ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2021-05-21

  • Урыс-Кавказ зауэр зэпэщIэта лъэныкъуитIым я еплъыкIэкIэ
  • Мазэ зыбжанэ ипэкIэ дунейм къытехьа, сурэткIэ гъэщIэрэщIа щIэнгъуазэм («Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы») напэкIуэцI 34-рэ щеубыд Урыс-Кавказ зауэм хухэха Iыхьэм.

  • Тхылъыр иджыри хьэзыр мыхъу щIыкIэ, абы щыщ пычыгъуэхэр адыгэбзэм къидгъэзагъэурэ «Адыгэ псалъэм» къытеддзэу дыкъекIуэкIащ, псом хуэмыдэу накъыгъэм и 21-м ирихьэлIэу.  Щхьэхуэ-щхьэхуэурэ гъуэгу къытеува  а жыIэгъуэ кIэщIхэм ди тхыдэм щыщ теплъэгъуэхэр нэгум  къыщIагъэувэ пэтми, зы псалъащхьэм и лъабжьэм зэрыщызэмыуIуам къыхэкIыу, псори къызэщIэзыубыдэж гупсысэ яхуэчэму жыпIэ хъунут. ЩIэнгъуазэр къыдэкIыу  псалъэхэмрэ сурэтхэмрэ  зэгуэува нэужь, наIуэ къэхъуащ а гупсысэр: ар Урыс-Кавказ зауэм и джыкIэм зихъуэжын зэрыхуейрщ, абы дызэрыхуеплъэкIыж нэхэм  иджыри зэрыпхъуакIуэм и нэгъуджэхэр зэраIулъырщ. Илъэситхукъым, илъэсипщIкъым икIи  тIощIкъым  адыгэр зауэ губгъуэм зэритар. Абы сабийуэ хэувар Iуэхум и кIэм иплъакъым, зауэм щIидза къудейуэ къалъхуар ар имыухыу лIэжащ. Зы лъэхъэнэм щалъэгъуар  адрейм зэрынахьэсар нэхъыбэу лъырэ лыкIэщ, абы къыхэкIыу, тхылъымпIэм щыхъума ди тхыдэр нобэми  хуэбзэмыIущ.
  • Ахэр ди щхьэусыгъуэу, зи гугъу тщIы щIэнгъуазэм и «Урыс-Кавказ зауэр (1763 — 1864)» Iыхьэм щызэхуэхьэса жыIэгъуэхэм зэ дриплъэжыныр, ахэр къызэзынэкIахэми мащIэу я гугъу тщIыныр игъуэу къэтлъытащ, сыту жыпIэмэ, нобэр къыздэсым зи ужь дитар адыгэхэм  лей къазэрытехьар, зауэр зэрекIуэкIа къудейр пхыдгъэкIыну арамэ, иджы зэманым зэрызихъуэжам и нэщэнэхэр «бжэм къытоуIуэ». Адыгэхэм яшэча бэлыхьым  теухуа псалъэ щхьэпэ къэралым зэригъэIупхъэр хуабжьу жызыIэф щIэныгъэлIхэм я макъхэр къагъэIу хуэм-хуэмурэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Вагъуэ» («Звезда») журналым и редактор нэхъыщхьэу щыта, Урыс-Кавказ зауэм и  тхыдэр  захуагъэм  тету  и тхылъхэм къыщызыгъэлъэгъуэф закъуэтIакъуэхэм яз  Гордин Яков. Дэ зауэр илъэсищэрэ зы илъэскIэ екIуэкIауэ жытIэ щхьэкIэ, а нэхъыжьыфIым и еплъыкIэмкIэ,  зауэр иджыри иухакъым. Пётр Езанэм Кавказыр Урысейм гуигъэхьэн гукъыдэж щигъуэта и «Каспий зекIуэм (1822)» деж къыщыщIэдзауэ къебж Гординым урыс-кавказ зэпэщIэтыныгъэм и ныбжьыр, аращи,  а Iуэхур къызэрежьэрэ етIанэгъэ илъэс 300 ирикъунущ.
  • Уи жагъуэ зэрыхъущи, адыгэхэр зытеунэхъуа гузэвэгъуэр езыхэм я лэжьэж хуэдэу дунейпсо цIыхубэм я фIэщ зыщIыну хэтхэм я бжыгъэри мэбагъуэ, я макъ ягъэIуну щхьэусыгъуэ къызэралъыхъуэр нэрылъагъуу, нэхъ уащыхуэмыхьэзыр дакъикъэм зыкъызыкъуах. А псом къегъэлъагъуэ ди тхыдэр зэфIэдгъэувэжыным хуэунэтIа етIуанэ лъэбакъуэм и чыгъуэр къызэрысар.   
  • «Бийр нэгукIэ пцIыхун хуейщ», — жеIэ псалъэжьым.   Илъэсищэ бжыгъэ зытекIа хъыбархэр мынобэрейми, тхыдэм захуагъэм тету къыхэкIа, зи лъэпкъ зыхъумэжа лIыхъужьхэмрэ абыхэм лейзехьэу зыкъезыгъэцIыхуа пащтыхь хьэмаскIэхэмрэ я IуэхущIафэр зэманым изри, ди пащхьэ кърилъхьэжащ. Зыри псэужкъым а зауэм зэдыхыхьахэм ящыщу, ауэ мыхъумыщIагъэм и лъэужьыр зэрыгъэкIуэдыжыгъуейм, захуагъэм гъуэгу зэрегъэгъуэтыжыгъуейм дэри дрищыхьэтщ. А гупсысэхэрат щIэнгъуазэр къызэIузых тхылъеджэр зыхуэтшэну дызыщIэхъуэпсыр, Урыс-Кавказ зауэм теухуа Iыхьэр щыдгъэхьэзырым, зэи зи кIэм уимыплъэфыну псалъэ шэрыуэхэм дащыхэдэм.
  • Лъэпкъ гуауэр псоми зэхуэдэу зыхэтщIэркъым, дауи, абы щхьэж бгъэдэтлъхьэ акъылри зэтехуэркъым. Сыт хуэдэ дэ ди еплъыкIэр? Ар тхылъым «къыщыдгъэпсэлъахэм» къыжраIэнущ  абы еджэхэм. Ауэ  дэ ди гупсысэр  еплъыкIэ къудейуэ зэрыщымытыр, абы тхыдэ щыхьэтхэр къазэрыдежьур  наIуэ къэтщIын папщIэ, дэ къэдгъэсэбэпащ лъэпкъым къыпэщIэта, Iуэхухэр зезыгъэкIуа, езы урыс генералхэм я жыIэгъуэхэри. Нобэ зи жьэр зэщIэзых «пэжырылъыхъуэхэм» пащтыхьым Кавказым къиутIыпща урысыдзэр псапащIэу къежьауэ,  ямей зэхьэлIэнымрэ цIыху укIынымрэ  зи лъэпкъ хьэл  «шэрджэс хьэIуцыдзхэм» яIэщIэкIуадэ пэта къэзакъ тхьэмыщкIэхэр кърагъэлын щхьэкIэ, фIы ягу илъу къытхыхьауэщ зэрагъэIур.  НэхъеижитIу уигу хэзыгъэщIращи,  ди лъэпкъэгъухэми яхэтщ адыгэхэм я мылъку къэугъуеикIэр зэрыщыту хъунщIэнымрэ фыщIэнымрэ тещIыхьауэ къекIуэкIыу  къызыщыхъу.
  • Уи хэку зыубыда, уищI, уипс, уи хъупIэ къыптезых, уи унагъуэр зэрыбгъэшхэну ерыскъыр ппэзыубыд бийм  уи зэран ебгъэкIыныр зауэм къигъэув хабзэт. «КъарууфIэм дежкIэ къарууншэр  къуаншэ зэпытщ», — жыхуиIэ шыпсэм ипкъ иткIэщ а  пэжыр щIэхъума зэрыхъур. Ауэ биибзэкIэ  фIэкIа зыщыдымыухеижыфынукIэ, ирепсалъэ захуагъэм тету зыкъэзылъытэжхэри.
  • «ЩIыналъэр псынщIэу  къытIэрыхьэн папщIэ, Iэмалхэм я нэхъыфIыр гъаблэм зедгъэубгъунрауэ къызолъытэ», — щетх дэфтэрхэм я зым адыгэхэм «генерал плъыжь» зыфIаща Вельяминов Алексей. Абы щыхьэт тохъуэ къэзакъ тхыдэтх Короленкэ Прокопий и псалъэхэри: «Вельяминовым къызэрилъытэмкIэ, бгырысхэм я шхыныр япэдубыду фIэкIа ди унафэм щIэдгъэувэфынукъым, аращи, адыгэхэм я зэхуаку  гъаблэм зыщегъэубгъун хуейщ. ХымкIэ кърашу зыхэпсэукIыпхъэ гуэри къаIэрымыхьэн хуэдэу,  Анапэрэ Гагрэрэ я зэхуакум а Iуэхум кIэлъыплъыну дзэ щхьэхуэ  гъэувыпхъэщ, хы щIыIуми  плъыр кхъухьхэр теутIыпщхьэн хуейщ. Бгырысхэр езыхэм гъавэ зытрасэ щIыхэм щызэщыдгуэнщи, абдежым  къэзакъхэр идгъэтIысхьэнщ. Сытми, дэ ди тетыгъуэм и унафэ хэмылъу, абы кърита хуитыныгъэ ямыIэу,  яшхын ямыгъуэту тщIын хуейщ ахэр».
