Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъахэгъу сурэтыщI
2021-11-17
- Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ
- УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск Ксилогра-фиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор, республикэм исхэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыху художник Пащты Герман и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 9-м илъэс 80 ирикъуащ.
Герман пасэу дихьэхат сурэт щIыным, зыми абы хуримыгъэджами. Нэхъ иужьыIуэкIэ, и унагъуэм и гъусэу къалэм къыщыIэпхъуам, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щыIэ гупжьейм зыхригъатхэри, егъэджакIуэ Ткаченкэ Андрей и гъэсэнхэм ящыщ зы хъуащ. Пащтыр илъэс 26-м иту СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. И сурэтхэр къытехуащ «Дружба народов», «Художник», «Панорама» журналхэм, «Известия», «Советская культура», «Литературная Россия», «Книжное обозрение» газетхэм.
- 1957 — 1963 гъэхэм ар щеджащ Гре-ков М. Б. и цIэр зэрихьэу Дон Iус Ростов дэт художественнэ училищэм. 1968 — 1974 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Украинэм Фёдоров Иван и цIэр зэрихьэу щыIэ полиграфие институтым. 1964 гъэм къыщыщIэдзауэ и лэжьыгъэ щхьэпэхэр щигъэлъэгъуащ щIыналъэ, республикэ, урысейпсо, союзпсо, дунейпсо выставкэхэм. Уралым къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс, Улан-Удэ щегъэжьауэ Якутск щиухыу и лэжьыгъэхэр утыку къыщрехьэ нобэми.
Герман Налшык щыщыпсэуам «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм дэла-жьэу щытащ. Иджыри дунейм къытемыхьа, зыми имылъэгъуа тхылъыщIэхэр япэу щIэзыджыкIыр ара-ти, сурэт щIэщыгъуэхэр яхуищIырт.
- Санкт-Петербург Репиным и цIэр зэрихьэу дэт институтыр, а къалэм гъуазджэхэмкIэ щыIэ музейр, Москва гъуазджэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэр иджы Герман и деж щоджэ. КъищынэмыщIауэ, Якутием, Бурятием, Тыва, нэгъуэщI щIыпIэ- хэм щыщ, лъэпкъ зэмылIэужьы-гъуэхэм къыхэкIа куэд щIэныгъэм хуэпабгъэу къакIуэурэ Герман и мастерскойр къаух. И гъэсэнхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, псори СурэтыщI-хэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. Зыбжанэр профессорщ, доцентщ. Герман иригъэджахэр урысей, дунейпсо гъуазджэм екIуу, дахэу хыхьащ, Урысей академием и медал-хэр, щIыхь тхылъхэр, Красноярск крайм и губернаторым и саугъэтыр, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэны-гъэм и стипендиер къыхуагъэфа- щэу. Я лэжьыгъэхэр зэманым докIу, уригушхуэу сыт хуэдэ утыкуи щыбгъэлъагъуэ хъуну. Къыхэгъэщыпхъэщ и студентхэм адыгэ хабзэр зэрахилъхьэри. Ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ахэр зэрыщыгъуазэм имызакъуэу, зэрагъэзащIэми кIэлъоплъ. Псалъэм папщIэ, щыщIыхьэкIэ къэтэджурэ гуапэу сэлам кърах, Iэнэм хабзэм тету пэрысщ.
Красноярск и «Поликор» тхылъ те-дзапIэм экземпляр 300 хъууэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэгъуэным хагъэхьащ Пащты Герман и школыр къызэрызэригъэпэщам, ксилографием и лъабжьэм, а унэтIыныгъэм ди къэралым щиIэ увыпIэмрэ зыужьыныгъэмрэ теухуа тхыгъэ.
- Пащтым и япэ выставкэ Налшык къыщызэIуихам утыку къыщрихьат и сурэт 73-рэ. А выставкэм наIуэ къищIат Герман и зэфIэкIыр зэры- иныр, и творчествэр зэрыкупщIа- фIэр. Гукъинэжт абы и «Ленинград», «Щихухэр», «Iуащхьэмахуэ», «Ван Гог», «Макъамэ» зыфIища сурэт- хэр, нэгъуэщIхэри. Абы лъандэрэ ди хэкуэгъу художникым и лэжьыгъэхэр дуней псом и щIыналъэ куэ-дым щигъэлъэгъуащ, щIыхь тхылъ, щIыхьыцIэ куэди къыхуагъэфэщащ.
- Гъуазджэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ дэтхэнэ зы сурэтыщIми иIэщ зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу зы унэтIыныгъэ. Пащты Герман и дежкIэ ар пхъэм тхыпхъэхэр, сурэтхэр тещIыхьынырщ (ксилографие). Пащтыр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщщ сурэтыщI щIэщыгъуэщIу зэрыщымытыр. Абы и гравюрэхэр тхыгъэм зэрыщыту къытрищIыкIыркъым, атIэ усакIуэм и гупсысэм езым и Iуэху еплъыкIэр хуэм-хуэмурэ хеухуанэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, игъэщIэрэщIэну тхылъхэр къыщыхихкIэ усэхэм нэхъ дахьэх. НэхъыфIу илъагъу усакIуэхэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Бещтокъуэ Хьэбас, Лермонтов Михаил, Пушкин Александр сымэ.
Иужьрей илъэс тIощIым дунейм къытехьащ Герман игъэщIэрэщIа тхылъ щэщIым щIигъу. Дэтхэнэ зы- ми абы хелъхьэ и псэм щыщ Iыхьэ. Лермонтовым и поэмэхэм илъэситхум къриубыдэу гравюрэ 40-м нэблагъэ триухуащ Пащтым. Пушкиным и «Тхыгъэ къыхэхахэм» илъэсипщI- кIэ елэжьащ, гравюрэ зыбжанэ хуищIу. Красноярск дэт Политехникэ университетым и юбилейм ирихьэ-лIэу напэкIуэцI 400-м нэблагъэ хъууэ къыдэкIа тхылъым ихуа сурэтхэм елэжьащ. Апхуэдэу адыгэлIым къыдигъэкIащ «Ксилографы Красноярска» альбомыр, пэублэ псалъэр щIыналъэм и губернатору щыта Хлопонин Александр ейуэ. Лэжьыгъэр зи жэрдэмыр Герман и къуэ Пащт-Хъан Алимщ. Тхылъым ихуащ Герман и лэжьыгъэу 800-м нэблагъэ. Ксилографие, линогравюрэ, акварель, живопись, керамикэ, феррографие жыпIэми, абы куэд къызэщIаубыдэ.
- Зэгуэрым Китайр Пащтым и гравюрэ 1000-м къыщыщIэупщIэм, ар зыпэмылъэщыну бжыгъэу къилъытэри, лэжьыгъэ 600-кIэт къызэригъэгугъар. Абы теухуа хъыбарыр ялъигъэIэсащ Челябинск, Уфа, Москва, Санкт-Петербург, Улан-Удэ, Якутск, Иркутск къалэхэм, Тывам, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу и гъэсэнхэм. Къагъэхьа лэжьыгъэхэм яхэплъэурэ, нэхъыфIхэр къыздыхихым, гравюрэхэм я бжыгъэр 1000 ирикъуа нэужь, и зы лэжьыгъэ щIигъужащ, «гравюрэ 1001-рэ ирехъу», — жиIэри. Китайхэм апхуэдиз гравюрэр абдж рамкэхэм ирагъэувэри, «1001 гравюра Красноярской студии ксилографии Германа Паштова» гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуахащ. И гъэсэнхэм я гъусэу Пащтыр абы щыгъуэ ирагъэблэгъат Харбин къалэм.
- Къэралыгъуэм и махуэр бгъэлъэпIэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу и гербыр, ныпыр бгъэлъэгъуэн, гимныр жыпIэн хуейщ. Пащты Германрэ и ныбжьэгъу балъкъэр щIалэ Аккизов Екъубрэ зэгъусэу ящIауэ щыта гербыр 1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къищтащ.
- Пащты Герман илъэс куэд щIауэ Красноярск щопсэу икIи щолажьэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, и лъэр щIыпIэ куэдым нэсми, къару нэхъыбэу къыхэзылъхьэр, гукъыдэж къезытыр Хэкум къэкIуэжурэ зэрыщыIэращ. Германрэ и щхьэгъусэ Жаннэрэ зыпхъурэ зы къуэрэ яIэщ — Лилиерэ Алимрэ. Герман и къуэ Пащт-Хъан Алим и адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ. Ар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIщ.
- Пащтыр зыми емыщхь, зи лэ- жьыгъэхэр IэзагъкIэ псыхьа, гъуазджэм и лъагапIэм нэса сурэтыщIщ. Герман и лэжьыгъэхэр цIыху псоми яхуэгъэзащ икIи щIэупщIэшхуэ яIэщ. Ахэр къэрал музейхэм щахъумэ, цIыху щхьэхуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. Нэхъыщхьэращи, абы и IэщIагъэмкIэ цIыхухэм дэрэжэгъуэ ярет.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.