|
Дал Амир и махуэ
- Куба къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыщызэIуахащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда полицэм и сержант нэхъыщIэ Дал Амир и фэеплъ мемориал пхъэбгъу.
-
- Фэеплъыр къыщызэIуахым хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ Залиханов Къанщобий. Къызэхуэса школакIуэхэм, егъэджакIуэ гупым, къуажэ, район администрацэхэм я лIыкIуэхэм защыхуигъазэм, ар къытеувыIащ Дал Амир гъащIэ мащIэми, къикIуа гъуэгуанэ кIэщIыр зэрыкупщIафIэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хабзэр щыгъэбыдэным абы хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIари къыхигъэщащ.
- И къалэныр щапхъэ пылъу зэригъэзащIэм, къэмылэнджэжу щIэпхъаджагъэм, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зэрапэщIэтым, къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм мызэ-мытIэу сержант нэхъыщIэ Далым гулъытэ хуащIащ.
- Дал Амир и фэеплъым хуащIа гулъытэмрэ пщIэмрэ папщIэ школым и директор АфIэунэ Леонидрэ Куба къуажэм и нэхъыжьхэм я советым и лIыкIуэхэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм, къыдэлэжьахэм фIыщIэ хуащIащ.
- ШколакIуэхэм литературэ композицэ ягъэлъэгъуащ. Я нэпсхэр яхуэмыубыду ныбжьыщIэхэр усэ къеджэрт.
-
- Дыгулыбгъу Жантинэ.
|