Бэчмырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ дихьэхат
2023-01-31
- Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэ дэт курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ зэхыхьэ гуапэ къыщызэрагъэпэщащ адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 169-рэ щрикъум ирихьэлIэу.
Къуажэ Администрацэм и унафэщI Къандэхъу Леонидрэ курыт еджапIэм и унафэщI Джатокъуэ Риммэрэ жэрдэм ящIу кърахьэжьа Iуэху дахэм кърагъэблагъэри хэтащ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Нартан къуажэ дэт музейм и къызэгъэпэщакIуэ ПащIэ Ленэрэ абы ипхъу Хъанычэ Светэрэ.
- Курыт еджапIэм и лэжьакIуэ, мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ Къардэн Оксанэ зэIущIэр къызэIуихри, Бэчмырзэ и гъащIэ гъуэгуанэм кIэщIу тепсэлъыхьащ.
- ШколакIуэхэр абы къыщеджащ Бэчмырзэ и IэдакъэщIэкIхэм щыщу езыхэм нэхъ ягу ирихьхэм. Гухэхъуэт Тхьэгъэлэдж Елдар, Сокъур Исмэхьил, Балъкъыз Астемыр, ХьэхъупащIэ Данэ сымэ псалъэ къэс зыхащIэу, гъэхуауэ къызэреджэм уедэIуэну.
- Бэчмырзэ теухуауэ ПащIэ Ленэ ныбжьыщIэхэм яжриIэжа хъыбархэм ахэр гупсэхуу, яфIэгъэщIэгъуэну едаIуэрт. УсакIуэшхуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ дихьэха цIыкIухэм упщIэ я куэдти, хьэщIэхэр иджыри куэдрэ ямыутIыпщу зэхэсащ.
- Щомахуэ Залинэ.