  • Псалъи тхылъымпIи пхурикъунукъым адыгэхэм къытраха мылъкур къыщабжыж дэфтэрхэр зэбдзэкIыну ухуежьэмэ. ИтIани, апхуэдэ щапхъэ зыбжани  къэтхьынщ.  Губгъуэри хъупIэри зыпаубыда,  Iэщ, шы, мэл зехуапIэ зрамыт, гъаблэм ирахулIа адыгэм и унагъуэм иригъэшхын тIэкIу трахам къыхидыгъукIыжмэ, «хъунщIакIуэт», «хьэкIэкхъуэкIэт», «лъэпкъ  мыгъасэт», имыщIыналъэ къиужьгъауэ хэкурысыр зыхъунщIэм Iэрыхьэ мылъкум зэреджэр  «контрибуцэт»,  зауэбзэкIэ жыпIэмэ, «зэрыпхъуакIуэм зытекIуа бийм иригъэпшын къуэды». 
  • «1804 гъэ. Адыгэхэр зэхакъутащ, цIыху 500-м нэс яукIащ, 4 гъэру яубыдащ. Урысыдзэм мэл 2000, Iэщышхуэу 50, гъавэрэ мэкъумы-лэу зыкъом зэщIикъуащ, ухуэныгъэхэр игъэсащ», — дыкъыщоджэ къэзакъ тхыдэтх Щербинэ Фёдор и гукъэкIыжхэм.
  • Ардыдэм 1809 гъэм ехьэлIауэ етх: «Къуажэу 18, къутыр, бжьэ хъупIэ хуэдэу  бжыгъэшхуэ  дгъэсащ, адыгэ  300 яукIащ, 520-рэ уIэгъэ хъуащ, гъавэрэ мэкъумылэу ягъэтIылъам мафIэ щIэддзащ».
  • 1824 гъэм теухуа хъыбарегъащIэм къыщокIуэ: «Урысхэр хуиту адыгэ щIэпхъуэжхэм яхэуэрти, абдеж дыдэм хьэдэ 200 къыщынащ. Инжыдж цIыкIу зэпрысыкIыну хэт пэтрэ, цIыхушхуэ, псом хуэмыдэу сабийуэ, хитхьэлыхьащ. ЦIыхухъурэ цIыхубзу 370-рэ гъэр тщIащ. Шыуэ 600, Iэщышхуэу 200-рэ, мэлу 700 къытIэрыхьащ».
  • Урыс-Кавказ зауэм дыщытепсэлъыхькIэ, дэ езым захуагъэм тету дымылъагъу гуэрхэри Iуэхум къыхохуэ.  Тхыдэм зи цIэр щыгъэлъэпIа ди лIыхъужьхэм я гугъу щытщIкIэ, абыхэм зэрахьа лIыгъэр къызэрыхэдгъэщыным дызэрелIалIэр езы зауэм и екIуэкIыкIар зыгурыдгъэIуэным зэран  хуохъу. Зи гугъу тщIыр нэхъ леишхуэ зыте-хьа, Шэрджэсей цIэмкIэ тхыдэм къыхэна КъухьэпIэ Кавказ лъэныкъуэм бэнэныгъэр зэрыщекIуэкIа щIыкIэрщ.  Илъэс  дапщэт Шэрджэсейм щызэфIэува адыгэ къэралыгъуэр зэрызэхэтар? Сыт хуэдэ зэгурыIуэныгъэ лIэужьыгъуэт къухьэпIэ адыгэхэм иращIылIар? Сыт апхуэдиз адыгэ щIыхэкIуэдар? Зауэр нэхъ пасэу къэувыIэну Iэмал щыIа? А упщIэхэм я жэуап къыщыдгъуэтыну дыхэтащ къытIэрыхьа тхылъхэм. Урыс генералхэр  щыдгъэпсалъэкIэ,  «адыгэгу зыкIуэцIылъ авар» зыфIэзыщыжа, къухьэпIэ лъэныкъуэм щекIуэкIа зыхъумэжыныгъэр зи унафэм щIэта Мухьэмэд-Амин-нэIибми жьэ едвгъэт:
  • «Ди Iуэхур зыIутар сыт жыпIэмэ, дэIэпыкъуэгъу зэрыдимыIэм къыхэкIыу, къытхуэнэр урысхэм мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэ етщылIэнырт. Ауэ сэ мы щIыналъэм (Шэрджэсейм — ред.) сыкъэзыгъэкIуар Щамил-Iимамрати, абы Iэщэ имыгъэтIылъауэ  сэ зэгурыIуэны-         гъэ Iуэху сыхыхьэныр сфIэемы-кIу хъури, иджыри илъэсищкIэ дызэуащ. Урысхэм Дагъыстэныр къаувыхьу, Щамил зрагъэта нэужь,  Iимамым Калугэ къысхуритхыкIащ урысхэм дапикIуэтыну унафэ къысхуищIу, арати, зизмылъэфыхьу мамырыгъэр къэзгъэнэIуащ».
  • Тхыдэм дихьэххэм  папщIэ, я цIэ къитIуэнщ зэпэщIэта лъэныкъуитIым щыщу зи жыIэгъуэхэр къэдгъэщхьэпахэр. Урыс дзэзешэхэу Бутков Фёдор,  Воронцов Михаил, Филипсон Григорий, Тормасов   Александр, урыс генералхэу Штрандман фон Густав, Ковалевский Пётр, Новицкий Георгий, Евдокимов Николай, Вельяминов Алексей, император Александр I и шугъусэу щыта граф Де Рошешуар,  щIэныгъэлI цIэрыIуэ Клап-рот Юлиус, къэзакъ тхыдэджхэу Короленкэ Прокопий, Потто Василий, Щербинэ Фёдор, тхакIуэхэу Данилевский Николай, Фадеев Ростислав, Руновский Аполлон, урыс офицерхэу Штедер, Беклемишев Николай сымэ, шэч хэмылъу, бгырысхэми адыгэхэми я телъхьэтэкъым. ИтIани, абыхэм я псалъэхэрщ  щыхьэту къэдгъэу-выр урысыдзэм лей зэрызэрихьамкIэ.
  • Бийм и лъэныкъуэм щымыщхэу зи псалъэ дигу къэдгъэкIыжахэм я гугъу тщIымэ, абыхэм  яхеубыдэ  лыхь офицер Лапинский Теофил, инджылыз тхыдэдж Баделли Джон, кавказ тхыдэтх Iэл-Къэра-хъий  Мухьэмэд ТIэхьир, дагъыстэн щIэныгъэлIхэу Эльдаров Магомед,  Магомеддадаев Амырхъан, Дашлай Фазил сымэ, езы Мухьэмэд-Амин-нэIибыр, тырку офицер Уэсмэн-бей, урыс публицист Тихомиров Лев, куржы бзэ щIэныгъэлI Джанашиа Симон, адыгэ тхыдэдж бзылъхугъэ Чэучэ Анжелэ сымэ.
  • Дызыхэщыпыхьа  тхыгъэхэм  къыхэтхащ  щихъ Щамил  Къэбэрдейм къызэрыкIуа хъыбарым теухуа пычыгъуэхэри. Iимамым и тхыдэр зытхыжа, къыбгъэдэтыпэу зауэм къыдыхэта  кавказ щIэныгъэлI телъыджэ Iэл-Къэрахъий Мухьэмэд ТIэхьир и гукъэкIыжхэм я фIыгъэкIэ дэри къэтщIащ 1846 гъэм  Къэбэрдейм къыщыхъуа дыдэр. Урыс тхыдэтххэм ялъэкI   къагъэнакъым  езыхэм япэщIэта лIы махуэхэм я цIэр Кавказым щагъэпудын, ахэр бийм и   тIасхъэщIэхыу щытауэ, пашэ зыхуэхъуа цIыхухэр ямыгъэпэжа хуэдэу ягъэIун щхьэкIэ. А гупсысэкIэ мыщхьэпэм зы лъэбакъуэкIэ нэхъ мыхъуми  дыкъибэкъукIыфамэ, ари ехъулIэныгъэу къыдолъытэ. 
  • ГурыIуэгъуэщ Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэр щIэх дыдэу зэрызэфIэмыувэжынур, ауэ гу лъыптэу абы тепсэлъыхьхэр нэхъыбэ икIи нэхъ  хуит хъуащ. Къанэр ар лъэпкъ зэныкъуэкъум хуэмыгъэкIуауэ, зэгурыIуэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм, зыужьыныгъэм  Iэмал хуэщIынырщ.
  • Урыс-Кавказ зауэм щытепсэлъыхькIэ, кIыфIыгъэм хитхьэлыхь бгырысхэм зыдагъэужьауэ, цивилизацэм и нэхум дыхашауэ, кIэщIу жыпIэмэ, драгъэхъулIауэ къэзыгъэлъэгъуэну хэтхэм я макъым Iэгъэбэгум ещхьу интернет губгъуэр зэриуфэбгъум псори дрищыхьэтщ.  Дэ абыхэм  жэуапу еттыр зэкIэ псалъэкIэ тхупхымыгъэкIми,  ди псэукIэм къыхощ: бийм утемыкIуэнкIи хъунщ бжыгъэкIэ, мылъкукIэ, къарукIэ. Ауэ цIыхум цIыхукIэ  щIеджэжыр абы цIыхугъэ  зэрыхэлъыпхъэрщ,  ар  Iэщэм  ещхьу гъущIым къызэрыхэмыщIыкIарщ, гущIэгъур зэрыхуэщырщ. ЦIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи текIуэр лей зезымыхьэрщ. А гупсысэм ипкъ иткIэ, я напэр къабзэу ахърэт Iыхьлы хъуа  ди адэжьхэр езы ухыгъэми егъэзахуэ. Джаур зауэжьым цIыхущхьэкIэ дыщыхилъэфами, цIыхугъэкIэ дызэрыщытекIуар ди хьэлрэ ди  Iуэху зехьэкIэкIэ дяпэкIэ щыIэну  дунейм и фIэщ тхуэщIмэ, тхыдэри и пIэ иткъым, лъэпкъыр фIым дызэрыхуэкIуэнур хьэкъщ.  «Ухеймэ, улъэщщ» жызыIа адыгэра  абы шэч къытезыхьэнур?!
  • Чэрим  Марианнэ.
