|
Зытеухуар 'Жылагъуэ'
2023-01-31
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм жылагъуэр зыщыгуфIыкIын, апхуэдэ дыдэуи, етхьэкI гъащIэм хэтлъхьэ гуащIэм, абы и мыхьэнэм, ар лъэпкъым и зыужьыныгъэм зэрытелажьэм дезыгъэгупсысын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2023-01-26
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэIущIэ убгъуар Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Абхъазым, Сирием, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэр махуитIкIэ зэхэтащ, Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьащ, лэжьыгъэ нэхъыбэжи къызэщIиубыдащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-12-06
- КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ гъэфIэж пшыхь щекIуэкIащ. Студентхэм я Дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къулыкъущIапIэм къызэригъэпэща зэхыхьэ гуапэм фIыщIэ тхылъкIэ я цIэр къыщраIуащ волонтёрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм жану хэт лэжьакIуэхэм, щIалэгъуалэ политикэр гъащIэм хэпщэнымкIэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къызэзыгъэпэщ ныбжьыщIэхэм. Псалъэ гуапэрэ фIыщIэ тхылъкIэ къыхэщахэм яхэтащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и еджакIуэхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-11-10
- Къэбэрдей-Балъкъэрым VII дунейпсо этнографие диктантыр иджыблагъэ щатхащ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуей хуэзэу щегъэкIуэкIыным я гуащIэ халъхьащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-10-22
- Президент грантхэм я Фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа «ТекIуэныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) хэта щIалэгъуалэ гупыр иджыблагъэ Ингуш щIыналъэм щыIащ. НыбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ Кавказым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ советыдзэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэта щIыпIэхэр. 1942 — 1943 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэр Мэздэгу — Мэлгъэбэг стратегие операцэм щыщ зы Iыхьэт, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIи мыхьэнэшхуэ зиIэт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-10-08
- Дунейм лъэпкъыу тетым IуэрыIуатэ яIэщ. А псоми зэхуэдэу хэтыжщ лъэпкъыу щыIэр зэгуэр зы бзэкIэ псалъэу, зы лъэпкъыу щытауэ, Iуэхугъуэ гуэрым и зэранкIэ зэкъуэча хъуауэ. А Iуэхугъуэри — псыдзэщ е Бабылей (Вавилон) чэщанэм и ухуэныгъэрщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-10-01
- «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ гъуэгухэмрэ цIыхухэр щызэхэзекIуэ лъагъуэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр, шынагъуэ ямыIэу къызэгъэпэщыныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-09-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжащ щыхьэрым дэт телечэщанэ цIэрыIуэр, идз нэхугъэри щIэрыщIэу къызэщIагъэблэжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-08-25
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦIыхубэ фронтым хэтхэм иджыблагъэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ щхьэкIэ ди щIыналъэм и щIыпIэ гъэщIэгъуэнхэм зыщрагъэплъыхьыну псапащIэ Iуэху къыхалъхьащ. ГукъэкI дахэм хэтыну цIыкIу 80-р узыфэ хьэлъэхэр зэфыкI сабийхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «ГущIэгъу 07» зи фIэщыгъэ псапащIэ фондым и нэIэ зытет защIэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-07-21
- ХьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэм ящыщщ Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуа Къуныжь Теймураз. Илъэс и пэкIэ абы сом зы мелуан къыщихьащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен и нэIэм щIэту хьэрычэт IуэхухэмкIэ щIалэгъуалэм защIэгъэкъуэным тещIыхьауэ къызэрагъэпэща «Startup 5642» зэхьэзэхуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-05-06
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, «Этих дней не смолкнет слава» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-03-30
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым гъатхэпэм и 25-м щагъэлъэпIащ республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пажэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-03-04
- Бзылъхугъэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм и инагъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТхакIуэ дапщэ тетхыхьами, усакIуэ дапщэм усэбзэ дахэкIэ къаIуэтами, иджыри нэсу жаIэфауэ къыщIэкIынкъым цIыхубзым и уасэмрэ и пщIэмрэ. ИтIани, куэд къызэщIиубыдэу IутIыж Борис жиIэфауэ къысщохъу мыр: «ЦIыхубзыр ар цIыху тхьэпэлъытэщ, КъэзыгъэщIыфу къигъэщIащ». Ар шэч къызытумыхьэжынщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2021-12-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ щIэрыщIэу хахыжауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2021-02-16
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къыдагъэкIа «Дэ дызэкъуэтщ» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм зэрызыщIигъэкъуам папщIэ къэрал фэеплъ дамыгъэр иджыблагъэ хуагъэфэщащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар иратащ еджапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
|