Нобэ
2017-05-18
- Музейхэм я дунейпсо махуэщ. Музейхэм я дунейпсо советым и конференцэм 1977 гъэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ.
- УФ-м и Балтие флотым и махуэщ
- Урысейм щагъэлъапIэ Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр
- 1268 гъэм мысыр мамлюкхэм Антиохиер яубыдащ.
- 1764 гъэм Петербург къыщызэIуахащ Урысейм и япэ цIыхубз еджапIэр (Смольнэ институтыр).
- 1804 гъэм Наполеон Франджым и императору ягъэуващ.
- 1925 гъэм Адыгэ Республикэм и лъэпкъ музейр къызэIуахащ.
- 1958 гъэм Канны къалэм щекIуэкI 11-нэ кинофестивалым «Дыщэ пальмэ къудамэ» саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ СССР-м щытраха «Летят журавли» фильмым.
- 2005 гъэм Москва и ЦСКА футбол командэм УЕФА-м и Кубокыр къихьащ.
- УсакIуэ цIэрыIуэ, астроном, философ Хайям Омар къызэралъхурэ илъэс 969-рэ ирокъу.
- Урысейм и иужьрей пащтыхь, къэрал унафэр илъэс 23-кIэ зыIэщIэлъа, Романовхэ ящыщ Николай ЕтIуанэр къызэралъхурэ илъэси 149-рэ ирокъу.
- УэрэджыIакIуэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Баяновэ Аллэ (и унэцIэ дыдэр Левицкэщ) къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу.
- Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ХъуэкIуэн Хьэзрэталий и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъМУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном ХьэщIэлI Руслан и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщы-тынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 18, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ.