ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Олимп чемпион Къаплъэн (КIыкIэ) Хьэмид

2013-11-16

  • Ипхъу Неджларэ и къуэ Аттилэрэ я гукъэкIыжхэм щыщщ
  • ХьэкIуцухэр
  •  ХьэкIуцухэр адыгэ     нэхъ лъэпкъыжьхэм ящыщщ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм, псыежэххэу Псы­фIапэрэ Ашэрэ я щIыIукIэ щылъ бгылъэ мэз тIуащIэм и хуабапIэхэм хуэзэрт абыхэм я псэупIэр. Щыпсэу щIы­пIэкIи, я бзэкIэ, я хьэл-щэнкIи шапсыгъхэм япэ­гъунэгъути, натхъуэджхэм ещхьу, хьэкIуцухэри шапсыгъхэм яхэзэрыхьыжащ. ШахэкIей, Хьэджэкъуэ къуа­жэхэм, ТIуапсэ, Агуей псыхъуэм и Iэгъуэблагъэм иджыри ущрихьэлIэнкIи хъунущ абыхэм ящыщ.
  • КъызэраIуэтэжымкIэ, зауэжь нэужьым илъэсиплI хуэдизкIэ зыми зыкърамыгъэлъагъуу, мафIэ ямы­щIу, щIакхъуэ ямыгъажьэу, мэз пхъэщхьэмыщхьэрэ къэкIыгъэрэ фIэкIа шхыныгъуэ ямыIэу, къуэкIий ныбэхэм зыщагъэпщкIуурэ псэуащ хьэкIуцухэр. Илъэ­сиплI дэкIа нэужь, апхуэдэ гъащIэр яхуэмыхьыжу, урыс генералым зратащ. Мэл-былым фIатхьэкъуам щыщу зыгуэрхэр къратыжащ, ауэ нэхъ псэукIафIэ щымыхъум: «Ди лъэпкъэ­гъухэм дакIэлъыIэпхъуэмэ нэхъыфIщ, псэумэ, дадэпсэунщ, лIэмэ, дадэлIэнщ», — жаIэри унафэ къащтащ. Арати, Тыркум цIыхуищ лIыкIуэу ягъакIуэ. Чорум къалэм хыхьэ Лачин къалэжьейм и къуажэу Ешилпынар дэс Хьэжэ Лъашэр къа­гъуэтри, я Iуэху зытетыр гурагъаIуэ. Абы Хьэмэмозю щIыпIэр къахуегъэлъагъуэ, щIым къыщыкIхэри къа­гурегъаIуэ, иригъэхъуэпсэн папщIэ. ЛIыкIуэхэм яз Нэ­гъэ­дыжьхэ я къуэм илъа­гъур игу дыхьакъым. Япэрауэ, шыр къагъэнауэ, шыд­хэм мэшэс. ЕтIуанэ­рауэ, я бжэ-щхьэгъубжэхэр гъэбыдауэ щIэсщ. Арщхьэ­кIэ и гъусэхэмрэ къэзыгъэ­кIуахэмрэ я гур яфIимыгъэ­кIуэдын папщIэ, зеущэху.
  • Апхуэдэ щIыкIэу 1884 гъэм, зауэжьыр зэриухрэ илъэс тIощI дэкIауэ, Хьэ­кIуцу къуажэм зеIэтри Тыркум мэIэпхъуэ. ЯпэщIыкIэ Йозгъат къалэм епха Язылыташ (хьэтхэм я псэу­пIэжьу щытауэ хуагъэфащэ) щохьэщIэ. ИтIанэ уна­гъуэ 60 хуэдиз Хьэмэмозю (ХьэкIуцухьэблэ) мэIэпхъуэ­ри, а къуажэр яухуэ. Иджы абы унагъуэхэу дэсщ Куэблы, Гугъэв, Хъурым, Лъэцэрыкъуэ, ЛIыху, Хьэхъу, Иныхъу, Сихъу, Щэумыз, нэгъуэщI лъэпкъхэми щыщхэр. ХьэкIуцу, натхъуэдж, шапсыгъ лъэпкъхэм пщы яIакъым, ауэ абазэхэхэм яIа пэтми, яукIыжауэ ягъэхъыбар. ЛIакъуэкIэ зэщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэр щыIэми, пщылI пщIэнтIэпс изыф уэркъ яхэтакъым, псори зэдэлажьэу щытащ. Хамэ щIыпIэ итIысхьахэм я унэцIэхэр куэдрэ зэрызэрамыхьам къыхэкIыу, щыуа­гъэншэу пхужымыIэным хуэкIуащ. Апхуэдэхэм язщ Къаплъэн Хьэмид и унэ­цIэри. Абы и анэр Гугъэвхэ я пхъурылъхункIи хъуну хуа­гъэфащэ, и адэкIэ — КIы­кIэхэ ящыщыгъащ.
