ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Дыгъуасэ'

Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центр Налшык къыщызэIуах

2023-05-13

  • «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу, «Искож» хьэблэм дыгъуасэ къыщызэIуахащ Налшык къалэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрыщIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Мэкъумэш  IэнатIэм къыхэтхыкI  щокIуэкI

2021-08-03

  • ШыщхьэуIум и 1-м щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщам, къыхэтхыкIыныгъэм кърикIуэнум, лэжьыгъэр зэрекIуэкIым теухуа пресс-конференц блыщхьэм ири-гъэкIуэкIащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Гухэлъхэр  щагъэзащIэр

2020-12-22

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ республикэм къыщызэIуихащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» урысейпсо Iуэхур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Адыгэ  академием  и лэжьыгъэм  пещэ

2020-07-21

  • Бадзэуэгъуэм и 20-м «Синдика» хьэщІэщым ЩІэныгъэхэмкІэ Дунейпсо Адыгэ Академием и чэзу зэІущІэр щызэхэтащ. Ар ирагъэкІуэкІащ Академием и вице-президент ХьэфІыцІэ Мухьэмэдрэ еджагъэшхуэ-секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

КIыщокъуэ  Алим  зэи   ящыгъупщэнукъым

2020-01-30

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжа махуэм ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Къулейсызыгъэм пэщIэувэ Iэмалхэр

2020-01-16

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм дыгъуасэ щедэIуащ Мэзкуу «Манеж»-м. Абы кърагъэблэгъащ УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституцэ судым и унафэщIымрэ и къуэдзэхэмрэ, Суд Нэхъыщхьэм и Iэтащхьэр, Прокурор Нэхъыщхьэр, Следственнэ комитетым, ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм, Къэзыбж палатэм я унафэщIхэр, Къэрал Советым хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Печатым и махуэрягъэлъапIэ

2020-01-14

  • Урысей печатым и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм дэт Печатым и унэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр ягъэбелджылыж

2019-12-21

  • Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм лIыхъужьыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу нобэр къыздэсым къэрал дамыгъэхэр зрамыты-жу къэнахэм я благъэхэмрэ Iыхьлы- хэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Iуэху нэхъыщхьэхэр

2019-12-19

  • КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иныр
  • илъэс 75-рэ зэрырикъур Къэбэрдей-Балъкъэрым
  • щыгъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр
  •  КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъур КъБР-м щыгъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципалитетхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, ветеран зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин  хуэзащ

2019-12-17

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ Дианэ Мосс Жаклинрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъуасэ Налшык щыIащ

2019-11-30

  • Абы иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ cоветым и зэIущIэ
  • Къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр
  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык щригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр. Абы щыхэплъащ Урысей Федерацэм и Къэрал лъэпкъ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм къагъэув къалэнхэмрэ Iуэхухэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

ХьэщIэхэр кърагъэблагъэ

2019-11-14

  • КъБР-м и Парламентым и депутатхэр дыгъуасэ яхуэзащ Тверь областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и лIыкIуэхэм. ХьэщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кърагъэблэгъащ щIыналъэхэм я парламентхэр зэ рызэдэлэжьэнум теухуауэ щэкIуэгъуэм и 12-м зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

КIыщокъуэ  Алим зэи  ящыгъупщэнукъым

2019-10-12

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ щрикъум ирихьэлIэу, дыгъуасэ сыхьэт 11-м пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща «Всадник чести» усыгъэ фестивалым хыхьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Псэм ипэ – напэ

2019-10-01

  • ФокIадэм и 30-м Абхъаз Республикэм Щхьэхуитыныгъэмрэ ТекIуэныгъэмрэ я махуэр щагъэлъапIэ. Илъэс 26-кIэ узэIэбэкIыжмэ, а махуэм абхъазыдзэхэр Ингури псыежэхым Iухьэри (Куржым и гъунапкъэм), лъэмыжым деж я къэрал ныпыр щагъэуват — Хэку зауэр зэриухам и щыхьэту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

ДАХ-м куэд зэфIегъэкI

2019-09-20

  • ФокIадэм и 19-м Налшык щекIуэкIащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс. Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэм нэмыщI, абы кърихьэлIат хьэщIэ лъапIэ куэд: ДАХ-м и тхьэмадэхэм я Советым и унафэщI, тхакIуэ цIэры- Iуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал щIыб политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, министрхэу Къумыкъу Iэуес, Къумахуэ Мухьэдин, КIурашын Андзор сымэ, ДАХ-м хэт Хасэхэм я лIыкIуэхэр, хьэщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

« Раньше