIэтIысхьэгъуэ нэмыса сабийм и гуфIэгъуэ махуэ» фIэщыгъэм щIэту илъэс кIуам яубла щIэныгъэ программэм къырикIуа Iуэхугъуэхэм хоплъэж.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2019-01-22
- ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ Федеральнэ агенствэм (Росмолодёжь) къыдиIыгъыу КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым проект 30-м щIигъу иригъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэщIэр къызэрихьэрэ. Лэжьыгъэр нэхъыбэу зи пщэ дэлъар еджапIэ нэхъыщхьэм и студент зэгухьэныгъэмрэ экономикэмрэ _управленэмкIэ факультетымрэщ. Проектхэр къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ зэпеуэхэм къыхэжаныкIахэмрэ иджыблагъэ КъБКъМУ-м щагъэлъэпIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
2018-11-08
- Адыгэхэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, мымащIэу къытхэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ цIыху щэджащэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ ди тхыгъэр зытеухуа Шыхъуэстэн Владимир КIысту и къуэр. Еджагъэшхуэм и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ техносферэ унэтIыныгъэм ди къэралым зыщиужьыным. РАЕН-м и академик, абы и къудамэм и унафэщI, профессор, физикэ щIэныгъэхэм я доктор Шыхъуэстэныр дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ къэхутакIуэщ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ЩIэныгъэ
|