ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АдыгэлI хъыжьэ Хьэшыр Чылар и лIыгъэ

2019-07-15

  • … ЦIыхухэр Iуащхьэмахуэ хуэкIуэрт. Дыгъэ бзий гуащIэхэм щахъумэн папщIэ абыхэм я нэкIухэм гын щахуащ. Экспедицэр 1829 гъэм генерал Эмануэль къызэригъэпэщат. ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ жэуап ихьырт академик, геофизик цIэрыIуэ, минералог, Петербург щыIэ физикэ обсерваторием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ директор Купфер Адольф (1799 — 1865). Гупым хэтт физик Ленц Эмиль. Зоологие къэхутэныгъэхэр и пщэ далъхьат иужькIэ Урыс энтомологие обществэр къызэзыгъэпэща Менетрие Эдуард (1802 — 1861).

  • МЕНЕТРИЕ дэIэпыкъурт илъэс 13 зи ныбжь Вознесенский Илья, щIэныгъэм хуабжьу хуэпабгъэ щIалэ цIыкIур. ИужькIэ Вознесенскэр музей коллекцэхэр зэхуэзыхьэс цIыху цIэрыIуэ хъуащ.
  • КъэкIыгъэхэр джыным теухуа лэжьыгъэр лъысащ ботаник Мейер Карл (1795 — 1858), иужькIэ ар академик икIи ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и Ботаникэ жыг хадэм и унафэщI хъуащ.
  • Эмануэль и жэрдэмкIэ петербург еджагъэшхуэхэм яхыхьащ Мэжэрым щыщ зекIуэлI Бессе Янош. 1829 — 1830 гъэхэм абы Кавказымрэ Тыркумрэ къыщикIухьащ, Мэжэрымрэ Кавказымрэ щыпсэу лъэпкъхэм пасэ зэманым яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр къихутэу. Абы и къэхутэныгъэхэм лъабжьэ хуэхъуащ «Кърымым, Кавказым, Куржым, Армением, Азие ЦIыкIум, Константинополь дызэрыщыIар» тхылъыр, 1838 гъэм Париж къыщыдэкIар.
  • Художник папщIэу экспедицэм Эмануэль хигъэхьащ Кавказым и нарзаныпс къыщIэжхэм я архитектор Бернардацци Иосиф (Джузеппе).
  • 1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м экспедицэм хэтхэр Петербург къыдэкIащ икIи Константиногорск (апхуэдэущ абы щыгъуэм Псыхуабэ зэреджэу щытар) мазэм и кIэм нэсащ. Абы щежьэри, еджагъэшхуэ гупыр Балъкъ тет Мывэ Лъэмыж быдапIэм (иджы Каменномост къуажэщ) нэсащ. Мыбдеж къащыпэплъэт лъэсырыкIуэхэмрэ къэзакъхэмрэ зыхэт зауэлI гупышхуэ. КъэхутакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын папщIэ экспедицэм щIыгъут лъэсырыкIуэхэу цIыху 650-рэ, къэзакъ 350-рэ. ТопитI иIэт. А псори щIыгъуу экспедицэр гъуэгу техьащ. Языныкъуэ махуэхэм километр щэщIым нэс икIуфырт. Бадзэуэгъуэм и 8-м псори нэсащ Балъкъ къыхэлъадэ Харбас псым. Мыбдеж топхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр къыщагъанэри, Балъкъ аузым дэту дэкIуеящ икIи абдеж къыщыувыIащ.
  • Академик Купфер зи пашэ гупым зыхуигъэхьэзыру щIидзащ Iуащхьэмахуэ дэкIуеиным. Зыхуеину Iэмэ- псымэхэр ягъэхьэзыращ. Эмануэль экспедицэм щIыгъу къэзакъхэр, адыгэхэр, балъкъэрхэр зэхуишэсащ икIи абыхэм яжриIащ япэу Iуащхьэмахуэ дэкIым саугъэту сом 400, етIуанэм сом 200 зэраритынур.
  •  Бадзэуэгъуэм и 21-м пщэдджыжьыр сыхьэти 10-м Купфер, Ленц, Менетрие, Бернардацци, езыхэм яфIэфIу къахыхьа къэзакъ тIощI, гъуэгу- гъэлъагъуэхэр я гъусэу, хэщIапIэм текIри, Кавказым и бгы нэхъ лъагэ дыдэм кIэрыхьащ.
  • СыхьэтихкIэ кIуа иужь, уэсым нэсахэщ. Ахэр лъэныкъуэ псомкIи куууэ къэча къырхэм нэсащ. Зы къыр гуэрым и щIагъым нэху къыщекIащ.
  • Бадзэуэгъуэм и 22-м жэщыр сыхьэтищым нэблэгъауэ мазэм и нэхум хэту гупыр Уллу-Мамет-Дерку мылылъэм нэсащ икIи Iуащхьэмахуэ и КъуэкIыпIэ щыгум дэкIыу хуежьащ.
