Германием щыпсэу адыгэхэм я зэхыхьэ
2019-05-07
- Германием щыпсэу адыгэхэр илъэскIэ зыпэплъэ Iуэхур Iэтауэ щекIуэкIащ Берлин пэблагъэ Рулсдорф-Мариенвердер зыгъэпсэхупIэ цIыкIум. Мэлыжьы- хьым и 19-м щыщIэдзауэ 22 хъуху абы щекIуэкIащ Адыгэ щэнхабзэм и 11-нэ дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэм хэтащ нэмыцэ къэралым и къалэхэм къищынэмыщIауэ, Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие, Швецие, Урысей, нэгъуэщIхэми къикIа ди лъэпкъэгъухэр.
Ар езыгъэкIуэкIыну Хасэр пхъэидзэкIэ илъэс къэс къыхахыу арати, мы гъэм зи пщэ къыдэхуар Берлин Адыгэ Хасэращ, абы и тхьэмадэр Къумыкъу Уэхьбийщ. Хабзэ зэрыхъуам тету, фестивалым ирагъэблэгъащ хэкум щыщ артистхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр. Налшык щыщ уэрэджыIакIуэхэу «Бзэрабзэ» гупым хэт щIалэхэр, ДыщэкI ФатIимэ, Цышэ Зарэ (Мейкъуапэ) я макъ дахэм Iуэхур нэхъри иIэтащ, адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ ТIэш Светланэ жыджэру интернетымкIэ зэбгригъэхащ дауэдапщэм и екIуэкIыкIэр.
- Хуабжьу нэгузыужьу, гукъинэжу къызэрагъэпэщат а махуэхэр. ЩIалэгъуали нэхъыжьыIуи, уеблэмэ унагъуэкIэрэ щызэхуэса фестивалым лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа фэилъхьэгъуэхэр зыд IэпэIэсэхэм я хьэпшыпхэр щагъэлъэгъуащ, адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм теухуа лекцэхэм къыщеджащ, дерс гъэщIэгъуэн-хэр щатащ, телевиденэ нэтынхэр щагъэлъэгъуащ, адыгэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щащащ, адыгэ матэ кхъуей нэгъунэ Iэнэм телъащ, езы щIалэгъуалэр замыгъэнщIыжу адыгэбзэкIэ зэпсалъэу зэхэсащ.
- Ахэр псори Iуэху щхьэпэщ европейхэм яхэс ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ я лъэпкъ зэхэщIыкIыр хъума хъунымкIэ, адыгэр адыгэу къызэтенэнымкIэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Адыгэ щэнхабзэм и 10-нэ дунейпсо фестивалыр Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ, Бремен Хасэм и унафэщI ДыщэкI Эртан нэгъабэ къызэригъэпэщауэ щытащ, абы щрагъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэри.
- НэщIэпыджэ Замирэ.