ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Ди хьэщIэщым'

Лъэпкъ фIыгъуэхэр яхъумэ

2023-03-18

  • Дэтхэнэ лъэпкъми и къэкIуэнур зэрыхъунур елъытащ къыщIэхъуэ щIэблэм бгъэдэлъ щIэныгъэм, зэфIэкIым, жыджэрагъым. Ар хъума  хъун папщIэ мыхьэнэ ин иIэщ адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукI анэдэлъхубзэр щыIэным, абы зегъэужьыным, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ зехьэным. А къалэнхэм я курыххэр пщэрылъ яхуэхъуу я лэжьыгъэр ирахьэкI Аруан щIыналъэм хиубыдэ жылэхэм дэт курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм я IэщIагъэлIхэм, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр ныбжьыщIэхэм езыгъэджхэм. Абыхэм ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэмрэ зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэ къытхутепсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэм и методикэ центрым и унафэщI Балъкъэр Альбинэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Адыгэу укъалъхуныр насыпщ

2022-02-05

  • Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэ- ри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къейтыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу- шхэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Данэм хэсым данэр зэIуещэ

2021-12-30

  • Бахъсэн щIыналъэм зэгуэрым сыщыщIэупщIат егъэджакIуэхэм ящыщу екIуэкIыну зэпеуэм къыхыхьэмэ хэт нэхъ зыхуэфащэр, жысIэри. КъуэщIысокъуэ Мадинэ и цIэр занщIэу къраIуат. «И Iуэхум хуэIэижьщ, нэгъэсауэ цIыху шырытщ зэпеуэм хыхьэну абы дзыхь худощI», — жаIэгъат.адыгэбзэм хэхуж «шырыт» псалъэр Мадинэ теухуауэ зэрыжаIар гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. «ЗэпIэзэрыт» мыхьэнэращ абы хэлъыр, ауэ абы къыщынэркъым… ЦIыхур шырытщ зыхужаIэр сыт щыгъуи зы щIыкIэм тетщ, и Iуэху бгъэдыхьэкIи и дуней тетыкIи зэрыуэзэрыбг хъуркъым, узэрыщыгугъым тебгъуэтэнущ. ЖиIар иужькIэ згъэунэхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Къущхьэ Каринэ: УкъэувыIэмэ,  зэманым  улъэщIыхьэнукъым

2021-11-03

  • Гъэсэныгъэ щIэныгъэм и лъабжьэр Урысейм щызыгъэтIылъа Ушинский Константин 2023 гъэм илъэс 200 зэрырикъур и щхьэусыгъуэу, Прези-дент Путин Владимир къыхилъхьащ дызытехьэну гъэр «ГъэсакIуэм и илъэсу» щытыну. А хъыбарым пэджэжу къытщохъу «Урысейм и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэу хэта, къэралым япэ щища цIыху 15-м ящыщ хъуа, Май къалэ дэт курыт еджапIэ  №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ ди щIэджыкIакIуэхэм  нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхун мурадкIэ дызэреуэршэрылIар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Джазэ Хъусен: «Ди щIалэгъуалэр хэкупсэу къохъури, сахуэарэзыщ»

2020-02-26

  • 2009 гъэм хьэжыщI щыIа, Налшык къалэм дэс Джазэ Хъусен и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщащ Адыгэ лъэпкъым я нэхъыжьхэм я хасэ. Мазэ еплIанэ хъуауэ лажьэ зэгухьэныгъэр зыхунэсахэм нэхъыжьыр къытхутепсэлъыхьыну къытхуеблэгъащи, абы къыджиIахэм    ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Мывэм псэ «хэзылъхьэ» СэвкIуий Хьэмид

2019-08-14

  • Дыгъуасэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и хьэщIащ Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием хэт, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Лъагъуныгъэм и бзэр

2018-02-06

  • Щэбэт кIуам «Трек» рестораным щекIуэкIащ хьэгъуэлIыгъуэ гъэщIэгъуэн. Унагъуэ яухуащ Налшык щыщ щIалэ Молэ Русланрэ Китай къэралыгъуэм и Ухань къалэм щыщ Дуань Ци китай пщащэ цIыкIумрэ. А тIур зэрызэхуэгуапэр плъэгъуа иужь, лъагъуныгъэм лъэпкъ зэхэгъэж зэримыIэр наIуэ пщохъу. Китай лъэпкъ фащэри европей щыгъынри чэзууэ зыщыгъа хъыджэбзым тIури екIупсырт, езыр нэфIэгуфIэ цIыкIути, мы гуфIэгъуэм хэта хьэщIэхэр къихьэхуат. Ахэр ди редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж дыгъуасэ къеблэгъати, псэлъэгъу тщIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Насып къуимытми хуитыныгъэм, Ар гъащIэм купщIэ хуэхъуу фIыгъуэщ

