ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Гъуэгу къежьапIэ'

Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ

2023-02-02

  • Сыт хуэдэ иджырей щIалэгъуалэр?! Iущщ, зызыужьщ, жыджэрщ. Апхуэдэщ Плановскэ (Ботэщей) къуажэм къыщыхъуа, къафэмкIэ «ВагъуэщIэ» сабий ансамблыр къызэзыгъэпэща щIалэщIэ Ахэмын Ислъам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

IэщIагъэлI щIалэхэр зэпоуэ

2021-03-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ студентхэр хэтащ «IэщIагъэлI щIалэщIэхэр» (Worldskills Russia) Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ зэпеуэу гъатхэпэм и 1-м щIидзам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым илъэсыщIэм лэжьэн щIедзэ

2020-12-10

  • ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым хыхьэнухэм я хэдэрыхэплъэр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым щекIуэкIащ. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, зэIущIэр видеоIэмалхэмкIэ къызэрагъэпэщри, махуиплIкIэ екIуэкIащ. Хэдэрыхэплъэм цIыху 60-м щIигъу хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Африкэм щыIэ адыгэ щIалэ

2020-11-17

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и жэрдэмкIэ 2015 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и ехъулIэныгъэ» зэхьэзэхуэм «IT технологиехэр» Iыхьэм щытекIуауэ щытащ Къармэ Астемыр. Иджы илъэсищ хъуауэ ар Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йоханнесбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIапIэм хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэфэщауэ. ЩIалэщIэм и лэжьыгъэр зытеухуар шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ программэхэр зэхэгъэувэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Дзыхь зыхуэпщI хъун щIалэгъуалэ

2020-09-10

  • Дызэрыщыгъуазэщи, ди къэралым и хабзэ нэхъыщхьэм, УФ-м и Конституцэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа IэIэтхэр куэд дыдэ щIакъым ди хэкум зэрыщекIуэкIрэ. Дэтхэнэ зыми ди дежкIэ къызэрыгуэкIыу щымыт а Iуэхур къызыхуэтын-шэу къызэгъэпэщыным, ныкъусаныгъэншэу егъэкIуэкIыным я зэфIэкI куэд ирахьэлIащ къулыкъущIэхэми, IэщIагъэлIхэми, жылагъуэ лэжьакIуэхэми. Iуэхум жыджэру хэлэжьыхьахэм ящыщщ щIалэгъуалэри. «Конституцэм и волонтёрхэр» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм хэту, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и нэIэм щIэту а лъэхъэнэм ди щIыналъэм щылэжьащ зи щIалэгъуэ 200-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Бахъсэн щаухуащ яслъэ ныбжьым итхэм щакIэлъыплъыну унэр

2020-09-10

  • Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №4-м егъэбыдылIа, яслъэ ныбжьым ит сабийхэм щадэлэжьэну IуэхущIапIэр щIын яухащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Къущхьэунэ  Алинэ куэд хузэфIокI

2020-08-25

  • Ди щIыналъэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызрагъэгъуэтхэм я студент нэхъыфIхэр илъэс зыбжанэ лъандэрэ хэтщ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (WorldskillsRussia) зэпеуэ иным. УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм нэхъапэIуэкIэ щекIуэкIакIэщ щIыпIэ зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм щытекIуахэр иджыблагъэ щызэIущIащ Ярославль къалэм. Абы дэт педколледжым щекIуэкIащ лъэпкъ чемпионатым и кIэух Iыхьэм хэтынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Ехъутэныдж Алинэ-цIыкIу псэущхьэхэр фIыуэ елъагъу

2020-08-20

  • Мы тхыгъэр зытеухуа Ехъутэныдж Алинэ IэпщIэлъапщIэщ. Художественнэ школым емыкIуалIэми, ар пасэу дахьэхащ хьэпшып, цIугъэнэ цIыкIухэр, сурэтхэр езыр-езыру щIыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

ФиIэпщэАидэ: Си гъащIэм нэхъыфIу хэтари хэтынури Къэбэрдей-Балъкъэрым епхащ

2020-08-11

  • Дунейр зэщIэзыубыда карантиным и зэранкIэ е и фIыгъэкIэ, республикэм къекIуэлIэжахэм ящыщщ Инджылызым хыхьэ Манчестер къалэм и университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэту а къэралым щылэжьэн щIэзыдза адыгэ пщащэ ФиIэпщэ Аидэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Дэрбзэр   бзылъхугъэм и  гуращэхэр

2020-04-14

  • Мастэрэ Iуданэрэ игъэIэкIуэлъакIуэф зэрыхъуу, дэн щIидзащ Батыр Зерэ. ЩэкI бзыхьэхуэ къыIэрыхьамэ, зэрыджэгу и гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуидынут. Апхуэдэ зыхузэфIэкIым и ныбжьыр илъэси 4 хъуурэ арат. Езы бзылъхугъэм нобэ и нэгу къыхущIэгъэхьэжыркъым зыгуэр имыду зы махуи дэкIауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Есэпым и къэгъэІурыщІакІуэ Ерыджокъуэ Азэмэт

2020-03-31

  • Гупсысэр зи лъабжьэ есэпымкІэ мы махуэхэм Мэзкуу щекІуэкІащ «ALOHA Mental Arithmetic» зи фІэщыгъэ IV Урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. ЕджакІуэ 300-м щІигъу зэхуэзышэса а зэпеуэр, хэтынухэм я ныбжьрэ лэжьыгъэу ягъэзэщІэн хуейм и гугъуагъымрэ ятеухуауэ, гуп 21-уэ зэхэкІыжырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Битокъу Залинэ и хъуэпсапIэхэр

2020-01-14

  • Ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ №25-м щылажьэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэ Битокъу Залинэ къызэрилъытэмкIэ, иджырей щIэблэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщ, апхуэдэуи икъукIэ хьэлэмэтщ, гур хэзыгъахъуэщ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм и щхьэусыгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, пщащэм егъэджакIуэ IэщIагъэр фIыуэ илъагъуу, абы и псэр хуеIэу къызэрытэджарщ. А гупсысэхэр абы и гуращэт иджыри курыт школым и еджакIуэу щыщыта зэманым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!

2020-01-10

  • Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэралым къигъэув стандартыщIэм тету Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и къудамэм къызэригъэпэщауэ къалэ кIуэцIым щыIэ сабий садхэм адыгэбзэкIэ семинархэр щрагъэкIуэкI. Зи чэзу Iуэхур иджыблагъэ щызэхэтащ прогимназие №41-м. ХьэщIэхэу яхуеблэгъат Налшык къалэ егъэджэныгъэмкIэ и департаментым лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и методист ЛIыIэщын Людмилэ, къалэм дэт сабий садхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

ЩIэныгъэлI  ныбжьыщIэхэм  я  зэхуэс

2019-10-19

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я 10-нэ зэхуэсышхуэ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Балли  100-хэр ягъэпэж

2019-08-20

  • Курыт школыр къэзыухауэ зи щIэныгъэм адэкIи хэзыгъэхъуэну мурад зыщIахэм я дежкIэ гъэмахуэм и кIэух мазэр дапщэщи пыIэзэфIэхь лъэхъэнэщ. Дэфтэрхэр еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм езыгъэхьа абитуриентхэр гузавэу пэплъащ абыхэм къикI хъыбархэм. Мы махуэхэм ныбжьыщIэхэм къаIэрыхьэжакIэщ зыщIэхуа IэнатIэхэм къикI тхылъымпIэхэр. Я хъуэпсапIэхэм ялъэIэса щIалэгъуалэр иджы еджэным пэрохьэ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