  • Адыгэхэр зауэм макIуэ. Сурэтыр 1845 гъэм ящIащ.

  • Абат Беслъэней и къекIуэкIыкIар
  • Урыс офицер Новицкий Георгий Василий и къуэм шапсыгъ лIакъуэлIэш Мэгъурокъуэ Пщыкъуий хэгъэрей зыхуищIри, Кавказ зауэм и мафIэ лыгъэм хэт адыгэхэм я хэкум къихьэн хузэфIэкIауэ щытащ 1829 гъэм — абы и пэкIэ ар зыми къехъулIатэкъым.
  • Зауэ зращIылIа лъэпкъым        и къаруи,  и   псэукIи,  и бжыгъи, и  хабзи зэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым урыс дзэпщхэри, ар «кърагъэщIэн» мурадт Новицкэр адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къыщIагъэкIуар. А гъэм «зригъэщIэн» хузэфIэкIар итхыжри, урыс дзэпщхэм я пащхьэ ирилъхьащ Новицкэм. ТIасхъэщIэхым абы щыгъуэ зэрыхуигъэфэщамкIэ, адыгэхэр мин 262-рэт зэрыхъур.
  • 1830 гъэми «зыплъыхьакIуэ» кърагъэжьащ офицер набдзэгубдзаплъэр — а гъэм абы «Iуэхутхьэбзэ» хуилэжьащ адыгэ тхы-дэм щыцIэрыIуэ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абат Беслъэней. Бзиикъуэ зауэм (1795 гъэ) и ужь-кIэ Абатхэ хьэIупс ящIауэ щытащ шапсыгъхэм, унафэр IэщIахри, пщIэ щIагъуэ я-мыIэж хъуат. Ар зигу темыхуа лIакъуэлIэшыр, Беслъэней, урыс тIасхъэщIэхым дэIэпыкъуащ, и хэкум зыщригъэхущыхьащ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, и хэкумрэ и лъэпкъымрэ я тIасхъэр бийм Iэригъэхьащ. Абат  Беслъэней  абыкIэ  зэщэр гурыIуэ-гъуэт: урыс дзэпщхэр IупэфIэгъу къищIмэ, ахэр зыдигъэIэпыкъуурэ, шапсыгъхэм IэщIаха унафэр зыIэщIиубыдэжыфынкIэ гугъэрт.
  • Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэхым зэрыдэIэпыкъуам къыхэкIкIэ, Мэгъурокъуэ Пщыкъуии Абат Беслъэнеи адыгэ тхыдэм къащылъыс «пщIэр» зыхуэдэр гурыIуэгъуэщ. ГурыIуэгъуэщ Новицкэм яIэригъэхьа хъыбарыр урыс дзэпщхэм къазэрыщхьэпари — аращ абыхэм зауэм хадза адыгэхэм я деж Новицкэр «плъакIуэ-дэIуакIуэ» къыщIагъэкIуар. ТIасхъэщIэх къызэрежьам щхьэкIэ Новицкэр щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым — и пщэ къралъхьа къалэныр игъэзэщIащ, нобэ дэркIэ нэхъыщхьэри нэхъ лъапIэри абы къызэринэкIа тхыгъэхэрщ. Новицкэм зэхуихьэсащ адыгэхэм ятеухуа хъыбар хьэлэмэт куэд — я тхыдэм, я хабзэ-хэм, я псэукIэм, я къарум, я цIыху бжыгъэм, я жылагъуэхэм, н.къ. щытепсэлъыхьауэ. 1830 гъэм къыщежьам щыгъуэ Новицкэм нэхъыбэ зригъэлъагъун хузэфIэкIащ, ар, дауи, зи фIыщIэр Абат Беслъэнейщ — ар куэдым щыгъуазэ, хыхьэхэкI, щIэныгъэ зиIэ цIыху лъэрызехьэу щытащ. Аращ, шэч хэмылъу, кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр щIэрыщIэу щилъытэм, Новицкэм гъуазэ хуэхъуар. Урыс тIасхъэщIэхым зэрилъытэмкIэ, а гъэм кIахэ адыгэхэр (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) мелуаным щIигъуу щытащ.
  • Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатхэ я лъэпкъыр, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, Къэбэрдейм щыщщ. Абатхэ Къэбэрдейм щикIар белджылыкъым. Тхыдэр щыхьэт зытехъуэр ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм щыщIэдзауэ Абатхэ Шапсыгъым зэрисарщ: хы Iуфэм Iусащ Абатхэ я жылитI. А жылитIым я зым къыщалъхуащ Абат зэшхэр — Беслъэнейрэ Убыхрэ. ЗэшитIми пщIэшхуэ щаIащ Шапсыгъым, лIыгъэ зыхэлъ, зи псалъэр пхыкI лIакъуэлIэш лъэрызехьэхэти. Абы тетащ Беслъэнейрэ Убыхрэ, урыс дзэпщхэм IупэфIэгъу яхуэхъуху. Беслъэней и унафэкIэ, Убых урыс тIасхъэщIэх Новицкэм Шэрджэсым «зыщригъэплъыхьащ». Ар къыщащIэм, шапсыгъхэм Абатхэ къызыхахуащ, я унэIутхэмрэ я мылъкумрэ трахащ. Абатхэ урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Абат Беслъэнейрэ Убыхрэ ягъэтыншакъым шапсыгъхэр: Псыжь адрыщI  къикIыурэ,  зауэ  къращIылIэ зэпытащ, ялъ ящIэжын, я мылъкумрэ я пщылIхэмрэ зыIэрагъэхьэжын щхьэкIэ. Ар къехъулIакъым Абатхэ: Беслъэней 1837 гъэм лIащ, Убых и щхьэм кърикIуар тхыдэм къыхэщыркъым — лъэужьыншэщ.
  • Беслъэней урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зыщIрилъхьам щхьэусыгъуэ иIэщ. Шэч зыхэмылъыр зыщ: и лъэпкъым и Iей зэрихуэн мурад иIакъым Абат Беслъэней, ар дэнэ къэна, къехъулIамэ, Шэрджэсыр лъыгъажэ зауэм къыхишыну и гугъат. 1828 — 1829 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и ужькIэ Абат Беслъэней Истамбыл кIуауэ щытащ, урысхэмрэ тыркухэмрэ зэгурыIуэ-жа нэужь, Шэрджэсым и Iуэхур зэрыхъунур зэхигъэкIын щхьэкIэ. «Сыт хувимурадыр Шэрджэсым, Тыркум и щIыб къытхуигъэзэжар пэж, Урысейм и IэмыщIэ дифлъхьауэ ара?» — абы щIэупщIащ Истамбыл кIуа шэрджэс лIыкIуэхэр. КъызэрыщIэ-кIамкIэ, Шэрджэсыр, Беслъэней и хэкур, Тыркум «и IэмыщIэ иралъхьат», ар тIуми зэи яIэщIэмылъами. Езы шэрджэсхэм зыри къеупщIакъым абыкIэ арэзы хъунрэ мыхъунрэ. Зэрымыхъунур къэралитIми ящIэрт, ябзыщI щхьэкIэ.
  • Тыркум ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуащ Беслъэней. НэгъуэщIи къыгурыIуащ: лъыгъажэ зауэм къыхэшын хуейщ шэрджэсхэр — зауэм фIы къахуихьынукъым, я щхьэри я хэкури халъхьэн фIэкIа. Хъан-Джэрий зэритхыгъащи, акъыл жани щIэныгъэ кууи зиIэ лIым, Истамбыл къикIыжа нэужь, мурад ищIащ Шэрджэсыр, зауэм химысхьэпэ щIыкIэ, гъуэгу захуэ тригъэувэну. Аращ, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ,  урыс дзэпщхэм защIыпищIар: ягурыIуэфын, зауэр игъэувыIэфын и гугъащ. Беслъэней Бытырбыху кIуащ, урыс пащтыхьым хуэзащ: псалъэ дыгъэл къыжраIа фIэкIа, къыхуащIа щыIэкъым. «Урысхэм уагухьащ, ди  тIасхъэр  ябот», — жари Беслъэней хьэIупс ящIащ, жэгъуэгъу куэд иIэ хъуащ.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
  • Псори йожьу
  • Шэрджэс зауэ уэрэд
  • Шэрджэс пшыналъэхэр телъыджэ зэрысщыхъуар пхуэIуэтэщIынкъым, я макъамэхэр-щэ? Тэтэрхэм е тыркухэм яйхэм ебгъапщэмэ, адыгэхэм яйхэр куэдкIэ нэхъ зэкIужщ, зэдэущ. Кхъухьхэм къыщыхадзэ лъэпкъ «уэридэм» къанэ щымыIэу псори дожьу. Телъыджащэщ!
  • Бжьамийм кърагъэкI макъамэри апхуэдэ дыдэу дахащэщ. Ауэ шэрджэсхэм зыми памыщIыр зауэлI уэрэдхэрщ — ахэр зауэм Iухьэну зекIуэ щежьам деж зэрыгупу жаIэ, зауэм утезыгъэгушхуэ пшыналъэхэм мэзхэмрэ бгыхэмрэ я джэрпэджэжыр къадежьууэ, КъуэкIыпIэ лъахэм нэмыщI нэгъуэщI зыщIыпIи узыщыхуэмызэ гушхуэныгъэкIэ цIыхухэм я псэхэр къызэщIаIэтэу.
  • Адыгэхэм я уэрэдхэр зытеухуар къэзакъхэм я деж къыщахьа языныкъуэ текIуэныгъэхэмрэ зауэм гур хуэзыгъаплъэ къыхуеджэныгъэхэмрэ я закъуэкъым. А уэрэдхэм уатепсэлъыхь къудейкIэ, хъарпшэру фIэкIа уи нэгум къыпхущIэгъэхьэнукъыми, апхуэдэ уэрэд цIэрыIуэхэм ящыщ зым щыгъуазэ фызощI.
