|
2021-02-20

- Хэкурыс адыгэмрэ хэхэс адыгэмрэ зэпызыщIэ унагъуэщIэ къэунэхуащ. Тыркум къыщыхъуа адыгэ щIалэ Щоджэн Нэжэтрэ Хэкум къыщалъхуа Алътуд Маринэрэ. Хабзэ зыщIэ, бзэр зыIурылъ, адыгэгу зиIэ цIыху гуапитIым гугъэ уагъэщI лъэпкъым лъэ быдэкIэ къыхэувэн унагъуэ хъуну! УнагъуэщIэр Тыркум, Истамбыл щопсэу. Хэкум щызэтеува адыгагъэмрэ хэхэс адыгэхэм Хэкужьым зэгуэр здраха хабзэжьымрэ зэбгъэдэкIуатэмэ, дахэ къищIыкIынущ. Тхьэм махуэ ищI!
2021-02-20
- ДжэдыкIэр ирагъэвыкI, цIыкIу-цIыкIуу яупщIатэ, хъурейуэ упщIэта бжьын цIынэ, шыгъу щабэ, шыбжий сыр, бурш, джэдгын, шатэ халъхьэри, джэдыкIэр ямыпIытIын щхьэкIэ хуэсакъыурэ зэIащIэ. ИтIанэ пщагъэ зыхэлъ тхьэвыр пIащIэу яху, далъхьэнур тралъхьэ. Тхьэв кIапэр хъурейуи, плIимэуи, мазэ ныкъуэм ещхьуи зэтебгъапщIэ хъунущ. Тхъу зыщыхуа тебэм зэтегъэпщIапIэр къыдэгъэзеяуэ иралъхьэри, хьэзыр хъуху, дакъикъэ 18 — 20-кIэ, хьэкулъэкIэ ягъажьэ.
Псоми еджэн…
2021-02-20
- Уи Iэгу икIыр псапэщи, уи жып илъыр сабэщ.
- ПIэхэнэу къэнам гъащIэр и мыгъуэщи, ажалым къелам и щIэщыгъуэщ.
- Щхьэж ди дуней тетыкIэр гъуазэщи, цIыхум я къытхущытыкIэр ди дуней тетыкIэм зэрыщыгъуазэщ.
- Тхьэвыр къыщагъэтэджынум халъхьэ хабзэщ кIытэ. Бын гъэса къэбгъэтэджынумэ, хабзэм щIыгъу укIытэ.
Псоми еджэн…
2021-02-20
 Урысей Армэмрэ Флотымрэ зыщыгугъ ныбжьыщIэхэр Утыку Плъыжьым итщ. Мэзкуу, 2020 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 24
2021-02-20

- ЕкIуэкIыу: 5. Удз дэжей лъэпкъыгъуэ. 7. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэ ин, псылъэ. 10. Мэжджытым хэт … джапIэ. 11. Ди республикэм и гъунапкъэм щыIэ къуажэ. 12. НапIэзыпIэ. 13. Шым и щхьэц. 14. МахуэцIэ. 15. ФадэмкIэ ебгъэлеймэ, апхуэдэу уохъу. 19. Тэрч районым хиубыдэ къуажэ цIыкIу. 20. Цы плъыжьыфэ куэду зытет, хущхъуэгъуэу къагъэсэбэп къэкIыгъэ. 22. Танкым ит Iэщэ.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правительствэм и Унэм мазаем и 16-м щаIущIащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт, Урысейм и ЛIыхъужь Карелин Александррэ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаилрэ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт, Урысейм и ЛIыхъужь Карелин Александр, Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаил сымэ Шэджэм къалэм дэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым мазаем и 16-м щаIущIащ классикэ бэнэкIэ лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэ ныбжьыщIэхэм.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэхэм 2021 гъэм къриубыдэу къыщызэIуахыну я мурадщ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центру хы.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
- «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ — гъатхэпэм (мартым) къыщыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
- Мази 4-м «Адыгэпсалъэ» газетым и уасэр сом 486-рэщ.
2021-02-18
- Совет зауэлIхэр къызэрырашыжрэ илъэс 32-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Афганистаным щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым и деж пэкIу щекIуэкIащ. Дунейр зэрыщIыIэм щхьэкIэ къэмынэу абы цIыху куэд къекIуэлIат.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- «КIуэрыкIуэ сурэт джэгу» — аращ зэреджэр мы махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкI сурэт гъэлъэгъуэныгъэм. Абы и утыкум кърахьэнущ иужьрей илъэс тIощIырыпщIым сурэт щIыным къыщыунэхуа унэтIыныгъэщIэхэм тету лажьэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- 2021 гъэм мазаем и 14-м дунейм ехыжащ Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ Следственнэ управленэ нэхъыщхьэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэхэгъэкIынымкIэ и управленэм и унафэщI, юстицэм и генерал-майор Тхьэкъуахъуэ Мурат Альберт и къуэр.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- ЦIыхур къыщалъхуамрэ щылIэж махуэмрэ зэпэблагъэщ жаIэ. ГъащIэр абы куэдрэ щыхьэт тохъуэ. Мы гъэм и щIышылэ мазэм и пэщIэдзэм дунейм ехыжащ сабий хирург, эндоскопист цIэрыIуэ Елъчэпар Хьэсэн БетIал и къуэр. Мазаем и 15-м абы и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъунут. Къахузэпищакъым Тхьэшхуэм а илъэс бжыгъэ дахэр унагъуэм, благъэ-Iыхьлыхэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм зэдагъэлъэпIэну… Ауэ псэ хьэлэлу, IэщIэгъэлI нэсу, цIыху гуапэу дунейм тета лIым теухуа гукъэкIыж дахэхэр ар зыцIыхуу щыта дэтхэнэми, абы и дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу зыхуэзыгъэза дэтхэнэми и гъащIэм къыхэнащ икIи а дохутыр телъыджэр абыхэм куэдрэ фIыкIэ ягу къагъэкIыжынущ.
Псоми еджэн…
2021-02-18
- Iуэху щхьэпэм пащэ
-
- Шэрэдж щIыналъэм щыпащэ Гам-Ковид-Вак (Спутник-V) вакцинэр цIыхум ехьэлIэным теухуа Iуэхугъуэхэм.
Псоми еджэн…
2021-02-18
 Налшык щохьэщIэ урыс къэзакъ тхакIуэ цIэрыIуэ Закруткин Виталий. Абы йодаIуэ бысымхэр — КIыщокъуэ Алимрэ Гуртуев Бертрэ. 1963 гъэ
|