|
Зытеухуар 'Жылагъуэ'
2022-05-06
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, «Этих дней не смолкнет слава» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-03-30
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым гъатхэпэм и 25-м щагъэлъэпIащ республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пажэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2022-03-04
- Бзылъхугъэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм и инагъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТхакIуэ дапщэ тетхыхьами, усакIуэ дапщэм усэбзэ дахэкIэ къаIуэтами, иджыри нэсу жаIэфауэ къыщIэкIынкъым цIыхубзым и уасэмрэ и пщIэмрэ. ИтIани, куэд къызэщIиубыдэу IутIыж Борис жиIэфауэ къысщохъу мыр: «ЦIыхубзыр ар цIыху тхьэпэлъытэщ, КъэзыгъэщIыфу къигъэщIащ». Ар шэч къызытумыхьэжынщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2021-12-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ щIэрыщIэу хахыжауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2021-02-16
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къыдагъэкIа «Дэ дызэкъуэтщ» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм зэрызыщIигъэкъуам папщIэ къэрал фэеплъ дамыгъэр иджыблагъэ хуагъэфэщащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар иратащ еджапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2020-11-19
- «Махуэку» кIуами тетат коронавирусым теухуа тхыгъи, аргуэру абы и гугъу сымыщIами хъунут. Ауэ, зауэм щыIэм и хъыбарым пэплъэхэу зэрыщытам хуэдэу, мы уз зэрыцIалэм Iэмал гуэр къыхуагъуэтыну пIэрэ, жытIэу ятхым деджэн, жаIэм дедэIуэн хуей мэхъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2020-11-12
- Иужьрей илъэс 30-м ди къэралым щекIуэкIа, иджыри зи кIэм димыплъа зэхъуэкIыныгъэхэм ди цIыхухэм я нэгу щIигъэкIар ящигъэгъупщауэ жыпIэ хъунущ коронавирусым. Ар къиубыдынкIэ зэрыхъунум, и благъэ кIэлъыкIуэну зэрышынэм (уз яхузохь е къахызох жиIэу гузавэу) цIыхупсэр егъэгужьей. Адыгэм ди хабзэр аращи, илъэс бжыгъэкIэ дымылъэгъуами, дунейм ехыжам щхьэкIэ дызэхуос, гуауэ къызыхуепсыхам дэдгуэшын зэрыхуейр ди лъым хэлъщи. Иджы ари хъужкъым. Жып телефонращ къытхуэнэжар дызыщIэупщIэн, уеблэмэ зыгуэрым дыхуэгузэвэн папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2020-07-04
- Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ зэхэта къэралпсо IэIэтым КъБР-м щыщыIа жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм кърикIуахэм хэплъэжащ. Абы теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм щыIа пресс-конференцыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2019-08-01
- Магас щыпсэу щIалэгъуалэм хуагуэшащ ингуш пщащэм, щIалэм хэлъын хуей хьэл-щэныр щыгъэбелджыла тхылъ цIыкIу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2018-12-18
- Ди республикэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ Тегенекли щIыпIэм дыгъэгъазэм и 6-м къыщыщIэдзауэ и 10-м нэсыху щекIуэкIащ Урысейм и волонтёр центрхэм я ассоциацэм (ВЦА) хыхьэ волонтёр зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм я урысейпсо зэхуэс. Абы и лэжьыгъэм хэтащ зи гугъу тщIы къызэгъэпэщыныгъэхэм я лIыкIуэу 160-м нэблагъэ. Ахэр къикIащ УФ-м и щIыналъэ 50-м щIигъум.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2018-12-01
- БжьыхьэкIэ мазэм дыгъэпскIэ гъэнщIа и иужьрей зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ящыщ зым Хьэтуей къуажэм къыщызэIуахащ спортым дихьэх щIалэгъуалэр зыщыгуфIыкIа, топ щыджэгу хъуну стадионыщIэ. Абы дяпэкIэ зэрихьэнущ а жылэм дэт курыт школым физкультурэмкIэ егъэджакIуэу илъэс 50-м щIигъукIэ щылэжьа, ныбжьыщIэхэм я Iэпкълъэпкъым зегъэужьынымкIэ гъэсакIуэ пажэу щыта Нало Леонид Хьэмырзэ и къуэм и цIэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2017-03-23
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхуэсыр теухуауэ щытащ республикэм и щэнхабзэ IэнатIэм щытыкIэмрэ ар ефIэкIуэн папщIэ щIапхъэхэмрэ. КъаIэта Iуэхумрэ нобэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэмрэ убгъуауэ тепсэлъыхьащ Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жэмал, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьынымкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис сымэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2016-12-20
- Дыгъэгъазэм и 15-м Печатым и Унэм щекIуэкIащ КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэIущIэ. Ар къызэIуихащ КъБР-м Зауэм, Лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэмрэ я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2016-12-06
- УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. IуэхущIапIэм щылажьэхэм IэнатIэ Iуту ныкъуэдыкъуагъэ зыгъуэта цIыху 16-м «Лада Гранта» автомобилыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр гуфIэгъуэ щыкIэм иту щратащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
2016-11-22
- ЩэкIуэгъуэм и 20-м КъБКъУ-м щекIуэкIащ Урысейпсо географие диктант. Урыс географие зэгухьэ-ныгъэм и Попечительскэ советым и Тхьэмадэ, УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща а къэралпсо къэпщытэныгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр Урысей Федерацэм щыпсэу цIыхухэм хэкум и географие и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр убзыхунырщ, апхуэдэуи а унэтIыныгъэм жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ гулъытэмрэ къыщыIэтынырщ. Университетым нэмыщI диктантыр щекIуэкIащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр:
Жылагъуэ
|