  •  
  • ЛОНГВОРТ Джон, «Таймс»
  • инджылыз газетым и корреспондент. 1839 гъэ
  • ФедаIуэ, федаIуэ бэрэбанэ макъхэм,
  • Ар къежьащ, къыдобгъэрыкIуэ дэ къэзакъхэр.
  • ЗэрогъэкIийхэ, я бжыпэр зэжьэхоуэ,
  • ДатекIуэныр ди гугъапIэурэ дозауэ!
  • ЗауэлI бэракъыр жьым щIехурыхукIыр,
  • Адыгэ! Iэщэр къащтэ, АдыгэщIым щхьэкIэ!
  • Къэдгъэнауэ зауэлIхэм ди унагъуэр,
  • Дожьэ, тхъумэну ди хэку фIыщэу тлъагъур!
  • Дызэуэнущ зы лъы ткIуэпс къытщIэнэхункIэ,
  • Е дылIынущ, е лIы хуэдэу даукIынущ.
  • Е гъыбзэ щIэIукIынущ бгырыс унэм,
  • Е текIуэныгъэм и уэрэд жытIэнущ.
  • ГугъапIэ бзийхэр лъэхъуэщым щIимыдзэ.
  • Щхьэхуитым пщылIыныгъэм зыпыIуедзыр.
  • ДыкъаукIынуи? Сыт-тIэ абы щхьэкIэ?
  • Хъунщ гуапэу мелыIычхэр къытпежьэнкIэ.
  • Зауэм зыпыIуедзыр епцIыжакIуэм.
  • Уи хэкур пщэмэ, сыт хуэдиз къыпэкIуэр?
  • Хьэ лIэкIэр къыпхурекIуэ уэ напэншэм,
  • Уи лъэпкъыр хъунущ дяпэкIэ щIэблэншэ.
  • ФыдаIуэт, фыдаIуэт, топхэр зэдоуэ,
  • Бийр бийм ебгъэрыкIуэжхэурэ зозауэ.
  • Щхьэхуитым пщылIыныгъэм зыпыIуедзыр,
  • ТекIуауэ къытхуокIуэжыр нобэ ди дзэр!!!
  • ЗэзыдзэкIар  УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
  • Адыгэхэм хужаIахэр
  • КъэбэрдеитIми исыр зы лъэпкъщ, ижь-ижьыж лъандэри иджыи щхьэхуитщ ахэр, япщхэм ящыщ зыкъомым АрысеймкIэ зрагъэбами, зыми дэкъузэн зрагъэщIакъым.
  • Абыхэм я щхьэм и хуитыныгъэм пащI щыIэкъым, я гъунэгъу къэралхэм я IэмыщIэ зралъхьэн дэнэ къэна, уеблэмэ япщхэми зрагъэувэлIэ- фынукъым, езыхэр мыарэзымэ. Абы къыхэкIкIэ, пщым пщIэрэ унафэрэ зэрызыIэригъэхьэфынур езым и лIыгъэ къудейкIэщ.
  • Гебер Иоганн.1728 гъэ
  • И щхьэм и хуитыныгъэм зыри пищIыркъым адыгэм, лей кIэлъызумыхьэмэ, сабийм хуэдэу жыIэдаIуэщ, ухуэткIийми, ухэзэгъэнущ, уемыкъуэншэкI закъуэ, — ар къыпхуи-дэнукъым. И лIыгъэ тепсэлъыхь хабзэкъым адыгэр, и щхьэ щытхъужынукъым, ауэ нэгъуэщIым лIыгъэ зэрихьамэ, абы щытхъункIэ зигъэнщIынукъым.
  • Лапинский Теофил.
  • Зауэм щыIухьэкIэ, адыгэхэм и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIеузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуакъым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ.
  • Хъан-Джэрий.
  • Шэрджэсхэр къуданщ, зэкIужщ, бгы псыгъуэщ. Я лъыр къабзэщ, нэ фIыцIэхэщ, набдзэ къурашэхэщ, псом хуэмыдэжу цIыхубзхэр; адыгэ пщащэхэр я дахагъкIэ къахощ дуней псом цIыхубзу тету хъуам.
  • Д Асколи Эмиддио,
  • итальян монах. 1625 гъэ
  • Шэрджэс меджлисым и псалъэ
  • Зыри къыддэIэпыкъуркъым
  • Урысейм зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали къыддэIэпыкъуакъым кавказ лъэпкъхэм. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абы къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIы-кIуэ, иужьрейуэ Мехьмэт Алий зыхуэдгъэза фIэкIа дызэхащIыкIакъым.
  • Шэрджэсхэм я лIы-кIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ; дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт? Псоми ящIэн хуейщ урыс инэралхэр зэрытхьэгъэп-цIыр, я сэлэтхэр зэрыгущIэгъуншэр. Шэрджэсхэр дызэтраукIэмэ, хэт и фейдэ хэлъ абы? Псори къыддэщIын хуейщ адыгэхэм!
  • Урыс сэлэт мин Iэджэ   къыдаутIыпщащ дэ, Iэпх- лъэпх дызэращIынщ зи ужь итыр, дыкъаухъуреихьауэ. Дэ даухмэ, фэ къыващIылIэнущ зауэ. Ди щхьэм и закъуэкъым дэ дызыхуэзауэр. Дэ дызыIэщIалъхьэмэ, Тыркуми нэсынурэ абыи къыщызэтеувыIэнукъым — аращ иджыпсту фыкъыддэIэпыкъун щIыхуейр.
  • Ар нывжедгъэIэн щхьэ кIэщ ди лIыкIуэхэр ныщIыфхуэдгъэкIуар, ауэ ди лIыкIуэхэм я псалъэр зыми зэхищIыкIакъым, зыми къилъэгъуакъым ди хьэтыр. ДызэхащIыкIрэ ди бэнэныгъэм къыхыхьатэмэ, сыт хуэдиз зауэлI хахуэм я пашэ хъунут сулътIаныр, сыт хуэдизым я гур къихьэхунут абы!
  • Урысейм и закъуэкъым дунейм тетыр, къэрал Iэджэ тетщ дунейм. Урысейм нэхърэ нэхъ къэрал ини  нэхъ лъэщи зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ адыгэхэр. Дыщыгъуазэщ Инджылызри Франджыри гузэвэгъуэ хадзэ лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыжым. ИтIани, къытлъэIэсыртэкъым абыхэм я гущIэгъуи я дэIэпыкъуныгъи. Шэрджэсхэр дыкъуаншэмэ, къыддремыIэпыкъу инджылызхэри франджыхэри. Ди хэкур Урысейм щыщ хъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ европей картэхэм — абыи дыщыгъуазэщ дэ. Дыщыгъуазэщ ди щIыбагъкIэ хьэгъэщагъэхэр зэрыщызэрахьэм: дэ къыдамыгъэщIэххэу, Урысеймрэ Тыркумрэ ди унафэр ящI, зэгуроIуэри, зым IэщIэмылъыр адрейм ирет, дэ къыдэупщIыни я щхьэ тралъхьэркъым. Урысхэм Европэм щыжаIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэу, дыхьэкIэкхъуэкIэ защIэу, гущIэгъуи тхуэмыфащэу, унафэ е хабзэ гуэрми дыпхуемыувэлIэну. Лъэпкъышхуэ дыдэщ инджылызхэр, дызэхащIыкIынкIэ дащогугъ, ауэ дэ дыхьэкIэкхъуэкIэмэ, зыми емыдаIуэ дыхъунщIакIуэмэ, ди хьэтыр къремылъагъу, нэкIи къыдремыплъ.
  • СулътIаным псалъэ ет- тауэ щытащ дэ, ауэ ар ди лъэныкъуэ хъунукъым, Урысейм ди щIыбагъкIэ гурыIуащи. СулътIаным ещIэ Урысейр къызэрыдэзауэр, итIани, абы йопсалъэ, щэхуу гуроIуэ: уи IэмыщIэ имылъым и унафэр дауэ зэрыпщIынур? Дэ дыгъэркъым, дыпщэ, дыпт хъуну. Пэжщ, дызэкIэщIэчащ,   дыщызэгурымыIуэр  нэхъыбэщ, зы унафэм деувалIэркъым — аращ ди мыгъуагъэ псори къызыхэкIыр. Ауэ дэ дыщхьэхуитщ, ди щхьэхуитыныгъэращ дызыщIэзэур, ар хамэм и IэмыщIэ итлъхьэн муради диIэкъым.
  • Шэрджэс меджлисым къэрал лIыщхьэхэм  зэрызыхуагъэза
  • Псалъэм щыщщ.
  •  
  • Лъэпкъым ишъхьафитныгъэ  псэемыблэжьэу фэбэнагъэх
  • Илъэс къэси Шъыгъо-ШIэжь Мафэм тыгу къэтэгъэкIыжьых Урыс-Кавказ заом илъэхъан лъэпкъым ишъхьафитныгъэ къаухъумэзэ зыпсэ зытыгъэхэ лIыхъужъхэр. Ахэр адыгэхэм ятарихъ шIэжь мыкIосэжьын жъуагъохэу къыхэнагъэх, ацIэхэр IорыIуатэм Iоф дэзышIэгъэ шIэныгъэлэжьхэм яхьатыркIэ къыднэсыжьыгъэх. Непэрэ мафэм тыгу къэдгъэкIыжьын тилIыхъужьхэр: Щырыхъукъо Тыгъужъ, ХъорэлIыкъо Хьамырз, Бракъые ЛъэпшъхьакI, Алджэрыекъо Кущыкупщ, Хъырцыжъыкъо Алэр, Нэпсэу Хьэжъуагъу, Хьатыгъу Щэбан, Хьахъупэкъо Чэрый, Хьаудэкъо Мамсыр, Пцэшэ Дол, Пцэшэ Хьаджэбирам, Зэишъу Къасболэт, Занэкъо Сэфэрбый, Занэкъо Къэрэбатыр, ЦутхьакIумэ Къамболэт, Дэгумыкъо Исмахьил, Дэгумыкъо Джырандыкъо, Бэрзэдж Хьаджэр, ШыупакIо Шъэумыз, Тыгъужъыкъо Къызбэч, Шэуджэн Джырандыкъу, ХьатIэхъушъэкъо Исмахьил, ХьатIэхъушъэкъо Адылджэрый, Абыкъо Исхьакъ, Айтэчыкъо Джамболэт, Къэсэй Исмахьил ыкIи нэмыкIхэр.
  • Мы зыцIэ къетIуагъэхэр лIыхъужь пэрытыгъэх. Ахэм анэмыкIэу, тарихъым къыхэмынагъэу тхьапша заом ыхьыгъэр? Непэ нахь игъэкIотыгъэу якъэбар къэстхымэ сшIоигъу Тыгъужъыкъо Къызбэч, Щырыхъукъо Тыгъужъ, Алджэрыекъо Кущыку, Хъырцыжъыкъо Алэм.
  •  
  • Тыгъужъыкъо Къызбэч
  • ШэрэлIыкъо Къызбэч Тыгъужъ ыкъор Адагум псыхъо Iусыгъэ къуаджэу Нашъхьэ 1777-рэ илъэсым къыщыхъугъ. Я XVIII-рэ лIэшIэгъум ыкIэхэм ыкIи я ХIХ-рэ лIэшIэгъум иапэрэ ныкъохэм адэжь Адыгэ шъолъырым анахь лIыхъужъэу исыгъэмэ ащыщыгъ.
  • Хъанджэрые къетхыжьы: «Къызбэч икIалэхэр къэзэкъхэм зэраукIыгъэми, уIэгъабэ зэрэтелъми, жъы зэрэхъугъэми къамыубытэу урысхэм зэпымыоу заохэр аришIылIэщтыгъэ. БыслъымэнхэмкIэ цIэ лъапIэу щыт хьаджацIэми Къызбэч игъэIэсагъэп, игъэуцугъэгъэп: ыпсэ хэтыфэ шапсыгъэ шъыпкъэу къэнагъ. Шъэджашъэу, мэкъэхъушхоу, иIэбакIи иплъакIи щынагъохэу, нэмыкIэу къэпIон хъумэ, ащ псэемыблэжь банэу а шапсыгъэ лIыхъужъ лъэшым ышIыхэрэм ащ изекIуакIи адыригъэштэ шъыпкъэу щытыгъ итеплъи, джащ фэдэ дунэе къижъукI-къутэжьым хэтыным пае къэхъугъэу къыпшIошIыщтыгъэ».
  • Къызбэч ипсэемыблэжь зекIуакIэ ежь зыщыIэгъэ лъэхъанэм дыщыIагъэхэу гуфэбэныгъэкIэ къытегущыIэхэрэми, къепыихэу, гужъ къыфызиIэхэу тетхыхьэхэрэми нафэу къахэщы. ЛIыхъужъ щытхъугъэу Къызбэч къылэжьыгъэр мыплъыкъожьыгъэу тэ тилъэхъан щылъэкIуатэ.
  • Дж. С. Белл бэдзэогъум и  19-м 1837-рэ илъэсым мырэущтэу къетхыжьы: «…ЯтIонэрэ мафэм къытлъихьагъэхэм ахэтыгъ Къызбэч Хьаджэу Пшъадэ нэIуасэ къыщысфэхъугъагъэр. Ар зэолI пхъаш, илъэс 60 ыныбжь. ИлIыгъэ зекIуакIэкIэ урысхэм щынэгъошхо арегъэшIы. Урысхэм пчъагъэрэ къыфаIопщыгъ ежьхэм къулыкъу афишIэнэу къызеуцуалIэкIэ е мамырыныгъэ адишIымэ, зэкIэ зыфаер къыфашIэнэу, Ау Къызбэч а къыраIорэ пстэури хъэтэпэмыхьэу щигъэзыягьэх, зэпымыоу бэнэ лъэш арешIылIэ…»
  • Макъэу рагъэIугъэм рыгъуазэзэ, генерал-майорэу Власовым тхылъ шъэфэу полковникэу Матвеевым 1824-рэ илъэсым мэкъуогъум и 28-м фитхырэм къыщеIо: «Къызбэч шапсыгъэ шыу 200 ыугъоигъэу Ореховэ хыкъумэм, е Елизаветинскэ къуаджэм апэчIынатIэу къикIын имурад». Ащ елъытыгъэуи чIыпIэ пащэ пэпчъ ашIэщтхэри афегъэнафэ… 1824-рэ илъэсым шэкIогъум и 8-м Власовым Матвеевым фитхыгъэм щыфегъэпытэ: «Чъэпыогъум и 31-м псыхъо Iушъоу Джеби абдзахэмэ зэIукIэ щашIыгъ. Ащ хэлэжьагъ Къызбэч ыкIи рахъуахьыгъ къыттебэнэнхэу. Ар агъэцэкIэным пае, зэфэдэкIэ Афыпсышъхьэ къыщегъэжьагъэу Шэбж нэсэу зекIогъусэхэр къэзэрэугъоинхэу Къызбэч макъэ аригъэIугъ. Псыхъохэу Цафэ, Джеби, Акобыжъ, Суп aIycхэ абдзахэхэр хьазырых. Ахэр шапсыгъэхэм агохьаныхэшъ, Къызбэч япащэу мы мафэхэм къикIынхэу ары. Нэбгырэ 1000 фэдиз мэхъух, а зы уахътэм чIэпIабэмэ къатебэнэнхэу рахъуахьыгъ…».
  • Хьабжьэкъо Джанбек итхыгъэу «Адыгеим и ТыгьэкъохьэпIэ лъэныкъо илIыхъужъхэр» зыфиIорэм мырэущтэу къыщеIо: «Ахэджагокъо Пщыкъуй фэшъхьафэу, Адыгеим и ТыгьэкъохьэпIэ шъолъырыкIэ анахь цIэрыIоу заом хэлэжьагъэр Къызбэч Хьаджэу «Черкесием иаслъанкIэ» зэджагъэхэр ары. Анахь щытхъушхо ащ къызихьыгъэр заоу Абын дэжь шыу 700-м ипащэу нэбгырэ 12000 зыхэтыгъэ урысыдзэр зэрэзэхикъутагъэр ары. «Черкесхэм яаслъан» ащыгъум илъэс 60 ыныбжьыгъ». Джащ фэдэу, зэпыу имыIэу лъэшIэжь заом пчыкIэ машIоу щышIэтэу, ыпсэ пэтыфэ шышъхьэмыгъазэу, пыи псэIухэу илъэс 40-м къехъурэ Тыгъужъыкъо Къызбэч къыхьыгъ, уIэгъих телъэу мэзаим и 28-м 1840-рэ илъэсым идунай ыхъожьыгъ.
  • Щырыхъукъо Тыгъужъ
  • АкIэу Пэзадэ иIэпэрытхымэ ащыщ горэм адыгэхэм лIы цIэрыIоу ахэтыгъэхэр къыщетых нэбгыри 101 хъухэу. Щырыхъукъо Тыгъужъ ящэнэрэу зыцIэ къыриIорэр. Iэпэрытххэм язакъоп, урысыбзэкIэ ыкIи IэкIыб къэралыгъуабзэкIэ тхыгъэхэ тхылъхэми Щырыхъукъо Тыгъужъ ыцIэ къахафэ.
  • Инджылыз сатыушIэу Дж. С. Беллэу идневник мэкъуогъум и 7-м 1837-рэ илъэсым къыщетхы: «Сэ згъэшIэгъуагъэ чыжьэкIэ тапэ итэу урыс лагерым нахь пэблагъэу адыгэ шыу зысэлъэгъум. Шхонч огъу фэдизкIэ нахь пэмычыжьэу екIуалIи, етIани шым зэрэтесэу кIэкIэу зиубгъунджи, топих зыдэщытэу къэслъытэгъэ утыгум риушъуамбгъуи рыкIуагъ. Ар Щырыхъукъо Тыгъужъ арыгъэ. Мыиныщэу пкIэгъолэ дахэм тесыгъ. Тыгъужъ лIы ищыгъ, лъэпэлъаг, псэемыблэжь, гушIубзыу, ышIэрэ IофымкIэ инэу ицыхьэ зытелъыжьэу, гушхуагъэр къыхэщэу ешIэ. Ар тIуакIэм дэтэу шъхьаихыгъэу шым тесэу мыхъыжъэу кIо зэхъум, тэ ти Ричардэу «аслъэнэгу зыкIоцIылъым» зэбэнынхэу Сарацин утыгум къихьанэу еджэщтыгъэр сыгу къэкIыгъ».
  • ИныбжьыкIэгьум къыщегъэжьагъэу зэо зэпымычыжьымэ ахэтызэ къыхьыгъ. Заом зыхахьэкIэ, ишыкIэ машIор къыпихэу зэуапIэм щызекIоу, зылъежьэрэм бгъашхъоу лъыбыбэу, ичэтэ къихыгъэ пыижъ шъыхьахьыхэмкIэ псэхэх щынагъоу, гъэры хъугъэхэр къыдэзыщыжьырэ лIэбланэзэ Щырыхъукъо Тыгъужъ игъашIэ къыхьыгъ. Зыщыкъинэу, заом имэшIожъоку нахь къызыщызэкIаблэрэм екIоу, ежь къиныр ыштэни, адрэхэр ащ щиухъумэным фэхьазыр псэемыблэжьэу Тыгъужъ игъашIэр къыхьыгъ. ЛIыхъужъым исурэт нэм къыкIагъэуцоу лIыбэ орэдхэу «Шапсыгъэ лIыхъужъымэ ягъыбз», «Абэтэ Бэслъэнэй» зыфиIохэрэм едзыгъо лъэшхэр ахэтых. Щырыхъукъо Тыгъужъы илIыхъужъыгъэ къизыIотыкIырэ орэд шъхьафи щыIагъ. Ар зэдзэкIыгъэу СултIан Къымчэрые гъэзетэу «Кубанские войсковые ведомости» зыфиIорэм 1866-рэ илъэсым къыхиутыгъ.
  • Дзэ псау ымышIэн лIыхъужъыгъэ Тыгъужъ изакъоу ышIагъ, ау пачъыхьадзэу гъунэ зимыIэу къылъыкIуатэрэр къызэтырагъэуцоныр адыгэхэм къадэхъугъэп. Гъэрэу зашIынкIэ фэмыехэу, насыпынчъэ гъогум — яхэкужъ къабгынэнышъ, хымэ хэгъэгум кIожьынхэм теуцуагъэх. А насыпынчъэ гъогум техьагъэмэ ахэуцуагъ лIыхъужъым илIыхъужъыщэу Щырыхъукъо Тыгъужъи: 1864-рэ илъэсым Тыркуем икIыжьыгъ. Хымэ хэгъэгум ишъофэу зэратэкъуагъэхэм хьазаб макIэп ахэм щащэчыгъэр. Зыкъэуухъумэжьыныр уиамалын фаеу чIыпIэ ифагъэх. СултIан Къымчэрые къызэритхыжьырэмкIэ, Щырыхъукъо Тыгъужъ икъэбархэр хэкужъым къынэсыщтыгъэх, къызэраIорэмкIэ, щынагъор шъхьарихэу Тыркуем щызекIощтыгъ. А лъэхъаным Тыгъужъы илъэс 80 ыныбжь хъугъагъэ. Укъызыщыхъугъэм щымыгъотыгъэ насыпыр хымэ чIыпIэм щыбгъотына? Ау сыдэу щэрэт фаеми, лIэу щыIагъ, лIэу лIэжьыгъэ, лIыгъэм ижъогъо гъуазэу, жъым ыгу къыгъэкIэжьэу, кIэм ыгу къыпхъуатэу адыгэ лъэпкъым иошъогу мыкIосэжьын жъогъо нэфэу къиуцуагъ.
  • Алэджэрыекъо Кущыкупщ
  • Я ХIХ-рэ лIэшIэгъум анахь лIыхъужъ цIэрыIоу адыгэ шъолъырым зигугъу щашIыщтыгъэмэ ащыщыгъ Алэджэрыекъо Кущыкупщыр. Улапэ щыщыгъ. ИлIыхъужъыгъэкIэ щытхъушхо къылэжьыгъэу, орэдыбэ-къэбарыбэ зыфызэхалъхьэгъэ цIыф Кущыку. Лъэхъан зэфэшъхьафхэм къатхыжьыгъэхэу Кущыку ехьылIэгъэ жэрыIо усэ 350-м ехъу адыгэ институтым яар-хив хэлъ. Къэбархэр хъугъэ-шIагъэ зэфэшъхьафхэм афэгъэхьыгъэх. ОрэдкIэ е гъыбзэкIэ къэIуагъэхэ усэхэр хъугъэ-шIэгъабэм язэфэхьысыжь гупшысэхэу зэхэлъых. Шъыпкъэ, якъэIуакIэкIэ зыщызэтекIыхэрэри, зым хэмытэу адырэм кIэу къыхафэхэуи къыхэкIыхэми, ахэм къаIуатэхэрэр зэпэблагъэх. УрысыбзэкIэ къыхаутыгъэхэ тхылъхэми Кущыку ыцIэ къахэфэ. Къэбари, орэди, гъыбзи, урыс тхылъхэм къаIуатэхэрэми зэдырагъаштэу зы гупшысэ кIуачIэ апкъырылъ, ар зэпычыпIэ имыIэу зэкIэми апхырыщыгъ: лъэпкъым илэжьыгъи ибгъагъи зыгъэстырэ, яжьэ зышIэу жьыбгъэм езыгъэхьырэ, нэжъ-Iужъи, сабыий, бзылъфыгъи зэхэдз зимыIэу зэхэзыупкIэтэрэ пыидзэ жъалымым зыпиIэтыгъэу, къэзыубытын кIуачIэ щымыIэу, пачъыхьагъум рищэгъэ гъунэпкъэ шъолъыр гъэпытагъэр зэпичымэ атеозэ, утын лъэш языхырэ лIыхъужъ псэемыблэжьэу Кущыку зэрэщытыгъэр IупкIэу къахэщы. Кущыку зекIолI зэхэщакIокIэ фэдэ къэмыхъугъэу ыкIи къэмыхъужьыщтэу орэдым къыщеIо: «гъусэхэм ащыщэу гъэры хъурэр къыдещыжьы, чIым ипIалъэ зыщамышIэжьырэр изекIопIэ чIыпI, пачъыхьадзэм пчыкIэ машIоу жэхэпкIэ». Джащ фэдэу адыгэ чIыгум иухъумакIоу Кущыку лъэпкъ шIэжьым къыхэнагъ.
  • Хъырцыжъыкъо Алэр
  • Хъырцыжъ Алэр Абдзахэ щыщыгъ. Пщыщэ щахь зыфаIорэ къуаджэу Шытхьалэ узыдэкIыкIэ джы мэшIокугъогу лъэмыджыр зытелъым дэжь щысыгъэм щыпсэущтыгъ. Абдзэхэ кIэй ыIэ илъыгъ. Джанчатэмэ ащыщ. Я ХIХ-рэ лIэшIэгъум щыIагъэхэ адыгэ лIыхъужъ цIэрыIомэ ащыщ. Хъырцыжъыкъо Алэм ихэку, илъэпкъ яшъхьафитыныгъэ къыухъумэзэ, лIыгъэм, цIыфыгъэм ишапхъэу, ибзыпхъэу ыпсэ ытыгъ. ЛIыхъужъыгъэм, псэемыблэжьыным ятамыгъэу, мыкIосэжьын жъогъо гъуазэу Алэм ыцIэ адыгэ ошъогум къинагъ, къэхъурэ лIэужыкIэ пэпчъ иакъыл, изэхашIэ хэуцоу, щыщы хъузэ къырэкIо.
  • Хъырцыжъ Алэм щынэгъошхуи иIагъ, лъытэныгъэшхуи фашIыщтыгъэ. Инджылыз къикIыгъэу, Адыгэ шъолъырым къихьэщтыгъэу Спенсер къызэритхыжьырэмкIэ, 1836-рэ Хъырцыжъыкъор ары адыгэ зэIукIэшхом быракъыр апэрэу къыщызыIэтыгъэр. А илъэсым къыщегъэжьагъэу жъогъопшIыкIутIур зыщышIэтырэ быракъыр лъэпкъым изыкIыныгъэ итамыгъэу хъугъэ.
  • Адыгэ лIыхъужъхэр щэIэфэхэ псэемыблэжь бэнакIохэу, жъалымыгъэм изехьакIохэмкIэ псэхэх щынагъохэу, ем пэшIуекIохэу, шIур ашIэу шыIагъэх. Джащ фэдэхэу лъэпкъым ишIэжьы ахэр къыхэнэщтых.
  • ПЭНЭШЪУ Аскэр.
  • Гуманитар ушэтынхэмкIэ
  • Адыгэ республикэ институтым иIофышI.
  •  
  • Дунаим нэшIукIэ еплъырэ Дыгъу Айтэч
  • Дыгъу Айтэч — адыгэ дунаим щызэлъашIэрэ сурэтышI, зекIолI, тыкъэзыуцухьэрэ дунаим нэшIукIэ еплъырэ, гу зэIухыгъэкIэ хэплъэрэ цIыф. Ащ фэдэу ар зэрэщытым зышIэрэ пстэури щыгъуаз. Итворчествэ нэIуасэ фэхъухэрэм, инэкIубгъохэу дунэе хъытыум щыриIэхэм арыхьэхэрэм а нэшанэхэр халъэгъукIых. Ау, апэрэ теплъэм фэмыдэу, Айтэч изытет бэкIэ нахь куу, нахь гъэшIэгъон, узэмыжэрэ лъэныкъохэри изекIуакIэмэ къахэфэх.
  • Абхъаз тхакIоу Баграт Шинкуба ироманэу «Аужырэу икIыжьыгъэр» зыфиIоу Кавказ заом щыкIодыгъэу, ашъхьэ фимытэу хэкур зыбгынэгъэ убых адыгэ лъэпкъым щыщхэм афитхыгъэр Айтэч ятэжъ пIашъэхэм афэгъэхьыгъагъ пIоми хъущт.
  • Айтэч зыщыщ Дыгъу лIакъор ШэхашъхьэкIэ заджэщтыгъэхэ убых чылагъом къыдэкIыгъ. Шахэ — псыхъом ыцI, ащ ышъхьэкIэ щысыгъэ чылагъом убыххэр дэсыгъэх. Краснодар шъолъырым ит Арткъуаджэ Кавказ къэралыгъо биосферэ чIыопс ухъумапIэу хэтым къыгъэгъунэрэ чIыпIэхэм ащыщ ар тетыгъ. Айтэч ятэжъ пIашъэу Ислъам илъэс 12 ыныбжьыгъэр унагъом хэкур къызебгынэм. Тыркуем къэкощыгъэхэм ахэтэу Самсун пэмычыжьэу чылагъоу Сыралы дэтIысхьагъэх. Ежь Айтэч убых чылагъом зытIо-зыщэ щыIагъ, унэгъо 80 фэдиз ащыгъум дэсыгъ. 1922-рэ илъэсым чылэм гурыт еджапIэ къыщызэIуахыгъагъ, убых сабыйхэм тыркубзэр щарагъашIэу аублагъ. Адыгэхэр зыщытIысыгъэхэ чIыпIэхэм зэкIэми еджапIэхэр къащызэIуахызэ, ясабыеу ачIагъахьэхэрэм хымэ хэкум ыбзэ щызэрагъэшIэн фаеу хъущтыгъэ. Адыгэхэр тыркухэм ахэкIокIэнхэр тетыгъор зыIыгъыгъэ къэралыгъо пащэм инэрыгъыгъ. Ащ емылъытыгъэу, ялIэкъо лъэкъуацIэхэри, яшэн-хабзэхэри, ныдэлъфыбзэри ашъхьэ фимытэу хэкум икIыжьыгъэхэм къагъэгъунэн алъэкIыгъ. Зэманхэр блэкIхи, зихэку къэзыгъэзэжьы зышIоигъохэм ащ фэдэ амали яIэ хъугъэ. Хымэ хэкум къыщыхъугъэ я 5-рэ лIэужым къыхэкIыгъэ Дыгъу Айтэч хэкум къэзгъэзэжьыгъэ апэрэ студентэу хъугъэ. Ар 1991-рэ илъэсыр арыгъэ.
