КIуэкIуэ  Казбек  Налшык къалэм  къедза къуажэхэр къеплъыхь
            2019-09-10
            
              
                - Кэнжэ къуажэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыщипщытащ курыт еджапIэ №20-м спорт джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс зыхэт IуэхущIапIэр зэрыщащIыр. Ар дызыхуэкIуэ мазэм хьэзыр хъун хуейщ. ЩIыналъэм и унафэщIыр апхуэдэу еплъащ а еджапIэм и спорт залыр капитальнэу зэрызэрагъэпэщыжым. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI федеральнэ IэнатIэм и ахъшэкIэ. Унэ кIуэцIыр зыхуей хуэзэу зэрахьащ, ар зэрагъэплъ системэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, уэздыгъэхэр щIэуэ фIадзащ.
Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
           
          
            Адыгэущ псоми къызэрацIыхур
            2019-09-10
            
              
                - Мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ. Ахэр а къэралым ягъэкIуэн хуей щIэхъуам дызэрыт зэманым куэд тражыIыхь. Нэхъыбэм ягъэзахуэркъым абы и лъэныкъуэкIэ совет унафэщIхэм яча лъэбакъуэр — сыт хуэдэ политикэ щыуагъэми кърикIуэхэр зи фэм дэкIыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. Дэ а псоми я гугъу тщIынкъым, къэдгъэлъэгъуэн къудейщ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэми абы я къалэн зэрыщагъэзэщIар. Уеблэмэ, апхуэдэ куэдрэ къэтлъыхъуэн хуей хъуакъым: «Адыгэ псалъэ» газетым и шофёр Соблыр Хьэсэнбий а щIыналъэм лIыгъэ щызезыхьахэм ящыщу къыщIэкIащ. Дэ абы къыджиIэжащ а зауэр зэрыщытар, езым игу къинэжахэр.
Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
           
          
            
            2019-09-10
            
              
                - Дзю къыбгъэдэкI саугъэт
- Черкесск къалэм щекIуэкIащ Урысей спорт студент зэгухьэныгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ я командэ къыхэхахэм боксымкIэ я зэIущIэ. Ар фэеплъ хуащIащ Кавказ щхьэдэхыпIэр зыхъумахэм.
Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр