ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Махуэгъэпс'

Илъэс 223-м къриубыдэу хуэди 8-кIэ хэхъуащ

2023-07-11

  • ЩIы Хъурейм цIыхуу те­сым я дунейпсо махуэу (World Population Day) ба­дзэуэгъуэм и 11-р къыща­лъы­тар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэу 1990 гъэм и дыгъэгъазэм екIуэкIарщ. Хэзы­щIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар а махуэм щIрагъэхьэлIам щхьэу­сыгъуэ хуэхъуар 1987 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-р ди планетэм цIыхуу щыпсэуам я бжыгъэр меларди 5-м зэ­рыщыщхьэдэхарщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Iуэху мыдахэм цIыхухэр къыхишырт

2023-07-06

  • Бадзэуэгъуэм и 5-р Турист IуэхущIапIэхэм я ­махуэу къыщIалъытэм щхьэу­сыгъуэ иIэщ.

  • Тхыдэм къызэрыхэ­щы­жым­кIэ, ар пыщIащ 1808 — 1892 гъэхэм псэуа инджы­лыз хьэрычэтыщIэ, абы къыдэкIуэуи, ди планетэм щыяпэ дыдэу турист IуэхущIапIэ къыщызэIузыха, щIы­пIаплъэхэр зэщIэзыгъэуIуэурэ гупышхуэу езышажьэу щыта Томас Кук и цIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

ЦIыкIуми, къалэнышхуэ егъэзащIэ

2023-06-27

  • ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, 2017 гъэм къы­щыщIэдзауэ мэкъуауэ­гъуэм и 27-р ягъэлъапIэ IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ я махуэу (Micro-, Small and Medium-sized Enterprises Day).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

ЛъэсырыкIуэ псыхь

2023-06-20

  • ЛъэсырыкIуэкIэм къыхуезыджэхэм абыкIэ и нэхъыбэм тегъэщIапIэ ящIыр апхуэдэ зыгъэпсэхукIэ-узыншагъэ зэ­тегъэувэжыкIэр хэт и дежкIи гъэзэщIэгъуафIэу зэ­ры­щы­тырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2023 гъэм и Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ

2023-01-17

  • ЩIышылэ (Январь)
  • ЩIышылэм и 16
  • 1943 гъэм къалъхуащ аккордеонист телъыджэ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким.
  • ЩIышылэм и 24
  • 1953 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМА-м и профессор Щыхьмырзэ Мухьэмэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Пандэ абрагъуэр  зи нагъыщэ

2022-09-10

  • ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр (World Wide Fund for Nature) къыщызэрагъэпэща махуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Куэдым гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуа нэхъыжьыфI

2022-03-31

  • ЩIалэгъуэ ныбжьым уитрэ дунейр уи зэхуэдитIу, зызумыпщытыфынрэ плъэмыкIынрэ щымыIэу къыщыпщыхъу лъэхъэнэр хьэлэмэтщ, гъэщIэгъуэнщ, гукъинэщ. А зэманым зэтоувэ цIыхум и хьэл-щэныр, гъащIэм хуиIэ еплъыкIэр, къыгуроIуэ жылагъуэм и зэхэтыкIэр, ныбжьэгъугъэмрэ гурыщIэ къабзэмрэ я лъабжьэхэри гъэтIылъа мэхъу. КъинэмыщIауэ, зэи имыхужу гу лъащIэм къонэри, абы «абгъуэ» щащI узыхэхуэ Iуэхугъуэхэмрэ узрихьэлIэ цIыхухэмрэ ящыщ куэдым. А псоми мыхьэнэуэ яIэр иужькIэщ къыщыбгурыIуэжыр, гъащIэм ухэувэу ерэ фIырэ нэсу зыхэпщIыкI хъуа нэужьщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Гъатхэм и Iэдий щхъуантIэхэр

2022-03-19

  • Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэурэ, дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэщIащ лIэщIыгъуэкIэрэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр къэхъукъащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теухуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

ЦIыхубэм дагъэлъапIэ

2022-03-19

  • Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 — 21-хэм «ЩIым и махуэ» зи фIэщыгъэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. КъимыдэкIэри, абдежращ дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри, я кIыхьагъкIэ, зэхуэдэ щыхъур. КъызэралъытэмкIэ, а лъэхъэнэ кIэщIым къриубыдэу щIыуэпсым и щытыкIэм зехъуэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Лъэпкъ тхыдэр «щыпсэу» щIыпIэ

2022-03-10

  • Мыгувэу ди республикэм щагъэлъэпIэнущ абы къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур. Сыт хуэдэу щыта а лъэхъэнэр ди щIыналъэм и дежкIэ? Дауэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ къызэранэкIа ди цIыхухэм, ехъулIэныгъэхэмрэ гуфIэгъуэшхуэхэмрэ я псэм зыхищIа а гъуэгуанэр къыщакIум? Абыхэм я жэуапыр къозытыфыну, блэкIам худиIапхъэ гупсысэр зыунэтIыфыну щыIэ Iэмалхэм ящыщщ ди лъэпкъ архивхэм щахъумэ дэфтэрхэр. Аращ ди къэрал тхыдэр «щыпсэу» щIыпIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2022 гъэм и Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ

2022-01-18

  • ЩIЫШЫЛЭ (ЯНВАРЬ)
  •  
  • ЩIышылэм и 21
  • Дзэ къулыкъум хэт инженерхэм я махуэщ
  • 1952 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ БищIо Борис.
  • ЩIышылэм и 22
  • 1937 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ УанащIэ Розэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Бадзэуэгъуэм и 17-р Этнографым и махуэщ

2021-07-17

  • А щIэныгъэр япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьауэ къалъытэр Пасэрей Алыджым щыпсэуа тхыдэтх цIэрыIуэ Геродотщ, Фригием, Тавридэм (иджырей Кърымым) иса лъэпкъхэм, скифхэм я гъащIэмрэ хабзэу зэрахьахэмрэ ятетхыхьауэ щытарщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Экономистым и махуэ

2021-07-01

  • Урысей Федерацэм Экономистым и махуэр бадзэуэгъуэм и 30-м щагъэлъапIэ. И зэфIэгъэувэкIэ хъуар ирапх 1917 гъэм, а пIалъэ дыдэм ирихьэлIэу, ди къэралым ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къызэрыщызэрагъэпэщауэ щытам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Дэтхэнэри  дыхуэныкъуэщ

2021-05-12

  • Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м «ЦIыхухэм экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. Абы теухуа унафэр къыщащтауэ щытар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зэIущIэу Бразилием и къалащхьэ Рио-де-Жанейрэ 1992 гъэм щызэхашарщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я зэпыщIэныгъэ

2021-04-30

  • Накъыгъэр гъатхэм и мызакъуэу, илъэс хъурейм я нэхъ мазэ дахэщ, ауэ ар ди дежкIэ лъапIэщ абы егъэщIылIа IуэхухэмкIи. Дунейм и къэрали 142-м накъыгъэм и 1-р Лэжьыгъэм и махуэу щаIэт. Ди деж ар щыщытщ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэу икIи абы и къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

« Раньше