Анэдэлъхубзэм и хъумакIуэхэр
2023-01-14
- Илъэси 10-м щIигъуауэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ субъектым щокIуэкI Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» ХII щIыналъэпсо зэпеуэ. Абы хэтщ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм, Адыгэ Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр езыгъэджхэр. Мы гъэм а зэпеуэр къыщызэрагъэпэщащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Iуэху дахэм и жэрдэмщIакIуэхэщ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэр, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ щIыпIэ институтхэр, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэхэр.
Зыхыхьэхэр: Хэха