|
Зытеухуар 'Iуэху еплъыкIэ'
Адыгэбзэ, адыгэпсэ, адыгагъэ
2023-05-23
- Иджырей гъащIэм хуиту хэувэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Аращ УФ-м и Президент Путин Владимир егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм теухуа и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щIыщыжиIар: «Сабий садхэр – ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгубдзаплъэу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гупхэщ. Сабий садхэм щыщыIэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэфIэтхыурэ, дэ гъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм Iэмал имыIэу къыщытIэтын хуейщ». Къэрал унафэщIым къигъэува къалэныр гъэзэщIэным хущIокъу ар зи пщэрылъ псори. Иджырей щIэблэм я гъэсакIуэ пашэхэм ящыщщ Шэджэм щIыналъэм и къалащхьэ Шэджэм дэт «Псынэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Щокъуий Лидэ Чэрим и пхъур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
Уегъэгузавэ, уегъэпIейтей, ухегъэгупсысыхь
2023-05-13
- Зэманыр, шэ икIауэ, блолъэт. Зехъуэж гъащIэм, нэгъуэщI мэхъу цIыхухэм я гупсысэр, зэхущытыкIэр, лъапIэныгъэу къалъытэхэр. А псори дызыпэмылъэщын къэхъукъащIэщ, атIэми дэ тщыщ дэтхэнэми ди IэмыщIэм илъщ дызыщыщ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнур, а лъэпкъым дрицIыхуу зыкъэтлъытэжмэ, дауи. Псом хуэдэжкъым цIыхум и анэдэлъхубзэм хуиIапхъэ щытыкIэр: лъэпкъыу дыщызыгъэт, дыкъезыгъэлъытэ а фIыгъуэм сабийм хуэдэу дыхуэсакъыу, зи хьэл-щэн зэтеувэ ныбжьыщIэм хуэдэу дыхуэнабдзэгубдзаплъэу, зи щIалэгъуэм хуэдэу зедгъэужьу, нэхъыжьхэм яIапхъэ пщIэ лъагэм хуэдэ едгъэгъуэту зетхьэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ихъуреягъкIэ екIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр лъоIэс лъэпкъым и анэдэлъхубзэми, уигъэгузавэу, уигъэпIейтейуэ, ухигъэгупсысыхьу…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
Дэнэ здэщыIэнур къуажэ музейр?
2023-04-13
- ДызыхэпсэукI дунейм теткъым бжыгъэкIэ мащIэу зы лъэпкъ цIыкIу, и щыIэнымрэ и щыIэкIэ хъунумрэ имыгъэгузавэ. Гур зэрыгъум дыгъур иримыкIуэн папщIэ, дэтхэнэри йогупсыс зызэрихъумэжыну хэкIыпIэхэм. Сыт хуэдэ лэжьыгъэм лъэпкъ гупсысэм и лъабжьэр игъэбыдэну? Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хэкупсэхэр гъэ-са хъуну? Лъэпкъым и цIыхухэр гъащIэм губзыгъэу хэтын папщIэ, дауэ я гъуэгур убзыхун хуей? Я къэухьым сытым зригъэужьыну? Лъэпкъым и тхыдэр, и цIыху пэрытхэр ящIэу, и хабзэм тету щIэблэр къыдэкIуэтеиныр зэлъытар сыт? Мыпхуэдэ упщIэхэм, нэхъыбэжми поджэж лъэпкъ музейхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2022-10-08
- Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ сыкIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэгъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зыщытIэжьэн хуей хъуащ гъунэгъу Беларусым, Столин жылагъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэтауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сыхуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэшэну. Си гугъэщ ар гъэщIэгъуэн фщыхъуну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2022-06-29
- Иджырей лъэхъэнэу жыджэру экономикэм, жылагъуэм, политикэм зэхъуэкIыныгъэ куухэр къыщыхъум, псэлъэкIэр, стилистикэр сабийхэм егъэщIэныр егъэджэныгъэм и зы къалэн нэхъыщхьэу къоув. ЖыпIэ хъунущ, Интернетым сабийм и къэухь, и бзэ сытхэм зригъэужьу, ауэ ар пэжым и хэкIыпIэу къапщтэ хъуркъым. Интернетым, радиом, телевиденэм узыщрихьэлIэ текстхэр, псэлъэкIэхэр, псом япэу, стилистикэ и лъэныкъуэкIэ, удызэхьэхыну щыткъым. А Iуэхугъуэхэм епха и гупсысэхэмкIэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм нобэ къыддогуашэ Хъыжьырокъуэ (Батырдэгу) Лерэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2022-06-02
- ЦIыхум и гупсысэр дамыгъэ гуэркIэ тхылъымпIэм зэрытрилъхьэн щIэныгъэм щIэхъуэ-псыныр адыгэхэм я деж зэи щызэпыуауэ къыщIэкIынукъым. Абы и щыхьэтщ Урыс-Кавказ зауэр и гуащIэгъуэу щекIуэкIым адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ итхауэ щыта мыпхуэдэ псалъэхэр: «… къэхъунщ зэман бгырыс мыгъасэм и гум гурыщIэ телъыджэр — гъащIэр зыгъэнэхур — щIэныгъэм хуэпэбгъэныр къыщылыдыну, къэсынщ дэркIи сыхьэт, псоми дэ щIэныгъэм, тхылъым, тхэным зыщеттын».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2021-11-27
- ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ. Iуэхур нэхъыбэу зэлъытар дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэхущытыкIэрщ, лъагъуныгъэрщ. А тIур зэгурыIуэу къызэдекIуэкIмэ, зыр адрейм емыкъуэншэкIмэ, кърикIуэнур лъэныкъуитIми къахуэщхьэпэн IуэхуфIщ, сыту жыпIэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр псэ зыIуту хъуами къэкIыгъэхэми я дохутырышхуэщ, я хъумакIуэ пэжщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, ди къуршхэми, мыIуэхуншэр щыгъэтауэ, дэ къытхуэлажьэурэ, къалэнышхуэ ягъэзащIэ: ди дунейм и хуабагъ-щIыIагъыр, псыIагъэ-гъущыгъэр зэщыщхъуу щытыныр бгыхэм куэдкIэ елъытащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2021-02-02
- Адыгэхэмрэ адыгэ-ермэлыхэмрэ ятеухуа фильм Мейкъуапэ щытрахыну Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм жэрдэм къызэрыхилъхьам и хъыбарым Интернетым сыщрихьэлIат, гъэщIэгъуэн дыди сщыхъуат. Нахуэу щыжымыIами, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, а фильмыр кинорежиссер цIэрыIуэ, тхакIуэ, публицист Вэрокъуэ Владимир «Амыщ къуажэ» зыфIища и романым тращIыкIыну гурыщхъуэ сщIат, арщхьэкIэ зи гугъу ищIымрэ а тхыгъэмрэ зэхуаIуэху щымыIэу къыщIэкIащ. Ар щыгъэтауэ, Адыгэ Хэкум щыпсэу си цIыхугъэхэм къызэрызагъэщIамкIэ, хъарзынэу зэфIыхьэу хуежьа Iуэхур щаублам деж щыужьыхыжащ, Ермэлыхьэблэрэ (Армавиррэ) абы и Iэгъуэблагъэмрэ адыгэ-ермэлыхэм псэукIэу яIар кърибгъэлъэгъуэну жыли къуажи зэрыщымыIэр щхьэусыгъуэ ящIри. (Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ-ермэлыкIэ зэджэр ермэлыхэм ящыщ лъэпкъщ, XV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу, зэрахьэр чыристан динми, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, зытетыр Адыгэ Хабзэщ).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2019-12-07
-
Дыгъэгъазэм и 7, щэбэт
-
ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ. 1944 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Чикагэ (США) Iэ щытрадзащ цIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я лэжьэкIэр зыубзыху конвенцэм.
- Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм я инженер-авиацэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ, Хэха
2019-12-05
- Нобель и саугъэтыр 2001 гъэм экономикэмкIэ зрата Стиглиц Джозеф (США) и зы жыIэгъуэ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ 1990 гъэхэм. «Мыр сыту дуней гъэщIэгъуэн, къулейсызхэм къулейхэр ягъашхэу», — аращ фигу къэзгъэкIыжыр. ГушыIэ мащIэ хэлъу жиIами, дунейпсо экономикэм и ухуэкIэм фIыуэ щыгъуазэ щIэныгъэлIыр мы Iуэхум и лъабжьэм щIэлъым, дауи, фIы дыдэу щыгъуазэщ.
- Сыт атIэ абы жиIэр экономикэм епха гугъуехьхэм теухуауэ?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2019-09-14
- Бзэр мылъкущ, ауэ ар дызытегужьеикI мылъкум хиубыдакъым. Ахъшэр Iэмалыншэу дыхуейуэ къыдолъытэри, хэкIыпIэ долъы-хъуэ нэхъыбэу къэдлэжьыну, къэдлэжьар дгъэбэгъуэну. Зы цIыхум и ахъшэр къыздыхуэзэм щигъэтIылъынукъым, хамэм и нэ къыздытемыхуэн, хамэIэ щемыIэбын къилъыхъуэнурэ щигъэбыдэнущ. ЗыгуэркIэ хагъэкIыжми, хаб-зэхъумэхэм екIуэлIэнущ, къаригъэгъуэтыжынущ, зыхуэфащэр игъэпшынэнущ. Бзэм апхуэдэу дыхуэсакъыу, дытегузэвыхьу, тхъумэу, дгъэбагъуэу хэт жиIэфын? МэкIуэдри гъуэгу тетщ, ауэ сыт пэдгъэуврэ, дауэ къедгъэлрэ?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2018-07-07
- Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дуней, и ехъулIэныгъэхэр иIэжщ. Апхуэдэ дыдэуи лъэпкъ къэс езым и цIыхум и теплъэр, и хьэл-щэныр, и зэхэщIыкIыр дыболъагъуж. Сытепсэлъыхьыну сыхуейщ, япэрауэ, адыгэ бзылъхугъэм и теплъэм, хэлъыпхъэ щэн дахэм, абы дунейм и зыужьыкIэм щигъэзащIэ къалэным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2018-02-27
- Иджырей зэманым нэхъ ухэзыгъаплъэ Iуэхухэм ящыщщ адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ унагъуэхэм екIуу зэрыщызэрамыхьэжыр. Зи лъэпкъым зи гур хуэуз цIыхур, шэч хэмылъу, абы ирогузавэ икIи апхуэдэ щытыкIэр щилъагъукIэ, Iэмал къыхуигупсысыну яужь йохьэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2018-02-10
- Къэбэрдейм ит Къэнжал бгым и деж 1708 гъэм щекIуэкIа зауэзэрылIыр кърым хъан Къаплъэн-Джэрий и махуэ мыгъуэт. Абы щыгъуэщ тэтэр пщы-уэркъхэм я нэхъыфIыщхьэхэр къанэ щымыIэу Къэнжалыкъуэм щыдэкIуэдар. И къуэшыр, и къуэр, и армэм здришэжьа жыжьэрыуэ топхэм я нэхъыбэр зыфIэкIуэда езы хъаныр ерагъыу псэууэ къела къудейщ. Къаплъэн-Джэрий и щхьэ кърикIуа щIэщхъур Кърымым къыщыхуамыгъэгъуу, щхьэусыгъуи къамылъыхъуэу, къэралым нэгъуэщI хъан трагъэувауэ щытащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
2018-01-20
- Адыгэ Тенджыз (Мэржэхъу Мухьэмэд) Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Дзэлыкъуэ къуажэм 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ.
- 1959 — 1964 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Радиовещанэмрэ телевиденэмкIэ и комитетым и хорым, къэрал уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ я хорым щылэжьащ. 1964 — 1969 гъэхэм ар щыпсэуащ Латвие ССР-м и Даугавпилс къалэм. ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу щытащ, «Электроинструмент» заводым и лэжьапIэ IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ, абы къыдэкIуэуи щеджащ Даугавпилс дэт музыкально-педагогическэ институтым, Ригэ щыIэ политехникэ институтым, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу абыхэм ящыщ зыри къиухакъым. ГъэщIэгъуэнщ: и япэ Iуэтэжхэр (рассказхэр) дунейм къызэрытехьар латышыбзэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ
|