  •  
  • *   *   *
  •  Пасэрей адыгэхэм я       цIыхубзхэр унэ кIуэ­цIым, пщIантIэм, я нэхъ жыжьэу — унэ бжэIупэ хадэм мыхъумэ, губгъуэм щагъэлажьэу щытакъым, бэзэр жыпIэмэ — яIэхха­къым. ПщэфIапIэм лъэм­бытI щIачэну цIыхухъухэм яфIэемыкIут, апхуэдэр и ныбжьэгъухэм щIэнэкIалъэ ящIырт.
  •  Шхыныгъуэ-гъуэмылапхъэхэр, къэлэжьын-къэхьыныр, былым фIэгъэжын-зэпкърыхыныр цIыхухъум и къалэнт. Ахэр хъумэныр, зехьэныр, пщэфIыныр, унагъуэр гъэшхэныр, Iы­гъыныр, хьэщIэм Iэнэ къыхуэщтэныр цIыхубзым и Iуэхут. Адыгэ унагъуэр сытым дежи хьэщIэ къыхуэ­кIуэным хуэхьэзыру щытын хуейт, жэщ-махуэ, гъэмахуэ-щIымахуэ имыIэу. Абы щхьэкIэ гъавэ, гъэш, лы гъэгъуа, адыгэ кхъуей, фIэIугъэ щыщIэ хъунутэ­къым. Къуажэдэс адыгэ унагъуэм и пщIантIэм мэл-былымрэ джэдкъазрэ щы­дэткIэ, тхъури шатэри, нышри джэдыкIэри яIэ хабзэт. Ахэр ущиIэкIэ, къыдыхьар гъэхьэщIэным сыт щыгъуи ухуэхьэзыру арат. Псалъэжьи щыIэщ Джэды­кIэм и удэн ирикъумэ, шууищэ дегъэкI жиIэу. Е ХьэщIэ къэкIуэнущ жыIи — гъэтIылъ, къэкIуакъым жыпIэу — умышхыж.      Иджыри апхуэдэу щытащэрэт! Адыгэ цIыхубзыр губгъуэми щымылIыщIэу, бэзэрми гугъу щемыхьу, и унагъуэ Iуэху зэрихьэжрэ и бын ипIыжу, цIыхухъум къилэжьыр псоми ярикъуу.
  • Урыс-Кавказ зауэр       щы­щIидзам щегъэжьауэ     адыгэ гъащIэр кIуэ пэтми нэхъ гугъу хъууэрэ къе­кIуэкIащ. Зауэм хэкIуэда адэм и пIэкIэ анэр губ­гъуэм ихьэн хуей хъуащ. Губ­гъуэм ихьэм и мызакъуэу, гъаблэм иримыгъэхьын папщIэ, зы щIакхъуэ уасэкIэ и быныр зыгъэшхэфын къулей гуэрым щрищэ къэхъурт. Зауэ мэхъаджэм ихьам кIэ­лъыкIуэдыжынкIэ гузэвэгъуэ хэхуа ибэ быным хэхэс гъащIэм къатрилъхьа хьэзабыр зыхуэдэр пхужы­Iэнукъым, къыпхуаIуатэкIи уи фIэщ пхуэмыщIыным хуэдэщ.
  • Мис апхуэдэ зы хэхэс  адыгэ унагъуэм къихъу­хьащ Тыркур зыгъэбжьы­фIа бэнакIуэ цIэрыIуэ щэ­джащэ Къаплъэн Хьэмиди.
  •  
  • Пелуаныр пелуану дунейм къытехьащ
  •  Ар псалъэ къудейкъым.       Пэж дыдэу, Къаплъэн Хьэмид пелуану къэхъури, япэрауэ, щIыуэпс гуащIэш­хуэ гущIэгъуншэм текIуащ, ар зы хъыбаруи тхыдэм къыхэнащ…
  • Тыркум икухэм хуозэ Амасие щIыналъэм хэт Хьэмэмозю/ХьэкIуцухьэблэ жы­хуаIэ жылэр. Адрей тырку жылагъуэхэм еплъытмэ, ику ит къалэ цIыкIуу е къуа­жэшхуэу убжын ХьэкIуцу­хьэблэр щхъуантIэ дахащэт.
