Щхьэлыкъуэпсыр блэж къудейкъым
2023-01-31
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим ягу къыщагъэкIыж пэкIу вэсэмахуэ щекIуэкIащ усакIуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж. Абы кърихьэлIат жылагъуэ, политикэ Iуэхузехьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэм щыщхэр, усакIуэм и творчествэм дихьэххэр, ар зыцIыхуу щытахэр.
КIыщокъуэр дунейм щехыжа махуэм, щIышылэм и 29-м, ирагъэхьэлIа фэеплъ пэкIур къыщызэIуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ Алим и творчествэм дихьэххэм гъэ къэс къахэхъуэ зэпыту зэрыщытыр. Абы и щыхьэту, школакIуэ цIыкIухэр, ныбжьыщIэхэр усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм къеджащ.
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Созаев Ахъмэт и гугъу ищIащ 1981 гъэм къыдэкIа, Къайсын Кулиевым и иужьрей тхылъым ихуа, КIыщокъуэ Алим теухуа усэм. Абы Кулиевыр КIыщокъуэм щеупщIырт — «Уэ пщIэжрэ, Алим, уи анэм деж Щхьэлыкъуэ дыкIуауэ зэрыщытар?! Сэ ар зэи сщыгъупщэжынукъым! Сщыгъупщэжынукъым, уи анэр си анэ хуэдэу си Iэм къызэредэхэщIауэ щытар. Уи анэм къызжиIат, сыту фIыт, уэрэ Алимрэ фызэрызэныбжьэгъур. Уи анэр псэужауэ щытамэ, ардыдэрт абыи жиIэнур — апхуэдэу къызжиIат. Сысымаджэу, мыпхуэдэ щытыкIэ ситми, сэ ар зэи сщыгъупщэркъым», — итхыгъат Къайсын.
- Созаевым и псалъэм и кIэухыу, КIыщокъуэ Алим хуиуса усэм къеджащ.
- — Нэгъабэ Кулиев Къайсын и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ, абы теухуа тхыгъэхэр щIэспщытыкIыжу, сэ сыIууауэ щытащ мыпхуэдэ зы гукъэкIыж. Зауэ IэнатIэм Iуту, Къайсын уIэгъэ хъуауэ, Кулиевыр КIыщокъуэм псэзэпылъхьэпIэм кърихат. Алими а щIыпIэм зэрымыщIэкIэ щызауэу къыщIэкIат. Ар къыщыхъуар 1942 гъэм Сталинград фронтым Iутут.
- А тIур зэрызэрыцIыхурэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. 1944 гъэм Донбассым щызауэхэу, Къайсын и анэм къыхуитха тхыгъэр къыIэрыхьат. Ар псом япэу зригъэлъэгъуари иригъэджари Алимт. Къэзахъстаным къикIа тхыгъэр Кулиевым дежкIэ хъыбар гуауэт. Ар нэсу зыхэзыщIэу балъкъэр усакIуэм къыдэзыгъэвар Алимт. Абы щыгъуэм КIыщокъуэм и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 30-т, Кулиевыр — илъэс 27-рэт. Къайсын зэрыжиIэжамкIэ, и анэм къыхуитха письмом иужькIэ, абы щыгъуэм а тIур кърым кхъэжь гуэрым и гъунэгъуу щетIысэххэри, я гур тIысыху нэпс щыщIагъэкIауэ щытат. Мис абыхэм щыгъуэ къыщежьат КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ я зэныбжьэгъугъэр икIи псэухукIэ, а тIур зэхуэпэжащ, — къыхигъэщащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Котляровэ Марие.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ КIыщокъуэ Алим хуэдэ цIыхухэм ди гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщаубыдыр, КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ я зэхуакум дэлъа зэкъуэшыгъэр лъэпкъхэмкIэ щапхъэу щытын зэрыхуейр.
- — Дэ зэи тщыгъупщэнкъым Алим Къайсын сыт щыгъуи къыщхьэщыжу, Езы Къайсыни Алим щытыкIэ гугъу гуэрхэм щрагъэувам, и ныбжьэгъум и телъхьэ хъуауэ зэрыщытар. КIыщокъуэ Алим усакIуэу, тхакIуэу, абы нэмыщIыжкIи, къулыкъу лъагэ зэхуэмыдэхэр иIыгъыу зэрыщытами имызакъуэу, лъэужь дахи къытхуигъэнащ — къытхуигъэнащ нэгъуэщI лъэпкъхэм яхудиIэн хуей хуабагъэм, къуэшыгъэм теухуа Iущыгъэхэр. Дэ ар зэи тщыгъупщэнкъым, — жиIащ Сэхъурокъуэм.
- — КIыщокъуэ Алим нобэ къытхэмытыжми, а цIыху щэджащэм и дуней тетыкIам, и творчествэм, бгъэдэлъа хуабагъэм, гу къабзагъэм дэ нобэ дызэхуишэсащ. Сэ Алим ипхъу нэхъыжь Татьянэ телевиденэм сыщыдэлэжьащ. Ар режиссёр Iэзэт, сэ редактору сылажьэрт. Татьянэ зи IэщIагъэм хуэIэижь цIыхуу зыкъигъэлъэгъуат. Алим абы щыгъуэм фIэлIыкI зиIэ къэрал лэжьакIуэт. Ар усакIуэ, тхакIуэ къудейтэкъым, атIэ икIи публицист Iэзэт. Абы и щыхьэтт «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» автобиографическэ роман цIэрыIуэр, – къыхигъэщащ усакIуэ, журналист Моттаевэ Светланэ.
- Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гъут Iэдэм тепсэлъыхьащ Алим адыгэ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэуэ иIам.
- — КIыщокъуэ Алим къызыхэкIа лъэпкъыр зыIэтыф цIыху щыпкъэу щытащ икIи и IуэхущIафэр мыкIуэдыжынщ. Дэри абы къигъэна лъэужьым дрикIуэфыну Алыхьым къытхузэпищэ, — къыхигъэщащ щIэныгъэлIым.
- — Творчествэ и лъэныкъуэкIэ КIыщокъуэ Алим куэд хузэфIэкIащ. Къулыкъу зэхуэмыдэхэри иIыгъащ. Ауэ, а псом нэмыщIауи, абы хэлъа цIыхугъэмкIэ, хьэл-щэн дахэмкIэ ди лъэпкъыр зищIысыр дуней псом къыщригъэцIыхуауэ щытащ. КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ я зэныбжьэгъугъэр ди лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэм и лъабжьэу уващ жыпIэмэ ущыуэнукъым, — къыхигъэщащ Уэдыжь Хьэсанш.
- — Зэманыр апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, улъэщIыхьэркъым. КIыщокъуэ Алим и Щхьэлыкъуэпсыр блэж къудейуэ къанэркъым. Абы махуэ къэс къытхуехь псы къабзэ, акъылрэ гупсысэрэ хэлъу. Дэ къытхуэнэжыр зыщ, а псы къабзэмкIэ зыттхьэщIынырщ, Абы хуэфэщэн тхьэм дищI, – жиIащ зэхуэсым и кIэухым Къумахуэ Мухьэдин.
- ЗэIущIэ нэужьым КIыщокъуэ Алим и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. абы иужькIэ къызэхуэсахэр КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я фэеплъу Шэджэм къалэм дэтым дежи пэкIу щрагъэкIуэкIащ. АдэкIэ Алим и фэеплъ музей а къалэм къыщызэIуахащ.
- НАФIЭДЗ Мухьэмэд.