ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псори и чэзум зэфIагъэкIынущ

2023-09-28

  • Тхьэмахуэ къэс екIуэкI «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр зэхишащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэмрэ къалэ округ- округхэмрэ я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Захуагъэмрэ пэжымрэ я гъуазэу

2023-09-28

  • Краснодар крайм хыхьэ Сочэ къалэм тхьэмахуэ блэкIам щекIуэкIащ «Урысейр зэрыщыту-2023» иджырей журналистикэмкIэ 27-нэ зэхуэс ин. Я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ, лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп мардэщIэхэмрэ еплъыкIэщIэхэмкIэ зэдэгуэшэну абы кърихьэлIат Урысей Федерацэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэщIиубыдэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэ 1000-м щIигъу. Форумым и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч я пашэу.

Псоми еджэн…

Ислъамым и нур

2023-09-28

  • Щэлэуатым къыдэкIуэ псапэхэр
  • Щэлэуат хъужыр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Алыхьталэм и фIыгъуэр къеуэлIэну узэрыхуэлъаIуэ псалъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, нэмэзым хэт Iэтэхьиятым и кIэм жаIэ хабзэ «Iэллахьуммэ, щэлли гьэла Мухьэммэдин…» псалъэхэри щэлэуатым и зы лIэужьыгъуэщ. Апхуэдэхэр куэд дыдэ мэхъу, кIыхьи кIэщIи яхэту. Ауэ шэч закъуи къытумыхьэу, уигу илъыпхъэр зыщ: щэлэуат нэхъыбэ къэпхьыху, уи дежкIэ нэхъыфIщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам Алыхьталэм и пащхьэм щиIэ увыпIэр апхуэдизкIэ лъагэщи, уеблэмэ ар зыгъэлъапIэ хъуэхъу къызыкIэлъымыкIуэ духьэм жэуап имыIэнкIэ шынагъуэщ.

Псоми еджэн…

«Ар зыхуадар сэрауэ щытми, Зэры-Кавказу яхуэхъуащ»

2023-09-28

  • МэшбащIэ Исхьэкъ мы и сатырхэр, нэгъуэщI псалъэ дахэ куэди зыхуатха Адыгэ фащэм и махуэр нобэ догъэлъапIэ. А фэилъхьэгъуэ телъыджэм кIуэ пэтми бжьыпэр зэриубыдыжым дэ псори щыхьэт дытехъуэфынущ.
  • Лъэпкъым и гуфIэгъуи гуауи дэзыгъэва, тхыдэ жыжьэм къыпхыкIа фащэ зиIэхэм, ар зыгъэлъапIэхэм кIуэ пэтми къахэхъуэ зэпытщ, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ а махуэм лэжьапIэ, еджапIэ кIуэ ныбжьыщIэ куэдым къалэ уэрамхэм уащрохьэлIэ. Сыту гухэхъуэ щIэблэм я гум, я псэм лъэпкъ гупсысэ къызэрыщыушыр плъагъуну!
  • Илъэс къэс а махуэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ дауэдапщэ, зэпеуэ, зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ. Адыгэ фащэм и тхыдэм, абы иIа, иджы игъуэта теплъэм, фащэм и мыхьэнэм теухуа дерсхэр еджапIэхэм щрагъэкIуэкI, фильмхэмрэ нэтынхэмрэ щагъэлъагъуэ.
  • И пкъым хуэфIыпс фащэ екIу иIэну щIэмыхъуэпсыр хэт?! КъызыгурыIуэм ещIэ адыгэ фащэр фэилъхьэгъуэ къудей мыхъуу, укъызыхэкIам хуэпщI пщIэм и щыхьэт гуэру зэрыщытыр. Ар лъэпкъым и гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъэ къызытещыж Iэужь нэсщ.
  • Адыгэ фащэр фIыуэ зылъагъу, ар щIэх-щIэхыурэ зи пкъым изылъхьэ адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ упщIэ зыбжанэкIэ захуэдгъэзащ фащэм езыхэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэм, ар щIыщатIагъэ щхьэусыгъуэм теухуауэ. Ди псэлъэгъухэм яхэтщ илъэс куэд щIауэ хуэсакъыу фащэ зезыхьэхэр, ар тыгъэ лъапIэ зыхуащIахэр.

Псоми еджэн…

Гъуэныбэ Iэуес и хъуэпсапIэхэр зыIэрегъэхьэ

2023-09-28

  • Сербием и къалащхьэ Белград къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм и 16 — 24-хэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщихьащ адыгэ щIалэ Гъуэныбэ Iэуес. Килограмм 82-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъ медалым щхьэкIэ ар ебэнащ дуней псом и чемпион цIэр зэзыхьэ, Тыркум щыщ Акбудак Бурхъан икIи зэIущIэм и бжыгъэр 6:3-уэ къыфIихьащ.

Псоми еджэн…

Гупхэр я лъэкIыныгъэкIэ  щызэпэIэщIэм деж

2023-09-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм зи чэзу зэIущIэхэр щекIуэкIащ, ауэ щIэщыгъуэу зыгуэр къэхъуауэ гу лъыттакъым — ипэ ит командитхум и лъабжьэ увыпIэм щытхэр тыншу, и нэхъыбапIэм бжыгъэшхуэкIэ зэрыхагъащIэщ. Псори я зэфIэкIкIэ нэхъ зэхуэдэу, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу, нэхъ зэрыхэгъэзыхьу джэгуамэ, зэхьэзэхуэр дэщIакIуэхэм я дежкIэ нэхъри гъэщIэгъуэн хъуну къыщIэкIынт, абыхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъунри хэлът.

Псоми еджэн…

КIущ Iэсият и ехъулIэныгъэ лъагэ

2023-09-26

  • Тхьэмахуэ блэкIам ди къэралым щекIуэкIащ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я урысейпсо зэпеуэм и иужьрей Iыхьэр. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэ Черкесск къалэм щызэхаша а зэхьэзэхуэм ирагъэблэгъащ УФ-м хыхьэ субъектхэм гъатхэм щекIуэкIа щIыналъэпсо Iыхьэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Къэралпсо утыкум зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуахэм ящыщащ ди лъахэгъу адыгэ бзылъхугъи. Ар Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу жылэм дэт курыт школ №3-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ КIущ Iэсиятщ.

Псоми еджэн…

Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

2023-09-26

  • Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэмэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсысэмрэ дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ.

Псоми еджэн…

Бзэм хэт псалъэ нэхъыжьхэм я къежьапIэр

2023-09-26

  • «ЩIы Уэ Псы Бзэ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Токъмакъ Айдын адыгэбзэм и зэпкърылъыкIэр едж. Ар щыхьэт тохъуэ псалъэр зэрызэпкърылъ пычыгъуэ къэс мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъым, а мыхьэнэри бзэм зиубзыхун щыщIидза мывэ лъэхъэнэм къызэрыщежьэжам.

Псоми еджэн…

ЩIакхъуэм хуэфащэ пщIэ хуэтщIрэ?

2023-09-26

  • ЩIым телэжьыхь цIыхур зэгъэзэхуэным нэхъ хуэIэзэу, хуэIэкIуэлъакIуэу, нэхъ жыжьэ кIуэцIрыплъыфу игъащIэми щытщ.

Псоми еджэн…

Есэпымрэ ар езыгъэджхэмрэ

2023-09-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и «ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ центр» (ЦНППМ) къэрал IуэхущIапIэм и егъэджэныгъэ-методикэ советым и унафэкIэ, иджыблагъэ дунейм къытехьащ «О математиках, математике и её преподавании и в шутку и всерьёз» зи фIэщыгъэ япэ къыдэкIыгъуэр. Ар Мамхэгъ Астемыр зэхигъэуващ.

Псоми еджэн…

УзыIэпызышэ зэхэшэ

2023-09-26

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Гум и макъ» цIэр зезыхьэ клубым хэтхэм «Хэкум и жьыху» зыфIаща зэхуэсыр ирырагъэхьэлIащ Адыгэхэм я махуэм. ШколакIуэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр зыхэта зэIущIэр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари а къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэщ.

Псоми еджэн…

Чемпионыр кърагъэблэгъэж

2023-09-26

  • Налшык и кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм деж Iэтауэ иджыблагъэ къыщрагъэблэгъэжащ Сербием бэнэкIэ хуитымкIэ щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым дыщэ медаль къыщызыхьа Мусукаев Исмэхьил.

Псоми еджэн…

ЦIыкIураш

2023-09-26

  • Мультфильмхэр дауэ къэунэхуа?
  • ЦIыкIухэ, дощIэ — фэ мультфильмхэм феплъын ффIэфIщ. Абыхэм фыгупсысэфу, Iеймрэ фIымрэ зэхэвгъэкIрэ фIым фрителъхьэу, гуапагъэ фи гум илъу фагъасэ. Языныкъуэхэм фагъэдыхьэшх, яхэтщ мащIэу фызыгъэнэщхъеи.

Псоми еджэн…

БгъэдыхьэкIэщIэхэр къагъэсэбэпынущ

2023-09-23

  • Налшык щызэхэтащ КъБР-м Наркотикхэм пэщIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэм я зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…