Европэ псом къахэплъа адыгэлI
2019-07-20
- Илъэси 190-рэ ирокъу адыгэлI гъуэзэджэ Хьэшыр Чылар Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрынэсрэ. ЦIыхухэм ящыщу япэу а Iуэхугъуэр зыхузэфIэкIар аращ икIи абыкIэ и цIэр тхыдэм къыхинащ.
- Хьэшыр Чылар теухуа тхыгъэ куэд ди газетым иужь илъэсхэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къытохуэ. Ар Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу зэрыдэкIуеям ехьэлIа дэфтэр, гукъэкIыж, усэ, романым щыщ пычыгъуэхэр, нэгъуэщI тхыгъэ зыбжанэ «Адыгэ псалъэм» теддзащ, ди электрон къыдэкIыгъуэхэми хуэфэщэн увыпIэ щаIыгъщ. А Iуэху щхьэпэм дяпэкIи мызэ-мытIэу къытедгъэзэжыну ди мурадщ, илъэсипщI дэкIмэ щыIэну юбилеишхуэм дыхуэкIуэу.
- Ди газетым и нобэрей къыдэкIыгъуэм и 3-нэ, 6-нэ, 8-нэ напэкIуэцIхэри хухэтхащ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум: 1829 гъэм и мыпхуэдэ махуэхэм ящыщ зым Европэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм тету япэу щIым къеплъыхащ адыгэлI. Ар тщыгъупщэ мыхъун, дызэрыпэгэн, щIэблэм къахуэдгъэнэн хуей телъыджэщ.
- Хьэтау Ислъам.