ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Щикъухьащ адыгэр дунеижьым'

Зэлъэпкъэгъухэр дызэхыхьэмэ…

2023-09-09

  • Тыркум щыпсэу адыгэхэм журналистхэр щIэх-щIэхыурэ дахохьэ, я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа теле-радио нэтынхэр догъэхьэзыр, газетхэм тхыгъэхэр тыдодзэ. Иджыри апхуэдэ пщэрылъ сиIэу Истамбыл кIуэ гъуэгум сытехьащ. Адыгэ Республикэм щылажьэ Хасэм и фIыгъэкIэ къыздэхъуащ мы зекIуэр икIи Истамбыл и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми сыщыIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Хэкур си адэшхуэрауэ къысщохъу

2023-09-09

  • Чорум къалэм епха Мэхьмудие (Хьэжымыкъуэхьэблэ) къуажэм щыщ Мэрэтыкъуэ Ферхьат Тыркум къыщалъхуауэ щыпсэуми, анэдэлъхубзэр дахэу егъэшэрыуэ, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, и унагъуэм и къежьапIэм фIыуэ щыгъуазэщ. Ар илъэс 35-рэ хъуауэ Мэхьмудие жылэм дэсщ, унагъуэщ, зы хъыджэбз цIыкIу иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Сасыкъхьэблэ

2023-09-09

  • Къуажэдэсхэр хэкум 1859 гъэм къикIащ. Ахэр япэщIыкIэ шэшэнхэм яхэсащ, иужькlэ хьэж кlуэныр я щхьэусыгъуэу 1864 гъэхэм Тыркум и Селим районым щыIэ Къарс къалэм щетlысэхащ. Илъэс пщыкlуплlкlэ Селим дэсауэ, курдхэмрэ жылэдэсхэмрэ зэзауэри, унафэщIхэм нэIуасэ яхуэхъуауэ ядэлажьэ Сасыкъ Жамбот къаукlащ. Сасыкъ Хьэнэфий (Нэфlыцlэ) еуэри, курдым япщыр иукlыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Кавказыр адрейхэм ещхькъым — ар ди Хэкущ

2023-02-18

  • Адыгэ щIалэ Чупэ Окан нэхъыбэ дыдэу зытепсэлъыхьын фIэфIыр зекIуэрщ. Дауи, хамэ къэрал паспорти 8 зиIэ, къэралыгъуэ 58-м щыIа лIым жиIэжын и куэдщ. Абы щIыпIэ куэдым ныбжьэгъухэр щиIэщ, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ зыщIегъэхьэ. Илъагъу псори тхылъымпIэм третхэ, ахэр цIыхухэм яхуиIуэтэнуи фIэфIщ. И IэдакъэщIэкIхэр зы цIыху гуэрым хуитх хуэдэщ, абы къыхэкIыу, еджэу хъуам езыхэм яхуэгъэзауэ фIэкIа къащымыхъуу, яфIэгъэщIэгъуэну зэIэпах. Тхэным и закъуэкъым Окан дэзыхьэхыр, атIэ куэд дыдэ щIеджыкI, сурэт дахэу трех, пшынэ Iэзэу йоуэ.
  • Фэри нэIуасэ фыхуэтщIмэ тфIэигъуэу, тыдодзэ Окан «Жьынэпс» газетым къыIиха интервьюм щыщ пычыгъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Щикъухьащ  адыгэр  дунеижьым

2022-12-10

  • Хэкум теухуа фильмым ехъулIэныгъэ къыхуехь
  • 2022 гъэм и фокIадэм Тэтэрстаным щекIуэкIащ Муслъымэн кином и XVIII дунейпсо фестиваль. Ар екIуу къызэрагъэпэщат Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Тэтэрстаным и Президент Минниханов Рустамрэ я дэIэпыкъуэгъуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

2022-10-29

  • Гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу
  • 2022 — 2023 гъэ еджэгъуэм адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ хамэ къэралхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щаджыну ныбжьыщIэ 30 щIэтIысхьащ.
  • Апхуэдэ Iэмал хэхахэр адыгэ щIэблэм щаIэщ Къайсэр Эрджияс университетымрэ Дюзджэ къэрал университетымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Я щхьэр лъагэу ярегъэлъагъуж

2021-12-11

  • Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 50 ирикъуащ Тыркум къыщалъхуа адыгэ бзылъхугъэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Севим. Щыпсэу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэригъэIум къыщымынэу, Севим хамэ къэралым щыпсэу адыгэхэм я щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТыркубзэкIэ роман итхми, адыгэбзэкIэ псалъэ, зыхэсхэм ятетхыхьми, къызыхэкIар зыщымыгъупщэ бзылъхугъэ зэчиифIэм роман куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ адыгэхэм ятеухуахэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Ди тхыдэм и хъумапIэ

2021-12-11

  • Хамэ къэралхэм ис адыгэхэм я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр яхъумэжын папщIэ Iэмал нэхъыщхьэу къалъытэу япэу зиужь ихьар Адыгэ хасэхэр къызэгъэпэщынырщ. Абы къыкIэлъыкIуэу, я зэхэщIыкIрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ яхъумэн папщIэ, адэжь щIэинхэр зэхуахьэсу, яхъумэу хуежьащ. ЦIыху куэдым езыхэм я музей, библиотекэ яIэжщ. Абы и щхьэпагъыр пасэу къыгурыIуэри, Тыркум щыпсэу ди нэхъыжьыфI Агъашэ Мухьиддин къызэригъэпэщащ зы библиотекэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

2021-10-30

  • Тыркум ис джылахъстэнейхэр
  • Илъэси 150-м щIигъуауэ и хэку имысыжми, адыгэр адыгэу къызэрызэтенам, и бзэ, и хабзэ, и тхыдэ ихъумэу хамэ хэкум зэрыщыпсэум уигу игъэкIуэдыркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Иракми ди къуэшхэр щопсэу

2021-10-02

  • ИкIутар из хъужыркъым, жаIэ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм къиша тхьэмыщкIагъэхэм ящыщщ адыгэхэр щIы хъурейм тепхъа зэрыхъуар, лъэпкъыр зэрызэкъуичар, хамэщI къыщыхутахэр кIуэдыпIэм зэрыришар. Ауэ, гугъэр адэжь щIэинщ, жыхуаIэращи, зэгуэр зэфIэкIуэдахэм я щIэблэр нобэ зэрызэрыгъуэтыжыным, зы хэку дуней ямыухуэжыфми, зэпыщIэныгъэхэм зэрызрагъэубгъуным хущIокъу. Илъэс щэщIым нызэрыхьэсащ хамэ щIыпIэ куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм бзэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, сату зэпыщIэныгъэхэр яхудиIэ зэрыхъурэ. Хэкурыс адыгэхэм яхэту къыщIэкIынкъым Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралыгъуэ зыбжанэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм адыгэ жылэшхуэхэр зэрыщыIэм, фIыщIэ хасэхэр зэрыщылажьэм, а щIыпIэхэм къыщыхъуа ди лъэпкъэгъу куэдыр Хэкум щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэм, адэжь лъахэр псэупIэ зыхуэхъужхэри къазэрыхэкIым щымыгъуазэ. ХамэщI щыпсэухэмрэ хэкум исхэмрэ щIэныгъэ IуэхукIэ зэлъоIэс, я зэхуаку илъ Iыхьлыгъэр къахутэ икIи зэфIагъэувэж, хьэрычэтыщIэ зэпыщIэныгъэхэр зэтраухуэ. Уегупсысыпэмэ, лъэныкъуитIми ди зэхуаку ит хышхуэм лъэмыж телъхьа хъуакIэщ, дызэкIэлъыкIуэнумэ, пэрыуэгъу щымыIэу. Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбар хьэлэмэтхэр къыщыIур мащIэкъым. Иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтащ Ливаным щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр. Ар дгъэщIагъуэурэ, Иракым щыпсэу адыгэхэм я макъ къэIуащ. ЗэрызэхэтхымкIэ, ди хэкуэгъухэр хущIокъу а щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм зыхрагъэлъытэну, ар къыщыгъэнауэ, Иракым и Парламентми, щIыналъэхэм унафэр щызехьэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэми я хэхыныгъэхэми хыхьэну. Нахуэщ дызылъэмыIэса куэд ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум зэрыхэтыр…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

2021-09-25

  • Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъагэщ
  • Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм «Ди псэ» сабий къэфакIуэ гуп дахэ иIэщ. Журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм пщIэшхуэ хуащI лъэпкъ щэнхабзэм, анэдэлъхубзэр яхъумэ, адыгэ хабзэр я Iэпэгъущ. Абы и щыхьэтщ къыдэкIуэтей щIэблэр адыгагъэм, адыгэ щэнхабзэм зэрыщIапIыкIыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Мысыр шэрджэс пащтыхьхэр

2020-12-24

  • ХьэфIыцIэМухьэмэд
  • (КIэухыр.
  • ПэщIэдзэр №149-м итщ).
  • 1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къейт-бей. ЗылъэкI гуэрым ар щIалэ цIыкIуу къищэхуат. Адрей мамлюкхэм хуэмыдэу, Къейт-бей и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи сыт щыгъуи игу ихуртэкъым зыщалъхуа адэжь хэкур — Кавказыр. ЗэхэщIыкI нэс зэриIэм и щыхьэту, абы гъуэгу, еджапIэ, быдапIэ, лъэмыж куэд ирегъэухуэ. Бекпэши Абрэхьмэн Зэкий и «Илъэс мин япэкIэ Каир и щытыкIар» тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Къейт-бей лэжьыгъэм дэни щынэсырт. И гулъытэкIэ цIэрыIуэт, абы и зэманым щыIа фэеплъхэр джыным удимыхьэхыу къанэркъым, ахэр умыгъэщIэгъуэни пхузэфIэкIыркъым. Къейт-бей щыпсэуа лъэхъэнэр архитектурэ ухуэныгъэ гъуэзэджэ куэд зэрищIамкIэ ещхьыркъабзэщ ан-Насир ад-дин Мухьэмэд щыпсэуа зэманым. Адыгэ мэжджытхэм зэпымычу зыIэпашэ дуней псом и щIыпIэ Iэджэхэм къикIа архитекторхэр, сурэтыщIхэр, туристхэр».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Адыгэ  мамлюкхэм  я  щIэблэр

2020-12-24

  • НАУРЗОКЪУЭ Мыхьмуд
  • СИ ПАСЭРЕЙ АДЫГЭ
  • Сыт хуэдэ бийри хагъащIэу,
  • ЛIыгъэр я бащэу нартыжьхэт…
  • Фызыхуэзгъадэ щымыIэу,
  • Фи щIыхьыр лъагэу соIэт.
  • Фэ фыхуэпэжти фи псалъэм,
  • ДзитI зыIулъ къамэу вгъэдалъэт…
  • Фи шылъэмакъым бийр дэгулэзу
  • Фэ фыпсэуащи, сэ фызинабдзэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Си нэ джыджым къиджыкI уи пщэдейр

2020-08-11

  • Къандур Зейн и усэхэр
  • Къандур Зейн 1983 гъэм Иорданием и щыхьэр Амман къалэм къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIа унагъуэр Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Къэбэрдейм иIэпхъукIа адыгэхэм ящыщщ.
  • И адэ Къандур Ауни пащтыхь гуащэ Нур и IуэхущIапIэм щолажьэ, и анэ ЕхъулIэ Ехья ипхъу Фейруз унэгуащэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

2020-06-30

  • ДифI   догъэлъапIэ
  • Хъунэгу Надия и гурыгъу-гурыщIэхэр
  • Мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу Иорданием щыпсэу усакIуэ Хъунэгу Надия. Ар Амман дэт адыгэ еджапIэм и унафэщIу илъэс пщыкIущкIэ лэжьащ, уэчыл къалэнхэри ирихьэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

« Раньше