ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу'

2019-03-14

  • Тхьэмадэм и псалъэ
  • Псоми ди зэхуэдэ къалэн
  • Адыгэу дунейм тетым нобэ, гъатхэпэм и 14-м, зэдыдогъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, ди дежкIэ ди анэбзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы дрипсалъэ къудейкъым, атIэ ар ди лъэпкъ щIэныгъэщ, лъэпкъ гъэсэныгъэщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Тхыбзэ зэпэщ уиIэнри хъугъуэфIыгъуэ инщ лъэпкъым и дежкIэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, а лъапIэныгъэмкIэ зыхуэупсахэм дащыщщ адыгэхэр. Бзэм, тхыбзэм я мыхьэнэр къилъытэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм игъэувауэ щытащ нобэрей махуэшхуэр гъэлъэпIэныр. Абы лъандэри ар адыгэ псоми зэдыдоIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Гъатхэпэм и 14-р Адыгэтхыбзэм и махуэщ
  • Налкъут  зэщIэлыдэ
  • Адыгэхэм дбгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIалъытэр. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр, шэч хэмылъу, фIыгъуэшхуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

Си бзэ — си псэ, си дуней

2019-03-14

  • Псалъэхэр Джэдгъэф Борис,
  • макъамэр Молэ Владимир
  • яйщ.
  • Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
  • Хасэшхуэр щызэхуос.
  • ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
  • Къайсэри щызэхох:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

БгъэхэIу  лъэпкъ  дамыгъэхэр

2019-03-14

  • Адыгэ лъэпкъымрэ муслъымэн динымрэ ехьэлIа тхылъ, дамыгъэ куэд дунейм къытригъэхьащ Тхьэкъуахъуэ Iэуес. Иджыблагъэ аргуэру Iуэху щхьэпэ абы илэжьащ: къыдигъэкIащ «Гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ» адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зытетха бгъэхэIу дамыгъэхэр. Абыхэм я куэдагъыр 300 хъууэ аращ икIи мыгувэу зэпэубыда зэрыхъунум шэч хэлъкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

Адыгэбзэм дихьэххэр

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Бещтокъуэ Хьэбас
  • * * *
  • Бзэр тIэщIэкIмэ,
  •  дылъэпкъкъым.
  • Акъыл ин ухуэмей,
  • КъыбгурыIуэу а тIэкIур
  • Утетыну дунейм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Iуэху зехьэкIэ пэрыт
  • ЩIэблэ  узыншэ къытщIэхъуэн  папщIэ
  • И IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 25-м нэблэгъауэ егъэджэны-гъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Нэзэр Марьянэ Хьэсэнбий и пхъур. «Зы илъэскIэ япэ уплъэмэ, жылэ хэсэ. ИлъэсипщIкIэ япэ уплъэмэ, жыг хэсэ. ИлъэсищэкIэ япэ уплъэмэ, цIыху гъасэ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А псалъэ Iущхэр и гъуэгугъэлъагъуэу дунейм тетщ Нэзэрыр. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ, абы къыдэкIуэу зи псэ хуабагъэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуа- шэ, я адэжь щIыналъэр, лъэпкъ хабзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэлажьэ цIыхущ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Шэрджэс Расьят и жэрдэм
  • Хьэбэз къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м мы гъэм гъатхэпэм и 4 – 7-хэм щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ теухуа егъэджэныгъэ дерсхэр, олимпиадэхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, дерс зэIухахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • ИзэгъэшIэн ашIогъэшIэгъон
  • Адыгэ кIэгъегъэджэ колледжэу Андырхъое Хъусен ыцIэ зыхьырэм 1994-рэ илъэсым къыщыублагъэу урыс студентхэми адыгабзэр щызэрагъашIэ. А илъэсым бзэм фэгъэхьыгъэ унашъоу къыдэкIыгъэм диштэу, кIэлэегъаджэхэм программэ зэхагъэуцон, ащ диштэу мыщ щеджэрэ ныбжьыкIэхэм Iоф адашIэнэу колледжым пшъэрылъ къыфашIыгъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

2016-02-20

  • Лъэпкъым  и  гъащIэр  зэлъытар
  •  ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мини 100 ипэкIэ къэхъуу, заужьу хуежьащ япэ бзэхэм. ЦIыхухэр гуп-гупурэ гуэша хъуащ икIи дэтхэнэми я анэдэлъхубзэ къагъэунэхуащ зэрызэгурыIуэн Iэмэпсымэ лъэщу. Иджыпсту щыIэу хуагъэфащэ бзэхэм я бжыгъэр мини 3 — 6 мэхъу. Дуней псом къыщащтауэ щызэрахьэ бзэ нэхъ лъэрызехьэхэм я бжыгъэр 90-м щIигъуу хуагъэфащэ. Абыхэм яхэтщ цIыху куэд къызэщIэзыубыдэ лъэпкъышхуэхэр зэрыпсалъэхэри нэхъ лъэпкъ цIыкIухэм къагъэсэбэпхэри. Бзэхэр апхуэдэуи гуп-гупурэ гуэшащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ зи къэпсэлъыкIэкIи я мыхьэнэкIи зэпэгъунэгъу псалъэ куэд къэзыгъэсэбэп лъэпкъхэр. Къапщтэмэ, адыгэбзэр хохьэ Кавказ бзэ гупышхуэкIэ зэджэм и адыгэ-абхъаз къудамэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

Гугъэри гукъеуэри зэпха

2013-03-02

  • Бзэм темыпсэлъыхьа, абы и мыхьэнэм и гугъу зымыщIа усакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, уэ улIэжмэ, лIэжащ лъэпкъыр», «Си анэдэлъхубзэу си псэ, си анэдэлъхубзэу си нэ, щхьэ ущымыIужрэ уэ къабзэу нобэ адыгэ унэ?!», — жиIащ Бицу Анатолэ, «Пщэдей сэ си бзэр кIуэдыжынумэ, сылIэну нобэ сыхьэзырщ» (Гамзатов Расул), «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» (Мыкъуэжь Анатолэ), «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым», «Бзэ зимыIэ щIылъэм тетми, хуэдэ къабзэщ къамылъхуам» (КIыщокъуэ Алим), нэгъуэщI щапхъэ куэди къыпхуэхьынущ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу