|  | Январь, 2021
            ЩIалэгъуалэр зыгъэпIейтейхэр2021-01-30 
              
                КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ зэIущIэ щхьэпэ. Зэхуэсыр теухуауэ щытащ щIалэгъуалэр зыгъэпIейтейхэм, апхуэдэ Iуэхухэр лъэныкъуэ егъэза хъун папщIэ лэжьыпхъэхэм.Видеоконференц мардэм тету къызэрагъэпэща зэхуэсым хэтащ ди хэкуэгъу щIалэгъуалэу Мэзкуу и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэри, республикэм и вузхэмрэ курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэтхэмрэ я студентхэри. Спортым, медицинэм, щэнхабзэм, щIыуэпсыр хъумэным, нэгъуэщI куэдми ехьэлIа упщIэхэр къыщаIэтащ зэIущIэм икIи студентхэр зыгъэпIейтей дэтхэнэ зы упщIэми и жэуап нэс ягъуэтащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Мэкъумэш IэнатIэм зеужь2021-01-30 
              
                
                   БлэкIа илъэсыр республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэ зыбжанэм ехъулIэныгъэхэр яIэу яухащ.Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм Къэрал статистикэмкIэ и къулыкъущIапIэм и управленэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм 2020 гъэм гъавэрэ джэшхэкIыу тонн мелуан 1,2-рэ кърахьэлIащ. Ар 2019 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 9,1-кIэ нэхъыбэщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Гум къина грамми 125-рэ2021-01-30 
              
                
                   Ди къэралым и щIыпIэ куэдым мы махуэхэм щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къэухъуреиныгъэм махуэ 900-м нэскIэ ита Ленинград къалэм блокадэр зэ-рыщхьэщахыжрэ илъэс 77-рэ зэрырикъур. Тхыдэм IэгупIэу къыхэна а къахъугъэм теухуа Iуэхугъуэхэр щекIуэкIащ ди республикэми.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт курыт школ №3-м къыщызэрагъэпэщащ «Блокадэм исахэм я щIакхъуэ Iыхьэр» фIэщыгъэр зыхуащIа дерс зэIуха. 1-нэ «б» классым щекIуэкIа а Iуэхугъуэ хьэлэмэтыр и жэрдэмт а цIыкIухэм я егъэджакIуэ Мэшыкъуэ Алёнэ. Хэкупсэ гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIа а зэхуэсым жыджэру хэтащ «Урысейм и гугъапIэ» къэралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэм и Дзэлыкъуэ къудамэм и пашэ Мыкъуэ Мадинэ, школым и унафэщIхэр.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Адыгэ щIалэгъуалэм зыщIагъакъуэ2021-01-30 
              
                
                   Америкэм и Штат Зэгуэтхэм адыгэ мин 12 щопсэу. Нэхъыбэр зыдэсыр Нью-Джерсирэ (цIыху мини 10) Калифорниемрэщ (I мин). США-м щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм Iуэху дахэ къызэрагъэпэщауэ щытащ 2005 гъэм. Абы ис адыгэ щIалэгъуалэм я къэкIуэнум тегузэвыхьу дохутыр, хьэрычэтыщIэ гуп зэгурыIуэри, Адыгэ щIэныгъэ фонд къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар адыгэр дуней псом щызэбгрыпхъа пэтми, зэрыубыду я лъэпкъ зыхэщIыкIыр яхъумэжын, лъэпкъым щыщ-хэм я зэфIэкIыр дунейпсо утыкум щагъэлъэгъуэнымкIэ Iэмал яIэщ. Ар щызрагъэхъулIэфынур щIэныгъэр, хьэрычэт Iуэхур, иджырей технологиехэм я къэгъэсэбэпыкIэр нэхъри ирагъэфIакIуэмэщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Ди спортсменхэр нэхъ Iэрыхуэт2021-01-30 
              
                Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм стIолыщхьэ теннисымкIэ щхьэзакъуэ-гуп чемпионат. Абы хэтащ Дагъыстэным, Осетие Ищхърэ-Аланием, Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен 75-рэ.Махуищым къриубыдэу спортсменхэр щызэхьэзэхуащ гуп, тIурытI, щхьэзакъуэ зэпэщIэтыныгъэхэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            «Ищхъэрэ къалащхьэм» къыщыхожаныкI2021-01-30 
              
                
                  
                Санкт-Петербург дэт «Комета» физкультурэ-спорт комплексым щекIуэкIащ каратэмкIэ XXXII урысейпсо зэхьэзэхуэ, «Невский факел» зыфIащар. Ар хухахащ Ленинград къалэр хуит къызэращIыжрэ илъэс 77-рэ зэрырикъум.
Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 21-м щыщ спортсмен 750-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и каратистхэм щызэуа хьэлъагъхэмрэ гупхэмрэ медаль зэмылIэужьыгъуэу 9 къыщахьащ.Щхьэзакъуэ «кумитэ»-м пашэныгъэр щаубыдащ Мэз Идаррэ (кг 57-рэ) Щомахуэ Ислъамрэ (кг 60). Домбеякъ медалхэр къахьащ КIэбышэ Ислъамрэ (кг 40) Глищинский Матвейрэ (кг 68-рэ).
 Гуп «кумитэ»-м ещанэ щыхъуахэщ Гуэбэшы Арнэллэрэ Уянаевэ Самирэрэ, Мэз Идаррэ Круглов Ренатрэ.
 Спортсменхэр ягъасэ Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт, Щомахуэ Владимир сымэ.
КЪЭХЪУН Бэч. Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2021-01-30 
              
                КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ хъыбарегъащIэ агентствэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм я лэжьакIуэхэр Кайданов Аркадий Семён и къуэм хуогузавэ абы и адэ Кайданов Семён Борис и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу. Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ Дзасэжь Хьэзрэталий2021-01-30 
              
                
                   Дзасэжь Хьэзрэталий 1964 гъэм Дзэлыкъуэдэс къуажэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ и гур диным пэгъунэгъуу къэтэджащ ар. И анэшхуэм и жэрдэмкIэ, Хьэзрэталий иджыри цIыкIуу, я гъунэгъу Хьэмызэ Iэбий ефэнды лIыжьым иригъэсат КъурIэн еджэкIэ.Дзасэжьым 9-нэ классыр къиуха нэужь, 1979 гъэм медицинэ училищэм щIэтIысхьэри, фельдшеру еджащ. Ари ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Германием кIуэри, дзэм къулыкъу хуищIащ илъэситIкIэ. И къалэныр ирихьэкIыу къигъэзэжа нэужь, зыхуеджа и IэщIагъэм ирилэжьэн щIидзащ. Дзэлыкъуэкъуажэ щIыналъэ сымаджэщым уври, илъэсищкIэ щыIащ. Япэ илъэсым фельдшеру, къыкIэлъыкIуэ илъэситIым наркологыу лэжьащ, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуам ипкъ иткIэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Iэдэм лIыкIуэ лъапIэр жэнэтым къыщIрагъэкIар2021-01-30 
              
                
Сыт дыщэмрэ дыжьынымрэщIэлъапIэр?
Iэдэм бегъымбарым IэщIэщIа щыуагъэм (шейтIаным зыкъызэрыригъэгъэпцIам) ипкъ иткIэ, жэнэтыр ибгынэн хуей хъуащ. Абы щыгъуэщ дыщэмрэ дыжьынымрэ пщIэ яIэ щыхъуар.ЛIыкIуэ лъапIэр жэнэтым къыщрагъэкIым, Тхьэм къигъэщIахэр (Iиблис къищынэмыщIа) зэщIэ- гъуагэрт, Iэдэм апхуэдизкIэ яфIэгуэныхь хъуати. Мыгъыу къэнар дыщэмрэ дыжьынымрэт. Алыхьыр абыхэм еупщIащ: «Сыт фэ фыщIэмыгъыр? Iэдэм ффIэгуэныхь мыхъуу ара?» «Iэдэм тфIэгуэныхь мэхъу, ди Тхьэ лъапIэ, ауэ, Алыхьым и жыIэм ебэкъуам щхьэкIэ ди нэпс къыщIэдгъэкIыныр нэхъ тфIэемыкIужщ, Уэ дыпщоукIытэ, ди Алыхь закъуэ», — жэуап ятащ дыщэмрэ дыжьынымрэ. Мис абдежым дыщэмрэ дыжьынымрэ я пщIэр Алыхьым иIэтащ, Къемэт махуэр къэсыхукIи ехуэхынукъым а тIуми я пщIэр.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Тхъугъэр си нурщ2021-01-30 
              
                
Фи адэ-анэм фыпсэухукIэ фIы яхуэфщIэ, дунейм фехыжа нэужьи къыфтонэ абыхэм я хьэкъгущIэгъурэ гъэгъуныгъэкIэ фахуэлъэIуэныр.Алыхь иным жеIэ: «Тхъугъэр си нурщ. КъысхуегъэкIуркъым си нурыр си мафIэмкIэ згъэсыжыныр».
 Сымаджэм и деж щIэупщIакIуэ ущIыхьамэ, абы елъэIуи, уи щхьэм папщIэ гъэлъаIуэ — абы и тхьэлъэIур мелыIычхэм я тхьэлъэIум хуэдэщ.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Мазэ лъапIэхэр2021-01-30 
              
                
Алыхьым нэхъ лъапIэ дыдэу къигъэщIащ мы мазэхэр: Рэджэб, Шэхьбан, Рэмэдан.Рэмэдан мазэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зыри зэрыщымыIэр хьэкъщ. Ауэ а мазэ лъапIэм къыкIэрыхущэркъым абы и пэ къихуэ мазитIым (Рэджэбымрэ Шэхьбанымрэ) я лъапIагъыр. А мазэхэм ятеухуауэ хьэдис куэд щыIэщ: Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Зыщывмыгъэгъупщэ, Рэджэбыр — Тхьэм и мазэщ. А мазэм щыщу зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми нэщI исым Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къилэжьынущ».
 Мы гъэм Рэджэбыр мазаем и 13-м щегъэжьауэ гъатхэпэм и 13 пщIондэ къызэщIеубыдэ.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ2021-01-30 
              
                
1.Сыт хуэдэ гуэныхь цIыхум япэ дыдэу илэжьар?Япэ дыдэу дунейм гуэныхьу щалэжьар пагэныращ. Iиблис зигъэпагэри, Алыхьым и жыIэм ебэкъуащ. Ар Iэдэм епэгэкIри, щхьэщэ хуищIын идатэкъым.
2. Къемэт махуэм япэ дыдэу жэуап щIэтхьынур сыт?Къемэт махуэм япэ дыдэу зыщIэупщIэнур нэмэзыращ.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2021-01-30 
              
                  Мэздэгу адыгэхэм я мэжджытыр — Иналхьэблэ дэтыр. Ставрополь щIыналъэ, Курской район. Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Мазаем (февралым) и нэмэз щIыгъуэхэр2021-01-30 Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Теплъэгъуэ2021-01-30 
              
                  Гуэл щхъуантIэр — щIымахуэм.Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
 Зыхыхьэхэр: Хэха |