|
Зытеухуар 'Дин Iуэху'
Ислъамым и нур
2023-09-28
- Щэлэуатым къыдэкIуэ псапэхэр
- Щэлэуат хъужыр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Алыхьталэм и фIыгъуэр къеуэлIэну узэрыхуэлъаIуэ псалъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, нэмэзым хэт Iэтэхьиятым и кIэм жаIэ хабзэ «Iэллахьуммэ, щэлли гьэла Мухьэммэдин…» псалъэхэри щэлэуатым и зы лIэужьыгъуэщ. Апхуэдэхэр куэд дыдэ мэхъу, кIыхьи кIэщIи яхэту. Ауэ шэч закъуи къытумыхьэу, уигу илъыпхъэр зыщ: щэлэуат нэхъыбэ къэпхьыху, уи дежкIэ нэхъыфIщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам Алыхьталэм и пащхьэм щиIэ увыпIэр апхуэдизкIэ лъагэщи, уеблэмэ ар зыгъэлъапIэ хъуэхъу къызыкIэлъымыкIуэ духьэм жэуап имыIэнкIэ шынагъуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2023-08-29
- Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэм бгъэдэлъа фIыгъуэхэмрэ щытыкIэхэмрэ
- Мазэ иримыкъущ къэнэжар Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къыщалъхуа мулид мазэр къихьэным. Дунейм нэхъ лъагэ дыдэу тета цIыхум и гъащIэ гъуэгум щыгъуазэ зытщIыныр муслъымэн псоми ди къалэнщ. Уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн Iуэхур щхьэпэщ, итIани, а лъэхъэнэ жыжьэм дызэрыщымыпсэуам къыхэкIыу, тхылъым къитхри зэхэтхри пэжу зэрызыгурыдгъэIуэным делIэлIапхъэщ. Нобэ фи пащхьэ къитхьэ лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр пасэ зэманым псэуа курд щIэныгъэлIышхуэ Iэл-Эрбили Мухьэмэдщ. «МыкIуэдыжыну тыгъэхэр зэрыт тхылъ» зыфIища лэжьыгъэм Алыхьталэм и лIыкIуэ махуэм и теплъэри и хьэлри уи нэгум IупщIу къыщыщIегъэувэ ущиякIуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
МэжджытыщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ
2023-08-05
-
Налшык и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм шыщхьэуIум и 4-м щагъэтIылъащ ПщыхьэщIэ Iэнэс-хьэжы и цIэр зрихьэу яухуэну Мэжджытышхуэм и япэ мывэр, къэкIуэну щIэблэм хуагъэхь тхыгъэр зэрылъ капсулэр и гъусэу.
- Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий, гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэр, архитекторхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэмрэ цIыхубэм и лIыкIуэхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2023-07-25
- Урысейм КъурIэныр щагъэлъапIэ
- Къурмэн хьидым ирихьэлIэу, мэкъуауэгъуэм и 28-м, Дербент дэт мэжджытым щрагъэблагъэм, УФ-м и Президент Путин Владимир КъурIэн лъапIэр иратащ. Муслъымэнхэм пщIэ зыхуащI тхылъыр игъэпуду зыми зэрыхуимыдэнур къыхигъэщащ Президентым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Урысейр псоми ди зэхуэдэ къэралщ
2023-06-01
- «Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэр урысей хэкупсэу къэгъэтэджын, Iуэху еплъыкIэ мыхъумыщIэхэм щыхъумэн, лъэпкърэ динкIэ зэхуэмыдэхэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэр щыгъэбыдэн» къыхуеджэныгъэм щIэту, Налшык дэт «Азимут» хьэщIэщым накъыгъэм и 30-м щызэхэтащ щIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзыубыда щIэныгъэ конференц. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым я нэIэ щIэту, ар къызэригъэпэщащ Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2023-05-30
- Урысей — ислъам дуней: KazanForum
- Накъыгъэм и 18 — 19-хэм Тэтэрстаным и щыхьэрым щызэхэтащ 2009 гъэм щегъэжьауэ илъэс къэс УФ-м щекIуэкI «Урысей — ислъам дуней: KazanForum» зэIущIэшхуэр. ХьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
НэщIикIыж хьидым щIыналъэр егъэбжьыфIэ
2023-04-25
- Мыгъэрей НэщIикIыж хьидыр гъатхэм и дахэгъуэу зэрырихьэлIам нэмыщI, мэрем махуэми те-хуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къали къуажи къина къыщIэкIынкъым ар Iэтауэ щамыгъэлъэпIауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2023-04-18
- Рэмэданым фIыкIэ сихъуэжащ
- Газетеджэхэм гу лъатагъэнущ ди щIыналъэм пщIэ нэхъ щызиIэ Iимамхэм я хъутIбэхэм мазэ къэс щыгъуазэ фытщIыным дызэрыхущIэкъум. Ахэр мэжджыт щхьэхуэхэм, къуажэ жыжьэхэм зэ закъуэ фIэкIа щымыIуауэ щытми, зэрыбкIэ къэщыпа хьэрфым и къарум Iущыгъэр мыкIуэдыжын ещI, ар къызыжьэдэкIам и макъыр зэхэзымыхами лъегъэIэсыф. Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и рэмэдан хъутIбэри апхуэдэ гулъытэ зыхуэфащэщ:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2023-03-21
- Зэгухьэныгъэм и зэхуэс
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэлэжьыхьащ гъатхэпэм и 6-м Мэзкуу щекIуэкIа, Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр зрагъэблэгъа «Урысей-Ислъам дуней» зэIущIэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
2023-02-28
- БэраIэт жэщыр
- Шэхьбаныр зэхуэдитI щыхъум деж, мазэм и 14 — 15-нэ махуэхэм (гъатхэпэм и 6 — 7) я зэхуакум БэраIэт жэщыр къохьэ. НэщI мазэр къэсыным иджыри тхьэмахуитI иIэжу дызыхиубыдэ мы зэман лъапIэм зэрыхъукIэ жейм пэIэщIэ зыпщIу, дин лэжьыгъэхэм зептыныр ягъэдахэу къогъуэгурыкIуэ муслъымэнхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
2023-01-31
- МэжджытыщIэ яухуэнущ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек илъэсым и кIэм лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзауэ щытащ КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2022-12-27
- Зытеунахъуэр я бзэращ
- Iуэху цIыкIу ди гугъэжурэ Iуэхушхуэу къыщIидзыжу, е Iуэху цIыкIуу къежьэурэ иужькIэ Iуэхушхуэм хуэкIуэжу, ди гъащIэм куэд къыхохуэ. И чэзум зыкъэдмыщIэжрэ иужькIэ икъукIэ дыхущIегъуэж-ми, ди щIегъуэжыным зыри къимыкIы-жыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2022-11-29
- Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!
- «Ислъамым и нурым» и блэкIа къыдэкIыгъуэм къытехуа «Теубгъуэным и зэчырым» къыпэджэжахэм Алыхьыр арэзы къыфхухъу яжыдоIэ. ЦIыхум и муслъымэныгъэр зэрефIакIуэм и щыхьэтщ абы и гум Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хуиIэ лъагъуныгъэм зэрызыщиубгъур, ЛIыкIуэ лъапIэм и пщIэр иIэтыныр, абы дэплъеиныр хьэл зэрыхуэхъур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2022-10-25
- Зыри зэран къытхуэхъуркъым
- Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым жэпуэгъуэм и 11-м «стIол хъурей» щызэхэтащ «Дин гъэсэныгъэр щIэпхъаджагъэм поув» фIэщыгъэм щIэту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Ислъамым и нур
2022-09-27
- Дин щэнхабзэ
- Къашыргъэ Мухьэмэд ефэнды
- Япэ Iыхьэ
- Iузуняйлам нэхъ щIэныгъэлIышхуэу исахэм яз, Мударей щыщ хьэжы Алий Мэкъсуд Ефэндым и гъэсэнхэм ящыщу нэхъ ефIэкIуа дыдэхэм хабжэрт Къашыргъэ Мухьэмэд ефэндыр (1888 — 1955). Езыр Тыркум хыхьэ Мэрэш къалэм и Iэгъуэблагъэм ис адыгэ къуажэхэу ДжылахъстэнейкIэ зэджэ щIыпIэм, Анзорейм щыщт. Мухьэмэд ефэндым теухуа хъыбарыр и къуэрылъху Къашыргъэ Джэнан щхьэмахуэм тхыгъэу къытхуигъэхьащи, дывдэгуэшэнщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
|