ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2021

Унагъуэ мелуанитхум я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ

2021-02-27

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 24-м хэтащ УФ-м и Къэрал Советым и лэжьакIуэ гупым иригъэкIуэкIа зэIущIэм, Урысей Федерацэм стратегие мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэпса, «Ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ къа­лэхэмрэ» проектым теухуауэ щытам.

  • ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ комиссэм и унафэщI Минниханов Рустам. Зэхуэсыр зытраухуа Iуэхухэр зэпкърахыу къэпсэ­лъащ УФ-м и Президентым и дэIэпы­къуэгъу, Къэрал Советым и секретарь ­Левитин Игорь, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат, ­УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи чэзу зэIущIэр ирегъэкIуэкI

2021-02-27

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мазаем и 25-м республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий.

  • ЗэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхум и хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ Iыхьэм», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iулъхьэр зэIэпамыхыным щхьэкIэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм теухуауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр къы­щы­зэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ, 9-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIы­ны­гъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ­КъБР-м и законхэм я проектхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысейм щыпсэухэр ябжынущ

2021-02-27

  • Урысейм щыпсэухэр бжыным и сайтым хъыбар къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм и Правительст­вэм къэралым исхэр зыхуэдизыр къэлъытэныр 2021 гъэм и фокIадэ мазэм ирагъэкIуэкIыну унафэ къищ­тащ. Дунейр зэщIэзыщта COVID-19 узыфэр а пIалъэм ирихьэлIэу нэхъ кIэщхъэну, цIыху зэ­хыхьэри нэхъыбэ хъужыну щогугъ.
  • IэщIагъэлIхэм зэрытрагъэ­чы­ныхьымкIэ, COVID-19 узыфэм и ягъэкIэ къэралым щыщыIэ хъуа щы­тыкIэр кIуэ пэтми нэхъ зэтес щохъу, сымаджэхэм я бжыгъэм хощI, узым зэребэнын хуей Iэмалхэр нэхъ нахуэ мэхъу, вакцинэр зэрыхалъхьэну программэр зэIубзщ. Къызэгъэпэща­кIуэхэм 2021 гъэм и фокIадэ мазэр «нэплъэжыгъуэу», Iуэхур къыдэхы-ным теухуауэ пIалъэщIэри нэхъ шынагъуэншэу ягъэуващ. Абы къи­щынэмыщIауэ, абыхэм трагъащIэ мып­хуэдэ щхьэусыгъуэхэми:
  • япэрауэ, а Iуэхур 2021 гъэм и ­фокIадэ  мазэм егъэкIуэкIыным Iэмал къыует а лъэхъэнэм ирихьэлIэу кърахьэжьэ статистикэ лэжьыгъэхэр къызэ­пымыудауэ игъуэм къызэгъэпэщынымкIэ, ипэ ита илъэсхэм къэ­ралми дунейми хэIущIыIу щыхъуа ­статистикэ бжыгъэхэмрэ иджырей жы­лэхэтхыкIым къитыну бжыгъэ­хэмрэ зэзыгъэпщэж мардэхэр нэхъ щызу Iуэхум къыхэлъхьэнымкIэ; 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХъымыщкIей – Хамышки

2021-02-27

  • Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэ­лъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм   деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыж­мэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI ­къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щы­хэ­лъэ­дэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.

  • ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэ­мыщэ» жыхуиIэ нэгъуэщI адыгэ цIы­хухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй» — кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэ­шэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэры­- Iуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуа­нэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъ­э­хэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и «кIий» етIуанэ Iыхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Румын генерал Черкез Михаил Христодулэ

2021-02-27

  • Черкез Михаил Христодулэ (1839 — 1885) Молдав пщыгъуэм хиубыдэ Бырлад къалэм Iэпхъуэжа адыгэ унагъуэм къыщыхъуащ. Тхыдэм къызэрыхэнар румын генерал цIэрыIуэущ: Румыние къэралыр и щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэн лъэхъэнэм Черкес (Серчес) Михаил лъэпкъ армэм и дзэзешэ
  • нэхъыщхьэу ягъэуври, текIуэныгъэ мымащIи зыIэригъэхьауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Алыхьым и арэзыщIыныгъэм толажьэ

