ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Япэ урысей альпинист Хьэшыр Чылар

2019-07-20

  • Лъэпкъым и тхыдэ
  • Чылар Гъузер Къэрэбат и къуэм и гукъэкIыжхэр
  • Ди унагъуэцIэмрэ лъэпкъым и тхыдэмрэ убзыхуауэ тхылъхэм изэгъауэ къыщыщIидзэр Чыларым и дежщ. Абы лъандэрэ лъэпкъищэхэм я тхыдэм ебгъапщэмэ, куэд дыдэ хъуакъым, илъэс щитIым нэсауэ арат.

  • Чылар Гъузер (сэмэгумкIэ) колхоз губгъуэм итщ. 1989 гъэ

  • Си адэ Къэрэбат зэрыжиIэжу щытам-кIэ, ди лъэпкъыр Брамтэм къиIэпхъукIри Кушмэзыкъуей жылэжьым дэтIысхьауэ щытащ.
  • Дэ ди сабиигъуэм, 1920 — 1930 гъэхэм, Кушмэзыкъуейм Чылар унагъуэцIэ зэрахьэу унагъуитхущ дэсар. Ахэр къатепщIыкIауэ щытащ Чылархэ (япэIуэкIэ Хьэшыр унагъуэцIэ зезыхьахэм) Тепсэрыкъуэ, Щэрэлыкъуэ, Хьэмлакъ сымэ.
  • Тепсэрыкъуэ иIащ къуищ:Елдарыкъуэ, Къэрэбат (cи адэр), Батырхъан; Щэрэлыкъуэ — Джэхурэ Батырыгурэ; Хьэмлакъ — Хьэпагуэрэ Хьэжсетрэ. А зэкъуэшищыр (Тепсэрыкъуэ, Щэрэлыкъуэ, Хьэмлакъ) Умар и къуэхэт.
  • 1886 гъэм Урысейм Къэбэрдейм щригъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм къызэрыхэщымкIэ, ди адэшхуэ Тепсэрыкъуэ илъэс 38-рэ, Щэрэлыкъуэ — 36-рэ, Хьэмлакъ — 31-рэ я ныбжьт икIи зи цIэ къыжытIа я къуэхэри, Хьэжсет нэхъ къэмыту, спискэм итхэт. Абыхэм я ныбжьыр щытщIэкIэ, ахэр къыщалъхуа гъэхэри къэгъуэтыгъуейкъым. Тепсэрыкъуэ — 1848, Щэрэлыкъуэ — 1850, Хьэмлакъ — 1855 гъэхэм къалъхуащ.
  • Шортэн Аскэрбий зэритхымкIэ, Чылар Iуащхьэмахуэ щыдэкIым и ныбжьыр илъэс 25 — 26-рэ хъурт. Уи фIэщ пщIы хъунщ ар пэжу, абы илъэс 25 — 30 а лъэхъэнэм и ныбжьауэ. АтIэ Хьэшыр Чылар 1800 гъэхэм и пэщIэдзэм къалъхуащ. Абы иIащ къуитI — Джырандыкъуэрэ Увжыкъуэрэ. Увжыкъуэ щIалэу унеидзыхьэ хьэгъуэлIыгъуэм хэкIуэдащ. Абы иIащ къуитI — Хьэжбийрэ Алийрэ. 1848 гъэм Джырандыкъуэ и къуэш яукIам папщIэ я анэм (Чылар и щхьэгъусам) ахъшэ къратыну судым ищIа унафэр зэрамыгъэзащIэм къыхэкIыу, Къэбэрдейм унафэ зи IэмыщIэ илъхэм я пащхьэм Iуэху къыщиIэтауэ щытащ.
  • 1863 гъэм, Джырандыкъуэрэ Тепсэрыкъуэрэ (я къуэшхэри ящIыгъуауэ бгъэув хъунущ) Кушмэзыкъуей къыщыIэпхъуа илъэсым Тепсэрыкъуэ и ныбжьыр илъэс 15-м итащ. Мы илъэс бжыгъэхэр къэтщтэнымкIэ сэбэп хъуащ Бейтыгъуэн Сэфарбий къыдигъэкIа «Кабарда в фамилиях» тхылъыр, абы и напэкIуэцI 329 — 331-хэр теухуащ «Килара Хаширова потомки» псалъащхьэ зиIэм.
  • Зи гугъу сщIа илъэсхэмкIэ къэзгъэлъэгъуэну сызыхуейр мыращ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Думэн Хьэсэн 1985 гъэм фокIадэм и 3-м «Кабардино-Балкарская правда» газетым «Ещё раз о Киларе и Ахие» и псалъащхьэу трыригъэдзами, 1999 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м «Адыгэ псалъэм» щитхами хэтщ Тепсэрыкъуэ Чылар и къуэшу хуэбгъэфащэ хъуну.
  • Хьэшыр Чылар теухуауэ лэжьыгъэ нэхъыбэ дыдэ зиIэр Думэн Хьэсэнщ. Ауэ Чыларрэ Тепсэрыкъуэрэ зэкъуэшкъым. Чылар лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм халъхуамэ, Тепсэрыкъуэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым дунейм къытехьауэ аращ.
  • Ар зыуэ. ЕтIуанэу, лъахэхутэ Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, Чылар и къуэ Джырандыкъуэ и закъуэ 1848 гъэм жьы дыдэ хъуа и анэм и гъусэу Брамтэ дэсащ.
  • Тепсэрыкъуэ Чылар и къуэш Умар и къуэу аращ.
  • Ди адэ Къэрэбат къызэрыджиIэжу щытамкIэ, ди лъэпкъыр щыпсэуар Брамтэщ, абы къиIэпхъукIри, нэгъуэщIхэри я гъусэу, Кушмэзыкъуей дэтIысхьащ. КъызыхэкIа лъэпкъкIэ, и цIэ-унэцIэкIэ шэч къытезыхьэу псалъэхэм я жэуапщ Думэн Хьэсэн итха-хэр. Ауэ гу зылъытапхъэщ: и унэцIэр Хьэшырщи, ар тэмэму ятх. И цIэм и тхыкIэр Хилларъ-уи, Киллар-уи урохьэлIэ, пэжыр Килар-щ (Чылар).
  • Тепсэрыкъуэ и бынхэм я фIэщыгъэцIэр 1886 гъэм ятха спискэм зэритыр мыпхуэдэущ: Елджэрыкъуэ, Къэрэбат, Батырхъан. Ди адэ Къэрэбат и шынэхъыжь Елджэрыкъуэ бынитху къыщIэнэри, пасэу дунейм ехыжащ. Я шынэхъыщIэ Батырхъан щхьэгъусэ къимышауэ ябгъэдэкIри, къигъэзэжакъым. И адэр абы и лъыхъуакIуэ ежьэри, фIамыщI къыщыщIах шахтэм щылажьэу къихутауэ щытащ, ауэ къэкIуэжын идакъым, и лъэужьри бзэхащ.
  • Ди сабиигъуэм дыщыпсэуар иджы Кушмэзыкъуей дэт курыт еджапIэ №2-м и дежщ. Дэ зэкъуэшитху дыхъурт. Зы шыпхъуи диIэт, быным я нэхъыжьу. Дыщыпсэу унэр зы пэшрэ зы сенэрэ хъурт. А лъэхъэнэм кхъуэщыныщхьэ унэ уиIэныр хэIэтыкIауэ ялъытэрт. Сенэм жьэгу иIэт, чы IуэнтIа уэнжакъ кIуэцIым кхъуей плъыжь, къурт щагъэгъуу. ПщыхьэщхьэкIэ хьэкур хьэуазэ, сэхуран жэпкъ, нэгъуэщI кIэрыху-бжьэрыхухэмкIэ щыдгъэплъкIэ, абы къищI нэхумкIэ школым къыдата унэ лэжьыгъэхэр дгъэзащIэрт.
  • ЩIымахуэ пщыхьэщхьэкIэ хьэблэм дэс лIыжьхэр чэзууэрэ зы щIыпIэ щызэхуэсырти, хъыбар, таурыхъ жаIэу зэхэст. Сэ быным сранэхъыщIэти, ди адэм си Iэпэр иIыгъыу а зэхуэсхэм сыздишэрт. ГъэщIэгъуэн куэд щызэхэтхырт а зэIущIэхэм. ЗыгуэркIэ зэ-хуэс щымыIэмэ, ди адэр (ар лIы ткIийт) Iуэхум къыщыдэхуэхэм, и гушыIэн къыщикIахэм, жьэгум мафIэ дэп пщтырым дыкъетIысэкIауэ дыздэщысым, къытхэтIысхьэрти, хъыбар дригъэдаIуэрт. Абыхэм куэдрэ къахэхуэрт Чылар теухуа Iуатэжхэри. Ар къызэрыджиIэр пэжымрэ къигупсысамрэ пхузэхэмыгъэкIыут. «Нэхъапэм ди унэцIэу зетхьар Хьэшырщ. Лъэпкъым диIащ лIы лъэрызехьэ — Чыларт абы и цIэр. Ар Iуащхьэмахуэ и щыгум дуней псом япэу дэкIащ. Гупышхуэу ежьэри, бгы лъагэм ебгъэрыкIуэу щIадзащ. Чылар щIакIуэ фIыцIэ, жэз тас, хьэмкIутей баш мыжурэ и пэм пылъу къищтэри, и гъусэ псоми ящхьэпрыкIри, Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхутащ. Абдежым, мыжурэ зыпылъ и башыр мылым хиукIэри, мывэкIэ къигъэтIылъыхьщ, Кавказ къырхэр къызэпиплъыхьщ, мывэ пIащIитIи къызэдищтэщ, щIакIуэ фIыцIэм зыкIуэцIигъэджэразэри, жэз тасым ису къежэхыжащ», — жиIэрт Къэрэбат. Хъыбарым и пэ Iыхьэм жиIар уи фIэщ хъуми, иужь псалъэхэр шэчыншэу къапщтэ хъунутэкъым. Ауэ дэ ди фIэщ дыдэу абы дедаIуэрт: «Пэжу къыщIэкIынщ Iэжьэ папщIэ таскIэ къежэхыжар», — жытIэу.
  • Апхуэдэу гъэщIэрэщIауэ а хъыбарыр къыджимыIэтэмэ, сигу къинэну къыщIэкIынтэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ абы щыгъуэ сысабиящ. Ар мыхъуамэ, сэ ди адэм сызэрыпкърыупщIыхьын куэд щыIэт, иджыпсту хуэдгъэфащэу дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэ зыбжанэм ар щымыгъуэзэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
  • Ди адэшхуэ Чылар Тепсэрыкъуэ и щхьэгъусэр Иналхьэблэ (Къэрэгъэш) дэс Тэмазэхэ ящыщт, и дэлъхум и цIэр ХьэтIэхъущокъуэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэшхуэм и цIэр къытхуэгъуэтыжакъым.
  • Чылар и фIэщыгъэцIэр унэцIэу къызэрытхуэнам, езым и унэцIэ дыдэр зэры-Хьэшырым и щыхьэту нэгъуэщI зы Iуэхугъуи щыIэщ. Ди щIалэгъуэм Кушмэзыкъуей дэса, цIыхухэм пщIэ зыхуащIу щыта нэхъыжьыфIхэу ЛэмпIэжь Маш, МызэущI Хьэзрэил, Жанджэрий Хьэжмырзэ, Аргъэщокъуэ ФIыцIэ сымэ, нэгъуэщIхэри къызэрыдэджэу щытар «Чылар и къуэщ».
  • А лъэхъэнэм ди нэхъыжьхэм Щхьэлыкъуэ щыпсэу Хьэшырхэр ягъэкъуэшырт.
  • Тыркум щыпсэу ди унэкъуэщхэр
  • 1879 гъэм Чылар и къуэ Джырандыкъуэ, абы и къуэш Увжыкъуэ и бынхэу Хьэжбийрэ Алийрэ хэкум икIыжащ. Ди адэм зэрыжиIэжу щытамкIэ, Алий шууэ Истамбыл къикIыжщ, я шыбз гуартэр ихури, Тыркум игъэзэжащ. Хьэжбий а къэралым къыщыувыIащ. Джырандыкъуэ псэупIэ ищIар белджылыкъым, ауэ Сирием къыщызэтеувыIауэ худогъэфащэ. Щам щыпсэу Чылархэм я бын, Гъэсэн и цIэу, ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ, осетин цIыхубз и щхьэгъусэщ, Амал и цIэу хъыджэбз яIэщ.
  • Тыркум щепсыха Хьэжбий, Чылар и къуэрылъхум, зэрыжытIащи, лъэпкъ хъарзынэ къытепщIыкIащ.
  • 1991 гъэм и шыщхьэуIум КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къэкIуат тырку хьэрычэтыщI ныбжьыщIэ гуп. Абы яхэтащ адыгэбзэр тэрэз дыдэу ищIэу, зэдзэкIакIуэу Хьэжбий къытепщIыкIахэм ящыщ Чылар Байар. Ар Истамбыл щыIэ Адыгэ Хасэм хэтт, езыр куэдым гу лъитэу цIыху Iущт. Хэкужьым къыщыкIуэм, ди лъэпкъым ящыщ зыгуэрым срихьэлIэмэ жиIэри, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я цIэхэр къыздихьащ.
  • Министерствэм и лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес и фIыщIэкIэ сэ сыIущIащ Байар икIи абы селъэIуащ лъэпкъым къытхыхьэну.
  • Кушмэзыкъуей деж Чылархэ нэжэгужэу къызэхуэсат, шэджэмдэс ди унэкъуэщхэри кърихьэлIат. Псоми я нэ къыхуикIырт хамэ щIыпIэ щыпсэу я лъэпкъэгъур ялъагъуну. ЯпэщIыкIэ ар си деж къезгъэблэгъащ, итIанэ лъэпкъыр щызэхуэса ди нэхъыжь Абузер и унэ дыкIуащ. ГуфIэгъуэ зэIущIэр абы щедгъэкIуэкIащ, сурэт зыбжани абдеж щыттрахащ.
  • ИужькIэ ди хэкум и теплъэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщ зыгуэр едгъэлъагъун, и нэгу зедгъэужьын мурадкIэ, машинэ псынщIэхэм дитIысхьэри, Гундэлэн ипщэкIэ щыIэ Тызыл къуэладжэм тшащ. Махуэр уэфIт, хуабэт. А щIыпIэ дахащэм гур апхуэдизкIэ дихьэхырти, псым и Iуфэ дэтхэнэ зы етIысэхыпIэми узыIэпишэрт. Ауэ цIыхухэм нэхъ тэмэму зыщагъэпсэхун папщIэ яухуа Iэнэ кIыхьышхуэм дыбгъэдэсыну тедухуащ. Ерыскъыр берычэтт, фадэри хъушэт. АрщхьэкIэ ди къуэш Байар, ди лъэныкъуэмкIэ фадэ ирафыркъым жиIэри, нарзан ефэу къыдбгъэдэсащ. Дэри абы къыхэкIыу пщIэ лей хуэтщIащ.
  • ГуфIэгъуэр Iэтауэ ягъэдахэрт Шэджэм дэс ди унэкъуэщ Толэрэ (Iэдэм и къуэщ) абы и щIалэ, илъэс 13-м ит Аслъэн цIыкIурэ. И адэм мэкъамэ Iэмэпсымэхэр хуэIэзэу игъэбзэрабзэрт, ныбжьыщIэм и макъ жьгъырумкIэ адыгэ уэрэдыжьхэри иджырейхэри артист лъэрызехьэхэм хуэдэу къыджиIэрт.
  • Кушмэзыкъуей щIыбым деж щылъ мывэжьыр ди щIапIэм дикIыу къуажэ щIыбымкIэ дыщыIэпхъуэм, Чылархэ я хадэм ириубыдащ. Иджы абы къина ди шынэхъыжь Мухътар и бынхэм, я хадэм илъщ. Тхьэм ещIэ а мывэ абрагъуэр абы къыщыхута зэманри, къызэрыхута щIыкIэри, Iуащхьэмахуэ илъэс мин бжыгъэ и пэкIэ и губжьыгъуэ зэманхэм и къару пхуэмыIуэтэнум къидза е Бахъсэн и уэлиигъуэу нэпкъитIым дэмызагъэу къехауэ яIуэтэж зэманым псым къыздихьа, сытми а мывэжьым нэхъ лъагэ щымыIэу къытщыхъурт ди сабиигъуэм.
  • КIэщIу жыпIэмэ, Байар ди нысэ нэхъыжь ЛъапIэ, и деж есшэхри, мывэжьым дыбгъэдэту сурэтхэри ттрихащ, сэмб из щIыи здихьри и анэшхуэм и уэсятыр хуигъэзэщIащ.
  • Тыркум щыпсэу Чылархэм унагъуэцIэу зэрахьэр Шрайдерт. «Зы зэман гуэр къэралым и тепщэу ягъэува сулътIан щхьэзыфIэфIым и унафэкIэ лъэпкъ къэскIэ унагъуэцIэ къыдитауэ къэралым дызэрыщатхыр апхуэдэут», — жиIэрт Байар.
  • Тыркум щыпсэу Чылархэм я цIэхэр:
  • Хьэжджэрий и къуэ Мурат и бынхэр Анкара дэсщ,
  • Хьэжбий
  • (Чылар и къуэрылъхущ,
  • Увжыкъуэ и
  • къуэщ)
  • Бэчмырзэ
  • Кацинэ
  • Уэлий
  • Исмэхьил
  • Рушди
  • Расым
  • Нейлэ
  • Нэсрин
  • Емел
  • Дёне
  • Сарпил
  • Сэлим
  • Полгин
  • Хюлид
  • Нурие
  • Хъадиджэ
  • Самие
  • Маруат
  • Сенгюл
  • Зэчий
  •  
  • Хьэждэрий
  • Гурэ
  • Биат
  • Адыл
  • Нуран
  • Ахие
  • Мурат
  • Аутен
  • Джемал
  • Актен
  • Байар
  • Назир
  • Тургут
  • Ядгар
  • Рэшат
  •  
  • Алий
  • Зэчрей
  • Зулфикар
  • Махие
  • Зулфие
  • Сафие
  • Сабэхьэт
  • Исмэхьил
  • Ирафеттин
  • Илхъам
  • Хьэтэгъ
  • Рахьми
  •  
  • Зулкъарней
  • Джэуар
  • Мардие
  • Хъайраттин
  • Сание
  • Алий
  •  
  • Махьират
  • Багият
  • Iэминат
  • Зурият
  • Уэлий и къуэ Расым и унагъуэр Истамбыл щопсэу. Адрейхэр Къайсэр вилайетым щыIэщ. Байар и шынэхъыжь Джемал 1996 гъэм си деж къеблэгъащ. Зэшхэм унэ лъащIэ ящI, яшхын ягъуэту мэпсэу. Расым и пхъуитIыр 1996 гъэм Чылар Розэ и деж Налшык щыхьэщIащ. Ахэр Истамбыл банкым щолажьэ.
  • Байар 1998 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ хэкум къытригъэзащ. Щхьэгъусэ къишащ, зы щIали иIэщ.
  • Апхуэдэщ, кIэщI дыдэу утепсэлъыхьмэ, Чылар и щIэблэ Тыркум щыпсэухэм я хъыбарыр. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа, зи цIэ жытIа цIыхухъухэм я нэхъыбэм езым я унагъуэ яIэжщ, пщащэхэм ящыщ куэди унагъуэ ихьащ. Хьэжбий и къуэ Алий, Бай-ар зэрыжиIамкIэ, щIалэу хьэгъуэлIыгъуэм щыхэкIуэдащ, быни щхьэгъуси имыIэу (Чылархэ «яхуэщтэкъым» хьэгъуэлIыгъуэхэр).
  • Хэкум ис Чылархэр
  • Генеалогием дыщытепсэлъыхькIэ, адэжь хэкум щыпсэу Чылархэми я гугъу тщIынщ. Ахэр псори къызытепщIыкIар Хьэшырхэ ящыщ Умар и къуэхэу Тепсэрыкъуэ, Щэрэлыкъуэ, Хьэмлакъ сымэщ.
  • Тепсэрыкъуэ
  • Елджэрыкъуэ
  • Кацинэ
  • Iэдэм
  • Хьэмзэт
  • КIунэ
  • ХьэзрэIил
  •  
  • Къэрэбат
  • Тожан
  • Мухътар
  • Чэшиф
  • КIухуэ (сабийуэ псывэм исащ)
  • Абузер
  • Зубер
  • Гъузер
  •  
  • Батырхъан
  •  
  • Щэрэлыкъуэ
  • Джэху
  • (ЦIыкIу)
  • Мухьэдин
  • Хьэжысмел
  •  
  • Батырыщэ
  • УтIэ (Сэлимэ)
  •  
  • Хьэмлакъ
  • Хьэпагуэ
  • Нэхъупщ
  • Шэмхьун
  • Дыщэнэ
  • Ленэ
  •  
  • Хьэжсет
  • Адмир
  • Зулижан
  • Абижан
  1. ИужькIэ къэхъуа унагъуэхэр:
  • Iэдэм
  • Владимир
  • Анатолэ
  • Руслан
  • Ленэ
  •  
  • ХьэзрэIил
  • Борис
  • Хьэсэн
  • Хъусен
  • Лусенэ
  •  
  • Мухътар
  • Исмэхьил
  • ХьэIишэт
  • Лизэ
  • Шурэ
  • Зейнэб
  •  
  • Чэшиф
  • Женя
  • Мухьэмэд
  • Мелхъан
  • Ларэ
  • Альберт
  • Рае
  •  
  • Абузер
  • Борис
  • Анатолэ
  • Нажмудин
  • Светланэ
  • Руслан
  • Юрэ
  •  
  • Гъузер
  • Розэ
  • Светэ
  • Сафудин
  • (сабийуэ
  • лIащ)
  • Татьянэ
  • Заурбэч
  •  
  • Хьэжысмел
  • Юрэ
  • Борис
  • Мухьэрбий
  • Мусэбий
  • ФатIимэ
  •  
  • Нэхъупщ
  • Хьэсэн
  • Хьэсэнбий
  • Хьэлимэт
  •  
  • Адмир
  • ХьэIишат
  • Хьэлимэт
  • ШэIимэт
  • Михаил
  • Анатолэ
  • Леонид
  •  
  • Исмэхьил
  • Ритэ
  • Риммэ
  • Иринэ
  • Артур
  1. Абыхэм къатепщIыкIыжахэр:
  • Артур
  • Тимур
  • Альберт
  • Амур
  •  
  • Мухьэмэд
  • Оксанэ
  • ФатIимэ
  • Албэч
  • Альберт
  • Алинэ
  • Альбинэ
  •  
  • Анатолэ
  • Марьянэ
  • Маритэ
  •  
  • Нажмудин
  • Арсен
  •  
  • Руслан
  • Людмилэ
  • Мурат
  • Эльвирэ
  •  
  • Юрэ
  • Къазбэч
  • ФатIимэ
  •  
  • Заурбэч
  • Инал
  • Дианэ
  •  
  • Хьэсэн
  • Руслан
  • Джульеттэ
  • Аслъэн
  •  
  • Хьэсэнбий
  • Мухьэмэд
  • ФатIимэ
  •  
  • Михаил
  • Заирэ
  • Изаурэ
  • Дианэ
  •  
  • Анатолэ
  • Мурат
  • Артур
  •  
  • Леонид
  • Рустам
  • Роман
  •  
  • Борис
  • Заремэ
  • Заретэ
  • Хьэсен
  •  
  • Хьэсэн
  • Рустам
  •  
  • Хъусен
  • Хьэсэн
  • Ислъам
  • Каринэ
  •  
  • Юрэ
  • Артур
  • Аслъэн
  • Заринэ
  •  
  • Борис
  • Мухьэмэд
  • Мурат
  • Руслан
  •  
  • Мухьэрбий
  • Амур
  • Раметэ
  •  
  • Мусэбий
  • Маринэ
  • Мухьэдин
  1. Нэхъ пасэ зэманым псэуахэр:
  • Чылархэ я пщащэхэр зыхыхьа Чылархэ я Чылархэ я пщащэхэр зыхыхьа
  • унагъуэцIэхэр:
  • ХьэIишэт — Щауэ
  • Лизэ — Шашэ
  • Марьянэ — Къумыкъу
  • Маритэ — ЛампIэжь
  • Абижан — Алокъуэ
  • Зулижан — ЛIуп
  • Хьэлимэт — Абазэ
  • Ленэ — Хьэжмэт
  • Людмилэ — Iуэщхъун
  • Розэ — Алмэ
  • Светланэ — Ныр
  • Ритэ — БатI
  • Риммэ — Чып
  • Иринэ — Елдар
  • Оксанэ — Лыджыдэ
  • ФатIимэ — Джэрыджэ
  • ФатIимэ — Къалмыкъ
  • Женя — Елмэс
  • Рае — Зал
  • Ларэ — Щауэ,
  • ХьэIишэт — КхъуэIуфэ,
  • Хьэлимэт — Батыр,
  • ШэIимэт — Алокъуэ,
  • Мелхъан — Согуэ,
  • Шурэ — Гындыгъу.
  • Мыбы къыщыдгъэлъэгъуахэм нэмыщIкIэ Шэджэм Езанэм (Къундэтей МыдрыщI) дэсщ Iэдэм и къуитIым я унагъуэхэр. Ещанэ щIалэр, Руслан, унагъуэ имыIэу дунейм ехыжащ.
  • Апхуэдэщ Бахъсэн щIыналъэм щыпсэу Чылар и щIэблэхэм я генеалогие зэхэлъыкIэр.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, зауэ гуащIэ екIуэкIым цIыху куэд хэкIуэдащ, бжыгъэкIэ нэхъыбэ хъу лъэпкъхэм яйр ебэкIыу, нэхъ мащIэхэр — нэхъ мащIэу. Унагъуитху фIэкIа а лъэхъэнэм мыхъуу щыта зы лъэпкъ цIыкIум ейуэ щIалиплIым я псэр зауэ губгъуэм къранащ, ахэр: Джэху и къуэ Мухьэдин, Хьэпагуэ и къуэ Шэмхьун, си анэ къилъхуауэ Мухътаррэ Зуберрэ. Псэууэ зауэм къэзыгъэзэжа Чэшифрэ Нэхъупщрэ унагъуэ яухуащ. Мухътар зауэм ипэ унагъуэ иIащ.
  • Чылар и щIэблэу Бахъсэн щIыналъэм щыпсэухэр я хьэл-щэнкIэ, нэмыскIэ, я лэжьыгъэкIэ адрей лъэпкъхэм къакIэрымыхуу цIыхухэм яхэтщ. Дэ ди нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми, махуэ къэс жыпIэмэ ущыуэнщ, ауэ зэпымыууэ я гум илъщ дуней псом хахуагъэкIэ цIэрыIуэ щыхъуа адыгэлIым, зи цIэр лъэпкъым и унагъуэцIэу къэзыгъэнам и фэеплъ нэхур ямыгъэулийуэ, абы хуэфащэу цIыхухэм яхэтыну. Ди адэ-хэр, ди нэхъыжьхэр цIыху зыхыхьэм пщIэ хуащIыфу, езыхэри абыкIэ Iыхьэншэ мыхъуу псэуахэщ.
  • Ди шынэхъыжь Мухътар япэ къежьа тракторхэм къыщыщIидзэри, фин зауэм зэрыкIуауэ щыта Т3-м нэсу «гъущIышым» и лъэпкъыгъуэ псори зэригъэкIуащ. Гугъу зэрехьар къалъытэри, колхоз амбарым трагъэуват. Ар 1943 гъэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Адрей ди нэхъыжьхэри колхозым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хьэлэлу щылэжьащ. Ноби къытщIэувэ щIэблэми абыхэм зыкъыкIэрагъэхун я мурадкъым. Лъэпкъым диIэщ мэкъумэшыщIэ цIэрыIуэхэр — ХьэзрэIил и къуэ Борис «Урысейм щIыхь зиIэ механизатор» цIэ лъапIэр зэрехьэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ. Ди щIалэхэм, пщащэхэм къахэкIахэщ цIыхубэ хозяйствэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я IэщIагъэлIхэр: инженерхэр, ухуакIуэхэр, IуэхутхьэбзащIэхэр, цIыхум еIэзэхэр, уэчылхэр, хьэрычэтыщIэхэр. Дэ дрогушхуэ абыхэм я лэжьыгъэ купщIафIэм, я цIыху хэты-кIэ дахэм.
  • Сэри, тIэкIу си щхьэм сыщытхъужынщи, лъэныкъуэегъэзыу сыкъыгуэтакъым. 1941 гъэм, зауэшхуэм щыщIидзам, дысабийуэ еджапIэм, фэ къэвджынур зэфIэкIащ, жаIэри дыкъыщIашри губгъуэм уэсым щIиубыда нартыхур къэтщыпыну драубыдэри, абы къыщыщIэдзауэ сетIысэхакъым. БелкIэ тIэнри, жэмкIэ вэнри, IэкIэ жылэ сэнри, выгу-шыгу зехуэнри, нэгъуэщI Iэджи зи нэгу щIэкIахэм сащыщщ. ТIэкIу нэхъ дыкъыщыжэпхъа лъэхъэнэхэм щIэздзэри, лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэм сыпэрытащ. КIэщI дыдэу жысIэнщи, комсомол, щIыналъэ исполком, редакцэ, парт, цIыхубэ кIэлъыплъыныгъэм, сату лэжьыгъэхэми сыпэрытащ. Райпоми, колхозми, райисполкомми, редакцэми, кIэлъыплъакIуэхэм я район комитетми, нэгъуэщI IэнатIэхэми я тхьэмадэнри згъэунэхуащ. Си ныбжьыр нэсу пенсэм сыхыхьа иужькIи, илъэс куэдкIэ лэжьыгъэ зыбжанэ сыпэрытащ. Дэнэ сыщыIами, цIыхухэм я Iуэху зэрыдэзгъэкIыныр, Iуэхутхьэбзэ зэрызесхьэныр, нэмыс, пщIэ зэрахуэсщIыныр япэ изгъэщащ, езы цIыхухэм абыкIэ жэуап къызамытыжу къэнакъым.
  • Зы цIыху щхьэхуэм, унагъуэм къикIуа гъащIэ гъуэгуанэм утепсэлъыхьыныр Iуэху тыншкъым; лъэпкъым и тхыдэр къыжыпIэныр нэхъ гугъущ. Сэ лъэпкъым и гъащIэм и плIанэпэ псори къэзгъэлъэгъуэну муради сиIакъым. Ауэ Хьэшыр Чылар и щIэблэхэм къакIуа гъащIэ гъуэгум нэхъ гу зылъытапхъэу къэслъытэхэр мы тхыгъэм къыщызгъэлъэгъуащи, зи гугъу сымыщIу къэна цIыхухэми, Iуэхугъуэхэми нэхъ куууэ, зэпкърыхауэ тетхыхьын гуэр ди лъэпкъым къахэкIмэ, икъукIэ ди гуапэщ, Тхьэм къригъэхъулIэ!
  • 1999 гъэ
  • ЛIыхъужьым  фадэбжьэ  хуаIэт
  • Эмануэль ЩIэныгъэхэмкIэ академием хэтхэм захуигъэзат, Кавказ Иным и щыгум ухуэзышэ лъагъуэ шынагъуэншэхэр хишын и мураду. Академием Эмануэль и жэрдэмыр диIыгъащ, икIи, а зэманым Урыс пащтыхьу щыта Николай Езанэм хуит ищIа нэужь, Кавказым къагъэкIуат Урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Ленц Эмилио (Коцебу и гъусэу дуней псор къызэхэзыкIухьауэ щыта, иужькIэ физикэмкIэ зэригъуазэ лэжьыгъэхэр зытхар), физикэ, химие щIэныгъэхэмкIэ профессор Купфер Адольф, Бытырбыху дэт ботаникэ жыг хадэм и унафэщI Мейер Карл, этнолог цIэрыIуэ Менетрие Эдуард сымэ.
  • * * *
  • Къуршыщхьэ уэсылъэхэмкIэ къиIукIырт гур зытхьэкъу макъ зэхуэмыдэхэр. Псатхьэ лъапIэм и уэрэд гуакIуэр — бгы абрагъуэм тепщэгъуэ гъащIэр зыIыгъхэм затригуашэрэ абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр игъэжабзэу Тхьэ лъапIэм хуэгущIэгъулыуэ щытыным къихуриджэхэу. Абы хэту пшагъуэ нэщхъыфIэхэр уэгум ибзэхыкIащ, къурш уэсылъэхэм я щыгум налкъутналмэсым хуэдэу уIуплъэ хъуащ, псынэ Iэсэ цIыкIухэр зэщIэушащ, удз епэрхэм, IэфIыгъэкIэ гур ягъэIурыщIэу, акъужь къабзэхэр ягъэнщIырт. Я адэ жьакIэху Псатхьэ лъапIэм и макъыр зэхихакъым. Ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыплъэм, абы къилъэгъуащ жьым зэрихьэу, дыгъэм пэлыду къуршыщхьэм хуэкIуэ зекIуэлIхэр…
  • * * *
  • Iуащхьэмахуэр — ар уэсылъэ къум щIыпIэ абрагъуэщ. Уэри щIыри щызэхэзэрыхьыжа зэманым, хы хьэлэмэтхэмрэ материк телъыджэхэмрэ къыщыунэхуащ, щIыкъатиблым къыщIэкIыу дунейм къытехьауэ. ЩIым и гъунэхэм гъащIэ щыIэщ. Iуащхьэмахуэ щыгу зы псэущхьи ущрихьэлIэркъым. Къурш псынэ фIэщыгъэцIэр абы куэдкIэ нэхъ йозэгъ Псэншэ зыфIаща Асфальт гуэлым нэхърэ…
  • Шэджагъуэ хуегъэзщэкI щыхъум генералыр пщыIэм къытехьэжащ икIи щIэныгъэрылажьэхэм я гъусэу чэруаныр зыхуеинухэмкIэ къызэригъэпэщу щIидзащ. Гупым хэтт къэзакъ тIощIрэ зы адыгэрэ, Хьэшыр Чылар и цIэу…
  • * * *
  • …ЦIыхуищыр, пшагъуэм хэкIуэдам ещхьу, бзэхащ, еплIанэм нэхъри лагэу зиIэтырт икIи абы и Iэпкълъэпкъ уардэр Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхутащ. КъызэрыщIэкIымкIэ ар адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, Налшык къыщалъхуа Хьэшыр Чыларт. Абы хэту, уэри щIыри къигъэдаIуэу фочышэ макъхэр Iуащ. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ щыму къекIуэкIа къурш джэрпэджэжхэр зэщIэушэу хуежьащ.
  • * * *
  • ЗекIуэлIхэр къуршым къехыжа нэужь, Эмануэль генералым санэхуафэ ин зэхиублат. Абы кърихьэлIат Къэбэрдейм, Къэрэшейм, Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщхэри Iэнэм пэрысхэм ирафырт Iуащхьэмахуэ и уэсымкIэ ягъэщта фадэ «псынщIэхэр». Япэ фадэбжьэмрэ хъуэхъумрэ хуаIэтащ зи узыншагъэр быдэ хъуну я гуапэ Урысей щIэныгъэм и тепщэгъэр зыIыгъ тажзехьэ, пащтыхь Николай Езанэм. Макъамэ зэрамыIэм къыхэкIыу, хъуэхъум фочышэ макъхэр щIэувэрт. ИужькIэ фадэбжьэр хуаIэтащ генерал Эмануэль, гупым хэта щIэныгъэрылажьэхэм, адыгэлI Хьэшыр Чылар. Хъуэхъу тражыIыхьырт Iуащхьэмахуэ Урысей пащтыхьыгъуэ и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ зэрыхъуами…
  • Шэджагъуэ нэужьым Чылар саугъэт лъапIэ иратащ, къызэхуэсахэм я Iэгуауэшхуэр щIэту. ИужькIэ тыгъэхэр хуащIащ зекIуэм хэта бгырысхэм.
  • Урысхэр Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар игъащIэкIэ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, Эммануэль унафэ ищIащ къурш джабэ нэкIум мыпхуэдэу тратхэну:
  • «Урысей пащтыхь Николай Езанэм и тепщэгъуэ лъэхъэнэм, 1829 гъэм и бадзэуэгъуэм и 20 — 23-хэм мыбдеж щытащ Кавказым дзэзешэу щыIа, генерал Эмануэль Георгий игъэува пщыIэр. Абы щIыгъуащ илъэс 14 зи ныбжь и къуэ Георгий, Урысей правительсвэм и лIыкIуэ академикхэу Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер, щIэныгъэрылажьэхэу Вансович, Бернардацци Иосиф, Иван де Бессе…». Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыну зыхузэфIэкIар адыгэлI Хьэшыр Чылар и закъуэщ. Мы тхыгъэр зытетха къурш мывэм къэхъуну щIэблэм хьэкъ ящрещI къыпхуэмыгъэIущIэну ялъытэу щыта Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур япэу хэзыша цIыху щыпкъэхэм ябгъэдэлъа лIыгъэр!»
  • (Потто В. А.: «Кавказ зауэ». Тхыдэ лъэужь. Т.5)
  •  Чылар и щIэблэр
  • Альберт

  • Анатолэ

  • Артур

  • Заурбэч

  • Юрэ

  • Леонид

  • Iуащхьэмахуэ  теухуа  псалъэ
  • Минрэ щийрэ тIощIрэ ещанэ гъэм Кавказ Ипщэм щыIа урысыдзэхэм я унафэщI нэхъыщхьэу мэув генерал Эмануэль… Зи щIыхьыр иныр щытащ Урысей пащтыхьым и адъютанту…
  •  

    Генерал Эмануэль Георгий

  • Абы унафэ къыIэрыхьащ илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIа зауэм иригъэшу сабыр хъуа адыгэхэр къыдихьэхыну.
  •  Генералым мундирым и пIэкIэ зыщитIэгъащ адыгэ фащэр, ауэ генерал дамэтелъхэр телъу, хьэзырхэм я щхьэIуэкIэ Георгий жорыр хэлъу Жанхъуэт, ХьэтIохъущокъуэ, Урысбий, Абыкъуэ пщыхэм яхуеблэгъащ. Санкт-Петербург хуит зыкъригъэщIащ бгырысхэм я диным, хабзэм, нэмысым пщIэ хуищIыну…
  • Адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ я щIыр щызэпыхьэм, Псыхуабэ къуэладжэм и щхьэм деж щыт къалэжь цIыкIур — Нартсанэ фэншэщ, ауэ ихъуреягъым псы хущхъуэхэр куэду къыщыщIож. Къалэр тIэкIу зэIузэпэщ ищIын, фэ къытригъэуэн щхьэкIэ Италием кърыригъэшащ архитектор Бернардацци Джузеппе.
  • Аращи, Эмануэль щыIэщ бгырысхэм я лъахэм, пэгъунэгъу дыдэщ езы Iуащхьэмахуэ. ЩIэныгъэм и хьэтыркIэ ар дэкIынущ Iуащхьэмахуэ. Гупым текIуэдэнур яфIэкуэдыIуэщ къулыкъущIэхэм: къабжащ сом мин щэщI, ауэ Урыс академием иIэр 8.000 къудейращ.
  • — ИлъэсиплI и пэкIэ КъэбэрдеймкIэ сыпхрыкIауэ щытащ, — жиIащ Эмануэль, — къызэрыщIэкIымкIэ абы ипщхэр Мысырым къикIащ.
  • Шэч хэмылъу генералым и гум къэкIат экспедицэм ихьыну ахъшэр къэбэрдейхэм я фэм къыдихыну.
  • — ДевгъэпIэщIэкI! Дэ къытпоплъэ Iуащхьэмахуэ, — зэпишащ Эмануэль.
  • Пщыхьэщхьэм абы къыхуахьащ Аристотель и тхылъ цIыкIу:
  • «Кавказ Ипщэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэщ къурш нэхъ уардэ дыдэр. Абы и лъагагъым и щыхьэтщ и щыгур дэнэ лъэныкъуэкIэ ущыIэми зэрыплъагъур, уеблэмэ, Мэуэт гуэлым (Iузэв тенджыз) деж ущыIэми. Абы и къуэладжэхэм щопсэу лъэпкъ куэд, гуэлышхуи щыIэу жаIэ».
  • 1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Балъкъ тет Каменномост быдапIэм деж и шыр къыщыжьэдикъуащ Эмануэль. Топхэр зэдэуащ, фIэхъус ирату.
  • Сабэр драпхъейрт гъуэгум сатыр кIыхьу кърикIуэ дзэм — мыжурэзехьэу 650-рэ, сэшхуэ зыIыгъыу 350-рэ, топитI, лъэсырызекIуэхэр, къэзакъхэр, штабым щылажьэхэр, накъырапщитI, бэрэбэнауэ, гъуэгугъэлъагъуэхэр, тэрмэшхэр, шыхэр, махъшэхэр…
  • Бгыхэр гъунэгъу къэхъурт. Гупыр къуршым къыщежьэ аузхэм я зым дыхьащ, Урду, Балъкъ, Хьэсэут псыхэм зэпрыкIащ…
  • Ахэр Урду бгым и лъапэм и деж къыщыувыIащ…
  • Къазакъым и фий макъ къэIуащ. Шу гуэри генералым и шатырым и гупэм и деж къыщыувыIащ:
  • — Мо лъэныкъуэмкIэ жьы къемыпщэу сабэ къохъей, шу гуп къоблагъэ.
  • — Iэщэ яIыгъ?
  • — ЯIыгъщ, ауэ замыгъэпщкIуу къокIуэ.
  • — ХьэмкIэуи?
  • — Хьэуэ, ущкIэ.
  • Генералым и бгырыпхыр щIикъузащ:
  • — Мо щыгум къэзакъхэр дэвгъэкIуей, зыми ямылъагъуну…
  • — ФIэхъус! — сэлам кърахащ къэблэгъапэу къепсыха шухэм…
  • — Фыкъеблагъэ! Сэлам узох, пщышхуэ!
  • Къэзакъым лъэрыгъыр иубыдащ. Шур къепсыхри, генералым и Iэр гуапэу икъузащ.
  • Зэпсэлъахэщ. Генералым тхьэ иIуащ зауэ Iуэху зэримыхуэу — Iуащхьэмахуэ дэкIыну и мураду арауэ. Зэгъусэу шей ефахэщ. Тыгъэхэр зэIэпахащ.
  • Ежьэжыну къэтэджыжауэ, пщы уэлийм зыбгъэдишащ бгырыс лIы къуэгъу гуэр: “Чылари модрей тхури уи гъусэнущ, псори щакIуэ Iэзэхэщ. Бгыхэр яцIыху… Уэ уздыхуейм кIуэнущ, уи унафэр ягъэзэщIэнущ”.
  • Симонов Евгений.
  • «Iуащхьэмахуэ теухуа псалъэ» тхылъым къыхэтхащ.
  •  
  • Абы дегъэпIейтей
  • Пэжымрэ пцIымрэ
  • УФ-м щыщ щIэныгъэлIхэр къэрэшейхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ехьэлIауэ КъШР-м щрагъэкIуэкI «къэхутэныгъэхэм» къэуIэбжьауэ кIэлъоплъ. Къулыкъухэмрэ цIэ лъапIэхэмрэ маIуху папщIэу якъуэувауэ, Будай М., Кагиевэ Н., Хатуев Р., Байрамкулов А., Чотчаев И., Кипкеевэ З. хуэдэ щIэныгъэлIхэм, зыми яфIэмылIыкIыжу, пцIы гъущэр цIыхубэ утыку кърахьэ.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз ФатIимэ

  • Къабгъэдэс лъэпкъхэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ ягу зэрытемыхуэм ищIыIужкIэ, абыхэм наIуэу я напэ техыныр къуаншагъэу къэзымылъытэ хъэтIщ ахэр зэрытхэр. НэгъуэщI лъэпкъхэр ягъэпудкIэрэ езыхэр къызыхэкIар ягъэлъэпIэныр, дэфтэр нэпцIхэр яуцIырхъыурэ, адыгэхэм я тхыдэмрэ абы епха лэжьыгъэхэмрэ «къратхыкIыжыныр» хьэл зыхуэхъуахэм а псор лъэпкъ IуэхукIэ егъэлеин нэрыгъым къызэрыхахыр нэрылъагъущ.
  • Мэзкуу, Бытырбыху, Тифлис (Тбилиси), Шэткъалэ (Ставрополь), Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар), Тэрчкъалэ (Владикавказ), Истамбыл, Берлин, Париж, къинэмыщIхэм мин пщIы бжыгъэкIэрэ щахъумэ къэрал дэфтэрхэми, тхыдэмрэ щIэныгъэмрэ ехьэлIауэ пасэрей алыдж, урым, урыс, европей, хьэрып, тырку, ермэлы, куржы, къэрэшей, балъкъэр тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа щэ бжыгъэм нэс тхыгъэхэми зэ IэбэгъуэкIэ «шыпсэ» фIащри ежьэжахэщ.
  • ЦIыхубэр зэрызэгуагъэпыр ялъагъу пэтми, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым хуэмыфащэ а тхыгъэ мыхьэнэншэхэр КъШР-м гъэ къэс щобагъуэ, тхылъ хъумапIэхэм, щапIэхэм щIалъхьэ, курыт школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж программэхэм хагъэхьэ.
  • Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм уигу къимыгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым зыгуэрхэм КъШР-мрэ КъБР-мрэ щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм хуащI пщIэр гъэлъэхъшэныр, я блэкIам хуаIэ еплъыкIэр зэтекъутэныр, а республикэхэм ис цIыхухэм я акъылыр ягъэутхъуэныр плъапIэ зэрахуэхъуар. Лъэпкъхэр зэщагъэIеин папщIэ яубла «хъыбарегъащIэ зауэ» фIэкIа зыфIумыщыфыну апхуэдэ «узэщIыныгъэм» узыхуишэнкIи хъунур нэгум къыщIэгъэхьэгъуейкъым.
  • Дызытепсэлъыхь Iуэхум и щапхъэ наIуэщ иджыблагъэ Хьэшыр Чылар къэрэшейуэ къыщIрагъэдзыжу, ар 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIуеям иращIэкIа дауэдапщэхэр. ЛIыхъужьым и цIэ-унэцIэм тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ зыбжанэрэ зихъуэжащ: «Килярыр» «Хылар» хъуащ, иужькIэ — «Мусса и къуэ Хыйса» фIащыпащ. «Хачиров Мусса и къуэ Хыйса» и цIэр фэеплъ мывэм къыщыхаIущIыкIри, 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м Карачаевск щагъэлъэпIащ.
  • Генерал Эмануэль и экспедицэр Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам теухуауэ ятхыжар мащIэкъым. Абы хэтахэм я гукъэкIыжхэр Бытырбыху дэт ЩIэныгъэхэмкIэ Академием 1829 гъэм щытрадзащ, езы хъыбарыр нэгъэсауэ мэжэр дунеяплъэ Де Бесс къиIуэтэжащ.
  • Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIа хъыбарыр езы генерал Емануэль димыгъэхуIауэ граф Паскевич и цIэкIэ 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м (бгым зэрыдэкIуейрэ тхьэмахуэ фIэкIа дэмыкIауэ) игъэхьэзыра рапортым къыщритхэкIыжащ. А экспедицэм теухуа гукъэкIыжхэр къагъэнащ езы Хьэшыр Чылар и къуэхэми, ахэр щIэлъщ КъБР-м и Къэрал Архив Нэхъыщхьэм.
  • Ауэ къэрэшей «тхыдэджхэр» апхуэдэ щыхьэтхэм арэзы техъуакъым. Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ Чыларыр ягъэлъэпIэныр IуэхушхуэIуэу къалъытэри, «езыхэм я къэрэшей Хыйса» щаIэта дауэдапщэ ирагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэр республикэпсо Iуэху ящIынми нэсакъым, абы къыхэкIыу нэхъыбэм ар зытеухуар къагурыIуакъым.
  • Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, Кавказым щыщ адрей щIыналъэхэми ис цIыхубэр зэгуигъэпат аргуэру кърахьэжьа Iуэху нэпцIым, ауэ абыхэм я гурыщIэхэр зыми къыфIэIуэхуакъым. Зэрынэрылъагъущи, зыгуэр къагъэхъеинырт абыхэм я мурадыр. Карачаевск дэт «Къэрэшейм и цIыху цIэрыIуэхэм» я фэеплъ блыным иджыри зы цIэ — къагупсысами Iуэхукъым – патхащ: Хачиров Хыйса Мусса и къуэр. 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къэрэшейхэм я «тхыдэр» езыгъэцIыхужа хьэщIэ лъапIэхэр хэту махуэшхуэм ехьэлIа концертрэ пэкIурэ екIуэкIащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Хатуев Рашидрэ Къэрэшей ЩIэныгъэ КъэхутакIуэ Институтым (?) и унафэщI Шаманов Ибрэхьимрэ я цIэхэр зыщIэлъ, щIэрыщIэу традзэжурэ ягъэбэгъуа тхыгъэ закъуэр дауэдапщэ псоми тхыдэ щыхьэту яхурикъуащ.
  • Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм зыхуагъэувыжар зы къалэн закъуэт: Кавказ лъэпкъхэм я тхыдэм фIыкIэ къыхэщ ехъулIэныгъэшхуэр япэу зыхузэфIэкIа Хьэшыр Чылар къэрэшейуэ щыта хуэдэу зэрыжаIэр пхагъэкIыныр. ТегъэщIапIэ нэхъыщхьэу Шамановымрэ Хатуевымрэ яIэр генерал Эмануэль къэрэшейхэр къэбэрдейхэм къахицIыхукIыфу зэрыщымытарщ. «Хачировхэ я щIалэр къэбэрдей адыгэу къащIыфIэщIар урыс пащтыхьым и администрацэм Бахъсэн, адрей балъкъэр жылагъуэхэм ящIхэм къадэкIуэу, Къэбэрдейм хигъэхьауэ зэрыщытарщ», — ятх абыхэм.
  • Мыпхуэдэ псалъэухаи ущрохьэлIэ а тхыгъэм: «XVII лIэщIыгъуэм ятха дэфтэрым ипкъ иткIэ, Бахъсэн зыхиубыдэ Къэрэшейм «Къэрэшей КъэбэрдейкIэ» йоджэ, абы щыпсэухэм «къэрэшей къэбэрдейхэр» хужаIэ». «А лIэщIыгъуэм ехьэлIа нэгъуэщI дэфтэр гуэрым абыхэм щхьэкIэ «къэрэшей шэрджэсхэр» щыжаIэ», — мэшхыдэ тхыдэджхэр. Хатуевымрэ Шамановымрэ зыхуэкIуэж гупсысэращи, Чылар-къэрэшейр къэбэрдей адыгэу къащIыфIэщIар Къэбэрдейм хыхьэ къуажэм къызэрыщыхъуам къиша щыуагъэщ.
  • Тхыдэ лэжьыгъэхэр зи щыпэлъагъу щIэджыкIакIуэ жыIэзыфIэщым гу лъимытэнкIи хъунущ Хатуевымрэ Шамановымрэ пэжыр зэрызэрагъэдзэкIымрэ тхыдэ утыкум пцIышхуэ къызэрырахьэмрэ.
  • Япэрауэ, 1829 гъэм къэрэшейхэр Бахъсэн лъэныкъуэкIэ щыпсэужакъым. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэр захуэщ, XVII лIэщIыгъуэм Кърым къикIа къэрэшейхэр гуп-гупу зэхэзекIуэхэурэ, зэман-зэманкIэрэ щIыпIэхъуэж ящIхэурэ, уеблэмэ, Зэлэнщыгушхуэ и къыщIэжыпIэм деж, абазэцIэ зезыхьэ «Речепста» (иджырей Архъыз) псыежэхым пэгъунэгъуу зэрыщысар, иужькIэ абазэхэхэмрэ абазэхэмрэ я унафэкIэ абдежым икIыу Бахъсэн и ищхъэрэкIэ зэрыIэпхъуар щыжаIэкIэ. XVIII лIэщIыгъуэм (1701 — 1702 гъэхэм) щакIуэ кIуауэ ягу ирихьын псэупIэ къащыпэщIэхуэм, абыхэм защтэри, Псыжь и къыщIэжыпIэм пэгъунэгъуу Iэпхъуауэ щытащ, езыхэм япэкIэ абазэ лъэпкъ Тамхэ щыпсэуа щIыпIэм.
  • А щIыхэри, аргуэрыжьу, зейр Къэбэрдейрат. Аращи, XVII лIэщIыгъуэм ятха дэфтэрхэм къэрэшей псэупIэхэм «Къэрэшей Къэбэрдей» щIы- фIаща щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэ дыдэ мэхъу, зиусхьэнхэу Хатуевымрэ Шамановымрэ къагъэлъэгъуэну зырыхущIэкъум ещхьу, «лъэпкъ тхыдэ щхьэхуещагъэкIэ» къа- Iэрыхьауэ щыткъым.
  • Шаманов Ибрэхьим «Къэрэшейхэр» зыфIища и лэжьыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейр Урысейм и унафэ щIэувэн ипэкIэ, къэбэрдеищIхэм щыпсэу къэрэшейхэм Къэбэрдейм и пщы уэлийм уасэ хэха ирату щытащ: илъэс къэс зы лъапсэм хуэзэу зы мэл. 1763 гъэм щегъэжьауэ 1825 пщIондэ Къэбэрдейр зыIэщIэзылъхьэну хущIэкъуа Урысейм и мурадыр XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм къехъулIащ. 1828 гъэм Къэрэшейри Урысейм гуагъэхьащ. XIX лIэщIыгъуэм ятха дэфтэрхэм къэрэшейхэр щыпсэу щIыпIэхэм я гугъу щащIым деж, «Къэрэшей» фIэщыгъэм урохьэлIэ.
  • Тхыдэм щхьэхуещагъэ гуэр щызекIуэххэмэ, ар къызыбгъэдэкIыр тхыдэ щыхьэтхэр зыхъуэжыну хуежьа Хатуев Рашидрэ Шаманов Ибрэхьимрэщ. Абыхэм упщIэ яхуэгъэувыпхъэт: къэрэшейхэм «япэу къызэIуахауэ» жыфIэу, етIуанэ гъуэгу сыту пIэрэ щыгъуазэ дызыхуэфщIынур? Адыгэ тхыдэр зэрыщыту къыщымыщхьэпэну пIэрэ а Iуэхум, XVII лIэщIыгъуэм ятха дэфтэрхэм къэрэшейхэр «къэрэшей шэрджэскIэ» иратхэу зэрыщытам къыхэкIыу?!
  • Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием щыщу экспедицэм хэтахэм Кавказыр нэгъэсауэ зэрацIыхум гу лъыботэ. Генерал Эмануэль щыуагъэшхуэ IэщIэкIауэ жаIэу, Хатуев Рашидрэ Шаманов Ибрэхьимрэ абы тралъхьэну зыхэт пцIым тегъэщIапIэ иIэкъым. Эмануэль урыс армэм щIэныгъэ нэхъ куу зыбгъэдэлъу хэта генералхэм ящыщ зыуэ къалъытэ. 1825 гъэм щегъэжьауэ Кавказ Гъунапкъэм и унафэщIу щыта, 1828 гъэм Къэрэшейр Урысейм и унафэ щIэзыгъэува, ПсыжьадрыщI Шэрджэсейм щызэуа абы, къэбэрдей щIалэр къэрэшейм хигъэгъуэщэнкIэ хъуну хуэбгъэфэщэныр къемызэгъщ.
  • Экспедицэм хэта нэгъуэщI зы нэрыбгэ — Де Бесс Янош — Чылар къызыхэкIа лъэпкъыр къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал зимыIэт. Чылар и гугъу щищIкIэ, абы жеIэ ар «къэбэрдей щхьэхуиту» зэрыщытыр, «Налшык пэгъунэгъуу, Къэбэрдеишхуэм щыщ къуажэ щхьэхуит цIыкIу гуэрым» зэрыщыщыр. УпщIэ етыпхъэщ Хатуевымрэ Шамановымрэ: Чылар къызыхэкIа лъэпкъыр щхьэ нэхъ щызэхагъэзэрыхьауэ пIэрэ нэгъуэщI бгырыс куэд зыхэта а экспедицэм? Ахэр къызыхэкIа лъэпкъхэр зэхагъэкIыныр щхьэ къатемыхьэлъарэ? Къэрэшейм щыщ пщы уэлий Крым-Шамхалов Ислъам сыту къэбэрдейуэ къащымыхъуарэ?! Эмануэль и гъуэгугъэлъагъуэ таубий Мурза-Къули яхэту, Бахъсэн къуэм щыщхэм ахэр зэреджэр «урыспийкIэщ», балъкъэруи, къэбэрдейуи жаIэркъым!
  • Iуащхьэмахуэ дэкIа нэужь, генерал Эмануэль и жэрдэмкIэ къэбэрдей щIалэ Хьэшыр Чылар Кавказ-Бгырыс полуэскадроным хагъэхьэри, илъэсибгъум щIигъукIэ Варшавэ къулыкъу щищIащ. Ауэ Хатуевымрэ Шамановымрэ абы темыпсэлъыхьмэ нэхъ къащтэ. Чылар и щIэблэм и гугъу щащIкIэ, абыхэм жаIэ: «Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Киляр и щIэблэм щыщ гуэрхэр Тэрч псыхъуэм къыдэнащ».
  • ФымыщIафэ зытывогъауэ, зиусхьэнхэ! Чылар къуитI иIащ — Джырандыкъуэрэ Увжыкъуэрэ. Ахэр Къэбэрдей округым щыпсэуахэщ: япэщIыкIэ Брамтэ (Вольнэ Аул), иужькIэ — 1863 гъэм щегъэжьауэ — Кушмэзыкъуей. Ди зэманым къэса абыхэм я лIакъуэр фIыуэ яцIыху. Хатуевымрэ Шамановымрэ адэкIэ ятх: «Ауэ адрей щIэблэр нобэр къыздэсым Къэрэшейм щопсэу». Сыт хуэдэ «щIэблэ» зи гугъу фщIыр, зиусхьэнхэ?
  • Коркмазовэ Салимэ, зэрыжурналистым къыхэкIыу, къызыхэкIа лъэпкъым щыщ лIакъуэхэр зэримыцIыхур хуэбгъэгъу хъунуми, къэрэшей тхыдэджхэр, шэч хэмылъу, щыгъуазэу щытын хуейщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа унэцIэхэр къэрэшейхэм къащIыхыхьам и щхьэусыгъуэм, Кавказ зауэм и зэманым нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр мы щIыпIэм къагъэIэпхъуэу зэрыщытам.
  • «Хачировы (ХьэкIырэ)» унэцIэр — адыгэ унэцIэщ. ПсыжьадрыщI шэрджэсхэм, къэбэрдейхэм я дежи къыщымыувыIэу, иджырей къэрэшей унэцIэ куэд абазэхэм, тэтэрхэм, сванхэм, къумыкъухэм, урысхэм, ермэлыхэм, куржыхэм я лIакъуэхэм йокIуэлIэж. Узыхуейр къыхэпхыну ухуитт: пщылIу щытахэм зейхэм я унэцIэр къащтэрт. Хачировхэ, Гандаевхэ, Джазаевхэ унэцIэхэр зезыхьэхэр Хъубийхэ я пщылIу щытахэщ.
  • «Къэрэшей щIыналъэм мэкъумэшыщIэхэр хуит щащIыжа нэужьщ а лIакъуиплIым хьэблэ щхьэхуит — тийре — яухуэну хуит щыхъуар. ИтIани, зэман гуэркIэ цIыхухэм Кюн-Берт щIыпIэ псом (Карт-Джурт къуажэм иубыд щIыпIэу Хъубийхэрэ абыхэм я пщылIхэмрэ щыпсэуам) «Хубиевхэ» («Хубийлары») хужаIэу щытащ». Аращи, 1829 гъэм Хачиров унэцIэр зезыхьэ Киляри, Хилари, Хыйсаи щыIэнкIэ Iэмал иIакъым.
  • Дэтхэнэ тхыдэ лэжьыгъэми и уасэр къэзыгъэлъагъуэ тегъэщIапIэщ «историзм» жыхуаIэ бгъэдыхьэкIэр. Абы Хатуевымрэ Шамановымрэ хуэхей дыдэу зэрыщытыр Сотаев Ахия хуэдэ цIыху цIэрыIуэм и гугъу щащIкIэ наIуэ къохъу. «Гъуэгур езыгъэлъэгъуахэм Карт-Джурт щыщ Хачиров Хиляррэ (Хыйсарэ) Балъкъэр щIыналъэм хыхьэ Бахъсэн къуэм щыщ Соттаев Ахиярэ къахэжаныкIащ», — ятх абыхэм.
  • Соттаев Ахия Бахъсэн къуэм зэрыщыщыр пэжщ. Ауэ Ахия абы къыщыщалъхуар япэу Iуащхьэмахуэ дэкIын Iуэхур (1829 гъэ) зэфIэкIыу илъэс зыбжанэ дэкIыжа нэужьщ. Соттаев Ахия 1831-1835 гъэхэм я зэхуакум дунейм къытехьауэ хуагъэфащэ. Аращ япэу 1868 гъэмрэ 1874 гъэмрэ Iуащхьэмахуэ къухьэпIэмкIэ щыIэ и щыгум дэкIар. Дунейм щехыжар 1918 гъэрщ.
  • Мыпхуэдэу еух Хатуевымрэ Шамановымрэ я тхыгъэр: «Иджыри зэ жыдоIэри — апхуэдэ Iуэхухэр зимыщыпэлъагъур къурш лъагэхэм ябгъэдэсу къэхъуахэрщ, Iуащхьэмахуэ лъапэм абыхэм ящыщу къыщалъытэр къэрэшей-балъкъэрхэм я закъуэщ». Я тхыгъэми ар лъабжьэ зыхуащI полити- кэ плъапIэми хуэфащэ акъылщ ар, къагупсыса къэрэшей щIалэ Хачиров Хыйса Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам епха дауэдапщэхэми йокIу.
  • Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэр наIуэщ: зыми хуэмыдэ къэрэшей лъэпкъым зыми емыщхь тхыдэ хуэфащэщ, абыхэм я закъуэщ Iуащхьэмахуэр зейр. ЩIыналъэм ис адрей лъэпкъхэм тхыдэ ямыIэми хъунущ.
  • Иджыри зыпцI къыщIэдгъэщынщ. Мыбыхэм къагупсысар Гиннесс и «ЕхъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэр зратхэ тхылъыр» къыдэзыгъэкIхэм я фIэщ ящIыфащ. Абы иратхащ Хаширов Килар балъкъэр щIалэр 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ къуэкIыпIэмкIэ хуэзэ и щыгум япэу дэкIуеяуэ. ЗэрыжаIэщи, абы утепсэлъыхьыныр лейщ.
  • УпщIэ къоув: къэрэшейхэм хуэдэ лъэпкъ щымыIэу ягъэуву, тхыдэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ пцIымрэ щыхьэт нэпцI зэгъэпэщынымрэ щымымэхъашэу щIэныгъэр зэIызыщIэ зиусхьэнхэр КъШР-м и унафэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъхэм я узэщIакIуэ сыт хуэдэ щIыкIэкIэ зэрыхъуар?
  • «Iуащхьэмахуэ япэу цIыху зэрыдэкIам теухуа дауэдапщэхэр» (2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м къыдэкIащ, №296) КъШР-м и Правительствэм и унафэкIэ щагъэхьэзырым, урысхэми, шэрджэсхэми, абазэхэми, нэгъуейхэми, республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми я лIыкIуэ Iуэхум бгъэдагъэхьакъым.
  • Я хэкур фIыуэ ялъагъу хуэдэу защIу, ауэ щыхъукIэ, лъэпкъ зэхэгъэж нэрыгъым иIыгъхэр, цIыхухэм я зэхэщIыкIыр пцIымрэ езыхэм хуэдэ щымыIэу къафIэзыгъэщI гупсысэхэмкIэ зыкудэхэр сыт хуэдэ пщэдейрей махуэу пIэрэ я лъэпкъым зэрыхуэхъуапсэр?
  • Я къежьапIэм теухуа хъыбархэр хуэсакъыу яхъумэ дунейм цIыхуу тетым. Тхыдэ телъыджэ зиIэ къэрэшейхэри абыхэм ящыщ зыщ. Сыт-тIэ ахэр Тхьэм къарита тхыдэр зэрахъуэжым арэзы щIытехъуэр?
  • УЭЗ ФатIимэ,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор,
  • КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и тхыдэ къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ.
  • «Научная мысль Кавказа» журнал, 2007 гъэ, №1(гъэкIэщIауэ).
  • ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
  •  
  • Газетхэм ятх
  • Фэеплъ дамыгъэхэр
  • Iуащхьэмахуэ… ЩыгуитI зиIэ а Iуащхьэ уардэм япэ дыдэу дэкIащ адыгэлI Хьэшыр Чылар. 1829 гъэм къэхъуа а Iуэхугъуэр илъэси 150-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ медаль къыдагъэкIащ.
  • НэгъуэщI медали къыдэкIащ а махуэм и щIыхькIэ. Абы тетщ Кавказым и къэхутакIуэ-щIэныгъэлI, дзэ топограф икIи альпинист Пастухов А.В.
  •  Мис иджыри нэгъуэщI зы фэеплъ-медаль. Абы и IуплъапIэ лъэныкъуэм тетщ бгылъэ теплъэ, мыпхуэдэу тетхауэ: «Iуащхьэмахуэ лъапэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР», и щIыбагъ лъэныкъуэмкIэ мы усэр тетхащ:
  • Гъунапкъэншэщ, уардэщ икIи нахуэщ
  •  Къуршыжьхэм я дамыгъэр.
  •  Iуащхьэмахуэ теухуа медалхэр, дамыгъэхэр, тхыгъэхэр зэхуихьэсащ Ставропольем щыпсэу краевед Виноградов Б.С. Абы и фэтэр мыиныр музей дыдэ ищIащ.
  • «Труд» газет. 1977 гъэ, мэлыжьыхьым и 13.
  • * * *
  • 1829 гъэм цIыху япэ дыдэу теуващ Iуащхьэмахуэ и щыгум. Псыхуабэ щызэхуагъэса цIыху миным ящыщу щыгум нэсыфар адыгэлI гъуэгугъэлъагъуэ Хьэшыр Чыларщ.
  •  
  • Псыхуабэдэсхэм зыубгъуауэ ягъэлъэпIащ Iуащхьэмахуэ теухуа а махуэр — «Лермонтовым и унэ» музейм щызэхэтащ абы ехьэлIа пщыхьэщхьэ. А Iуэхугъуэр илъэси 150-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ, альпинист гупышхуэ хэту, альпиниадэ екIуэкIащ. Iуащхьэмахуэ дэкIахэм яхэтащ ди къэралым и альпинистхэм я гъусэу США-м, Австрием, Чехословакием, Польшэм, Германием я спортсменхэри. Iуащхьэмахуэ и щыгум трагъэуващ Псыхуабэ фэеплъ дамыгъэхэр.
  • «Советская торговля» газет
  • 1972 гъэ, фокIадэм и 4.
  • * * *
  • Мы махуэхэм альпинистхэм загъэхьэзыр Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм дэкIыну.
  • — Дэ зыдогъэхьэзыр Iуащхьэмахуэ япэ дыдэу цIыху зэрыдэкIрэ илъэси 150-рэ зэрырикъур дгъэлъэпIэну, — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м альпинизмэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Залиханов Хъусейн. А махуэм и щIыхькIэ Iуащхьэмахуэ дэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 1.500-рэ, ди къэралым, нэгъуэщI къэралхэм я альпинистхэр. А IуэхугъуэмкIэ дэ догъэлъапIэ Iуащхьэмахуэ япэ дыдэу дэкIа адыгэлIри — Хьэшыр Чылар.
  • «Известия» газет. 1974 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 12.
  • Хьэшыр Чылар теухуа усэхэр
  • Адыгэпсэм и хъуэпсапIэ
  • Iуащхьэмахуэ ди хэку лъапсэщ,
  • Адыгэпсэм и хъуэпсапIэщ.
  • ЛъагапIэм щIэхъуэпсхэр
  • Нобэ дызэгъусэщ.
  • Нэбакъуэ, си къуэш,
  • Хъунукъым уезэш.
  • Дяпэ итщ Чылар,
  • Щапхъэ дэ тхуэхъуар.
  • Нэбакъуэ, си къуэш,
  • Хъунукъым уезэш.
  • Мылым нэр топщIыкIыр,
  • Хьэуар къомэщIэкIыр
  • КIуэм и гъуэгур хощIыр,
  • ЛIыгъэм бгыр лъэгу ещIыр.
  • Нэбакъуэ, си къуэш,
  •  Хъунукъым уезэш.
  • Щоджэн Леонид.
  •  
  • Зы лъэбакъуэ закъуэ
  • Ар гъащIэ лъабжьэм
  • къыщалъхуами,
  • Нэсыфырт псэкIэ мурад щыгу…
  • Иджы фIэкIа къыхуимыхуами,
  • Зыпыхьа Iуэхур ирихьт игу.
  •  
  • «Уэ Iуащхьэмахуэ дыдэпшыфым,
  • Сыт пхуэдмыщIэну къэбгъуэтын.
  • Уи IитIкIэ щэкIыу къэпIэтыфым
  • ЩIыгъужу ахъши дэ уэттынщ…»
  •  
  • Чылар и пащIэ щIэгуфIыкIырт:
  • “Мы зиусхьэнхэр хъуаи жумартI.
  • И псалъэм тетт а лIыр темыкIыу.
  • Апхуэдэут ар зэрагъэсар.
  •  
  • И хэку и щIыхьыр къиIэтыну
  • ЩIэхъуэпсми, ар хузэфIэмыкIт.
  • Иджы шынэжу къикIуэтыну
  • Зи гугъэр хъунщ а гугъэм пыкI.
  •  
  • Ар кIуэнщ куэд щIауэ и
  • гур здэплъэм…
  • И лъэпкъ ипIауэ лIыкъэ ар!
  • Гъуэгу щытехьэнум
  • пIащIэу пэплъэу,
  • Махуищу махуэр ибжт Чылар.
  •  
  • Щымыгъ къилъыхъуэуи хэтакъым:
  • Джэдыгур хуабэщ, хуабэщ лъейр.
  • Мэлыфэ пыIэр ихъуэжакъым —
  • Бащлъыкъ фIишыхьмэ,
  • Iуэхукъым уейр.
  •  
  • «Ахъшэшхуэ», жаIэ. Нэпсеигъэм
  • Срихужьауэ, пэжщ, къафIощI.
  • СылъэIэсамэ сщIа си гугъэм,
  • ЩIэстынт, сиIамэ, сом мин тIощI.
  •  
  • СыкIуэнщ, сыкIуэнщ, си гъуэгур
  • гугъуми!
  • Гугъуехь сыт хуэдэри сшэчынщ.
  • Лъэбакъуэ закъуэ фIэкI
  • нэхъ мыхъуми,
  • Сэ Iуащхьэмахуэ щыгу щысчынщ!
  • КЪАГЪЫРМЭС Борис, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.