|
Зытеухуар 'ГъэщIэгъуэнщ'
2019-02-12
- «Конгрессым и библиотекэр» егъэщIэращIэ
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я щыхьэр Вашингтон дэт «Конгрессым и тхылъ хъумапIэр» (Library of Сongress) дунейм библиотекэу тетхэм я нэхъ ину къалъытэ. «Адыгэхэм я щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ интернет напэкIуэцIым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, а IуэхущIапIэм и уардэуниплIым я нэхъыжь «Джефферсон Томас и ухуэныгъэм» и IуплъапIэ мывэ блыным адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэт къыщыхэIущIыкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2019-02-09
- Урысей, голланд археологхэм къалъытэ илъэс мини 6 — 6,5-рэ ипэкIэ Китайм и щIыналъэм къыщагъэхъуауэ щыта хур Кавказым икIыу урыс тафэхэмкIэ Европэм нэсауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2018-09-08
- Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.
- Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс 12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индуист щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2017-12-30
- Мы сурэтыр 1903 гъэм Друри У. Д. и IэдакъэщIэкIыу къыдэкIа «Инджылыз хьэ лъэпкъхэр» тхылъым щыщ пычыгъуэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2017-11-29
- УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ, азие гупэ леопардыр (щомыщ къуэлэныр) къегъэлыным хуэгъэза программэр 2007 гъэм къы щыщIэдзауэ Кавказым щагъэзащIэ. А Iуэхум ехьэлIауэ Сочэ и лъэпкъ паркым и щIыналъэм къы щызэрагъэпэщауэ щытащ леопардыр Кавказым щы зэфIэгъэувэжынымкIэ центр. Абы зоолог еджагъэшхуэхэм лэжьыгъэ щхьэпэ щрагъэкIуэкI що мыщ къуэлэныр гъэбэ гъуэным, щIыуэпсым и зы Iыхьэу къэгъэунэ ху жыным хуэгъэзауэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2017-04-13
- Хэт пхъэнкIакIуэу, хэти егъэджакIуэу
- Президентым и пресссекретарь Песков Дмитрий ипхъу нэхъыжь Елизаветти иджыблагъэ зиумысыжащ, унагъуэр игъэшхэн папщIэ, 2000 гъэхэм и адэр жэщхэми лажьэу зэрыщытамкIэ. Къулыкъуш хуэ зыIыгъ нэгъуэщI цIыхухэм сыту пIэрэт нэхъапэм ящIэу щытар?
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-09-26
- Ди зэманым цIыху къэс автомобиль бжыгъэу яхуэзэр: США-м — 760-рэ, Италием — 575-рэ, Японием — 557-рэ, Канадэм — 539-рэ, Германием — 536-рэ, Франджым — 535-рэ, Инджылызым — 517-рэ, Бельгием — 478-рэ, Испанием — 451-рэ, Швецием — 449-рэ, Урысей Федерацэм — 234-рэ. ЦIыху мин къэс ятещIыхьауэ машинэ нэхъ мащIэ дыдэ щызекIуэр Китаймрэ Индиемрэщ, япэм 8, етIуанэм 6. Дуней псор зэрыщыту къапщтэмэ, цIыху миным щахуозэ автомашини 114-рэ, абы тепщIыхьмэ, нобэ ЩIы хъурейм щызокIуэ автомобиль мелуан 707-м нэс. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-09-03
- Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс — 7, Шуман — 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьев — 12, математик Эйлер — 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.
-
- * * *
- США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-08-23
- Налшык къалэдэс дэтхэнэми ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епхауэ езым и гукъэкIыжхэр иIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж, дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар. Ноби плъагъунущ ныбжьыщIэхэм шынапэурэ я Iэ цIыкIухэр а аслъэнхэм зэрыхуашийр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-07-15
- Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джатауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 — 1923 гъгъ.).
- Псори къыщежьар XIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ, Иджырей Черкесск къалэ пэмыжыжьэу щыс Зеикъуэ жылэрщ. Зы нысашэ гуэрым щызэрыцIыхуат уэркъ унагъуэм къыхэкIа хъыджэбз дахэ зэкIужымрэ и теплъэрэ къарукIэ зыхыхьэм къахэщ щIалэ екIу, Джатауэхэ я къуэ Былымгъуэтрэ. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-07-14
- Истамбыл хиубыдэ Бейогълу куейм «голланд сэрей»-кIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэсIуэтэжынур. ГурыщIэр яку къыдэхъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-03-11
- «Forbes» журналым апхуэдэ цIыхуу мы гъэм хы къыхитхыкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм ящыщу щыр зэIыхьлы дыдэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2016-01-27
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Къармэхьэблэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу щылэжьащ Бэрокъуэ Зырамыку. Абы иригъаджэрт тхыдэмкIэ, географиемкIэ, астрономиемкIэ. Ар езыр Къэсейхьэблэ щыщт. Зырамыку 1919 гъэм къиухат Каир дэт Аль-Азхар университет цIэрыIуэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2013-09-17
-
- Бахъсэн къалэм дэт щIалэгъуалэ центрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Дахагъэм и дунейпсо махуэр. Хъыджэбзхэм ирагъэлъэгъуащ напэхэмрэ щхьэцымрэ зэрыкIэлъыплъ щIыкIэр, сэхусэплъ екIуу зэрызыхалъхьэнумрэ унэм щIэсу нэкIум зэрелIэлIэфынумрэ и щэхухэми хагъэгъуэзащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
2013-09-14
- «Иппотерапия» (шым и Iэзэгъуэ), «герудотерапия» (псы дыуэм и Iэзэгъуэ) жыхуаIэу иджырей медицинэм къигъэсэбэп Iэмалхэм бдзэжьейхэмкIэ цIыхум еIэзэныр къахохъуэ. 1843 гъэм Австрием и биолог-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Геккелем Иоганн япэу къигъуэтауэ щыта, Iэбжьанэ хуэдиз фIэкIа мыхъу бдзэжьей цIыкIунитIэ, «гарра руфа»-кIэ зэджэхэм ущрохьэлIэ Тыркум, Сирием, Ираным, Иракым я хы Iуфэхэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
ГъэщIэгъуэнщ
|