2021-02-27

  • 1976 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ къыщалъхуащ Сыжажэ Алим Сэрэбий и къуэр.
  • Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «Лъэужьыр бжьиблкIэ мауэ». Алим и адэшхуэр (и адэм и адэр) КъурIэн Iыхьлыуэ щытащ. Алими иджыри сабий дыдэу техьат адэшхуэм и ­лъагъуэм.
  • Зы махуэ гуэрым лIыжьыр ­КъурIэн еджэу здэщысым, илъэсиплI ныбжьым ит Алим жиIащ: «Дадэ, ­КъурIэным ущеджэкIэ, щыуагъэ гуэр хыбощIыхь». КъурIэным еджэн иуха нэужь, адэшхуэр сабийм тIэкIу къыщешхыдэм, анэшхуэм жиIащ: «Уа, мы сабийм Алыхьым уэхьий къыхуигъэкIуауэ арами пщIэркъым, абы щхьэкIэ щхьэ уешхыдэрэ?» Апхуэдэу щыхъум, лIыжьым жиIащ: «Сэ къытезгъэзэжынщи, иджыри зэ сыкъеджэнщ, уэ къызжеIэт си щы­уар». Сабийм дадэр щыщыуар наIуэ къищIащ. Пэжт сабийм жиIэр. Дадэм зы щIыпIэм деж щы­уагъэ хищIыхьырт. Ар лIыжьым, ­дауи, телъыджэ щыхъуащ икIи мурад ищIащ сабийр КъурIэным нэхъ ­куууэ еджэу иригъэсэну.
  • ИлъэсиплI фIэкIа зимыныбжь сабийм, дауи, иджыри ищIэртэкъым тхэкIи еджэкIи. Ауэ щыхъукIи, адэшхуэм хуитха хьэрып хьэрфылъэр зэуэ зригъэщIат. А зэманым хьэрыпыбзэ зэбгъэщIэнри ­КъурIэн уеджэнри иджыпсту хуэдэу тыншу щытакъым. Махуэ ныкъуэм и кIуэцIкIэ хьэрып алфавитыр Алим щызригъащIэм, КъурIэным щыщ зы сурэ кIэщI цIыкIуми, адэшхуэм и IэкIэ хьэрыпыбзэкIэ итхам, тынш дыдэу къеджэфащ сабийр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыжьын щIыIуу зэрылъэлъ

2021-02-27

  • АдакъэкIэ, пшагъуэхэплъ.
  • Вы плъыжь здэщысым удз къыщыкIыркъым.
  • Ди бжыхьыпэ лы цIыкIу пызщ.
  • Дыжьын щIыIуу зэрылъэлъ.
  • Къэрабэу плъыфэ, уафэм едзэкIа.
  • Мэфий, мэкIий, хьэкъугъыр къреш.
  • Тхьэмпабгъуэ и къуэ лIы хъурей.
  • IэфIыр зыгъэдыдж, дыджыр зыгъэIэфI.
  • ЖЭУАПХЭР:
  • Мазэ ныкъуэ. МафIэ. Бзу. Гуэдз. Лэгъупыкъу. Жьапщэ. Къэб. Шыгъу

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ныбжьэгъужьым уи щIыб хуумыгъазэ

2021-02-27

  • Плъагъу мыхъу цIыхуми гущIэгъурэ цIыхугъэкIэ декIуэкIыпхъэщ.
  • Псалъэ дыджым гущIэгъур гум къреху, гущIэгъур гум имылъыжмэ цIыхугъэр гугъу йохь.
  • ЦIыхум хуэпщIэм-хуэпщIэурэ зэ хуэмыщIэгъуэм псори кIуэдыжмэ, умылъыхъуэ — бгъуэтыжынукъым.
  • Тхылъ емыджа цIыхум дунейр здэжэри зыхуэжэри ищIэркъым.
  • Лъагъуныгъэ нэпцIыр жьэм къыщипсэлъкIэ, шыгъуи фошыгъуи зыхэмылъ хъудырыпс хьэ Iусым ещхьщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу

2021-02-27

Осетие Ищхъэрэм и унафэщIхэм я хьэщIэщ Иорданием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, генерал-майор Бырмамыт Фэуазрэ «Хэку» ассоциа­цэм и унафэщI Ефэнды Джылахъстэнрэ. СэмэгумкIэ етIуанэр Осетие Ищхъэрэм и УнафэщI Каболоев Биларщ. Владикавказ, 1985 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

Пшынауэ Дарэ

2021-02-27

  • Къэхъуа
  • Хэку зауэшхуэр екIуэ­кIырт. Дарэ щыпсэу къуа­жэр нэмыцэхэм яубыдат. ЗэуапIэм къикIуэсыкIыжу мэзым зыщызыгъэпщкIуа бандэхэм хэтахэр къы­щIэкIыжат. Абыхэм ящыщ зыкъомым я мурадт фашистхэм яхуэлэжьэну, гужьгъэжь зыхуаIэхэм я губампIэр тракъутэну. Апхуэдэ мурад иIэт пшы­науэ дахащэ Дарэ и ужь ихьа щIалэ ерыщ Муриди. Ауэ ар Дарэ тригъэкIуэтащ. «Уэрэ сэрэ гурыщIэ гуэр зэи дяку илъа­къым, сэ нэгъуэщIым псалъэ ­ес­тащ сыхуэпэжыну, — жи­Iащ хъы­джэбзым. — Ар хэтми уэ фIыуэ уощIэ, фы­зэныбжьэ­гъуу щытащ…» «СощIэ, сощIэ! — губ­жьауэ кIият Мурид. — Ауэ ар дэнэ щыIэ иджыпсту? Зауэм щаукIами гъэр хъуами сыткIэ пщIэрэ?!» «СощIэ… Дауэ мыхъуами, сэ Хьэрун сыпэплъэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ШатэкIэ гъэбэкхъа кIэртIоф

2021-02-27

  • КIэртIофыр зэпэплIимэ цIыкIуурэ яупщIатэ. Бжьы­ныщхьэ укъэбзар щи­мэ цIыкIуурэ яупщIатэ, бжьыныху укъэбзар шыгъу хэлъу яуб. Те­бэ ­куукIэ дагъэр къагъэплъ, градуси 130 — 140-рэ хъууи, абы халъхьэ кIэртIоф упщIэта гъэжэпхъар, ­тхъуэплъ ­хъу­хукIи зэIащIэурэягъа­жьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псым ухэхуэнщ, си тIасэ

2021-02-27

  • Зы дыгъужь гуэр псым икIыну лъэмыжым телъэдащ. АрщхьэкIэ лъэмыжым и адрей лъэныкъуэр псы ­къиуам пихауэ къыщIэкIащ.
  • Ар щилъагъум, мывэ Iэгу­рыхъу къищтэри, Хъуэ­жэ кIэлъытелъэдащ, ды­гъужьыр игъащтэу псым хигъапкIэу иригъэтхьэлэн и гугъэу. АрщхьэкIэ дыгъужьыр лъэмыж кIапэм щынэсым, псым щышынэри и дзэхэр зэригъэшхыу, гу­рыму Хъуэжэ дежкIэ къи­гъэзэжащ. Хъуэжэ дыгъужьыр къыщыжьэхэлъа­дэм, шынэжщ «псым ухэ­хуэнщ, си тIасэ, къэгъэзэж, лъэмыжыр къутащ», — жи­Iэурэ лъэныкъуэ зригъэзри, дыгъужьыр блигъэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр

2021-02-27

  • БегъымбарIэпэлъ — Наперстянка. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Кавказым бегъымбарIэпэлъу лIэужьыгъуитху къыщокIри, псори илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу, лъабжьэжь быдэ ящI. Гъэгъахэр инхэщ, Iэрамэ кIыхьу зэхэту, удз щхьэкIэхэм къа­педзэ, къапщIийхэр, удзыр зыхуэдэ лIэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ. Зи къапщIийр плъыжь бегъымбарIэпэлъ лIэужьыгъуэр цIыхухэм къагъэкI, КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ кърашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щIыпIэхэм къыщокI. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлIэ. ЛIэужьыгъуэ псори хущхъуэу къа­гъэсэбэп.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэт нэхъ акъылыншэ?

2021-02-27

  • Зы лIыжь, пщIантIэм здыдэсым, и пхъумрэ и нысэмрэ пщэфIапIэм пкIэлъей щIахьауэ илъэгъуащ. «ПкIэлъейм сыткIэ хуей хъуа?» — жери игъэщIэгъуащ лIыжьым, бжэр Iухати, пщэфIапIэм щIэплъащ. ПкIэлъейр ­дапхъэм ираупсеяуэ ирихьэлIащ.
  • — Сыт фызыхэтыр? — щIэупщIащ лIы­жьыр.
  • — Шатэм дылъэIэсыркъым, — къыж­ра­Iащ: дапхъэм тет шатэр, мэжаджэ хагъауэурэ яшхырт зэнысэзэпщып­хъум, пкIэлъейм теувауэ.
  • — Аркъым, шатэр къефхьэхрэ Iэнэм тев­гъэувэмэ, хъуркъэ? — жиIащ лIы­жьым.
  • — Ари пэжщ! — гуфIащ лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ. — Абы ди акъыл хунэсакъым!
  • «Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхъ акъылыншэ щыIэрэ щымыIэрэ зэзгъэщIэнщ», — жери лIыжьыр ежьащ. Гъуэгу здытетым, щIалищ ирихьэ- л­Iащ: щIалищыр зозауэри гъуэгущхьэм тетщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псалъэзэблэдз

2021-02-27

  • ЕкIуэкIыу: 3. Пушкиныр Псыхуабэ щыщыIам Нэгумэ Шорэ … къыхуэ­хъуауэ яIуатэ. 6. Театр ­режиссёр цIэрыIуэ Теувэж Сулъ­тIан, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, ди республикэм и цIыхубэ артист ­Куэт Къанщобий, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  щIыхь зиIэ и журналист Бжэ­ныкIэ Мухьэб, усакIуэ, журналист Абро­къуэ Беллэ сымэ я къуа­жэ. 9. Урысей Федерацэм и щIы­налъэ, курорт щIыпIэ дахэ. 10. Ахъшэ … 11. Адыгэ генерал … Борис. I4. Аргъуей зэзрэ … кхъуейрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха