|
Зытеухуар 'Лъэпкъхэр'
Беслъэнейхэ я хабзэ
2019-08-20
- Дэтхэнэ зы лъэпкъми къыхокI я къэкIуэнум тегузэвыхь, я блэкIар зрагъэщIэну хущIэкъу цIыху пажэхэр. Апхуэдэхэрщ къызытехъукIыжхэр зымыгъэгъуащэр. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ куэдым щапхъэ яхуэхъуфынущ Беслъэнейхэ. Я блэкIар я щIэблэм ящIэу къагъэхъуну, я фIыр ягъэлъапIэрэ яIэту къогъуэгурыкIуэ ахэр. Абы и щыхьэтщ я къэкIуэнум хуэлажьэу къызэрагъэпэща лъэпкъ хасэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр
Уетхэ зылI и бын хуэдэщ
2019-07-25
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и адыгэ къуажэ нэхъ инхэм ящыщ Зеикъуэ иджыблагъэ зэхыхьэ гукъинэж щекIуэкIащ. А жылэм ищхъэрэкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам, зи гупэр Бахъсэн псыхъуэкIэ гъэзам, деж Хьэгъур Аскэрбий щригъэухуа шхапIэ-зыгъэпсэхупIэ дахэкIейр а махуэм хэщIапIэ яхуэхъуащ Уетхэ я лъэпкъ зэхуэсым кърихьэлIахэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр
2017-11-03
- Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэ лIакъуэхэм ящыщ мамхэгъхэр щыпсэуащ Куржыпсрэ Щхьэгуащэрэ я Iэгъуэблагъэм. Адыгэ ныпым тет вагъуэ пщыкIутIым я еянэ лIакъуэм сыт щыгъуи я гъуэгугъэлъагъуэу къадокIуэкI: «Зи блэкIар зыщIэм къэкIуэни иIэщ» жыIэгъуэр. Абы и щыхьэтми ярейт лъэпкъым иджыблагъэ Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэригъэпэща зэхуэсыр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр
Хьэтагъ и махуэ
2016-07-21
- Осетие Ищхъэрэм хыхьэ Суадаг къуажэм и гъунэгъу мэз дахэм илъэс къэс бадзэуэгъуэ мазэм щагъэлъапIэ лъэпкъ гуфIэгъуэр — Хьэтагъ и махуэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр
2014-01-15
- 1774 гъэм Осетие Ищхъэрэ-Аланиер Урысейм гухьауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунэгъу а республикэр дэри къуэш тхуэхъуащ, Iэджэ щIауэ Iуэху зэдэтщIэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Мы зэманым осетинхэм ящыщу ди щIыпIэм цIыху мин 15 щопсэу. Абыхэм я щэнхабзэр, гъуазджэр, анэдэлъхубзэр хъумэным тещIыхьауэ 1991 гъэм щегъэжьауэ мэлажьэ «Ныхас» осетин лъэпкъ центрыр. Тхыдэри ныбжьэгъугъэри ягу къагъэкIыжу, илъэсыщIэ дызытехьар угъурлы псоми яхуэхъуну хъуахъуэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей къэрал драмэ театрым щызэхуэсат «Ныхас»-м хэтхэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр
|