  • «Сятэу Аладин — убых лъэпкъэу Дыгъумэ ащыщ, сянэу Самихьэ — Мэрэтыкъомэ япхъу, — унэгъо тарихъыр Айтэч къытфызэIуихыгъ. — Сятэ илъэс зытфыхэ Германием щылэжьагъ. 1973-рэ илъэсым Самсун къыгъэзэжьыгъ, а илъэс дэдэм сэри сакъыфэхъугъ. Гурыт еджапIэр къызысэухым университетым сычIэхьагъ, сурэтшIынымкIэ факультетыр хэсхыгъ. Я 2-рэ курсым сынэсыгъэу хэкум сыкъэкIожьы сшIоигъоу сыгу исыубытагъ ыкIи ар къыздэхъугъ. Хэку анэр зэзгъэлъэгъуным изакъоп, мурадэу сиIагъэр — Адыгеим сыщыпсэуныр ары. Тиунагъо щыщэу сэры апэу къэзгъэзэжьынэу хъугъэр, нэужым 1993-рэ илъэсым сяти, сяни, сши, сшыпхъуи зэгъусэхэу къэкIожьыгъэх. Сятэ 2007-рэ илъэсым мыщ идунай щихъожьыгъ».
  • МыкIы Айтэч ышнахьыжъэу Уфук дунаим ехыжьыгъ. Янэ, ышыпхъоу Баринэ, ыш унагъоу къыкIэныгъэм ежьыр джы кIэгъэкъонэу афэхъугъэр. Нэщхы-гущхэу къыппэгъокIырэ Айтэч чIэнагъэу фэхъугъэхэр ыгу ычIэ шъыпкъэ щыухумагъэх. Ахэр итворчествэ хэолъэгъукIых. Къэлэм шIуцIэкIэ ышIыгъэ сурэтхэм лъэпкъым къырыкIуагъэр, итарихъ къыраIотыкIы.
  • «Адыгеем къызысэгъэзэжьым, сисэнэхьаткIэ шIэныгъэ икъу зэзгъэгъотыным сыпылъыгъ — гъуазджэхэмкIэ колледжэу Тхьабысымэ Умарэ ыцIэ зыхьырэр къэсыухыжьыгъ. Абакумовэ Еленэ лъэшэу къыздеIагъ. ЗэкIэ IэпыIэгъу къысфэхъугъэхэм сафэраз. СурэтышI нахьыжъэу тиIэхэр гъэшIэгъоных, ахэм саIокIэ, язэIукIэгъухэм сахэлажьэ», — къеIуатэ Айтэч.
  • Ар хэкум къызэкIожьым илъэс 18 ныIэп ыныбжьыгъэр. ЧIыгужъым щычъэпхъыгъ, зэлъашIэрэ сурэтышI щыхъугъ. Самсун университетым икIэлэегъаджэхэми сэнаущыгъэу хэлъхэр къалъэгъущтыгъэх, сурэтышI ныбжьыкIэу гугъапIэ къэзытырэр къагъанэ ашIоигъоу къыдэгущыIэщтыгъэх, ау ежьыр иунашъо текIыгъэп — хихыгъэ лъагъом фэшъыпкъагъ.
  • Хэкум къызегъэзэжьым, Айтэч шъхьафит шъыпкъэ хъугъэ. Адыгэ чIыгум идэхагъэ гухахъо хигъотагъ, кIуачIэ къыритыщтыгъэ. Итворчествэ лъэныкъо зэфэшъхьафхэмкIэ зыкъызэIуихыгъ — сурэт шIыныр, усэ тхыныр, сурэт техыныр нахь къыдэхъу хъугъэх, зекIоныр ахэм къахэхъуагъ. «СурэтышIыр — IэпэщысэшIэп. ЫшъхьэкуцI, ыпсэ ахигъэхъо зэпытын, дунаим имузейхэм яхъарзынэщхэм ащыгъозэн, ежь фэдэ сурэтышIхэу цIэрыIо дэдэ хъугъэхэм яIэшIагъэхэр зэригъэлъэгъунхэ фае. ГущыIэм пае, Лувр, Ватикан, Амстердам, нэмыкI тарихъ къалэхэм ямузейхэм ачIэхьанэу щыт… Сэ Европэр зэрэпсаоу къэскIухьагъ. Италием изакъоми икъэлэ 38-мэ садэхьагъ, Тыркуеу сыкъызщыхъугъэм икъэлэ 17 ныIэп сызнэсыгъэр», — Айтэч мэщхы. — Къэралыгъоу, къалэу уздэщыIагъэхэм ащыщэу сыда угу нахь къинэжьыгъэр? — сеупчIы, зыкъызэрэзэIуихырэр сшIогъэшIэгъонэу. СурэтышI шъыпкъэм иджэуап къыкIэлъэкIо: «Тыдэ сыкIоми, а чIыпIэр, а къалэр сыгу екIу, шIу къэсэлъэгъу».
  • ЗекIо кIоным ыпэкIэ Айтэч къыпыщылъ гъогууанэр дэгъу дэдэу зэрегъашIэ. ДэзекIохэрэм агъэшIагъо: зыдэкIогъэ къалэм иурамхэр, ар зэрэзэхэтыр, бэшIагъэу щыпсэурэм фэдэу, хэшIыкI афыриIэу ащэзекIо. Джащ фэдэу Италием зэкIом, Венецием урыс зэшъхьэгъусэу чэщым щыгъощагъэхэм яхьакIэщэу Сан-Марко пчэгум тетым Айтэч къырищэлIэжьыгъагъэх. Ащ фэдэ зекIом угу фэрэхьатмэ хъущт — ныбжьи зыми щыгъощэщтэп. ЧIыпIакIэхэм, зыдэщымыIэгъэ къэралхэм, зыдэмыхьэгъэ къалэхэм Айтэч зыфащэ зэпыт. Пандемием ыпкъ къикIэу зэфашIыгъэ гъунапкъэхэм сурэтышIым изекIо лъагъохэр зэпагъэунэу хъугъэ. Тыдэ кIуагъэми, Айтэч ихэку щыгъупшэрэп. Адыгэ быракъыр тыди къыщызэIуехышъ, къэлэ пчэгухэм, архитектурэ ыкIи тарихъ саугъэтхэм апашъхьэ къеуцо. Адыгабзэр, тыркубзэр, урысыбзэр зэришIэхэрэм афэдэу, итальяныбзэм, испаныбзэм, инджылызыбзэм, ежь иIуакIэу, «тIэкIу-тIэкIоу» арэгущыIэ. «ЦIыфхэр шIу сэлъэгъух, апсэ щыщ гушIуагъомкIэ къыздэгуащэх, сэри хьалэлэу афэсэгъэзэжьы!» — Айтэч зыхимыгъахъоу, ащ фэдэу зэрэщытыр зышIэрэ пстэури щыгъуазэх. ИIахьылхэми, ишъэогъухэми пщэрыхьаныр зэрикIасэр дашIэ. «Гъомлэпхъэ шIыныр — сурэтшIыным фэд, сыхьат зытIущырэ пщэрыхьапIэм укъимыкIэу упылъ, угурэ ппсэрэ хэолъхьэ, IэшIу хъунэу уегугъу», — къызэриIуатэрэм изакъоми, Айтэч ари къызэрэдэхъурэм уригъэджэнджэшырэп. Сэнаущыгъэ зыхэлъым, къызэраIорэмкIэ, лъэныкъо зэфэшъхьафхэмкIэ ар зэригъэфедэшъурэр нэрылъэгъоу шъыпкъэ.
  • IэкIыб зекIоныр зыщызэпыугъэ уахътэм Айтэч пчэдыжь къэс сыхьатыр 5-м къэтэджы, Мыекъуапэ иурамхэр къекIухьэх, пчэдыжь нэфшъагъом икъэбзагъэ зыхещэ: «Псэушъхьэхэри сикIасэх — хьэхэр, чэтыухэр — ахэм сурэт атесэхы, садэгущыIэ, къызгурэIох ыкIи сагурэIо. Дунаир — гъэшIэгъоны! Ар къэуубытышъун, къэбгъэлъэгъошъун фае. Ари гъуазджэм изыIахь. СурэтышIым изэхашIэ чIэ иIэп. Дэхагъэр къызщыкъокIыщтыр, узщыIукIэщтыр пэшIорыгъэшъэу зэхэпшIэшъун фае. КъыхэкIы мафэхэр пIэм сыкъыхэкIынэу сыфэмыеу, нэужым зекIон фалIэ сыкъэхъу».
