|  | Зытеухуар   'Псапэ'
            
            2023-04-20 
              
                «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн районым хиубыдэм щекIуэкIащ хабзэ яхуэхъуа, гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным, нэщI зыIыгъыу рулым дэсхэм яхуэгъэза псапащIэ. КъБР-м и автоинспекторхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр щIэупщIащ рулым дэсхэм я узыншагъэм икIи нэщIхэм хъурмэрэ псырэ иратащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2022-11-15 
              
                Налшык и «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щэкIуэгъуэм и 11 лъандэрэ щагъэлъагъуэ псапащIэ «Мечты сбываются» фондымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Медиа центрымрэ я унафэщI Магомедовэ ФатIимэ зэхуихьэса лэжьыгъэхэр. Ар иджы ещанэу къызэрегъэпэщ мы бзылъхугъэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2022-06-02 
              
                Мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым концерт щекIуэкIащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-мрэ «Добрая среда» сабий анимацэ студиемрэ зэдагъэзащIэ псапэ Iуэхур зэрырагъажьэрэ илъэс щрикъум ирихьэлIэу. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2022-02-05 
              
                Иджыблагъэ зи унэр мафIэм иса Гъуэгунокъуэхэ я унагъуэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр гузэвэгъуэ хэхуам зыщIагъакъуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIыр. Псыгуэнсу къуажэм дэс Гъуэгунокъуэхэ зыпэщIэхуа гугъуе-хьыр къызэранэкIын папщIэ къуажэдэсхэр зэрадэIэпыкъур, республикэм исхэри лъэныкъуэкIэ къызэрымынар жиIащ КIуэкIуэм. Хэгъэгу унафэщIым къихигъэщащ къуажэдэсхэр зэхыхьауэ яухуэ унэщIэм щхьэкIэ КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщ сом мин 500 зэрыратыр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2021-07-22 
              
                Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Къурмэн хьид махуэшхуэр. Дэтхэнэ зы муслъымэнми къытохуэ къурмэн ищIыныр, ар къызыхихын мылъку бгъэдэлъмэ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, республикэм и цIыху куэдым ягъэзащIэ а къалэн лъапIэр. Абы ирихьэлIэу псапэ зыщIэхэри ди мащIэкъым, апхуэдэхэм зыхузэфIэмыкIхэр гулъытэншэу къагъанэркъым. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2020-12-15 
              
                УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ сенатору щыIэ, ди щIыналъэм и Президент къулыкъур зэманкIэ езыхьэкIа, зэфIих псапащIэ IуэхуфIхэмкIэ цIэрыIуэ ди хэкуэгъу Къанокъуэ Арсен гъэмахуэ кIуам къыхилъхьауэ щытащ «Start Up 5642» проектыр. Псапэ щIэныр зи лъабжьэ а зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм, дэнэкIи хуэдэу, ди щIыпIэри зэрызэщIищтам къыхэкIыу, щIыналъэ экономикэмрэ социальнэ гъащIэмрэ щыщыIэ хъуа хэщIыныгъэхэр зэрыхъукIэ гъэзэкIуэжынырщ, жылагъуэм и сэбэпынагъ зыхэлъ Iуэхугъуэхэм бизнесым зыщегъэужьынырщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2020-01-14 
              
                «РусГидро»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, илъэс къэс иригъэкIуэкI «Рождённые энергией» псапащIэ Iуэхум хыхьэу, республикэм и медицинэ IуэхущIапIитIым IэнатIэм къащыхуэщхьэпэн Iэмэпсымэхэр тыгъэ яхуищIащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2019-01-15 
              
                КъБР-м и спорт адаптивнэ школым екIуалIэ зи узыншагъэм щыщIэныгъэ зиIэ сабийхэм папщIэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-08-07 
              
                КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыIэ ЩIалэгъуалэ советым илъэс етIуанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ «Артмосфера» фIэщыгъэм щIэт псапащIэ фестивалыр. А Iуэху дахэмкIэ ди щIыналъэм щыпсэу творческэ щIалэгъуалэ нэхъыфI-хэр зэхуашэсри, я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, мастер-классхэр, нэгузыужь концертхэр, жармыкIэхэр ирагъэкIуэкI. Абы мылъкукIэ зыщIагъэкъуащ «Ростеле-   ком»-м КъБР-м щиIэ къудамэмрэ рекламэмкIэ «Стрелец» IуэхущIапIэмрэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-06-26 
              
                КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, университетым иджыблагъэ щызэхуэсащ ди республикэм и псапащIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхуи 150-м щIигъу «КъБР-м и волонтёрхэр-2018» форумым хэтыну. Ар теухуауэ щытащ урысейпсо зэпеуэхэмрэ грантхэр къыщахь программэхэмрэ ягъэхьыну социальнэ проектхэр гъэхьэзырыным. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-04-14 
              
                «Нарт Хэку», «Жьэгу», «Пэрыт» адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 11-м щрагъэкIуэкIа псапащIэ пшыхьыр Сирием, нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзат.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-04-10 
              
                Тыжьей къуажэ (Кыщпэк) тхьэлъэIу-фэеплъ щIыкIэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа спорт зэхьэзэхуэхэр ирырагъэхьэлIат Урысбий Хьэмидбий и къуэ Астемыр псэужамэ, илъэс 22-рэ щрикъуну махуэм.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-03-30 
              
                Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэмрэ Налшык къалэм ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ абыхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и центрымрэ я лIыкIуэхэр, тутнакъэщым имысу япшыныну тезыр зытралъхьа балигъ мыхъуахэр щыIащ узыфэ хьэлъэхэр зыпкърыт цIыкIухэр зыщIэлъ сымаджэщым. Ар Республикэ сабий унэм и къудамэщ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм хуашащ Iэмал имыIэу зыхуеину, зэрыджэгуну хьэпшыпхэр.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2018-03-01 
              
                Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зэрихьэу эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ Налшык дэт еджапIэм илъэс къэс ирегъэкIуэкI «Псэм и дахагъэр тыгъэ яхуэщI» Iуэхур.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ 
            
            2017-11-21 
              
                Налшык къалэ жьы хъуахэмрэ зеиншэхэмрэ щапIыжу дэт унэм гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щрагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхугъуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисткэ, республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ Къул ФатIимэ, пшынауэ Iэзэ КIурашын Эммэ, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и 3-нэ, 4-нэ классхэм щIэс цIыкIухэр, абыхэм я гъэсакIуэхэу Дэбагъуэ Алёнэрэ Цей ФатIимэрэ, нэгъуэщIхэри. Концертым и къызэгъэпэщакIуэри ар езыгъэкIуэкIари усакIуэ ныбжьыщIэ Къанкъул (Нэзрэн) Раещ.  Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Псапэ |