2017-01-13
- Мылъку зралъэфэлIэныр къэмыгъэхъуным теухуа лэжьыгъэм гулъытэшхуэ щыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм. Ар абы ирегъэкIуэкI федеральнэ, щIыналъэ хабзэхэм тету.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2016-10-26
- Ди къэралым и щыхьэр Москва иджыблагъэ щызэхэтащ УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я курыт школхэм ГИА-р 2016 гъэм зэрыщекIуэкIа щIыкIэм щыхэплъэж, апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр дызыхуэкIуэ илъэсым къызэрызэгъэпэщыпхъэм ятеухуа зэхуэс ин. Абы хэтащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2016-09-28
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу зэрагъэувам къыхэкIыу, Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и дыгъуасэрей сессием администрацэм и Iэтащхьэ къулыкъур АфIэунэ Аслъэн щыщхьэщахащ. ЩIыналъэм и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну пщэрылъ щащIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу лэжьа Инжыджокъуэ Сэфарбий.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2016-06-22
- Социальнэ пщалъэр — уасэ езэгърабгъукIэ нэхъ мащIэ дыдэу токыу хуаутIыпщыр зэрыхъурщ. Абы и лейуэ къагъэсэбэпым нэхъыбэ хуозэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2014-02-13
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Юрий Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я зэхэлъыкIэм и IуэхукIэ» Указым. Абы ипкъ иткIэ КъБР-м и Правительствэм и зэхэлъыкIэр ягъэтэмэмыж икIи министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лэжьакIуэхэр процент 15-кIэ ягъэмащIэ. Абыхэм къадэкIуэу IэнатIэ щхьэхуэхэм я къызэгъэпэщыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ икIи абыхэм я унафэщIхэр ягъэуващ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2014-02-01
-
2014 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ Социальнэ страхованэмкIэ фондым ит пособиехэм хэхъуащ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2013-09-07
- «IэнатIэхэр зэрызэпэубыдар къэгъэщэбэным хуэунэтIауэ щхьэхуэу лэжьыпхъэхэм я программэм» мы гъэм цIыху 568-рэ хэтщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2013-07-13
- «Урысей Федерацэм и цIыхухэр псэупIэ езэгъырабгъукIэ, тыншыпIэ зиIэкIэ къызэгъэпэщыным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указ №600-р ягъэзэщIэн мурадкIэ, КъБР-м и Правительствэм къищтащ псэупIэ щаухуэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкум щыщ щIы Iыхьэхэр цIыху щхьэхуэхэм пщIэншэу зэрыхупачыну щIыкIэм теухуа унафэ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм
2013-06-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэмкIэ и рынокым зэрыщатхамкIэ, мы гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 31 пщIондэ цIыху 7557-рэ республикэм IэнатIэншэу къыщалъытащ. Мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ,1284-рэ кIэрыхуащ икIи 8822-рэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым IэнатIэншэу щатхыр лэжьэфыну исым и проценти 2,3-м нос.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал IуэхущIапIэхэм