  • 1934 гъэм и фокIадэ мазэт. Къуажэр тIууэ игуэшу ежэх псыIэрышэ цIыкIум и къуэдзэ нэхъей, зы лъагъуэ зэв цIыкIу къыбгъурытт, и нэпкъым унэ лъэбышэ цIыкIухэр Iуту. Абыхэм ящыщ зым и бжэ Iух макъ къэIури, унэм и гуащэ ФатIимэ сыт щыгъуи хуэдэу Iэсэу дэ­кIуеипIэм къызэрытехьар къалъэгъуащ. Ар тIэкIу «лъэрымыхьт», и гъунэгъухэр къыдэгушыIэу: «Ей, зэтIолъхуэныкъуэщ мыр, зэрупIынум егупсыс» къыж­раIэурэ. Езыр сыт къы­хуэхъуми арэзыт, и сабийр псэурэ узыншэмэ — арат и хъуэпсапIэр. Къуажэдэсхэм бжьыхьэ Iуэхухэр ямыухыпауэ, кIэртIофти джэшти жаIэу губгъуэм щыпэщащэхэрт, я нэхъыбэр цIыхубзу. ФатIимэ гуащи абыхэм яхыхьэну и мураду дэ­кIуеипIэм къехри, лъагъуэ цIыкIум теуващ, абазэхэхэр къэбэрдейхэм зэре­хъурджауэ щIыкIэу, и зы­гъазэ мазитIщ хужыпIэну. НэхъапэкIэ сабиитI зы­фIэкIуэдыжа ФатIимэ мыбэлэрыгъыу фIыуэ зыхуэ­сакъыжырт. «Сыт щыгъуэ къэхъуну пIэрэ? ЩIалэ? Хъыджэбз?» — а гупсысэхэм хэту губгъуэ хадэм нэсащ ФатIимэ. Дакъикъэ зыб­жанэкIэ фIэкIа гъуэгу тетатэкъым, ауэ жыг щхъуан­тIэхэм къаухъуреихьа псы­Iэ­рышэм зэрынэсу зигъэпсэхуну етIысэхащ. «Сежьэжынщи си Iуэху нэзгъэсынщ», — жиIэу зиIэтыну щыхуежьэм, уз гуащIэ гуэр зыхищIащ, зэи имыгъэунэхуауэ. Ипэрей сабиитIыр зэрыфIэкIуэдар щIыIэ-щIыIэу игу къэкIыжри, нэхъри гужьеящ, ауэ угуо­кIи узэхэзыхын щыIэ­тэкъым. Сыту игъуэджэу хуэза мыгъуэ! Дауэ иджы и сабийр зэрихъумэфынур? ИкIэщIыпIэкIэ къуажэм нэсыжын и мураду къэтэджыжыну къеIа щхьэкIэ, къы­зэфIэувэфын дэнэ къэна, нэхъеиж хъуащ. ФатIимэ адыгэ бзылъхугъэ лъэщт, фIырыфIкIэ къыхэщтыкIынутэкъым, ауэ мы зыгъуэгум зыхуэшыIэжакъым. Дауи, и сабийр къэсат, езыр губгъуэм илът, дэIэ­пы­къуэгъуи иIэтэкъым, и нанур губгъуэ хадэм, сабэм хилъхьэн фIэкIа…
  • ФатIимэ зы тэлайкIэ мэхащ. Ауэ анэм нэхъ къаруу­фIэ щыIэ! Куэд дэмыкIыу зыкъищIэжащ икIи гупсы­сапIэ хэхуащ: сабийр псэун папщIэ, и бынжэр пиуп­щIын хуейт, ауэ зэрыпиуп­щIын иIэкъым. Дунейм къытехьар, зэрыхуагъэфэщауэ, зэтIолъхуэны­къуэ­тэкъым, ауэ абыхэм уаримыгъэхъуэпсэну щIалэ пIащэт. ЗэрыпиупщIын щимыгъуэтым, сабийм и бынжэр кIапсэм хуэдэу зэри­дзащ. ЩIыIэм зэрыщихъумэн къудей иIэтэкъым, кIэпхын кIапэм фIэкIа. Сытэджынщи къуажэм сы­кIуэжынщ жиIэ щхьэкIэ, зыкъызэриIэтын къару хэлъыжтэкъым. Сытми, ерагъыу къызэфIэувэри къуажэм хуэкIуэ гъуэгум теуващ. Ауэ куэдри кIуэфа­къым — къыщызэфIэщIэм, и нэм хъарпшэру къиубыдащ къуажэмкIэ выгу гуэр къикIыу. Ауэ ар пэжрэ пщIыхьэпIэрэ зэхимыгъэкI щIыкIэ, аргуэру къэмэхащ.
  • ФатIимэ зыкъыщищIэ­жам и пIэм хэлъыжт. Бын­жэпыупщI Зейнэб гуащэр къыщхьэщыту къилъагъури къэгузэващ: нану ещанэри фIэкIуэдамэ-щэ? Фа­тIимэ зэрызищIымкIэ Зейнэб гуащэм къыгурыIуащ абы къыхудэмышейр.
  • — УфIщ, ФатIимэ, умыгузавэ! — къыжриIащ. Зейнэб тэлайкIэ къыщхьэщыувэри адыгэбзэкIэ къепсэлъащ, езыри и сабийри псэууэ къызэрелар къыгуригъэ­Iуащ. Абдежым ФатIимэ щи­гъуэта гуфIэгъуэр зэб­гъапщэ хъун дунейм тет къыщIэкIынтэкъым. И   къуэр щызриубыдылIэм, гугъуехьу зыхэта псори лъэлъэжат. КъызэрыщIэ­кIым­кIэ, къэмэхын и пэкIэ къилъэгъуа гур пщIыхьэпIэ­тэкъым — нахуапIэт. Я гъунэгъу дадэм цIыхубзри сабийри зыгуэрурэ гум ири­гъэзагъэри къишэжат. Зейнэб зэрыжиIэмкIэ, ФатIимэ бынжэр зэрызэридзам и фIагъышхуэ сабийм екIат. Мис апхуэдэу пелуаныр щIыуэпс гущIэгъуншэми, сабэми, бжьыхьэми яте­кIуэри, пелуан дыдэу дунейм къытехьат.
  •  
  • Адэм и хъуэпсапIэхэр
  •  Я къалэнхэр нэхъ тыншу зэрызэфIагъэкIын Iэмэпсымэ зэзымыгъэпэщыф къуажэдэсхэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр зрапхыр къэкIуэну махуэращ: «Мы гъэм къыдэхъу­лIакъым, ауэ етIанэгъэ, Тхьэм жиIэмэ…» Апхуэдэ гуращэхэм ящыщщ мыри: «Зы щIалэ жан къысхуэ­хъурэ къызгуэувэу, зэадэзэкъуэм сабэ дредгъэхьейуэ губгъуэр зэхэдвыхьащэрэт! Флъагъурэ мохэр, мо зэадэзэкъуэр зэрывэ-зэрысэр!» — къытхужаIэу. Апхуэдэт ФатIимэ и щхьэгъусэ Ахьмэди и хъуэпсапIэхэр. Хъы­барыфIыр щрагъащIэм занщIэу унэм къэсыжащ. ЩIэупщIэнущи — цIыхубз псалъэмакъыр иухыркъым. Ауэ анэм бгъэдэлъ сабийм и гъы макъ щызэхихым, нэхъыжь-нэхъыщIи, цIы­хубз-цIыхухъуи, хабзэ-емы­кIуи къыфIэмыIуэхужу щIэ­лъадэри, пэш утыкум къыщыхутащ. ЖиIэнур ищIэр­тэкъыми: «Сыт къэ­хъуар?» — жиIэри къыжьэдэхуащ.
  • — Сыт къэхъуар, жыпIа, Ахьмэд дадэ? Сыт къэб­гъэхъунур, гуфIапщIэ къыдэптын хуей хъуащ, мэшаллахь, зы щIалэшхуэ къыпхэхъуащ.
  • И бзэр иубыдащ.
  • — ЩIалэщ жыпIа? — жиIэ­фащ. Сабийм и щхьэм Iэ дилъащ, апхуэдэ саугъэт лъапIэ къезыта щхьэгъу-   сэ зыкъэзымыужьыжами лъэIэсащ.
  • Ахьмэд арэзы хъу щIы­кIэу къыщIэкIыжащ:
  • — ЩIалэ къысхуэхъуащ! ЩIалэ пIащэшхуэ!
  • Ар зэхэзых-зылъагъухэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэр­тэ­къым.
  • ЩIалэ цIыкIум фIэкIа Iуэху яIэжтэкъым зэры­къуажэу. Дунейм и къы­техьэкIар, къызэрелар, зэрыин-зэрыпIащэр, и адэм зэрызищIахэр… ЩIалэм и цIэр Хьэмидт, ауэ зэры­пIащэм щхьэкIэ зэреджэр Пелуант. «Пелуаныр къэ­кIуа­ти, Пелуаныр кIуэжа­ти, Пелуаным жиIати, ищIати…»
  • Ахьмэд езыр щапIар зы­хуей зыгъуэт унагъуэт, иджы дяпэкIэ щIалэм егупсысын хуейт. Пелуан, пел­уан жаIэ, езыми и жа­гъуэкъым ар зэрыкъаруу­фIэр, ауэ пелуан хъу нэхърэ иригъаджэмэ нэхъ къищтэнут. Уеджэнри ебгъэ­джэнри гугъущ иджы. Езым и гъусэу щIалэм зы Iуэху кIапэ иубыдми, Iейтэ­къым…
  • Пелуаным и гугъу ящIурэ, унагъуэм иджыри зы пщащэ къыщихъуэм, Хьэуа фIащащ. КъыкIэлъыкIуэ щIалэм — Ирфан, пщащэ нэхъыщIэм — Кадрие. Ап­хуэдэу нэрыбгих зэрыс унагъуэшхуэ хъуахэщ.
  • Пелуаныр цIыкIу щхьэ­кIэ, и адэм и дэIэпыкъуэ­гъуш­хуэт, зи ныбжь ири­къуа лIы мыкIуэмытэ нэхърэ нэхъы­фIу. Ауэрэ еджа­пIэ щIэтIыс­хьэ­гъуэр къэсри, Ахьмэд и къуэм и Iэпэр иубыдри абы ишащ. И бжэIупэм щынэсым къэу­вы­Iэри адэм и    къуэм жри­Iащ:
  • — Плъагъурэ, си щIалэ, мыр еджапIэщ. Мыбы ущеджэныр лъапIэщ, щып­хузэгъэщIэнури нэгъуэщI щIыпIэ щыбгъуэтынукъым. Ауэ зыщумыгъэгъупщэ: уэрэ сэрэ зы унагъуэ диIэщ. Уэ зыкъэпIэтащи, иджы дызэдэIэпыкъуурэ уи ани, уи къуэш-уи шыпхъухэри зыхуей хуэдгъэзэн хуейщ. Аращи, фIыуэ еджэ, къыб­жаIэу хъуар гъэзащIэ, ауэ еджэн зэрыбухыу унэм унэкIуэжу унагъуэ Iуэхухэ­ри пщIэн хуейщ.
  • — КъызгурыIуащ, си адэ. ЗыкIи умыгумэщI, сэ сыпэлъэщынущ еджэнми лэжьыгъэми. Си еджэни къэнэнукъым, IуэхукIи сыкъи­кIуэ­тынукъым.
  • Хьэмид а махуэм щыщIэ­дзауэ, хэт сыткIэ къыщыгугъыу зыкъыхуигъэзами, «хьэуэ, сщIэфынукъым» жриIэжакъым. ИгукIи апхуэдэт: цIыху гуэрым хузэ­фIэкIамэ, езыри пэлъэщыну къыфIэщIырт.
  • Апхуэдэ щIыкIэу Хьэмид еджапIэр къиухащ: пщэдджыжьым еджэу, къэкIуэ­жа нэужь и адэм дэIэ­пыкъуу, егъэджакIуэм къри­та унэ лэжьыгъэр пщыхьэщхьэм игъэзащIэу. ЩыхущIыхьэхэм деж кIуэу­рэ ар хэплъэрт къуажэ гъунэгъум щызэхашэ зэбэн зэпеуэхэм. НэгъуэщIу хъурэт, абы хэти къызэреджэр Пелуант. Зэбэнхэм щеплъкIэ, а утыкум ит бэнакIуэр езырауэ къызыщигъэхъурт, ауэ зэкIэ зыми ебэнатэкъым.
  • 1946 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м Хьэмид еджапIэр къиухырт. ЕджакIуэ фащэр иужь дыдэ зыщитIэгъэжри, и адэ-анэм яку дэту еджа­пIэм кIуащ.
  • «Тху» защIэкIэ къиухри, и щыхьэт тхылъри къратыжат Хьэмид, ауэ абы иджыри и нэ къыхуикIырт еджэным. Ар хуейт еджэу цIыхушхуэ хъуну, и адэ-анэр игъэтыншыну, и     къуэш нэхъыщIэмрэ и шыпхъухэмрэ иригъэджэну. Бэнэнри зыпищI щыIэтэ­къым. И адэм Хьэмид къалэм щригъэджэну фIэфIми, псори зэрызэдэмыхъунури гурыIуэгъуэт.
  •  
  • Убэнэну зэи уигу къэкIакъэ?
  •  Зы пщэдджыжь гуэрым  Хьэмид жьыуэ къэтэджщ, выхэр щIищIэри губгъуэм кIуэну ежьащ. ЗдэкIуэм нэмысу, бэнакIуэу щыта и къуажэгъу Хьайдар къыхуозэ, зыкъыхуегъазэ жумыIэнумэ.
  • — Дауэ ущыт, Пелуан, дэнэ уежьа? Губгъуэ хадэм укIуэу ара?
  • — СыфIщ, жьыщхьэ махуэ ухъу, нэхъыжь. НтIэ, хадэм сокIуэ.
  • — НакIуэ зэгъусэу ды­кIуэнщ, тIэкIуи дыуэршэрынщ.
  • Губгъуэм щынэсым, Хьайдар жиIащ:
  • — ПщIэрэ бжесIэнур? Уэ улъэщщ, ущIалэ хъарзынэщ. Убэнэну зэи уигу къэкIакъэ?
  • — КъэмыкIыу хъурэ? Си нэ къыхуокI, ауэ дауэ сызэрыбэнэнур? Абы Iуэху куэд пылъщ.
  • — НакIуэ, нобэ мо къуажэ гъунэгъум зэбэнышхуэ зэхашэри, абы ущыдгъэбэнэнщи деплъынщ.
  • — Дэгъуэщ, ауэ дауэ хъун? Хадэр дауэ къэзгъэнэн? Си адэм себгъэубэрэжьыну ара? Абы нэмыщI, бэнакIуэ фащи сиIэкъым. Дауэ утыкум сихьэн?
  • — Зыгуэр хъунщ а псори. Выхэр щIэтIыкIи накIуэ уэ.
  • — Уа нэхъыжь, уэлэхьи, си щхьэм бэлыхь къиплъхьэнум уэ. Ауэ апхуэдизкIэ си нэ къыхуокIри, «хьэуэ» схужыIэркъым.
  • — СощIэ, Хьэмид, зэрып­фIэфIыр, аращ апхуэдизу ущIыхэзгъэзыхьри. Иджыри къэс зэбэнхэм уеплъащ, уехъуэпсащ. Уи адэри къы­щIошхыдэн щыIэ­къым. НакIуэ!
  • Зэрызэрыгъэделэм щхьэ­кIэ тIури зэплъыжри ды­хьэшхащ. Абы къикIыр зэгурыIуауэ арат. Хьэмид выхэр щIитIыкIри, мэкъу­пIэ дэгъуэм хиутIыпщхьащ, итIанэ гур абдеж къыщыбгъанэ зэрымыхъунур игу къэкIыжри, щIалитIыр зэ­деIэри пабжьэм хагъэпщ­кIуащ. Гъуэгу здытетым, Хьэмид зэзэмызэ къызэп­лъэ­­кIыурэ Тхьэм елъэIурт выхэр мыкIуэдыну.
  • ЗдэкIуэм нэса нэужь,    «иджыпсту сыкъэкIуэ­жынщ» жиIэу IукIа Хьайдар бэнакIуэ фащэ иIы­гъыу къыIуохьэж.
  • — КIуэи зыхуапэ, уи цIэр бэнакIуэхэм хезгъэтхащ.
  • — Ар дэгъуэщ, шынэ­хъыжь, ауэ сэ мы гъуэншэ­джыр зэрапхэ къудейр сщIэркъым.
  • Хьайдар гъуэншэдж лъапэр и ныбжьэгъум хуипхэри къыжриIащ:
  • — Сэ си Iуэхур мыращ зэрыхъур, къэнар уэ уи Iуэхужщ. Гъуэгу махуэ!
  • Я ныбжькIэ, я инагъ-хьэлъагъкIэ нэхъ зэпэгъунэгъуурэ ятхат зэпрагъэуэну щIалэхэр. Пхъэидзэ ящIри, зэбэнынухэр къа­гъэнахуэ. Хьэмид и гуфIэ­гъуэти, и гур и бгъэм изэ­гъэжыртэкъым. Бэнэным апхуэдизкIэ итхьэкъуати, япэу кърагъэбэнар секунд зыбжанэм ириудащ. Хэт къыпэщIэхуэми хигъа­щIэрт. Ауэрэ иужь дыдэ зэбэныну щIалитIым язу къэнащ. Къэхъур къыгурымы­Iуэу Хьайдар деж жэри:
  • — Уа, нэхъыжь, сэ сыфIу ара хьэмэрэ къызэбэнхэр мыщIагъуэу ара? Хэт сепщэдэкъауэми, щхьэщэ къысхуищI нэхъей, си пащхьэм къотIысхьэ.
  • — Ахэри Iейкъым, къуэш, уэри уфIщ. Уэ фIэкIа Iуэху яIэжкъым. Мы зыми уте­кIуэжыфмэ, тырку лиритху (ар ахъшэшхуэт абы щы­гъуэ — Хъу. Ф.) къуатынущ.
  • Зэпеуэм и кIэухыу зэбэна щIалэри ириудащ, куэдрэ емылIалIэу. Псори зэщIэтэ­джауэ Iэгу къыхуеуэрт.
  • — Дауэ хъуа мыр, къуэш? — къыбгъэдэлъэдащ Хьэмид Хьайдар. — ПщIыхьэпIэм хуэ­дэщ мыр! Уэ бэнакIуэ цIэ­рыIуэ ухъунущ. Сэ сщIэрт псоми уазэрытекIуэнур!
  • Лиритхур къаIихщ, бэна­кIуэ гъуэншэдж хьэхур зейм иратыжри, зэныб­жьэгъухэр къуажэм къэ­кIуэ­жыну гъуэгу къытеувэжахэщ. ЗэратекIуами, ахъшэ къызэрихьами хуабжьу щыгуфIыкIырт, ауэ къэсыжын гъунэгъу щыхъум шы­нэ-пIейтей къихьэу щIи­дзащ и гум.
  • — ЗыгуэркIэ си адэр хадэм къэкIуауэ къыщIэкIмэ, кхъы­Iэ, къыздэIэпыкъу, си къуэш. Iуэхур къызэрыз­гъэнам, имыщIэу сызэры­кIуам щхьэ­кIэ сиубэрэжьынущ.
  • Хадэм къэсыжмэ, ущIэгу­зэвэн щыIэтэкъым, Тхьэми и лъэIухэр къыхуищIа къы­щIэкIынти, выхэри здиу­тIып­щам деж щыхъуа­кIуэрт.
  • Хьэмид выхэр къришэ­лIэжщ, щIищIэжри унэм къэкIуэжащ. Выхэр бом щIипхэри унэм щIыхьэ­жыну щежьэм, къызэтеу­выIэри и жыпым илъ лиритхур зэпиплъыхьащ. ЩIы­хьэж пэтрэ и адэр къоджэ:
  • — Хьэмид, къакIуэ мыдэ!
  • И гум илъ шынэр имы­гъэпщкIуфу щIыхьащ адэм и деж. Зэрыгубжьар на­хуэт. Псори игъэгушхуэу нобэ къигъэхъам и гугъу ищIыну зигъэхьэзыррэ пэт, «щIач» жиIэу и адэр къе­уащ, нэкIущхьэ сэмэгум мафIэ къридзу. Ар игъэ­щIэгъуэн имыухыурэ етIуа­нэ нэкIущхьэми удын къы­лъысащ. Хьэмид и нэхэр ирихьэхащ: и напэр узат, и жагъуи хъуат. Адэр Iэбэри абы и напэ едзыхар къыдригъэзеящ. ЕтIуанэу я нэхэр щызэтеплъызэм адэр дыхьэшхыпцIащ. Хьэмид къыгурыIуэркъым: «Мыр дауэ? Си нэпсыр къы­щIихуху сиубэрэжьу икIи къысщыдыхьэшхыжу?» Езыри хуэмышэчу къыхэ­ды­хьэшхыкIащ. Абы хэту и адэр Iэбэри ебэн хуэдэу Хьэмид зрилъэфэлIащ. Зэадэзэкъуэр IэплIэшхуэ зэхуа­щIауэ щыта нэужь, адэр щIэуп­щIащ:
  • — СыныщIоуар пщIэрэ?
