|
Зытеухуар 'Япэу тыдодзэ'
2019-10-24
- «Екатерина Черкеза» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна бзылъхугъэр Молдовэ къэралыгъуэм и пащтыхь Лупу Василий и щхьэгъусэу щыта адыгэпхъут. «Молдовэм и тхыдэм зи цIэ къыхэна зы бзылъхугъэ — Шэрджэс Екатеринэ» («Екатерина Черкешенка — жена господаря Василия Лупу. Судьба одной женщины в истории Молдовы») — ар и фIэщыгъэщ нобэ ди щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну тфIэигъуэ лэжьыгъэм. Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу къыдэзыгъэцIыху Заболотная Лилие Молдавием щыщ тхыдэджщ, а къэралым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и лэжьакIуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ
2019-04-09
- Франджы «Газета»-р Къэнжал зауэм топсэлъыхь
- 1709 гъэм гъатхэпэм и 23-м Франджым къыщыдэкIа «Газета»-р («La Gazette» — 1631 гъэм къыщыщIэдзауэ Франджы пащтыхьыгъуэм и унафэкIэ дунейпсо мардэм тету къыдагъэкI) Къэнжал зауэм теухуа хъы-бар къытридзауэ щытащ. ФIыщIэ хуэфащэщ ар къэзыгъуэту хэIущIыIу зыщIа тхыдэ щIэныгъэлI, адыгэхэм ятеухуа тхылъ мымащIэ хамэбзэхэм кърихыурэ дэзыгъэцIыхуа Мэлбахъуэ Къэралбий. Дызытепсэлъыхь тхыгъэр «си нэкIэ слъэгъуарэт» жызыIэхэм ар щызрагъэхъулIэфынущ къыдэкIыгъуэм и электрон архивым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ
2019-01-17
- Бзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ гурэ псэкIэ хуэлэжьа Сокъур Мусэрбий псалъэпэкIэ къызэIуихыу, 1985 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIат «Синие горы Кавказа» тхылъыр. ГъэщIэгъуэнт абы и зэхэлъыкIэр: СССР къэралышхуэм и литературэ къу-лейм зи пщIэ щаIэтахэм я усэхэр тхылъым щызэхуэхьэсат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ
2018-11-27
- «Лидеры отрасли» журналым и 5-нэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысейм къыщыдэкI, Высоцкая Заремэ зи редактор нэхъыщхьэ а журналым къалэн зыщещIыж политикэм, медицинэм, гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэм, ухуэныгъэм, мэкъумэшым, экономикэм къыщыхэжаныкIа, щIыналъэр ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху пэрытхэр дигъэцIыхуну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ
2015-12-29
- Жылокъуэ Мухьэмэд Мысост и къуэр 1939 гъэм Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиухыу Баку дзэм къулыкъу щищIа нэужь, Налшык дэт технологие техникумым щеджащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, гъэшхэкIхэм щелэжь комбинатым илъэс куэдкIэ щыIащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ
|