Румын генерал Черкез Михаил Христодулэ
2021-02-27
- Черкез Михаил Христодулэ (1839 — 1885) Молдав пщыгъуэм хиубыдэ Бырлад къалэм Iэпхъуэжа адыгэ унагъуэм къыщыхъуащ. Тхыдэм къызэрыхэнар румын генерал цIэрыIуэущ: Румыние къэралыр и щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэн лъэхъэнэм Черкес (Серчес) Михаил лъэпкъ армэм и дзэзешэ
- нэхъыщхьэу ягъэуври, текIуэныгъэ мымащIи зыIэригъэхьауэ щытащ.
- Урыс армэмрэ тыркудзэмрэ щызэпэщIэта Балкан зауэм (1877 — 1878 гъгъ.) румыныдзэм и тепщэу хэта Черкез Михаил лIыгъэ щызэрихьащ.
- Граждан зауэр иухыу къэралым щхьэхуитыныгъэ игъуэта нэужь, Черкез Михаил генерал ящI, Румынием и лъэпкъ лIыхъужь мэхъу. ФIыщIэ къызэрыхуащIым и нэщэнэу, абы и цIэр фIащ 85-нэ топгъауэ дзэм.
- Румын президентым и хьэщIэщ нэхъыщхьэми абы и цIэр зэрехьэ.
- Черкез Михаил Христодулэ и фэеплъ сын дэтщ Плевнэ пэгъунэгъу Гривицэ къалэм. Ар адыгэ щIалэм Болгариер хуит хъужын папщIэ зэрихьа лIыгъэр къыхагъэщу ягъэуващ.
- 1977 гъэм траха «Хэкум папщIэ» художественнэ фильмым Черкез Михаил и ролыр щигъэзэщIащ Албулеску Мирчэ.
- Румын-адыгэ генералыр илъэс 46-рэ хъууэ Яссы къалэм дунейм щехыжауэ щытащ.
- Natpress интернет хэщIапIэм къитхащ.