|  | Зытеухуар   'Зэхыхьэхэр'
            ЩIалэгъуалэм я жэрдэмхэр даIыгъ2023-02-04 
              
                «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм щIыпIэхэм къыщызэригъэпэщ IуэхузехьапIэхэм ящыщ зы Къэбэрдей-Балъкъэр волонтёр зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ центрым иджыблагъэ къыщызэIуихащ. Жылагъуэ жэрдэмхэр щIэх-щIэхыурэ щIыналъэм къыщыхэзылъхьэ волонтёр щIалэгъуалэм я пэхуэщIэхэм (проектхэм) гъуэгу етыныр къэрал гукъэкIым зыхуигъэувыж къалэнхэм языхэзу зэрыщытыр къэплъытэмэ, зэгухьэныгъэщIэм и IуэхузехьапIэр къызэIухыным центрым мыхьэнэшхуэ иритащ, хуэфащэ махуэщIи ирищIылIащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            ЦIыкIухэм я гукъыдэжыр къаIэт2022-12-27 
              
                КъБР-м и Музыкэ театрымрэ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэмрэ республикэ илъэсыщIэ псейхэр къыщызэIуахащ. Абы ирагъэблэгъащ Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну ираджа щIалэхэм я бынхэр. Iуэхур къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Правительствэмрэ республикэм и Профсоюзхэм я федерацэмрэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ- хэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
              Быным  къабгъэдэкI гуапагъэр зыхуэгъэзахэр2022-11-29 
              
                ЩэкIуэгъуэм и иужьрей махуэхэм къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэри хыхьэу ди республикэм щокIуэкI Анэхэм я махуэр гъэлъэпIэ ным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр. Ахэр къызэрагъэпэщ республикэм социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, район администрацэхэм, щIыпIэхэм щылажьэ еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2022-06-01 
              
                Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №33-м  щекIуэкIащ «Уи хъуэпсапIэр къохъулIэнущ» республикэ кадет зэхуэс. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2021-09-04 
              
                КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьыщIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэшхуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 12,5-м щыщIегъу. Псори зэхэту къапщтэмэ, гъэ еджэгъуэщIэр яублэжащ ди щIыналъэм и ныбжьыщIэ мини 115-м щIигъум. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2021-09-04 
              
                КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэтIысхьахэмрэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            Хэкупсэ гъэсэныгъэм и къежьапIэр2020-09-24 
              
                Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Лъэпкъ технологие жэрдэмхэр дэIыгъынымкIэ и департаментым и лэжьакIуэхэмрэ Налшык къалэм дэс бзылъхугъэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэм мы махуэхэм щрагъэкIуэкIащ «Тщыгъупщакъым, пщIэ худощI» фэеплъ акцэр. Ар ирагъэхьэлIащ фокIадэ мазэм ягъэлъапIэ хабзэ Мамырыгъэм и дунейпсо махуэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2020-09-22 
              
                Тхьэмахуэ махуэм, фокIадэм и 20-м, адыгэ щыпсэу сыт хуэдэ щIыпIи хуэдэу, ди щIыналъэми щагъэлъэпIащ Адыгэхэм я махуэр. ГуфIэгъуэм хуэгъэпса дауэдапщэхэр щекIуэкIащ Бахъсэн районым хыхьэ жылэхэм, онлайн щытыкIэм иту. АбыкIэ хъыбар дагъэщIащ щIыпIэ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            ТекIуэныгъэхэм я парк2020-09-05 
              
                Ди республикэм щежэх псыхэм я нэхъ уардэ Бахъсэн и тIуащIащхьэхэмкIэ щыIэ Нарзанхэм я хуейм фокIадэм и 3-м къыщызэIуахащ «ТекIуэныгъэхэм я парк» зыфIаща комплексыщIэ. А Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ пэкIум къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Урысейр зэфIэкI инхэм я къэралщ» АНО-м и унафэщI Комиссаров Алексей, «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм щытекIуахэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэу «Iуащхьэмахуэ» зыфIащам и унафэщI Яковлевэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
             «Мэшыкъуэ-2020» зэхуэсыр купщIафIэу мэлажьэ2020-08-18 
              
                Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм я щIыналъэпсо зэхыхьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм деж 11-нэу къыщызэрагъэпэщам лэжьыгъэ хьэлэмэт куэд щокIуэкI. Иужьрей махуэхэр зи щIалэгъуэхэм купщIафIэу, хьэлэмэту ягъэкIуащ. Абыхэм хьэщIэ лъапIэхэр къахуэкIуащ, зэIущIэ гуапэхэм хэтащ. Апхуэдэу щIалэгъуалэр IущIащ ОНФ-м и унафэщIхэм ящыщ, «Урысейм и къэлъыхъуэныгъэ зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь, «Урысейм и полк уахътыншэ» зэщIэхъееныгъэм и Штаб нэхъыщхьэм и пашэ Цунаевэ Еленэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            ПщIэ лъагэ зыхуэфащэхэр2019-11-26 
              
                Урысейм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 25-рэ, КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа Iуэху гуапэ щекIуэкIащ Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абы кърагъэблэгъат республикэм и экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ яIэу лэжьыгъэ купщIафэ щезыхьэкIа нэхъыжьыфIхэр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2019-06-04 
              
                Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъуауэгъуэм и 1 — 3-хэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьыным хуэгъэпса зэхуэсышхуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэщ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и Аппаратыр, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партыр, КъБР-м и Правительствэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым социально-консервативнэ политикэмкIэ и центрыр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            
            2019-05-23 
              
                Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 155-рэ щрикъум теухуауэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм зэIущIэ гукъинэж щекIуэкIащ. Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу ар къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм2018-12-20 
              
                Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм концерт гукъинэж щекIуэкIащ, Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Орешка» нэгузыужь центрымрэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр 
            И бзэр IэщIэкIмэ, лъэпкъыр щыIэжкъым2018-12-06 
              
                Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ «Бзэ политикэ: урысей- псо Iуэху» зэIущIэ. Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къызэригъэпэща а зэхуэсым куэд кърихьэлIащ: Парламентым и палатитIми я депутатхэр, егъэджэныгъэмкIэ министерствэм и лIыкIуэхэр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и къудамэ-хэм я еджагъэшхуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Зытепсэлъыхьар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ: Урысейм и лъэпкъхэр зэрыпсалъэ бзэхэр къегъэлынырщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр |