|
Зытеухуар 'Юбилей'
2023-01-14
- ГушыIэкIэ дахэ иIэт
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и артист Къэжэр Борис псэужамэ, дыгъэгъазэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2023-01-12
- Нобэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу Урысейми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хэт, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI, КъШР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзым и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2023-01-12
- Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа адыгэ псалъэжьыр и мыхьэнэкIи и купщIэкIи, къанэ щымыIэу, епхьэлIэ хъунущ ди лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку ПIатIурэ и къуэм и гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэм. Жылагъуэм пщIэшхуэрэ нэмысрэ щиIэу, бгъэдэлъ зэфIэкI къызэрымыкIуэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуарэ щIэблэ куэдым я щапхъэу дунейм тетащ Зырамыку. Лъэпкъ щэнхабзэм и тхьэмадэу щытар къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу мы махуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2023-01-12
- УэрэджыIакIуэ Шумахуэ ХьэзрэIил и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу
- КъШР-м и цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил «Уэрэ сэрэ» лъагъуныгъэ уэрэдым фIэкI имыгъэзэщIами, цIыхубэм кърацIыхуну, фIыуэ иралъэгъуну ирикъунт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-20
- «ЦIыху зэпIэзэрыт» псалъэхэм я мыхьэнэ нэхъыфI дыдэхэр зи гъащIэми зи IэдакъэщIэкIхэми хэплъагъуэ тхакIуэ ахъырзэмант ХьэIупщы МуIэед. Дэнэ ущыхуэзэми узымыгъэгъуащэ, къыпщыгуфIыкI, иужьрейуэ щылэжьа «Iуащхьэмахуэ» журналым и редакцэм IуэхукIэ ущIыхьамэ, гуапэу къыпIущIэу ущIэкIуар пхузэфIэзыгъэкI цIыху нэфIэгуфIэт. Апхуэдэущ ар ди нэгу псоми къызэрыщIэнар…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-17
- ГъущIхэкIым, мывэм, ятIэм, пша-хъуэм, пхъэм, нэгъуэщIхэми теплъэ дызэмысахэр, ауэ гупсысэр зыгъэлажьэхэр къыхещIыкI Арсен. Апхуэдэ дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэн зиIэр зырызщ. ГъущIапщэр ди зэманым и скульптор нэхъыфIхэм зэращыщыр куэдым я дежкIэ наIуэщ. Абы гупсысэ-рэ хуабагъэкIэ гъэнщIа и IэрыкIхэм дунейм и щIыпIэ куэдым уащрохьэлIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-15
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ къикIуа илъэси 100 гъуэгуанэм нэхъ IупщIу къыхэбелджылыкI къэхъукъащIэ нэхъыщхьэхэр къанэ щымыIэу зи нэгу щIэкIа ди лъахэгъухэм ящыщу куэд щыIэжкъым. Апхуэдэт адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщу зи гъащIэр зыхьа, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ щIыналъэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэхэм я унафэщIу щыта, республикэм и жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру псэуа Джэдгъэф Аслъэмырзэ Исуф и къуэр (1922 — 2020).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-15
- УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, зи IэщIагъэм хуэIэижь, зи радионэтынхэр куэдым фIыуэ ялъагъу Мыз Майе и ныбжьыр дыгъэгъазэм и 15-м илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-13
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Тхьэмокъуэ Женя и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-08
- КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, иужьрей адыгэ джэгуакIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр хъумэным, зэхуэхьэсыжыным теухуауэ куэд зыхузэфIэкIа, адыгэ литературэм и классик ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Музыкэ театрым дыгъэгъазэм и 5-м пшыхь щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. Зэхыхьэ гуапэр ирагъэхьэлIащ 2022 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрыщы- тым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-08
- ЦIыху IэпэIэсэм, дахагъэ, екIу гуэр къызэгъэщIыфым щхьэкIэ «И Iэпэм дыщэр къыпощ», «ЗэIусэм псэ хелъхьэ» жаIэ хабзэщ. АтIэ и нэр зытеплъэр ды-щэм, дыжьыным, гъуаплъэм, жэзым, нэгъуэщI гъущI лIэужьыгъуэхэми къыхищIыкIыфмэ, ахэр мывэ лъапIэхэмкIэ игъэщIэрэщIэжрэ нэр игъэгуфIэу, псэр дихьэхыу утыку кърихьэмэ-щэ?! «Iэпэм къыпощэщ» псалъэхэр хуэкIуэжкъэ-тIэ абы?! Апхуэдэ IэпщIэлъапщIэщ сурэтыщI, дыщэкI Еутых Ася, Кавказ Ищхъэрэм щыщ цIыхубзхэм ящыщу абы и закъуэщ къамэ зыщIыфыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-03
- Куэд щIауэ сигу илът тхыгъэкIэ гулъытэ хуэсщIыну, гуапагъэ куэд зыдэслъэгъуа, егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, IэщIагъэлI, цIыхугъэ ин зыхэлъа, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Джэдгъэф Хъусен. Ауэ тегушхуэгъуафIэкъым икIи гугъущ апхуэдэ цIыхум щыщIэныгъэншэу, гугъэзагъэу утетхыхьыныр. Нэхъ гугъужщ икIи щыуагъэ инщ гукъэкI хуумыщIыныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-03
- КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу
- Лъэпкъ тхыдэм, IуэрыIуатэм, гъуазджэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна, Iэужь бей къызэзынэкIа Ало ЛутIэ и цIэр нобэми лъэпкъым Iурылъщ.
- Сыт и уасэ Алом зэхуихьэсыжа таурыхъхэр, абы игъэзащIэу къытхуэна пасэрей уэрэдыжьхэр?! Артист, уэрэджыIакIуэ хъуа куэдым жаIэу урохьэлIэ Алом и утыку итыкIэр, уэрэд жыIэкIэр щапхъэ зэрахуэхъуар, абы дэплъейуэрэ а IэщIагъэр къызэрыхахар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-12-01
- ГъащIэри ажалри зыпэмылъэщ Iэужь
- ЩэкIуэгъуэр Къып Мухьэмэд и мазэщ. Бжьыхьэ бейбэм сурэт щIынкIэ, IэзагъэкIэ пеуэ фIэкI умыщIэну псэуащ ар. Ауэ бжьыхьэр илъэс къэси къохьэ, Къыпым хуэдэхэр лIэщIыгъуэм зэ къэхъу-къэмыхъуми аращ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
2022-11-24
- Шэвлокъуэ Пётр Жэбагъы и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1927 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыщалъхуащ. 1944 гъэм къыщыщIэдзауэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр зэрихьэу ар «Къэбэрдей пэж» газетым щылэжьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Юбилей
|