|
Зытеухуар 'Гъэсэныгъэ'
Я нэхъ цIыкIури хэкупсэу къагъэхъу
2023-05-06
- Зэманым зи лъэужь дэмыкIуэд Iуэху, махуэ хэха куэд щыIэщ. Апхуэдэщ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэжу зыхэтщIэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэрэ зэIэпах, зи пщIэр лъагэ, зи мыхьэнэр ин – ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр. Мыр ди къэралым щагъэлъапIэ махуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ТекIуэныгъэм ди къэралым щIитар мащIэкъым, ар цIыху мелуанхэм я гъащIэщ, сэлэт хахуэхэмрэ лIыхъужьхэм я гуащIэщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ мамыр гъащIэщIэр зэфIэуват.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
ЩIэблэр ди блэкIам щагъэгъуазэ
2023-03-02
- Налшык къалэ дэт сабий сад №49-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я унагъуэхэм къадекIуэкI хабзэхэр» зи фIэщыгъэ дерс зэIуха. Ар къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ гъэсакIуэхэу Щоджэн Ирэрэ Геграевэ Айзинэтрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
Гъуэгухэр егугъуу пхашащ
2023-02-18
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм, дидактикэ карточкэхэр къагъэсэбэпурэ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр хуагъасэ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр
2022-11-22
- КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу гъэсэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди щIыналъэм. Школхэмрэ сабий садхэмрэ екIуалIэ ныбжьыщIэхэр щIапIыкI хэкум и лIыхъужьхэм, гуащIэдэкI лэжьыгъэм, зауэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм къыщыхэжаныкIахэм я гъащIэ щапхъэм. Ар зи мурад нэхъыщхьэ зэIущIэхэм хуэдэщ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2022-06-23
- Нобэ Дунейпсо Олимп махуэщ. Адыгэхэм тхуэугъурлыщ абы ехьэлIа зэхьэзэхуэхэр. ЖыпIэну урикъунщ олимп чемпиону нобэр къыздэсым цIыхуипщI дызэриIэр, тIур вице-чемпион зэрыхъуар, домбеякъ медалыр апхуэдизми къазэрылъысар. Къэралышхуэ Iэджи щыIэщ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр я пщIыхьэпIэми хэмыту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2022-02-26
- Николаев Юрий и музыкэ академием къызэригъэпэща «Пщэдджыжь вагъуэ» дунейпсо зэпеуэ зэIухам щытекIуащ ди республикэм щыщ, КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Куэцэ Идар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2021-03-18
- Хабзэ хъуауэ, «Урысеймэкъумэшбанкым» и лэжьакIуэхэр хьэщIэу яхуокIуэ ди республикэм и еджапIэхэм, сабий садхэм я гъэсэнхэм. НэхъапэIуэкIэ къыхалъхьауэ щыта «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм хиубыдэу, РСХБ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэм гу лърагъатэ дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр зэрыхъугъуэфIыгъуэ иным, ар хъумэнри дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2021-02-06
- Дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр Къытщхьэщытыр къызэрытхуэупса хъугъуэфIыгъуэу, ар хъумэныр дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытыр сабийхэм къагурыIуэу къэгъэтэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. «Урысеймэкъумэшбанк» (РСХБ) IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм гулъытэ хэха хуащI абы. Банкым и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хэтащ «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2018-12-22
- Зэман зызыхъуэжым цIыхухэм я псэукIэми, зэхэтыкIэми зыдехъуэж. ЩIэх-щIэхыурэ зэхыбох нэхъыжьхэр щIалэгъуалэм я хуэхъущIэу, я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, я хьэл-щэным дагъуэ хуащIу. ЖыпIэнурамэ, сыт зэмани урохьэлIэ гупсысэкIэкIи IуэхущIафэкIи удэзымыхьэх, уеблэмэ гущыкIыгъуэ ныбжьыщIэхэм. КъызэрыслъытэмкIэ, къызыхэхъукI гъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр. КъэкIуэну гъащIэр зэрыщытынур абыхэм щелъытакIэ, жылагъуэм и къалэнщ абыхэм яхуэфащэ гулъытэ яхуищIыну, зрикIуэну гъуэгур яхухишыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2018-04-21
- Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну, ахэр хуэсакъыу яхъу-мэу ди щIэблэр гъэсэным, ди щIыналъэм и къулеягъэ нэхъыщхьэхэм щыгъуазэу, ахэр зэрырагъэфIэкIуэным хущIэкъуу къэгъэтэджыным хуэгъэпса Iуэхущ «Си бзэ — си псэ, си дуней» лъэпкъ зэпеуэм хыхьэу Къубэ-Тэбэ къуажэм и пэщIэдзэ еджапIэ-сабий гъэсапIэм щрагъэкIуэкIыр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2018-02-23
- Мы зэманым дэнэкIи щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. А Iуэхум ехьэлIауэ курыт школхэм щокIуэкI ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр. Абыхэм ирагъэблагъэ хэкум и щхьэхуитыныгъэм, ехъулIэныгъэм, зыужьыныгъэм папщIэ зи къаруи зэфIэкIи емыблэж цIыху цIэрыIуэхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2017-10-05
-
КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу гъэсэным иужьрей зэманым гулъытэшхуэ хуащI. А унэтIыныгъэм хуэгъэпсауэ къэралым къыщызэрагъэпэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ ШколакIуэхэм я «Юнармия» урысейпсо дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэр. Абы ди щIыналъэми зыщиужьащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2017-07-13
- «Роспотребсоюз» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ди республикэм ит курыт еджапIэхэм егъэщIылIа сабий садхэр къепщытэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2016-06-28
- илъэс 55-рэ хъуауэ лажьэ сабий IуэхущIапIэм
- Сыт щыгъуи хуэдэу, иджырей зэманми ди къэралым гулъытэш-хуэ щыхуащI щIэблэр гъэсэным. Сабий IуэхущIапIэм и пщэрылъ къалэнхэр дагъуэншэу зэфIихмэ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ и чэзум къызэгъэпэща хъумэ, апхуэдэм и цIэр зэман кIэщIым къриубыдэу фIыкIэ мэIу, адэ-анэхэм я деж пщIэ щегъуэт, абы и гъэсэн цIыкIухэм я гъащIэкIэ гукъинэ ящохъу. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ къызэрызэрагъэпэщрэ иджыблагъэ илъэс 55-рэ ирикъуа, Налшык къалэ дэт сабий сад №29-нэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
2016-02-04
- ЩIалэгъуалэм зыхъумэжыныгъэ, дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ я мазэ лэжьыгъэр щIышылэм и 26-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къыщызэIуахащ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж. Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и унафэщIхэр я щIэгъэкъуэну, «ДОСААФ-РОСТО» IуэхущIапIэм и щIыпIэ къудамэм и жэрдэмкIэ, ар къызэрагъэпэщащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэсэныгъэ
|