2017-11-25

  • Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр къитхащ «Homo duplex, или Взойти на эшафот» тхылъым. Ар зи къалэмыпэм къыпыкIар щIэныгъэлI, бзэм и философ, а унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ купщIафIэхэр (монографие щхьэхуэри яхэту) зэфIэзыха, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъанщ. ГъащIэм хуаIэ гупсысэхэмрэ я дуней еплъыкIэхэмкIэ куэдым къащхьэщыкI цIыху гумызагъэхэм, пэрытхэм, пэжым и лъыхъуакIуэхэм ящыщщ ар. И анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ нэсу зэрищIэм къадэкIуэу, Iэмырхъан хуиту иропсалъэ франджыбзэми латиныбзэми. КъызэрысщыхъумкIэ, адыгэбзэм къыкIэлъыкIуэу, абы и псэм нэхъ и гъунэгъухэм ящыщщ латиныбзэр — иджырей Италием и щIыналъэр ижь-ижьыж лъэхъэнэхэм зи псэупIэу щыта лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр. «Scientia unescamus» («ЩIэныгъэмкIэ дызэкъуэувэнщ») — аращ зэреджэр Семэныр зи пашэ Гуманитар егъэджэныгъэ центрым. Езыми и гъащIэ гъуазэхэри къыхощ латин жыIэгъуэхэу «Viva vox docet» («ЩIэныгъэ къозытыфынур цIыхурщ») «Vitae, non scholae discimus» («ДыщIеджэр школым щхьэкIэкъым, атIэ гъащIэм папщIэщ»).
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Мадинэ хуэдэр зырызщ

2017-07-11

  • Бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ, тележурналист Iэзэ, цIыху щабэ, «1 КъБР» къэрал телеканалым и редактор Жэман Мадинэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур ди щхьэусыгъуэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. Зи нэтын гъэщIэгъуэнхэмкIэ телевизореплъхэм ягу дыхьэ Жэман Мадинэ и лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьым и закъуэкъым фIагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр, атIэ и благъэхэми Iыхьлыхэми фIыуэ къалъагъуу, зыхэт гупми пщIэ къыхуащIу, зызрипщыт псоми хэзагъэу апхуэдэщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Тхьэкъуахъуэ Уэлид: Псори адыгэщ си дежкIэ, зэрыс хэгъуэгум емылъытауэ

2016-08-02

  • Тхьэкъуахъуэ Уэлид 1944 гъэм Сирием къыщалъхуащ. Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ Барекъэ къуажэращ абы и адэ-анэр зыдэсар, и сабиигъуэр щыкIуар, курыт школыр къыщиухар. Иджы къэкIуэжауэ Ерокъуэ дэсщ, унэ-лъапсэ зэрехьэ, хадэ ещIэ, и IэщIагъэри IэщIыб имыщIауэ иролажьэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Шыфэкъуж Данэ: Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр

2016-03-16

  • Хэхэс адыгэхэм я Iуэху нэхъ щыдэкIыу, я бзэр нэхъ щахъумэфу къалъытэ Иорданиер. Абы куэдрэ тхутопсэлъыхь Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и сенатор, а къэралым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, нэгъуэщIхэри. «Адыгэ псалъэ» редакцэм и хьэщIэщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шыфэкъуж (ХьэфIыцIэ) Данэ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Бейтыгъуэн Сэфарбий: АдыгэщIым хъугъуэфIыгъуэ куэд щызокIуэ

2015-12-29

  • Тхыдэтх, философ, тхакIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбий къыдигъэкIащ «Пионеры всемирной истории. Энциклопедия» зыфIища тхылъ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Лъэпкъыр зыхъумэр и хабзэрщ

2015-11-11

  • Лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ бгъэдэтщ Израилым хыхьэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм щыпсэу, абы дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ ди хьэщIэм къыджиIахэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

ПщIэ зыхуэфащэ

2014-05-14

  • Си ныбжьэгъу лъапIэ Щомахуэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу хъуэхъу псалъэкIэ зыхуэзгъэзэну,нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну, а щIалэм дэслъэгъуа хьэл-щэныфIхэм я гугъу фхуэсщIыну сы-хуейт.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым

Гугу Акрэм: Урысейм и цIыхуу дыкъилъытэнырщ дызыщIэхъуэпсыр

2014-01-22

  • Дызэрыт зэманым нэхъыщхьэ дыдэу адыгэхэр зи яужь и­тыр Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэ­къуэнырщ, ахэр зыхэхуа гузэвэгъуэм къыхэша зэрыхъунырщ. Фэ зэрыф­щIэщи, илъэс зыбжанэ и пэ­кIэ хьэрып къэралхэм зэщIэхъе­еныгъэ инхэр къыщыхъуауэ щытащ. Тунисым, Мысырым, Ливием, Йеменым ще­кIуэкIа зэрыхьзэрийр 2011 гъэм и гъатхэпэм Сирием нэсри, политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм я телъхьэу уэрамхэм къыдыхьахэм Iуэхур граждан зауэм хуагъэкIуащ. Илъэсищым нэблэгъауэ Сирием щекIуэкI лъыгъажэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, хокIуадэ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Дэнэ щыIэ адыгэми плъапIэу иIэр и адэжь хэкуращи, апхуэдэ зэфIэкIрэ Iэмалрэ къызыкъуихыу и бынхэр зэрызришэлIэ­жы­ным иужь итщ ди лъахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал, республикэ уна­фэщIхэми, Дунейпсо Адыгэ Хасэми, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми зэфIагъэ­кIар мащIэкъым.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди хьэщIэщым