КъБР-м и Iэтащхьэр «КАМАЗ-мастер» командэм хэтхэм ехъуэхъуащ ахэр «Дакар» къызэдэжэм зэрыщытекIуамкIэ
2021-01-19
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Instagram»-м щиIэ напэкIуэцIым щехъуэхъуащ «КАМАЗ-мастер» гупым хэтхэм, абыхэм я унафэщI Чагин Владимир сымэ, Сауд Хьэрыпым щекIуэкIа «Дакар» къызэдэжэм къыщахьа текIуэныгъэм папщIэ. «А ехъулIэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрми хэлъхьэныгъэ мыин зэрыхуищIар зыхэпщIэну икъукIэ гуапэщ!» — къыхигъэщащ абы.
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм