КъэкIуэнур зей щIэблэм я унэтIакIуэ
2022-06-01
- Гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэ Iэзэхэр белджылы къэщIыныр, абыхэм я пщIэр къэIэтыныр, ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытым жылагъуэр щыгъуазэ хуэщIыныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм хыхьэ Iуэхугъуэщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэр. Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщы-хауэ къызэрагъэпэщ хабзэ зэхьэзэхуэ хьэлэмэтым и щIыналъэпсо зэхыхьэр иджыблагъэ щызэхашащ ди республикэм и къалащхьэ Налшык.
Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ районхэм, къалэхэм щылажьэ сабий садхэм нэхъыфIу къыщалъыта гъэсакIуэ пщыкIущ зыхэта зэпеуэр гъэщIэгъуэну, купщIафIэу екIуэкIащ. УнэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэпеуа лэжьакIуэ пашэхэм наIуэ къащIащ я Iуэху зехьэкIэр, гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу къыщалъытэр яубзыхуащ, сабий гупым драгъэкIуэкI хабзэ дерс гъэщIэгъуэн-хэм къэпщытакIуэхэр щыгъуазэ ящIащ. Республикэпсо зэпеуэм хэт гъэсакIуэхэм сабий гуп мыцIыхухэм драгъэкIуэкIыфащ дерс хьэлэмэтхэр, цIыкIухэр къыдахьэхыу ягъэлэжьэн щхьэкIэ, Iуэхум бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр халъхьэу, методикэ хьэлэмэтхэр къагъэсэбэпу.
Зэпеуэр зэрекIуэкIамрэ абы гъэсакIуэхэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэмрэ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъащ абы къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупыр. Абы хэтащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, республикэм и гъэсакIуэ пашэхэр, сабий сад нэхъыфIхэм я методистхэр. «Си IэщIагъэмрэ ехъулIэныгъэм сыхуэзышэ си проектымрэ», «Сабийхэм лэжьыгъэ зэрадезгъэкIуэкI мардэхэр», «Мастер-классхэр», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэри къызэщIиубыдэу екIуэкIа зэпеуэм хэта гъэсакIуэхэм Iуэху зехьэкIэфI-хэр ябгъэдэлъу къалъытащ а гупым хэтхэм. Апхуэдиз гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм къэпщытакIуэхэм къыхагъэбелджылыкIащ, фIым я фIыжу къыхагъэщащ икIи «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» къэралпсо зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэм щытекIуауэ къалъытащ Щомахуэ Каринэ. Бгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэкIэ пашэныгъэр зыхуагъэфэща Щомахуэр ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт прогимназием и гъэсакIуэ-логопедщ.
- ТекIуэныгъэр зыхуагъэфэща Щомахуэ Каринэ сабийхэм илъэс зыбжанэ лъандэрэ ядолажьэ, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу. Абы и гъуэгугъэлъагъуэщ «СхуэщIынукъым жумыIэ — зезгъэсэнщ жыIэ!» къыхуеджэныгъэр.
- — Сабийхэм нэсу уадэлэжьэфын папщIэ, уэ езым уи зэфIэкIым, щIэныгъэм хэбгъахъуэ зэпыту ущытын хуейщ. Уи лэжьыгъэм къит хъерым ущыгуфIыкIыжу, къомыхъулIаIамэ, адэкIи уи мурадым ерыщу ухуэкIуапхъэщ, — жеIэ Каринэ. — ГъэсакIуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ дэтхэнэ сабийми игурэ и щхьэрэ зэтелъу зыкъригъэлъытэжыну, гушхуауэ къигъэхъуну, хэлъ фIым адэкIи зригъэужьыну, ар ехъулIэныгъэм хуишэну. Сабийращ ди гъащIэм и купщIэр, дунейм и фIыгъуэр, къэкIуэнур зейр.
- Къыдэлажьэхэм зэрыжаIэмкIэ, Щомахуэ Каринэ зыпэрыт IэнатIэр езыгъэфIакIуэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ дапщэщи зи куэд гъэсакIуэ нэсщ.
- Апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ, зи IэщIагъэм хуэIэижь гъэсакIуэм дзыхь хуащIащ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну. Щомахуэ Каринэ дохъуэхъу урысейпсо утыкуми ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр екIуу щихъумэну.
- КЪАРДЭН Маритэ.