  • Айтэч ишъхьафитныгъэ неущ ышIэщтым хегъэдэшъу. КIэ горэм зэрэIукIэщтым иIэшIугъэ ыгу щиз хегъахъо. «Сабыйхэр шIу сэлъэгъух, бэрэ садыщысын, сурэт адэсшIын слъэкIыщт. ГущыIэм пае, телевидением ирежиссерэу Бирамхъан икъорэлъфэу Мерэм илэгъухэм афэдэхэр ары. Сабыйхэм бэ ябгъэшIэн фаер, ау ежьхэми бэ уагъашIэрэр. Хэхъоныгъэ сшIынэу, зызэблэсхъунэу сикIас. Ащ фэдэ къызхэмыфэрэм хахъо фэхъужьырэп, къызэтеуцо».
  • Айтэч къызэриIотагъэмкIэ, сатыушIыным бэрэ щылэжьагъ. ЗэдзэкIакIоу Шъачэ Iоф щишIагъ, псэолъэшI компанием менеджэрэу Iутыгъ, илъэс 12-рэ Мэзкуу шэкIым епхыгъэ сатыум щыхэтыгъ. ЫкIи ахэр дэгъоу къыдэхъущтыгъ, ау кIэухым сурэтшIыным дихьыхыгъ. Творчествэм илъагъо къыфигъэзэжьыгъ.
  • «Ау щытми, сыгукIэ сизакъу…», — Айтэч шъхьэихыгъэ дэд, ау ежьыр армырэу, нэмыкI цIыф къытегущыIэрэм фэдэу къысщэхъу. Цыхьэу къыпфишIырэм уеумэхъы. ОшIэ-дэмышIэу сшъхьэ къихьэгъэ гупшысэр къэсэIо: «Хемингуэй зыгорэмкIэ уфэсэгъадэ…» Айтэч ымгъэшIэгъуахэу къыздырегъаштэ: «Арын-кIи хъун… Москва сыщылажьэ зэхъум, Кубэ къикIыгъэхэм садэпсэущтыгъэ. Ахэм ащыщэу шъэогъоу сфэхъугъэм ятэ Хемингуэй ышIэщтыгъэ, зэIукIэщтыгъэх».
  • «Адэ сыд фэдэ шъуа нахь угу рихьырэр, сыд хэпхырэр сурэт пшIы зыхъукIэ?» — мы упчIэр сурэтышIхэм ястынэу сикIас. Испанием щыпсэурэ къэбэртэе сурэтышIэу КIыщэ Мухьадин къызэриIогъагъэмкIэ, сурэтышIым шъо хэхыгъэ иIэн ылъэкIыщтэп. Непэ ар зы, неущ — нэмыкI. IофшIагъэ пэпчъ ежь ышъо къыхехы. Айтэч иджэуап: «Сизытет елъытыгъ шъоу хэсхырэр. Фыжьымрэ шIуцIэмрэ нахьыбэрэ зафэсэщэи. Ахэр сурэтшIыным игъуазджэ щагъэфедэрэ шъо хэхыгъэх. Адыгэ тарихъыр мы плъышъохэм къарыпIотыкIыныр къекIу. ШхъуантIэмрэ гъожь кIуачIэмрэ къызэдекIух. Ахэр Ван Гог дэгъоу егъэфедэх», — Айтэч къыIорэм исурэттехыгъэхэу Европэ къалэхэм къащишIыгъэхэр, Фейсбукым ыкIи Инстаграмым къаригъахьэхэрэр сынэгу къыкIегъэуцох. Хы шхъуантIэр зыкIыб унэ гъожь цIыкIухэм апашъхьэ Айтэч щыт адыгэ быракъыр ыIыгъэу, мамырныгъэм инэпэеплъэу. Фэдэ бэракъ дунаим изы лъэпкъи иIэп. Ащ ышъо кIуачIэхэр, ыпсэ зыфэщагъэр, дунаир зэрилъэгъурэр — зэкIэ зэдештэжьы, зэкIу. Ары Айтэч тамэ къыгозыгъакIэрэр, шъхьафитныгъэ шъыпкъэ къезытырэр.
  • Айтэч ау сыдми сурэтшIыныр ыгу къыщыущыгъэп. Тыркуем щыпсэурэ иIахьыл благъэхэм ащыщыбэр — зэлъашIэрэ сурэтышIых. Ахэм зэу ащыщ Дыгъу Рухьи — исэнэхьаткIэ агроном, Анталие университетым ипрофессор, зэлъашIэрэ сурэтышI.
  • Дзыбэ Казым (ащ янэ Айтэч ятэшыпхъу шъыпкъ) Адана университетым сурэтшIынымкIэ щырегъаджэх, ащкIэ зэреджэщтхэ тхылъхэр къыдегъэкIых.
  • Айтэч ятэшым ипшъашъэу Дыгъу Йонджа — сурэтышI. Адыгэ диаспорэм исурэтышIхэм язэхэт къэгъэлъэгъонэу Мыекъуапэ исурэт гъэлъэгъуапIэ илъэс зытIущкIэ узэкIэIэбэжьмэ щызэхащэгъагъэм хэлэжьэгъагъ. Йонджа яти сурэтхэр ышIыщтыгъэх.
  • Ежь Айтэч исурэтхэр апэу къызщигъэлъэгъуагъэр 2012-рэ илъэсым зэлъашIэрэ модельерэу Сэралъп Мадинэ ихьакIэщ-салонэу Налщык дэтыр ары. Ащыгъум Мадинэ ишъуашэмэ аригъусэу Айтэч исурэт 20 фэдиз къагъэлъэгъуагъ. 2019-рэ илъэсым ыкIэ — 2020-рэ илъэсым иублапIэ ТыгъэкъокIыпIэ лъэпкъхэм ягъуазджэкIэ къэралыгъо музеим и Темыр-Кавказ къутамэу Мыекъуапэ дэтым Дыгъу Айтэч сурэт 70-рэ зыхэхьэгъэ икъэгъэлъэгъон щыкIуагъ. КъэлэмкIэ, дагъэр зылъэпсэ краскэкIэ шIыгъэ сурэтхэр, телефонкIэ техыгъэхэр ащ хэхьагъэх.
  • «Къэгъэлъэгъоныр сфызэхэзыщагъэхэу Кушъу Нэфсэт, Сулеймановэ ФатIимэ, ХъокIо Ларисэ лъэшэу сафэраз. Ахэм къаигъэ самышIыгъагъэмэ, ар къыздэхъущтыгъэп. Джыри сымыхьазырэу къысшIошIыщтыгъэ…» — Айтэч игуапэу къыдеIагъэхэм ацIэ къыреIо, игукъэкIыжьхэр лъапIэх.
  • Айтэч икъэгъэлъэгъон икъызэIухын сэри сыщыIагъ. ХьакIэхэр, сурэтышIым иIофшIагъэмэ уасэ къафэзышIыхэрэр бэдэдэ хъухэу ащ къызэрекIолIагъэхэм а мафэм Кушъу Нэфсэт ыгу къыгъэкIыжьыгъ тызэрыгушхорэ, дунаим щызэлъашIэхэрэ сурэтышIэу Шемякин (Къардэн) Михаил ыкIи скульпторэу Церетели Зураб Мыекъуапэ, Темыр-Кавказ къутамэм къызэкIохэм, цIыфэу къекIолIэгъагъэр джащ фэдэу зэрэбагъэр. Армырми Айтэч гумэкIым зэлъиштагъэу щытыгъ, емыжэгъахэу цIыф цIэрыIохэм зэрафагъэдагъэм ипшъэдэкIыжь ыбзэ ыубытыгъэм фэдагъ. ГущыIэ зыратым бэ къыIуагъэп, ау игуапэу сурэт задытрихыщтыгъэ.
  • Айтэч иIэшIагъэхэм бэ къакIэупчIэрэр. Мыекъуапэ ихьакIэщхэр, шхапIэхэр, ресторанхэр, Мыекъопэ районым изекIо чIыпIэхэм арыт хьакIэщхэр ахэм къагъэдахэ. Лъэпкъ тарихъыр къизыIотыкIырэ сурэтхэр ахэм къябэкIы.
  • «Айтэч, сурэтшIынымкIэ ебгъэджэнхэу е унэе еджапIэ Мыекъуапэ къыщызэIупхынэу зыми угу къыгъэкIыгъэба, утрагъэгушIухьэу къыхэкIыгъэба?» — сеупчIы сурэтышIым. Бэрэ емыгупшысэу: «Ары, къыхэкIыгъ ар къысаIоу, ау шъхьафитныгъэ лъагъор творчествэм щыхэсэхы. ЧIыпIэм сепхыгъэн слъэкIыщтэп. СизэхэлъыкIэ нэмыкI».
  • ИзекIо лъагъохэр зэпигъэугъэх нахь мышIэми, Адыгэ Хасэхэм я Конфедерациеу Тыркуем щызэхэщагъэм (КАФФЕД) ыкIи Абхъаз Республикэм шIэнхабзэмкIэ и Министерствэ Дыгъу Айтэч исурэтхэм якъэгъэлъэгъон Тыркуем ыкIи Абхъазым ащызэхащэнхэу къыкIэлъэIух ыкIи арагъэблагъэ. Дунаим исанитарнэ-эпидемиологие зытет нахь зыпкъ зиуцожьыкIэ ыкIи гъунапкъэхэр зэIухыгъэ хъумэ, мы проектхэр зэшIохыгъэ зэрэхъущтхэм щэч хэлъэп.
  • — Айтэч, уитворческэ лъэгъо дахэ лъыбгъэкIотэнэу пфэсэIо! УиIэшIагъэхэр зикIасэхэм нахьыбэрэ уаIукIэн, угу рихьырэ Iофым упылъын плъэкIынэу Тхьэм еIу!
  • — Тхьауегъэпсэу!
  • ГущыIэуж. СурэтышIым къызэриIорэмкIэ, зэкIэмэ анахь шъхьаIэр — дунаим идэхагъэ пэшIорыгъэшъэу зэхэпшIэн плъэкIынэу ущытын фае. Ар къинэп. Уфэхьазырыныр ыкIи угу фызэIухыгъэныр шъхьаIэх.
  • ТЭУ Замир,
  • АР-м изаслуженнэ журналист.