  •  Мис мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ Купфер: «Ди гъуэгур зэм занщIэ, зэм нэшэкъашэ хъурт. Дыгъэм уэсыр къимыгъэтIатIэ щIыкIэ щыгум дынэсыну дызэрыхущIэкъуам ди къарур щIихащ. ИкIэм-икIэжым дэ дыкъэувыIэн хуей хъурт зы лъэбакъуэ тчыхукIэ. Хьэуар апхуэдизкIэ къыдэмэщIэкIырти, дыбауэ щхьэкIэ, тфIэкIуэда къарур зэфIэувэжыртэкъым. Лъынтхуэхэр хуабжьу къеуэрт. Си Iупэхэр мафIэм исырт, бгырысхэм я чэнджэщкIэ си нэкIум гын щысхуа пэтми, си нэхэм яхуэшэчыртэкъым дыгъэ бзий гуащIэхэр. Сыгупсысэжыфыртэкъым, си щхьэр уназэрт. ИужькIэ дэ зыщыдгъэпсэхуну мурад тщIащ Къыр фIыцIэжьым и щIагъым».
  • Метр 4270-м нэсауэ Купферрэ абы щIыгъуахэмрэ адэкIэ зэрымыкIуэжыфынур белджылы хъуащ.
  • Экспедицэм хэтахэм ящыщу Хьэшыр Чылар и закъуэщ 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэт 11-м Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыфар. «ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ адыгэлIым абдеж и башыр щыхитIащ, мывэхэмкIэ къигъэтIылъыхьри. ИужькIэ къехыжу хуежьащ, — къыщегъэлъагъуэ Соколовэ Н. В. «1829 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ академиер Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар» тхыгъэм. — Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэти 8 иримыкъущ. Чылар щыгум кърихащ мывитI. Зыр Эмануэль ЩIэныгъэхэмкIэ академием хуригъэшащ, адрейр Бессе саугъэт хуищIащ, еджагъэшхуэр зыщыщ Пешт къалэм и музейм щIилъхьэн папщIэ.
  • Еджагъэшхуэхэмрэ Чыларрэ бгым зэрыдэкIым зэпымыууэ кIэлъыплъащ Iуащхьэ лъабжьэр зи хэщIапIэхэр. Эмануэль иIыгът Купфер кърита нэрыплъэ гъуэзэджэр. ХэщIапIэм щыIэхэм ялъэгъуащ гупыр къызэрехыжыр, Ленц и увыIэпIэр, апхуэдэу Чылар щыгум зэрыдэкIар. Чылар щыгум нэса иужь Iуащхьэмахуэ къызэрагъэIурыщIам и щIыхькIэ хэщIапIэм фочхэр щагъэуащ.
  • «Щыгум нэсыфа Чылар дэ нэхърэ нэхъ Iэзэу къигъэсэбэпащ пщэдджыжь хьэуам и щIыIагъыр, — итхыжащ иужькIэ Купфер. — Ар дэ куэдкIэ ди япэ уэсыр сыт хуэдэ зэмани зытемыкI щIыпIэм нэсащ икIи Ленц езым и ужьрей увыIэпIэм щынэблагъам Чылар къигъэзэжауэ щыгум къехыжырт. Шынэ зымыщIэ щакIуэу щыт абы щIыналъэр фIы дыдэу ицIыхурт икIи бгы лъагэхэм дэкIыфу зригъэсат. Ар хэщIапIэм дэ ди япэ къэсыжащ, езым зэрихьа лIыгъэм папщIэ къызэригъэгугъа саугъэтыр Эмануэль къыIихыну. АрщхьэкIэ иужьрейр дэ къытпэплъащ гуфIэгъуэр дызэхэту псоми тIэтын папщIэ.
  • Бгым къехыжа Чылар яфIэтелъыджэу къеплъырт экспедицэм хэт псори — ар иджыри къэс цIыху зыдэмыкIыфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIат. Ар ящышынакъым лъагагъми, зэи къэмыткIу мылылъэхэми, а бгым и щхьэм нэса дэтхэнэри фIэкIыпIэ имыIэу зэрыхэкIуэдэнум теухуауэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарми. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту генерал Эмануэль гъуэгугъэлъагъуэ Хьэшыр Чылар сом 400-рэ цеипхъэ щэкIрэ саугъэту иритащ.
  • ЦIыхур япэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам къыхэкIыу 1829 гъэм шыгун плитауэ 2 ягъэжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Кушмэзыкъуей къуажэм (иджы Бахъсэн районым щыщ Старэ Крепость къуажэ) щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIыр Iуащхьэмахуэ япэу дэкIащ.
  • БАЙДАЕВ Мусэ и «Им покоряются заоблачные выси» тхылъым (Налшык, 1979 гъэ) къыхэтхащ.
  • Япэ альпинист
  • Альпинисту ар щытакъым,
  • Бгы дэкIыни имыIуэхут.
  • ХамэщI цIыхухэр къыщелъэIум,
  • Гъуэгугъэлъагъуэ ар яхуохъу.
  •  
  • Iуащхьэмахуэ ныдишыну
  • Абы ахэр ирешажьэ.
  • Ауэ бгыщхьэм нэс дэкIыну
  • ЗылъэкIар езым и закъуэщ.
  • Пшэ зэпцIахэм къахуеплъыхыу,
  • Бгым и щыгум зыщиплъыхьт.
  • АдыгэлIым, игу къэмыкIыу
  • Къыхуихьауэ лъэпкъым
  •                 щIыхь.
  • БАЛЭ Хьэзрэт-Алий. Кэнжэ къуажэ.
  • 2009 гъэ