  • — СощIэ, си адэ.
  • — Хьэуэ, пщIэркъым.
  • — Сыт, нтIэ?
  • — СыщIонапэфэуам щхьэу­­сыгъуитI иIэщ. Япэрейр узубэрэжьыну укъысщыгугъати, уи гугъэр нэпцIу къыщI­ремыкI жысIэри аращ. Ауэ нэхъ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу схуэмышэчаращи, дауэ къызэппэсыфа нобэ къэпхьа япэ текIуэныгъэм и гуфIэгъуэр къыздумыгуэшыныр? Мис аращ сы­къыщIэгубжьар.
  • — Уэ дэнэ къыщыпщIар?
  • — А си щIалэ махуэ! А уздэ­кIуа къуажэм ди жылэ щы­щи макIуэ. Абы нобэ къыщыхъуар ди къуажэ щыщ гуэрщ къызжезыIэжар. АпхуэдизкIэ сыгуфIат, си гуапэ хъуати, а гуфIэгъуэм сыхинынкIэ щхьэ хъуа жысIэри сызэгуэпат.
  • — Сэри сыхуейт, си адэ, узигъусатэмэ, ауэ дэнэ щысщIэнт, къысхуидэн­къым жысIэри бжесIэфа­къым.
  • Хьэмид къыщылъэтри и адэм IэплIэ хуищIащ. IэплIэ зэхуащIауэ, зэхуэгумэщIэ­жауэ, я нэплъэгъуэр бжэм щыхуэзэм, унэгуащэ ФатIи­ми къеплъу щытт, и къуэм и лIыфIыгъэ зэраIуатэм иригуфIэ-иригушхуэу.
  •  А махуэм щыщIэдзауэ Хьэмид къуажэ гъунэгъухэм щызэхашэ зэбэныгъуэхэм захимыгъэну захуигъэпсын щIидзащ. Куэд дэмыкIыу и къуэш-и шыпхъухэри къы­зэщIэтэджати, пелуан гъуэ­гуанэми ипэжыпIэкIэ те­хьащ.
  •  
  • Саугъэт
  •  Хьэмид къуажэ гъунэгъухэм щызэхашэ зэпеуэхэм псоми щытекIуэрт. Абы къыдэкIуэу, къигъахъэ лиритхухэми къахэхъуэ зэпытт. Ахэр зэхуихьэсри, япэрей Iуэхуу езыр зыхуэупсэжащ: бэнакIуэ гъуэншэдж иригъэдащ. Хуэмурэ ар Амасие-Чорум Iэгъуэбла­гъэм цIэрыIуэ щыхъуащ, Хьэмид зыхэмыт зэбэны­гъуэ зэхамышэжу. Ап­хуэ­дэ зэбэныгъуэхэм ящыщ зым и кIэм Iуэхур езыгъэкIуэкI тхьэмадэр къыбгъэдохьэ:
  • — Дауэ ущыт, Пелуан?
  • — Жьыщхьэ махуэ ухъу, Уэсмэн-агъа, сыфIщ, уэ дауэ ущыт?
  • — Сыноплъри, уи тхыцIэр щIым лъэIэсыркъым, афэрым, щIалэ! ЗыгуэркIэ зыныпхуэзгъэзэнущи, бдамэ дэгъуэ хъунут.
  • — Хъер ухъу, сыту пIэрэ ар?
  • — Нобэрей кIэух зэбэныр дагъэ зыщыфхуэу евгъэ­кIуэ­кIамэ арат сызыхуейр.
  • — Дауэ хъун, Уэсмэн-агъа, мыр IэплIэзэбэнщ, дагъэ хэткъым.
  • — IэплIэзэбэным дагъэ зэрыхэмытыр сощIэ! Ауэ кIэух зэбэныгъуэм уэ узэ­ры­текIуэнур армырами псоми ящIэри, щIэщыгъуэ хэтлъхьэну дыхуейуэ арат, кIэух зэбэныр дагъэзэбэн тщIыуэ.
  • Зыгъэхьэзырар
  • Хъуажь Фахърийщ.
  •  (КъыкIэлъыкIуэнущ)