2022-05-17
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Налшык къалэ и уэрам нэхъыщхьэхэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэм зэрыщыпащэр къипщытащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-05-17
- КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Зи тхьэкIумэхэм зэхэзымыххэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОГ) и унафэщI Иванов Станислав. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ ВОГ-м и къудамэу республикэм щыIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-05-13
- Урысейм и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ. Селектор жыпхъэм иту къызэрагъэпэща лэжьыгъэр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-05-07
- Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ ин дыдэу итыну поликлиникэм и лъабжьэр дыгъуасэ ягъэтIылъын щIадзащ, япэ бетон кубыр щIэщIыкIым дакIащ. Ар щаухуэ Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и Iэгъуэблагъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-05-06
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ тридзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм (КИФЩI) социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ 2030 гъэ пщIондэ зегъэужьыным хуэгъэпса стратегиер къыщыгъэнэIуа дэфтэрым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-26
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Бахъсэн щIыналъэм иджыблагъэ щыIащ. Абы къипщытащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэм япкъ иткIэ щIыпIэм щрагъэкIуэкI ухуэныгъэщIэхэр, зэгъэпэщыжы-ныгъэ лэжьыгъэхэр зэрагъэзащIэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-23
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр зи къалэн гъэзэщIакIуэ IэнатIэ щхьэхуэ республикэм къыщызэгъэпэщыным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-23
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету иригъэкIуэкIащ къэралыр санкцэхэмкIэ гугъуехь щыхагъэт зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыны-гъэ щызэтегъэувэным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ вице-премьерхэр, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, банк унафэщIхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-21
- Ди къэралым и щыхьэр Москва иджыблагъэ щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ. Республикэм и пашэмрэ Совфедым и спикерымрэ тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм щыщыIэ социально-экономикэ щытыкIэм, абы лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ зэрыщагъэзащIэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-21
- КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Урысей Федерацэм Экономикэ Iуэхухэмрэ коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэтынымкIэ Къэрал советым и лэжьакIуэ гупым Москва къыщызэрагъэпэща селектор зэIущIэм. Ар ирагъэкIуэкIащ лэжьакIуэ гупым и унафэщI Собянин Сергейрэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Белоусов Андрейрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-21
- КIуэкIуэ Казбек къипщытащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Налшык къалэ и уэрам нэхъыщхьэхэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-19
- КIуэкIуэ Казбек щыIащ Налшык къалэ дащIыхьыну Мыл уардэунэм и ухуэныгъэр щрагъажьэм. 2-нэ Таманскэ дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щыщIадзащ лэжьыгъэм, техникэри кърашэлIащ. IэщIагъэлIхэм къызэхуэсахэм я пащхьэм щагъэлъэгъуащ Мыл уардэунэм и теплъэу щытынур. Проектыр сабий-щIалэгъуалэ спорт ухуэныгъэшхуэм и япэ Iыхьэу аращ, а Iуэхур республикэм щызэфIагъэкIынущ илъэсищым къриубыдэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-16
- Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ къэкIуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий. Ар яхуэзащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм кърашауэ узыншагъэр щызэтрагъэувэж «Лъэгъупыкъу» («Радуга») республикэ сабий центрым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу, къэрал къулыкъущIэм ныбжьыщIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм щыгъуазэ зыхуищIащ, сабийхэм я гъусэ гъэсакIуэхэм, центрым и IэщIагъэлIхэм епсэлъылIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-14
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм лэжьыгъэ IуэхукIэ зыхуигъэзащ «Кавказ.РФ» АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм
2022-04-12
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгу унафэщIхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ я гъусэу Осетие Ипщэм щыIащ, а къэралыр Урысей Федерацэм хыхьэнымкIэ ирагъэкIуэкIыну референдумым и жэрдэмщIакIуэхэр даIыгъын папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
КъБР-м и Правительствэм