ЛэжьакIуэ гуащIафIэт, цIыху фIэрафIэт
2023-01-31
- ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым уигу къэмыкIыжу къанэркъым дяпэ ита нэхъыжьыфIхэр, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм зи зэфIэкIрэ къарурэ езыхьэлIа IэщIагъэлI щыпкъэхэр. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школхэм щезыгъэджхэм ящыщ куэдым фIыуэ яцIыхуу, пщIэ хуащIу щытащ си тхыгъэр зытехуар. Ар егъэджакIуэхэм я егъэджакIуэжу, методист Iэзэу, цIыху хьэлэмэту, щыпкъэу, педагог IэкIуэлъакIуэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу дунейм тета КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий Мусэ и къуэращ (1930 — 2008).
- Iуэхугъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ къигъэщIащ КъуэщIысокъуэм. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1930 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м къыщалъхуащ. Ар зыхалъхуари зыхапIыкIари адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэфIщ. И ныбжьыр илъэс 13-м иту, Хэку зауэшхуэм и зэманым, я къуажэм лэжьэн щыщIидзащ, гугъуехь куэди игъэунэхуащ.
- Я къуажэ курыт еджапIэр нэхъыфIхэм ящыщу къиуха нэужь, Нурхьэлий щIэтIысхьащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэта еджапIэ нэхъыщхьэм икIи ехъулIэныгъэ иIэу еджащ, фIыуэ илъагъу IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. 1951 гъэм ар уващ «Къэбэрдей пэж» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым, иужькIэ Куба районым къыщыдэкIыу щыта «ГъащIэщIэ» район газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ. КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий езэши щхьэхи имыщIэу, Iуэхур Iэпэдэгъэлэл имыщIу и IэнатIэм пэрытащ.
- 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэм нэсыху ар лэжьащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кабинетым и унафэщIу икIи а IэнатIэм наIуэ щыхъуащ псом хуэмыдэу педагог лэжьыгъэм зэрыхуэIэзэр. КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий куэд хищIыхьащ республикэм и школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрыщрагъэджыр егъэфIэкIуэным. Емызэшыжу зыбгъэдэт Iуэхум зэрелэжьам и фIыщIэкIэ абы хузэфIэкIащ КъБР-м и курыт школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щегъэджыным ехьэлIа тхыгъэ хьэлэмэт куэд къыдигъэкIын. Абыхэм я лъабжьэт методикэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу иригъэкIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм къарикIуахэр. IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэм хузэфIэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэраджын программэхэр гъэтэмэмын, оценкэ гъэувыкIэхэм я мардэхэр убзыхун, адыгэбзэмкIэ нэрылъагъу таблицэхэр, методикэ чэнджэщхэр зэрыт тхылъхэр къыдэгъэкIын, нэгъуэщIхэри.
- Институтым щыщыIа зэманым Нурхьэлий сытым щыгъуи хущIэкъуащ и лэжьыгъэр нэхъыфIу къызэригъэпэщыну, ар щIэщыгъуэ ищIыну. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, я зэхэщIыкIым нэхъри зегъэужьыным хуэгъэпса курсхэр къыщызэригъэпэщкIэ, ахэр нэхъ зы- хуей-зыхуэныкъуэхэм IэкIуэлъакIуэу тепсэлъыхьыфын щIэныгъэлIхэр къригъэблагъэрти, лекцэ къахуригъаджэрт. Апхуэдэу Нурхьэлий курсым къекIуалIэхэр щIыгъуу куэдрэ кIуэрт курыт школхэм, абыхэм анэдэлъхубзэр зэрыщрагъэджыр къипщытэу, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэхэм щыгъуазэ зыхуищIу. Методистхэм ящыщу апхуэдэу гугъу зезыгъэхьу щытар Нурхьэлий и закъуэщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм IэмалыфIхэр къуитырт лэжьыгъэр зэрызэтеублам щIыпIэм, школым, дерс хэхам ущыкIэлъыплъыну. Дерс зэIухахэр зыт, классщIыб лэжьыгъэхэр а махуэм зыгъэлъагъуэ егъэджакIуэхэм лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, чэнджэщ щхьэпэхэр иратырт, ныбжьыщIэхэри ягъэгушхуэрт, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм папщIэ псалъэ дахэ хужаIэурэ.
- Къалащхьэм къикIа методист Iэзэм, цIэрыIуэм и псалъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэт, адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школхэм щезыгъэджхэм я пщIэр къыщыIэтынымкIэ. Сэ си щхьэкIэ си нэгу щIэкIауэ щытащ апхуэдэ Iуэхугъуэ. Газетым сыIукIыжауэ, псэупIэ тхуэхъуа Къэхъун жылэм дэт курыт школым адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щезгъэджу сыувагъащIэу, КъуэщIысокъуэм курсхэм сриджауэ щытащ. Куэд дэмыкIыу абы хъыбар сигъэщIащ си лэжьыгъэм кIэлъыплъыну школым къызэрыкIуэнумкIэ. Апхуэдэуи хъуащ: гъатхэпэ мазэм и махуэхэм ящыщ зым ди школым къеблэгъауэ щытащ КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий зи пашэ гупышхуэ. ЕгъэджакIуэхэм нэмыщI абы хэтт методист, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Джаурджий Хьэтыкъэ, Ержыб Аслъэн сымэ. Школым адыгэбзэр щезыгъэджхэм хъарзынэу зыхуэдгъэхьэзырат Iуэхум: бзэмкIи литературэмкIи дерс купщIафIэхэр едгъэкIуэкIат, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 50 щрикъу илъэсти, къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуа классщIыб лэжьыгъэ хъарзыни хэту. ЖыпIэнурамэ, къэпщытакIуэ, кIэлъыплъакIуэ гупым гунэс ящыхъуат школым адыгэбзэр щезыгъэджхэу Жэмборэ Iэуес, Гъащтэ Анетэ, сэ утыку къитхьа лэжьыгъэр. 9-нэ разряд сиIэу IэнатIэм пэрыувагъащIэ сэ куэд дэмыкIыу 12-нэр къысхуагъэфэщауэ щытащ. Школ унафэщIым зэрыжиIамкIэ, абыкIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIауэ щытар КъуэщIысокъуэ Нурхьэлийт. Нэхъ иужьыIуэкIэ КъуэщIысокъуэм къысхуигъэлъэгъуауэ щытащ институтым езым и къуэдзэу, и дэIэпыкъуэгъуу сишэну, арщхьэкIэ си IэнатIэр, сызыхэт гуп узыншэр сигу пыкIауэ щытакъым.
- Гъэсэныгъэ тэмэмрэ хьэл-щэн дахэрэ зыхэлъа, зи лэжьыгъэм хьэ- лэлу бгъэдэта, хабзэ дахэрэ нэмыс лъагэрэ зыхэлъа цIыху псэ хьэлэлт КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий. Ар и IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэт, и щIэныгъэм игъэгушхуэрт. Лъэныкъуэ куэдкIэ щапхъэ зытепх хъун цIыху щэджащэм зэхэщIыкI лъагэ иIэт, цIыху хэтыкIи ищIэрт. ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ папщIэ фIыщIэ ин зэрыбгъэдэлъам, егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным лэжьыгъэшхуэ зэрыхищIыхьам папщIэ, КъуэщIысокъуэм хуэфащэу къыфIащащ «КъБАССР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр, РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ я ЩIыхь тхылъхэр къратащ.
- Нурхьэлий и гъащIэ купщIафIэм теуха фэеплъ усэ гуапэ итхауэ щытащ къалащхьэм дэт курыт школ №31-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къардэн Венерэ, «Адыгэпсэ» фIэщыгъэр иIэу. Мис абы щыщ сатырхэр:
- Адыгагъэр, ныбжьэгъугъэр
- Псом нэхъапэу илъытащ,
- ЩIэблэм бзэр ягъэбзэрабзэу
- Яхъумэным щIэхъуэпсащ.
- Адыгэбзэм и жыг тхьэмпэ
- Пымыхуным хущIэкъуащ,
- Адыгэпсэ мыгъэкIуэду
- Псоми ди гум ар къинащ.
- Бэлэрыгъыу яхуимыдэу
- Бзэ хъумакIуэм яхэтащ,
- «КъуэщIысокъуэр» жригъэIэу
- Илъэс плIыщIым щIигъу лэжьащ.
- … Адыгэбзэр къэIэтыным
- Ар ерыщу бгъэдэтащ,
- Бзэм игъуэтыжа увыпIэр
- Тхъумэжыным хущIэкъуащ.
- ЕгъэджакIуэм и щхьэр лъагэу
- Иригъэлъагъун лъэкIащ,
- Адыгэбзэм ехьэлIауэ
- Тхыгъэ куэд къыдигъэкIащ.
- Гурэ псэкIэ, емызэшу
- И IэнатIэм бгъэдэтащ,
- И IэщIагъэм ирипагэу
- ЩIэныгъэшхуи бгъэдэлъащ.
- … Щхьэхуещагъри фэрыщIагъри
- Къызэралъхуу бий ищIащ,
- И гур къабзэу, жиIэр пэжу
- ГъащIэ дахэ къигъэщIащ.
- Ди анэдэлъхубзэм, лъэпкъым, щалъхуа щIыналъэм лъагъуныгъэ къабзэ хуиIэу дунейм тетащ КъуэщIысокъуэр, республикэм и егъэджакIуэхэми цIыхубэми пщIэшхуэ хуащIу. ЗыцIыхуу щыта псоми, шэч хэлъкъым, Нурхьэлий дигу къинэнщ цIыху гъэсауэ, цIыху пэжу, гущабагъ зыхэлъ хэкупсэу. Ахърэтыр унапIэ хуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.