ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ
2017-10-12
- Нобэ, жэпуэгъуэм и 12-м, илъэс 60 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахрэ. Ар къызэрагъэпэщауэ щытащ 1932 гъэ лъандэрэ ди щIыналъэм щылажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтыр и лъабжьэу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар. Пединститут къызэIуахын и пэкIэ ди лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру щытар Орджоникидзе дэта Горскэ пединститутырт. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызиужьым елъытауэ, ди щIыпIэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэныр Iэмалыншэ Iуэху хъуат. ЩытыкIэр къалъытэри, РСФСР-м и Правительствэм 1932 гъэм и мэлыжьыхьым унафэ къищтауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым пединститут щхьэхуэ къызэрыщызэIухыпхъэм теухуауэ. КъБКъПИ-м япэ студентхэм папщIэ и бжэр къызэIуихащ 1932 гъэм фокIадэм и 15-м. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: УнафэщIым и псалъэ, Хэха